(1) Iэлиф, лам, мим, ра. Мыр Тхылъым и Iэяту уи Тхьэм къыпхуригъэхахэщ пэжу, ауэ цIыхум я нэхъыбэм я фIэщ хъукъым
(2) Алыхьым уафэхэр къиIэтащ щIэгъэкъуэн флъагъуу имыIэу, итIанэ Хьэршым щхьэщыхьэжащ Езыр. Дыгъэмрэ мазэмри хуэжыIэщIэ ищIхэри пIалъэ гъэунэхуам хуэкIуэхэу ищIащ. Абы Iуэхухэр зэрегъакIуэр, нэщэнэхэр нахуэ ещIыр, фи Тхьэм фызэрыхуэзэжынур фи фIэщ быдэу хъункIэ мэхъур
(3) Абы щIым зригъэубгъуащ, бгы мыхъейхэмрэ псы ежэххэмрэ трищIыхьащ, сыт хуэдэ пхъэщхьэмыщхьэми щыщу тIурытI къигъэхъуащ. Абы махуэр жэщкIэ щIехъумэр, а псоми нэщэнэхэр хэлъщ, гупсысэхэм папщIэ
(4) ЩIыми щыIэщ Iыхьэ зэгуэлъхэр, жыг хадэ жызум къыздэкIхэр, гъавэ зытесахэр, пальмэхэр зы лъапсэм къыхэкIхэри, къыхэмыкIхэри. Псоми зы псы щIакIэр, ауэ зыгуэрхэр нэхъ къыхыдохыр тшхыну адрейхэм нэхърэ. ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэхэр, акъыл зиIэхэм папщIэ
(5) БгъэщIагъуэмэ, атIэ гъэщIэгъуэнщ абыхэм жаIэр: "Сабэ дыхъужа иужькIэ щIэрыщIэу дыкъигъэхъужыну ара атIэ?" Абыхэм я Тхьэр я фIэщ хъуакъым, абыхэм Iэхъулъэхъухэр фIэлъщ я пщэхэм, ахэр мафIэм хэхуэнухэщ, игъащIэкIэ къыхэнэнухэщ абы
(6) IеймкIэ уагъэпIащIэр фIым ипэ, ауэ абыхэм япэкIи щыIахэт щапхъэ хъуахэр. Уи Тхьэм гъэгъуныгъэр цIыхухэм яретыр залымыгъэ ящIами, уи Тхьэм и тезырыр гуащIэщ
(7) Джаурхэм жаIэр: "Абы и Тхьэм и деж къикIауэ нэщэнэ къыхуехамэ аратэкъэ". Уэ Iейм щызыхъумэу ущыту аращ, атIэ лъэпкъ къэс гъуэгу захуэм хуезыджэ иIэщ
(8) Алыхьым ещIэр бзы къэс кърихьэкIыр, ещIэр лъхуапIэ къэскIэ зызэрикъузымрэ зэрызэIыкIымрэ, сытми Абы деж езы и мардэ иIэщ
(9) Ущэхуари нахуэри зыщIэщ Ар, Инщ, ЗытезыIэтыкIащ
(10) Фи псалъэр фыущэхуми, ар ину жыфIэми, жэщым зывгъэпщкIуми, махуэм нахуэу фызекIуэми и зэхуэдэщ Абы
(11) Алыхьым и унафэкIэ къахъумэу щIыгъущ абы ипэкIи икIэкIи хъумакIуэхэр, Алыхьым зэрихъуэкIкъым цIыхум я щытыкIэр, езыхэм я щхьэкIэ замыхъуэжу. Алыхьыр цIыху гуэрхэм щхьэкIэ Iей хуеямэ, ар къэзыгъэзэн щыIэкъым, икIи тепщэ яIэкъым абыхэм Алыхьым нэгъуэщI
(12) Абы щыблэр фегъэлъагъур фигъэшынэну икIи фыщыгугъыну, икIи Абы пшэ хьэлъэхэри къегъэхъу
(13) Уафэгъуагъуэм Абы и щIыхьыр еIэтыр, мелыIычхэри Абы щышынэхэу. Абы щыблэхэр еутIыпщри зыхуейм трегъахуэр. Ахэр зодауэхэр Алыхьым щхьэкIэ, атIэ Абы и тезырыр гуащIэщ
(14) Абы и дежщ къыхуеджэныр пэжым, Абы нэгъуэщI зыгуэр къезыджэхэм жэуап ягъуэтынукъым зыкIи, атIэ IэбжьыбкIэ псы ефэну хуейуэ зи жьэм зыхьым хуэдэхэщ, зыри и жьэм нэмысу. Джаурхэм я лъэIур гъуэщэныгъэ къудейщ
(15) Алыхьым я щхьэхэр хуагъэтIылъыр уафэхэми щIыми щыIэу хъуами, абыхэм я ныбжьхэми, хуейхэми хуэмейхэми пщэдджыжьымрэ дыгъэр къухьэным ипэмрэ
(16) ЖыIэ: "Хэт уафэхэмрэ щIылъэмрэ я тепщэр?" ЖыIэ: "Алыхьыращ". ЖыIэ: "АтIэ Абы нэгъуэщI тепщэхэр къэфщтауэ ара я щхьэхэм щхьэкIэ сэбэпи зэрани мыхъуфхэу?" ЖыIэ: "Нэфымрэ зылъагъумрэ зэхуэдэхэу пIэрэ? Е кIыфIыгъэхэмрэ нэхумрэ зэхуэдэу пIэрэ?" Е Алыхьым гъусэ хуащIахэу ара Абы къигъэхъуам хуэдэ къагъэхъуауэ, а къагъэхъуахэр яфIызэхэкIухьауэ абыхэм? ЖыIэ: "Алыхьыращ сытри къэзыгъэхъуар, Ар Закъуэщ, Псори ЗыхузэфIэкIщ"
(17) Уафэм псы кърегъэхри аузхэм щырожэхэр, я инагъым ехьэлIауэ. А псы ежэхым тхъурымбэ къытрищIар ехьыр. Апхуэдэ тхъурымбэ къытрещIэр мафIэм деж ягъэткIуам, зызэрагъэдахэрэ Iэмэпсымэрэ къыщыхащIыкIкIэ. Апхуэдэу Алыхьым пэжымрэ пцIымрэ къегъэлъагъуэр. Тхъурымбэр хыфIадзэжынущ, цIыхухэм сэбэп къахуэхъур къэнэнущ щIым. Апхуэдэщ Алыхьым щапхъэ къихьхэр
(18) Я тхьэм къыщриджахэм хуэжыIэщIахэм фIыщ яхуэфащэр, ауэ Абы къыщриджэхэм хуэмыжыIэщIэу къэнахэм щIым щыIэр псори яIэу абым хуэдизи щIыгъужми я псэр къращэхужыну хьэзырхэт. Абыхэм къыхуалъытар Iейщ, я екIуэлIапIэри жыхьэнэмэщ, сытым хуэдэу Iеищэ а гъуэлъыпIэр
(19) Уэ уи Тхьэм къыпхуригъэхар зэрыпэжыр зыщIэмрэ нэфу зымылъагъумрэ зэхуэдэхэкъым, акъыл захуэ зиIэхэращ зигу къэкIыжхэр
(20) Алыхьым псалъэ быдэу иратам хуэпэжхэмрэ, псалъэу ятам емыпцIыжхэмрэ
(21) Алыхьым зэпащэну унафэ ищIар зэпызыщэхэмрэ, я Тхьэм щышынэхэмрэ, лъытэныгъэ Iейм щышынэхэмрэ
(22) Тхьэм и нэгум щхьэкIэ шэчыныгъэ зыхэзыгъэлъахэр, нэмэз зыщIахэр, яттам щыщу ущэхуауи нахуэуи зытахэр, Iейр фIыкIэ IузыгъэкIхэр - ахэращ иужьрей щыIэпIэр зыхуэгъэхьэзырар
(23) Жэнэт жыг хадэхэу зэрыхьэнухэр езыхэри, фIыуэ щыта я адэхэри, я щхьэгъусэхэри, я бынхэри. МелыIычхэри бжэуэ хъуамкIэ абыхэм я деж къыщIыхьэнухэщ
(24) Мамырыгъэр къыфхукIуэ, шэчыныгъэу зыхэвгъэлъам щхьэкIэ! Сытым хуэдэу фIыщэ я иужьрей щIыпIэу зыхуэкIуэжынухэр!
(25) Ахэр Алыхьым зэрыгурыIуар къахуигъэбыдэжа иужь, абы епцIыжхэр, зэпащIэну Алыхьым унафэ ищIар зэпызыудхэр, мыхъумыщIагъэ щIым зезыхьэхэр - ахэращ нэлат къызтехуэхэри, екIуалIэжыпIэ Iеищэри къызылъысынухэри
(26) Алыхьым зыхуейм ерыскъыр ирет, зыхуейм мащIэ хуещI. Ахэр мы дунейм и щыIэныгъэм щогуфIыкIхэр, атIэ мы дунейр ахърэтым хуэбгъадэмэ, псынщIэу блэкIыу къэзмыгъазэщ
(27) Джаурхэм жаIэнущ: "Абы и Тхьэм и деж къикIауэ нэщэнэ щхьэ къыхуемыхрэ?" ЖыIэ: "Алыхьым зыхуейр егъэгъуащэри, Езым и деж къэзыгъэзэжхэри гъуэгу захуэкIэ ешэхэр
(28) Iиман къэзыхьауэ зигухэр Алыхьыр ягу къагъэкIыжурэ псэхужхэр, атIэ Алыхьыр ягу къэгъэкIыжыныракъэ гухэр зыгъэпсэхур?
(29) Iиман къэзыхьауэ фIыхэр зыщIахэм тхъэгъуэрэ гъэзэжыпIэ фIыщэрэ яхуэфащэщ
(30) Апхуэдэу удгъэкIуащ лъэпкъым и деж, уэхьи къыпхуедгъэхам щыщ уахуеджэну, абыхэм япэкIэ нэгъуэщIхэри щыIахэщ, ауэ абыхэм ГущIэгъущIыр я фIэщ хъуакъым. ЖыIэ: "Ар си Тхьэщ, Абы нэгъуэщI Тхьэ щыIэкъым, Аращ сызыщыгугъри, тобэ сщIыуэ сызыхуэкIуэжри"
(31) ЩыIатэмэ КъурIэн, къущхьэхэр и щIыпIэм иригъэкIыфыу, щIыр зэгуигъэчыфу е лIахэм абыкIэ уапсэлъэфу, (ар мы КъурIэнырат). Алыхьыращ унафэр псори зыбгъэдэлъыр. Iиман къэзыхьахэм ямыщIэу ара иджыри Алыхьыр хуей къудеймэ цIыхуу хъуар гъуэгу захуэм зэрытригъэувэфынур? Джаурхэм ящIам щхьэкIэ зэпымычу бэлыхьхэр къатехуэнущ, е я унэхэм пэмыжыжьэу къехынущ Алыхьым къызэригъэгугъар къэмыхъуху. Алыхьыр псалъэу итам епцIыжкъым
(32) Уи япэкIи лIыкIуэхэр щIэнэкIалъэ ящIырт, атIэ джаурхэм пIалъэ ястри итIанэ зыIэщIэзубыдахэщ. Сытым хуэдэу щыта абыхэм я тезырыр!
(33) Псэ къэскIэрэ абыхэм зырагъэгъуэтымрэ ящхьэщытракъэ (нэхъ къызытехуэр ухуэпщылIыну)? Абыхэм Алыхьым гъусэхэр хуащIащ. ЯжеIэ: "КъызжефIэт хэтми ахэр! Абы имыщIэу щIым щыIэ гуэр евгъэщIэну ара, е ар псалъэ мыхьэнэншэ къудей?" Джаурхэм я хьилагъэхэр яхуэгъэщIэрэщIащ, ауэ ахэр гъуэгу захуэм трихуауэ аращ абы. Алыхьым игъэгъуащэр захуэныгъэм хуэзышэжыфын щыIэкъым
(34) Абыхэм хьэзаб ятехуэнущ мы дунейм, ауэ ахърэтым и хьэзабыр нэхъ гуауэщ, икIи яIэкъым абыхэм Алыхьым щызыхъумэн зыри
(35) Тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэр къызэригъэгугъа жэнэтым мыпхуэдэщ и теплъэр: абы псыежэххэр къыщIожыр, шхыныр мыухыжщ, жьауэ зэпытщ. Аращ тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэр зыхуэкIуэжынур, джаурхэр атIэ мафIэщ зыхуэкIуэжынур
(36) Тхылъ зэттауэ щытахэр щогуфIыкIыр къыпхуедгъэхам. Ауэ гупхэм яхэтщ абы щыщ Iыхьэ къащтэну зымыдэхэр. ЖыIэ: "ИпэжыпIэкIэ сэ унафэ къысхуащIащ, Алыхьым сыхуэпщылIыну, Абы гъусэ хуэзмыщIыну. Абы къыхузоджэр сэ икIи Абы и деж згъэзэжыну къыспэщылъщ"
(37) Апхуэдэу ар къедгъэхащ унафэу хьэрыпыбзэкIэ. Абыхэм я хуеиныгъэхэм яужь уитмэ уэ щIэныгъэу къыпхуехам иужь, уиIэнукъым Алыхьым иужь уэчыли хъумакIуи
(38) Уэ уи япэкIи дгъэкIуахэщ лIыкIуэхэр, абыхэм щхьэгъуси быни яттащ. ЛIыкIуэм нэщэнэ къихьыфынукъым, Алыхьым хуимыдауэ. ПIалъэ къэскIэ тхауэ щытщ
(39) Алыхьым зыхуейр трегъэкIыжыр, зыхуейр егъэбыдэр, Абы и деж щыIэщ Тхылъым я Анэр
(40) Ахэр зэрыдгъэгугъэ хьэзабым щыщ уэдгъэлъагъумэ е уи псэр хэтхмэ, атIэ уэ хъыбарыр нэбгъэсыну уи пщэ дэлъу аращ, Дэ лъытэныгъэ тщIэнущ
(41) Абыхэм ямылъагъуу ара Дэ щIыр и гъунэхэмкIэ зэрыпыдупщIыр? Алыхьыращ унафэ зыщIыр, Абы и унафэхэр Iузыхыфын щыIэкъым, Абы и лъытэныгъэр псынщIэщ
(42) Абыхэм япэ щыIахэми хьилагъэхэр зэрахьэт, ауэ Алыхьыращ хьилагъэу щыIэу хъуар зыIэщIэлъыр, абы ещIэ псэ къэскIэ къилэжьар. Ялъагъунщ джаурхэм иужьрей щыIэпIэр зылъысынур
(43) Джаурхэм жаIэр: "Уэ лIыкIуэу укъагъэкIуакъым". ЖыIэ: "Алыхьымрэ Тхылъым хэзыщIыкIхэмрэ ирокъур щыхьэту сэрэ фэрэ щхьэкIэ"