16 - An-Nahl ()

|

(1) Алыхьым и унафэр благъэ къэхъуащи ар фымыгъэпIащIэ, зи ЩIыхьыр ину Iэтащ Алыхьыр, Ар щхьэщыIэтыкIащ гъусэу хуащIхэм

(2) МелыIычхэр Абы кърегъэхыр уэхьир къахьу, Езым и унафэкIэ зыхуей и пщылIхэм я деж: "Вгъэсакъ ахэр яжефIэурэ Сэ нэгъуэщIу тхьэ зэрыщымыIэр, аращи фыкъысщышынэ"

(3) Уафэхэмрэ щIылъэмрэ пэж дыдэу къигъэхъуащ, щхьэщыIэтыкIащ Ар гъусэу хуащIхэм

(4) ЦIыхур къыхищIыкIащ ткIуэпсым, атIэ ар иджы тегушхуауэ едэуэж хъуащ

(5) Былымхэри къыфхуигъэщIащ, абыхэм фызгъэхуэбэни, нэгъуэщI сэбэпи къыфхуахьыну, абыхэм щыщи фшхыну

(6) Абыхэм фагъэдахэр пщыхьэщхьэкIэ къыщыфхужкIи, пщэдджыжьым хъупIэм щыдэфхукIи

(7) Абыхэм фи хьэлъэхэр яшэр, гугъу фехьу фIэкIа фыздынэмысыну къэралхэм. ИпэжыпIэкIэ фи Тхьэр ГущIэгъу зыхэлъщ, ГущIэгъущIщ

(8) Шыхэри, къыдырхэри, шыдхэри фытетIысхьэну къыфхуигъэхъуащ икIи иривгъэдэхэну. Абы къегъэхъур фэ фымыщIэхэри

(9) Алыхьым гъуэгу захуэр къегъэлъагъуэр, ауэ лъэныкъуэкIэ узышэ гъуэгухэри щыIэщ. Ар хуеямэ, псори гъуэгу захуэм фытригъэхьэнут

(10) Аращ псы уафэм къыфхуезыгъэхар, абы щыщ фофэр, жыгхэри къегъэкIыр, былымыр щывгъэхъуфу абы деж

(11) АбымкIэ къыфхуегъэкIыр къэкIыгъэхэр: оливэ жыгхэр, пальмэхэр, жызумхэр, дэтхэнэ зы пхъэщхьэмыщхьэми щыщхэр. ИпэжыпIэкIэ, абым хэлъщ нэщэнэхэр, гупсысэ цIыхухэм папщIэ

(12) Абы фхуигъэжыIэщIащ жэщымрэ махуэмрэ, дыгъэмрэ мазэмрэ, вагъуэхэри хуэжыIэщIэхэщ Абы и унафэм. ИпэжыпIэкIэ, абы хэлъщ нэщэнэхэр, кууэ гупсысэ цIыхухэм папщIэ

(13) Абым къыфхуигъэщIахэщ щIылъэм щыIэхэр фэ зэмылIэужьыгъуэхэу. ИпэжыпIэкIэ, абы хэлъщ нэщэнэхэр, цIыху зигу къэзыгъэкIыжхэм папщIэ

(14) Абым хыр жыIэщIэ фхуищIащ, лы щабэ къыхэфхыурэ фшхыну, абы зызэрывгъэщIэращIэхэри зыщыфтIэгъэну къыхэфхыну. Абы и щIыIум тет кхъухьхэр болъагъур уэ. Алыхьым и фIыщIэхэм фылъыхъуэу фитIысхьэнхэ папщIэ, Абы шыкур хуэфщIынкIэ мэхъу

(15) ИтIанэ щIым тридзащ къущхьэхэр, мыхъейуэ, абы зимыгъэхъеиным папщIэ фэри фытету, псыежэххэри гъуэгухэри, гъуэгу захуэм фытеувэнкIэ мэхъур

(16) Нэщэнэхэри ищIащ, вагъуэхэмкIи абыхэм гъуэгур къагъуэтыр

(17) Къэзыгъэхъур хуэдэу пIэрэ къэзымыгъэхъум? Фи гум къэвмыгъэкIыну пIэрэ?

(18) Алыхьым фIыгъуэу къывитар къэфлъытэну фыхуежьэми, ар къыфхуэбжынукъым. Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(19) Алыхьым ещIэр фыущэхури, нахуэ фщIыри

(20) Алыхьым нэгъуэщIу зэлъэIухэм зыри къагъэхъуакъым, езыхэр къагъэхъуащ

(21) ЛIахэщ, псэ яIутхэкъым, икIи зэхащIэкъым сытым щыгъуэ къагъэхъужынуми

(22) Фи Тхьэр Тхьэ закъуэщ, ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэм ягухэм ядэркъым, абыхэм загъэпагэу аращ

(23) Шэч хэмылъу Алыхьым ещIэр, абыхэм яущэхури, нахуэ ящIри, Абы фIыуэ илъагъукъым епэгэкIхэр

(24) Абыхэм щаупщIкIэ: "Сыт фи Тхьэм къригъэхар?" - жаIэу, жэуап къатыж: "ИпэкIэ псэуахэм я псысэхэщ", - жаIэри

(25) Ирахь абыхэм къатехуэр зэрыщыту Къемэт махуэм, абыхэм ягъэгъуэща щIэныгъэншэхэм я хьэлъэри хэлъыжу, сытым хуэдэу Iеищэ абыхэм яхьыр!

(26) Абыхэм япэкIэ псэуахэми хьилагъэхэр зэрахьэу щытащ, ауэ Алыхьым я унэр и лъабжьэм нэс зэхигъэлъэлъащ. Абыхэм унащхьэр я щхьэкIэ къатехуэри, хьэзабыр къахуэкIуащ, къыздикIари ямыщIэу

(27) ИтIанэ Къемэт махуэм ахэр игъэпудынухэщи яупщIынущ: "Дэнэ щыIэ Си гъусэхэу фыщIызэдауэхэтэр?" ЩIэныгъэ зиIэхэм абдежым жаIэнущ: "Нобэ ягъэпудынури, Iей зылъагъунури джаурхэращ"

(28) Езыхэм я щхьэ залымыгъэ къыхуахьыж пэт зи псэхэр мелыIычхэм хэзыхахэм жаIэнущ загъэжыIэщIафэу: "Зыри Iейуэ тщIэтэкъым дэ". Хьэуэ тIэ, Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэуэ щытахэм

(29) Жыхьэнэмэм и бжэхэм фыдыхьэ игъащIэкIэ фыкъинэну, сытым хуэдэу Iеищэ зызыгъэпагэхэм я екIуэлIапIэр"

(30) Тхьэшынагъуэ зыхэлъахэм жраIэнущ абдежым: "Сыт фи Тхьэм къригъэхар?" Абыхэм жаIэнущ: "ФIыщ". Мы дунейм фIыуэ щытахэм фIыщ яхуэфащэр, иужьрей екIуэлIапIэри нэхъыфIщ, сытым хуэдэу фIыщэ тхьэ шынагъуэ зыхэлъахэм я екIуэлIапIэр

(31) Жэнэту зи фIыгъуэр игъащIэкIэ щыIэнум ихьэнухэщ, абым псыежэххэр къыщIожыр, зыхуейхэу хъуар щыIэщ абым. Апхуэдэу Алыхьым тхьэ шынагъуэ зыхэлъахэм яхуэфащэр яретыж

(32) ФIыуэ щытахэу мелыIычхэм зи псэхэр хаххэм жраIэнущ: "Мамырыгъэ къыфтихуэ! ФщIэуэ щытам щхьэкIэ жэнэтым фихьэ

(33) Ахэр ежьэу ара мелыIычхэр къахуэкIуэну е Алыхьым и унафэр къатехуэну? Апхуэдэу ящIат абыхэм япэ псэуахэм, абыхэм Алыхьым залымыгъэ ярихатэкъым, атIэ езыхэм залымыгъэ зрахыжауэ арат

(34) Абыхэм Iейуэ ящIам и мыхъумыщIагъэр къатехуэжащ, щIэнэкIалъэ ящIауэ щытами хуэзэжахэщ

(35) Алыхьым гъусэ хуэзыщIахэм жаIащ: "Алыхьыр хуеятэмэ, Абы нэгъуэщI зыми дыхуэпщылIынутэкъым дэри, ди адэхэри. ИкIи Абы хьэрэм имыщIахэр хьэрэм тщIынутэкъым дэ". Апхуэдэу ящIауэ щытащ, абыхэм япэ щыIахэми. АтIэ бегъымбарым зыгуэр къытехуэу пIэрэ нахуэу нигъэсын фIэкIа?

(36) Лъэпкъ къэскIэ яхуэдгъэкIуат лIыкIуэ: "Алыхьым фыхуэпщылI, Абы нэгъуэщI зыхуэпщылIхэр псори къэвгъанэ", - жаIэу. Абыхэм къахэкIащ Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувахэр, яхуэфащэуи къуаншэ хъуахэри яхэтщ. ЩIым фрикIуи феплъыт пцIыуэ зыбжауэ щытахэм ар я кIэух хъуам

(37) Дауэрэ ухущIэмыкъуами ахэр псори гъуэгу захуэм тебгъэувэну, атIэ Абы игъэгъуащэр гъуэгу захуэм теувэкъым, икIи яIэкъым абыхэм дэIэпыкъуэгъу

(38) Алыхьым и цIэкIэ къахьащ абыхэм нэхъ тхьэрыIуэ инхэр, Алыхьым ахэр лIа нэужь къимыгъэхъужыну. Хьэуэ тIэ, Абы и псалъэ быдэ пэжщ ар, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэркъым

(39) Абым нахуэу яхузэхигъэкIынщ зэрызэтекIхэу щытар, я еплъыкIэхэр, ирещIэ джаурхэм ахэр пцIыупсу зэрыщытахэр

(40) Зыгуэр дыхуеймэ Дэ: "Къэхъу" - , зэрыжытIэу, ар къохъур

(41) Алыхьым щхьэкIэ куэшахэр, залымыгъэ къраха иужькIэ, абыхэм псэупIэ дахащэ яттынщ, ауэ ахърэтым и псапэр нэхъ инщ, ящIэтэмэ абыхэм ар

(42) Шэчыныгъэ зыхэзыгъэлъу я Тхьэм щыгугъхэтэр

(43) Уэ уи япэкIэ нэдгъэкIуахэр псори цIыхухъухэт, абыхэм уэхьи яхуедгъэхт. Фэ фымыщIэмэ, фаупщI зигу къэзыгъэкIыжхэм

(44) Абыхэм яхуедгъэхт Тхыгъэ гъэнэхуахэмрэ Тхылъхэмрэ, уэри къыпхуедгъэхащ гум къэзыгъэкIыжыр, цIыхухэм нахуэ яхуэпщIыну къахуехар икIи ахэр гупсысэн папщIэ

(45) Хьилагъэ бзаджэхэр зигу илъхэр мышынэу ара Алыхьым щIыр зэгуигъэхуну я щIагъым е хьэзабыр къахуэкIуэну, здэмыгугъа лъэныкъуэкIэ?

(46) Е зэрызехьэхэ пэт ипхъуатэхэмэ? ИкIи абыхэм зыри ящIэфынукъым

(47) Е ахэр шынэшхуэм хэту ипхъуатэхэмэ щэ? ИпэжыпIэкIэ фи Тхьэр ГущIэгъу Зыхэлъщ, ГущIэгъущIщ

(48) Ахэр кIэлъымыплъахэу ара Алыхьым къигъэхъуахэм? Абыхэм ныбжьхэр яIэщ, ижькIи сэмэгукIи зытригъалIэу, Алыхьым и щхьэр щIым хуигъэтIылъу зыхуигъэцIыкIуу

(49) Алыхьым я щхьэхэр щIым хуагъэтIылъыр уафэхэми щыIэхэм, щIыми щыIэу хъуам - хьэкIэкхъуэкIи, мелыIычи, абыхэм загъэпагэкъым

(50) Я щхьэщыгум ит я Тхьэм щошынэхэр, унафэу къыхуащIри ягъэзащIэр

(51) Алыхьым жиIащ: "Тхьэуэ тIу фымыщтэ фэ, ипэжыпIэкIэ Ар зы Тхьэщ. Сэ зым фыкъысщышынэ"

(52) Абым ейщ уафэхэми щIылъэми щыIэу хъуар. А Зыращ узыхуэпщылIын хуейр. Алыхьым нэгъуэщI зыгуэрым фыщышынэну ара?

(53) ФIыгъуэу фиIэIамэ, атIэ Алыхьыращ ар къывэзытар. ИкIи бэлыхь гуэр къызэрыфлъэIэсу Аращ фызэджэр

(54) ИтIанэ а бэлыхьыр фщхьэщихмэ, фэ фщыщу гупым я Тхьэм гъусэ хуащIыну щIадзэр

(55) Апхуэдэу яттахэм йопцIыжыр ахэр. Зывгъатхъэ, къэфщIэнщ фэ

(56) Абыхэм зыхамыщIыкIым иратыр, яттам щыщ Iыхьэ. Алыхьым и цIэкIэ соIуэр, а къэвгупсысу хъуам щхьэкIэ къывэупщIыжынущ

(57) Алыхьым пхъухэр иIэу ягъэувыр абыхэм. ЩхьэщыIэтыкIащ Ар! АтIэ езыхэм зыхуейхэр къызыхуагъанэр

(58) Абыхэм щыщ зы хъыджэбз цIыкIукIэ ягъэгуфIэмэ, абы и нэгур мэуфIыцI, зызэтриIыгъэнуи пылъщ

(59) Лъэпкъым зафIегъэпщкIур а зэрагъэгуфIам и Iеягъэм щхьэкIэ. Къигъэнэну е щIым щIихъумэну? Сытым хуэдэу Iеищэ абыхэм унафэу къахьхэр

(60) Ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэм я теплъэр сыту Iеищэ, Алыхьым и теплъэр атIэ лъагэу теIэтыкIащ. Ар Лъэщщ, АкъылыфIэщ

(61) Алыхьым цIыхухэр залымыгъэу зэрахьам щхьэкIэ ищтэхэтэмэ, щIым и напэм зы псэущхьи къытемынэнут. АтIэ ахэр пIалъэр къэсыху егъэгувэ, абыхэм я пIалъэр къэсмэ зы сыхьэткIи ар нэхъ паси, нэхъ кIаси ящIыфынукъым

(62) Алыхьым, езыхэм зэрамыпэсхэр, хуагъэфащэр, абыхэм я бзэхэм пцIыуэ жаIэр, фIыр яхуэгъэхьэзырауэ. Шэч хэлъкъым абыхэм мафIэр зэрапэщылъыр, икIи ахэр хыфIадзэнухэщ

(63) Алыхьым и цIэмкIэ соIуэр, уэ уи япэкIи лъэпкъхэм яхуэдгъэкIуат. Ауэ шейтIаным яхуигъэщIэрэщIащ ялэжьхэр. Ар абыхэм я къыщхьэщыжакIуэщ нобэ. Абыхэм яхуэгъэхьэзыращ хьэзаб гуащIэр

(64) Тхылъыр ныщIыпхуедгъэхар абыхэм нахуэ яхуэпщIыну аращ зэрызэтекIахэр, абым захуагъэмрэ гущIэгъумрэ итщ, Iиман къэзыхьа лъэпкъым папщIэ

(65) Алыхьым уафэм псыр къригъэхри щIыр абыкIэ къигъэпсэужащ, лIа иужь. ИпэжыпIэкIэ ар нэщэнэщ, зэхэзых лъэпкъым папщIэ

(66) Былымым хэлъщ фэр щхьэкIэ ущие: абыхэм я ныбэм и деж веймрэ лъымрэ яку къыдэкIа шэ къабзэм фыдогъафэ, ефэм щхьэкIэ гурыхьу

(67) Пальмэхэми, жызумми я пхъэщхьэмыщхьэм чэф фызыщIи, шхын дэгъуи къыхывохыр. ИпэжыпIэкIэ ар нэщэнэщ, акъыл зиIэ лъэпкъым папщIэ

(68) Алыхьым бжьэм гуригъэIуащ: "Бгыхэм, жыгхэм, унэхэм и деж псэупIэ зыхуэщI

(69) ИтIанэ пхъэщхьэмыщхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр шхы, уи Тхьэми гъуэгу пхуищIахэм тет". Абыхэм я ныбэм къокIыр теплъэ зэщымыщ зиIэ узэфэныр, абым хэлъщ цIыхухэр зыгъэхъужын. ИпэжыпIэкIэ ар нэщэнэщ, гупсысэ лъэпкъым папщIэ

(70) Алыхьым фыкъигъэщIащ, итIанэ фи псэхэр хехыжыр. Фэ къыфхэтщ зи ныбжьыр хуабжьу хэкIуатэу ищIауэ щытари зымыщIэжхэр. Алыхьыр ЗыщIэщ, ЗыхузэфIэкIщ

(71) Алыхьым фэ фщыщ зыгуэрхэр нэхъ къыхегъэщыр адрейхэм ерыскъыуэ яритымкIэ. Ауэ а нэхъ къулейхэр хуейхэкъым я ерыскъым щыщ я IэмыщIэ илъхэм иратыну, езыхэм хуэдэхэ мыхъунхэ папщIэ. Ахэр Алыхьым фIыщIэу къахуищIам хуэмыарэзыхэу ара?

(72) Алыхьым фи псэхэм щыщу щхьэгъусэхэр фхуищIахэщ, итIани абыхэм къахэкIауэ бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ фхуищIащ, фIыгъуэхэми щыщ къывитащ. ПцIыр я фIэщ хъууэ, Алыхьым и фIыгъуэхэр IэщIыб ящIу ара абыхэм?

(73) Ахэр хуэпщылIхэщ Алыхьым нэгъуэщI зыри зи IэмыщIэ имылъхэм, уафэхэми щIылъэми щыIэм щыщу зыри зыхузэфIэмыкIхэм

(74) Аращи Алыхьым зыри хуэвмыгъадэ, Алыхьым ещIэр, ауэ фэ фщIэкъым

(75) Алыхьым щапхъэу къихьащ пщылI, зыгуэрым и IэмыщIэ илъыр, зыри хузэфIэмыкIыу. ИтIаниэ щапхъэ къихьащ, ерыскъы дэгъуэ зритауэ, абы щыщ щэхууи нахуэуи зытыр. А тIур зэхуэдэу пIэрэ? Алыхьыращ щытхъур зейр, ауэ цIыхум я нэхъыбэм ар ящIэркъым

(76) ИтIани Алыхьым щапхъэу къихьащ лIитI: зыр бзагуэщ, зыри хузэфIэкIкъым, зи IэмыщIэ илъми къохьэлъэкIыр ар, дэнэкIэ ямыгъэкIуами, фIы къихькъым. Ар хуэдэу пIэрэ унафэ захуэхэр зыщIурэ гъуэгу захуэм ирикIуэм?

(77) Алыхьыращ зейр уафэми щIылъэми ущэхуауэ щыIэр, Сыхьэтри къэсынущ напIэзыпIэм е нэхъ псынщIэжу. Алыхьым сытри хузэфIокIыр

(78) Алыхьым фи анэхэм я ныбэм фыкъригъэкIащ, зыри фымыщIэу, икIи тхьэкIумэ иризэхэфхыну, нэ фриплъэну, гу иризэхэфщIэну къывитахэщ, фэ шыкур фщIынкIэ мэхъур

(79) Абыхэм ямылъагъуу пIэрэ уафэм жыIэщIэу лъатэ бзухэр? Ахэр зыми иIыгъкъым, Алыхьым фIэкIа. ИпэжыпIэкIэ, ахэр нэщэнэщ, Iиман къэзыхьа цIыхухэм щхьэкIэ

(80) Алыхьым фи унэхэм псэхупIэ фхуищIащ, былымым я фэхэри унэ фхуищIащ, ахэр къывэмыхьэлъэкIыу гъуэгу фытехьэмэ е зыщIыпIэ фыкъыщыувыIэмэ. Абыхэм я цыми, я къауцми, я щхьэцми унэм къэвгъэсэбэп хъун Iэмэпсымэхэр къыхэфщIыкIыну ищIащ, пIалъэр къэсыху

(81) Алыхьым къыфхуигъэхъуахэм жьауэ зыщI фхуищIащ, къущхьэхэми гъэпщкIупIэхэр фхуищIащ, щыгъыным щыщу хуабэм фыщызыхъумэри, зэран къывахым фыщызыхъумэри фхуищIащ. Апхуэдэу фIыгъуэу къыфхуищIэр нэгъэса ещI, муслъымэн фыхъункIэ мэхъур

(82) Я щIыбхэр къагъазэмэ, атIэ уэ янэбгъэсу ягурыбгъэIуэныращ уи пщэ дэлъыр

(83) Алыхьым фIыгъуэу къахуищIар ялъагъур, итIани ар ядэркъым, икIи и нэхъыбэр джаурхэщ

(84) А махуэм лъэпкъ къэс я щыхьэтлыкъыр къэдгъэувынущ, итIанэ джаурхэр хуит ящIынукъым, абыхэм тоби кърагъэхьыжынукъым

(85) Залымыгъэ зезыхьахэм хьэзабыр ялъагъумэ, абыхэм псынщIи хуащIынукъым, икIи нэхъ кIаси хуащIыжынукъым

(86) Алыхьым гъусэ хуэзыщIхэу щытахэм, гъусэ зыхуащIхэр къалъагъумэ, жаIэнущ: "Ди Тхьэ, мис гъусэ тщIыуэ щытахэр, Уэ нэгъуэщIуи дызэлъэIухэтэр". Ауэ абыхэм а псалъэр Iуадзынущ: "Фэ ипэжыпIэкIэ фыпцIыупсщ", - жаIэнущи

(87) А махуэм Алыхьым хуэжыIэщIэу зыкъагъэлъэгъуэнущ, ипэкIэ къагупсысу щытахэми ахэр къагъэнэнущ

(88) Джаурхэмрэ Алыхьым и гъуэгум тезыхуу щытахэмрэ я хьэзабым и гущIыIужым иджыри хьэзаб хэдгъэхъуэнущ, абыхэм мыхъумыщIагъэу ящIахэм щхьэкIэ

(89) А махуэм лъэпкъ къэскIэ къыхэдгъэкIынущ щыхьэтлыкъ, абыхэм ящыщу япэувыну, итIанэ абыхэм псоми уэ я щыхьэтлыкъ утщIынущ. Уэ къыпхуедгъэхащ Тхылъ, псори гурыIуэгъуэ ищIу, захуэу, гущIэгъуныгъэу, муслъымэнхэм щхьэкIэ гуфIэгъуэу

(90) Алыхьым унафэ ещIыр, захуагъэм фытетыну, фIы фщIэну, благъэм ефтыну, мыхъумыщIагъэ, гуэныхь зыхэлъ фымыщIэну, нэхъуеим фимыкIыну. Ар къывоущиер, къэфщIэжынкIэрэ мэхъу

(91) Алыхьым псалъэ быдэ ефтамэ, абы фытетыж, фи тхьэрыIуэхэми фемыпцIыж, ахэр къэвгъэбыда иужь, Алыхьыр абы и щыхьэт фщIа иужь. ИпэжыпIэкIэ Алыхьым ещIэр фэ влэжьыр

(92) Цызэрыхъэ зыщIауэ Iуданэхэр игъэбыдэжа иужь ар зыгъэлъэлъэжа бзылъхугъэм зыхуэвмыгъадэ. Фи тхьэрыIуэхэр къызэрывгъэпцIэну къывогъэсэбэп фи якум, зыгуэрхэр адрейхэм нэхърэ нэхъыбэ икIи нэхъ лъэщ хъуным щхьэкIэ. Алыхьым абыкIэ фегъэунэхур, Къемэт махуэм нахуэу фигъэлъагъун щхьэкIэ фызэрызэгурымыIуэу щытахэр

(93) Алыхьыр хуейтэмэ, псори зы лъэпкъ фищIынут, ауэ зыхуейр егъэгъуащэ, зыхуейр гъуэгу захуэм трешэр. ИкIи къывэупщIыжыну фэ фщIэуэ щытамкIэ

(94) Фи тхьэрыIуэхэри фызэрыгъэпцIэн щхьэкIэ къэвмыщтэ фи яку, фи лъакъуэр тецIэфтынущ, быдауэ щыта иужь, икIи Алыхьым и гъуэгум фызэрытекIам и гуауэр зыхэфщIэнущ, хьэзабышхуэри фхуэфащэщ абдежым

(95) Алыхьым и псалъэ быдэр уасэ пудкIэ фымыщэ, Алыхьым и деж щыIэр фэ щхьэкIэ нэхъыфIщ, ар фыщIэ къудейтэмэ фэ

(96) Фэ фи дежым щыIэр кIуэдыжынущ, Алыхьым и деж щыIэр атIэ игъащIэкIэ къэнэнущ. Шэчыныгъэ зыхэзыгъэлъхэми я псапэр еттыжынущ нэхъыфIу, абыхэм ящIэу щытам щхьэкIэ

(97) ЦIыхухъуми, цIыхубзми фIы зыщIам, ар мыIумину щыту, гъащIэ дахэу дгъэпсэунущ, я псапэри яттыжынущ нэхъыфIу, абыхэм ящIэу щытам щхьэкIэ

(98) КъурIэным ущеджэм и деж Алыхьым ущихъумэну елъэIу, шейтIан гущIэгъуныгъэм хагъэкIам

(99) Абы унафэ яхуищIыфынукъым Iиман къэзыхьауэ я Тхьэм щыгугъхэм

(100) Абы унафэ зыхуищIыфыр езым къыщыгугъхэращ, я Тхьэм гъусэ хуэзыщIхэращ

(101) Зы Iэятыр нэгъуэщI IэяткIэ зэтхъуэкIмэ, Алыхьым нэхъыфIу ещIэр къригъэхыр, абыхэм жаIэнущ: "Уэ пцIы быупсу аращ". АтIэ абыхэм я нэхъыбэм ящIэркъым

(102) ЖыIэ: "Ар къезыхьэхар Псэ ЩIыхьышхуэ зиIэращ и Тхьэм и деж кърихауэ, Iиман къэзыхьахэр иригъэбыдэну, гъуэгу захуэу, гуфIэгъуэу муслъымэнхэм щхьэкIэ"

(103) ДощIэр Дэ абыхэм зэрыжаIэр: "Абы езыгъащIэр цIыхущ". Абыхэм жыхуаIэ бзэр хамэ къэралыгъуэм я бзэщ, атIэ мыр хьэрыпыбзэ нахуэщ

(104) Алыхьым и нэщэнэхэр зи фIэщ мыхъухэр, Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувэкъым, абыхэм хьэзаб гуащIэр яхуэфащэщ

(105) Алыхьым и нэщэнэхэр зи фIэщ мыхъухэм, пцIыхэр къагупсыс, ахэращ икъукIэ пцIыупсхэр

(106) Джаур хъуахэм, Iиман къахьа иужь, ар ирагъэзауэ щымытмэ, и гум Iиман быдэ илъу къэнауэ, атIэ джаурыгъэм ягухэр хузэIузыхахэм, абыхэм Алыхьым и губжьыр ятехуэнущ, абыхэм хьэзабышхуэ ятехуэнущ

(107) Абыхэм мы дунейм щыпсэуныр ахърэтым нэхърэ нэхъ яфIэфI хъуащи аращ, атIэ Алыхьым джаур лъэпкъыр гъуэгу захуэм тригъэувэкъым

(108) Абыхэм ягухэр, я тхьэкIумэхэр, я нэхэр Алыхьым зэхуищIауэ аращ, ахэращ икъукIэ щIэныгъэншэхэр

(109) Шэч хэлъкъым ахэр ахърэтым хэкIуэдэжахэм зэращыщынур

(110) ИтIани уи Тхьэм ипэжыпIэкIэ яхуегъэгъур, шэч къытрагъэхьэну пылъа иужь куэшыжахэм, итIанэ зауэхэу шэчыныгъэ зыхэзыгъэлъахэм

(111) А махуэм псэ къэскIэ къэкIуэнущ, езым щхьэкIи дэуэжу, псэ къэскIэ илэжьари хуахъумащ, абыхэми залымыгъэ ирахынукъым

(112) Алыхьым щапхъэу къихьащ къуажэ мамыру шынагъэншагъэу щытар, абы и ерыскъыр уэру дэнэ лъэныкъуэкIи къикIт, ауэ Алыхьым и фIыгъуэхэм епцIыжахэти, Алыхьым абыхэм гъаблэрэ шынагъуэрэ ятрилъхьащ, ящIэхэм щхьэкIэ

(113) ИтIанэ Абыхэм лIыкIуэ езыхэм ящыщу къахуэкIуащ, ауэ ар пцIыуэ ябжри, ахэр хьэзабым ищтахэщ, залыму щытхэти

(114) Аращи, Алыхьым ерыскъыуэ хьэлэл фхуищIар фIыгъуэу фшхы, икIи Абы шыкур хуэфщI, фIыгъуэу къывитахэм щхьэкIэ, Абы фыхуэпщылIу щытмэ

(115) Хьэрэм фхуищIащ лIар, лъыр, кхъуэлыр, Алыхьым нэгъуэщIу зыгуэрым хуаукIар, ауэ хэкIыпIэ имыIэжу, езыр хуэмейуэ, иримыгъэлейуэ зыгуэрым мыхъун ишхын хуей хъуамэ, атIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(116) ИкIи фи бзэхэмкIэ пцIыхэр жывмыIэ: "Мыр хьэлэлщ, мыр хьэрэмщ", - жыфIэурэ Алыхьым пцIы тевмылъхьэ. Алыхьым пцIы тезылъхьэхэр ехъулIэнукъым

(117) Куэдрэ загъэтхъэнукъым, итIанэ хьэзаб гуащIэщ

(118) Журтхэми хьэрэм яхуэтщIащ, ипэкIэ бжетIахэр, икIи Дэ абыхэм залымыгъэ ятхатэкъым, атIэ езыхэм я щхьэхэм залымыгъэ ирахыжащ

(119) ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэм хуегъэгъур имыщIэу бзаджагъэ зыщIэу, итIанэ тобэ къэзыхьыжахэм абы иужькIэ, икIи фIыкIэ зэзыхъуэкIыжам. ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(120) Ибрахьим ипэжыпIэкIэ захуэм тету, Алыхь закъуэм хуэпщылIу щытащ, ар тхьэ куэдым хуэпщылIу щытакъым

(121) ФIыгъуэу къритахэм щхьэкIэ шыкур хуищIт, ар къыхихри гъуэгу захуэм тригъэуващ

(122) Абым мы дунейм фIыгъуэ еттащ, икIи ар ахърэтым фIыгъуэ зыщIэу щытахэм ящыщщ

(123) ИтIанэ къыпхуедгъэхащ уэ: "Ибрахьим и диным техьэ хьэнифу, ар тхьэ куэдхэм яхуэпщылIхэм ящыщакъым"

(124) ИпэжыпIэкIэ щэбэтыр зыхуищIатэр, абы теухуауэ зэгурымыIуахэм щхьэкIэт, икIи уи Тхьэм абыхэм я унафэр ищIэнущ Къемэт махуэм, ахэр зэрызэгурымыIуахэм щхьэкIэ

(125) Къыхуеджэ уи Тхьэм и гъуэгум акъылыфIэу ущие дахэкIэ, абыхэм зэрынэхъыфIымкIи яныкъуэкъу. Уи Тхьэм нэхъыфIу ещIэр, и гъуэгум тегъуэщыкIари, ещIэр, абы захуэу ирикIуэхэри

(126) Ахэм тезыр ятефлъхьэмэ, фэ къыфтралъхьэу щытам хуэдэ ятефлъхьэ, ауэ шэчыныгъэ зыхэвгъэлъмэ, ар нэхъыфIщ, бэшэчхэм щхьэкIэ

(127) Шэчыныгъэ зыхэгъэлъ, уи шэчыныгъэр Алыхьыращ къозытыр, икIи абыхэм щхьэкIэ умынэщхъей, абыхэм я хьилагъэхэм щхьэкIи уигу умыгъэныкъуэ

(128) Алыхьыр ящIыгъущ тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэм икIи фIы зыщIэхэм