61 - As-Saff ()

|

(1) Алыхьым и щIыхьыр яIэтыр уафэхэми щыIэхэм, щIылъэми щыIэхэм, Ар Лъэщщ, АкъылыфIэщ.

(2) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, сыт щIыжыфIэр фымыщIэжыр?

(3) Алыхьым хуабжьу илъагъу хъукъым жаIэхэр щамыщIэжкIэ.

(4) Алыхьым фIыуэ елъагъур Абы и цIэкIэ зауэхэр, сатыру щытхэу унэ быдэм хуэдэу.

(5) Мусэ и лъэпкъым яжриIат: "Уэ, си лъэпкъ, сыт зэран къыщIызэфхыр фщIэуэ сэ Алыхьым лIыкIуэу сыкъызэрыфхуигъэкIуар?" Ахэр щыщыуэхэм, Алыхьым ягухэр щигъэуащ. Алыхьым ишэкъым гъуэгу захуэкIэ лъэпкъ мыхъумыщIэр.

(6) Мис Хьисэ Мэрям и къуэм жиIащ: "Уэ Исраил и бынхэ! Сэ Алыхьым сыкъыфхуигъэкIуащ, Тауратым иту си япэ къыфхуехатэр къэзгъэпэжыну, хъыбарыфIи вжесIэну си ужькIэ лIыкIуэ къызэрыкIуэнур, абы и цIэр Ахьмэдщ". Ауэ ар къащыхуэкIуэм нэщэнэ нахуэхэр къахуихьу, абыхэм жаIащ: "Мыр удыгъэ нахуэщ".

(7) Хэт нэхъ залымыр Алыхьым пцIы тезылъхьэм нэхърэ, ар ислам диным къыщыхураджэкIэ? Алыхьым гъуэгу захуэкIэ ишэкъым лъэпкъ залымыр.

(8) Ахэр хуейщ Алыхьым и нурыр ягъэункIыфIыну езыхэм я жьэхэмкIэ, ауэ Алыхьым и нурыр нэгъэсауэ ихъумэнущ, джаурхэм ар ялъагъу мыхъуми.

(9) Абы къигъэкIуащ и лIыкIуэр гъуэгу захуэм тезышэрэ дин пэжрэ къихьу, адрей дину хъуам къащхьэщытыкIа ищIын папщIэ, ар тхьэ куэдым хуэпщылIхэм ялъагъу мыхъуми.

(10) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фэзгъэлъагъун сату хьэзаб гуащIэм фыкъезыгъэлынур?

(11) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фи фIэщ фщIы, Алыхьым и цIэкIэ фызауэ фи мылъкукIи, фи псэхэмкIи. Аращ фэ щхьэкIэ нэхъыфIыр, фщIэтэмэ фэ ар.

(12) Абы фи гуэныхьхэр фхуигъэгъунщ, Жэнэт жыг хадэхэми фришэнщ, псы ежэххэр абыхэм къыщIэжу, унэ фIыщэхэми Жэнэт Хьэдным фыщIишэнщ. Аращ ехъулIэныгъэшхуэр.

(13) НэгъуэщIи фIыуэ флъагъухэр щыIэнущ: Алыхьыр и дэIэпыкъунымрэ текIуэныгъэ благъэмрэ. МыIуминхэр гъэгуфIэ атIэ!

(14) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым дэIэпыкъуэгъу фыхуэхъу, Хьисэ Мэрям и къуэм щIыгъухэм зэражриIатэм хуэдэу: "Хэт си дэIэпыкъуэгъухэр Алыхьым и гъуэгум?" Абы щIыгъухэм жаIащ: "Дэращ Алыхьым и дэIэпыкъуэгъухэр". Исраил и бынхэм щыщ зы гупым Iиман къахьащ, адрей гупыр джаур хъуахэщ. Iиман къэзыхьахэр дгъэбыдэри я бийхэм тедгъэкIуахэщ Дэ.