(1) Уэ Iиман къэзыхьахэ, псалъэ быдэу фтахэм фытетыж! Былымыр хьэлэл фхуащIащ, зи гугъу къыфхуащIам мыхъумэ, щакIуэнри хьэлэлкъым фэркIэ, Iихьрамым фитмэ. Алыхьым зыхуей унафэр ещIыр
(2) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым хьэрэм ищIахэр хьэлэл фымыщI, хьэлэлу фымыбж мазэ хьэрэмри, къурмэным хуэгъэхьэзыра былымри, щыгъэхэр зыфIэлъ къурмэным хуэгъэхьэзыра былымри, Унэ лъапIэм хуэзунэтIхэри мамыру, я Тхьэм и фIыгъуэрэ и аразыныгъэрэ къэзылъыхъуэхэр. Iихьрамым фыкъикIыжа иужькIэ фыщакIуэ. Мэжджыт ЛъапIэм фамыгъакIуэу къыфпэувахэм щхьэкIэ евмыгъэлей. ФIы фщIэнымрэ тхьэшынагъуэмрэкIэ фызэдэIэпыкъу, ауэ гуэныхьымрэ зэбийныгъэмрэкIэ дэIэпыкъуэгъу фызэхуэмыхъу. Алыхьым фыщышынэ, Алыхьым и тазырыр гуащIэщ
(3) Хьэрэм фхуищIащ лIар, лъыр, кхъуэлыр, Алыхьым нэгъуэщI зыгуэрым и цIэкIэ яукIар, ятхьэлар, лIэхукIэрэ удын зырагъэгъуэтар, зыгуэрым къекIурэхыу иукIар, нэгъуэщIым и бжьакъуэкIэ иукIар, хьэкIэкхъуэкIэ псэущхьэшххэм яшхар, ар фIэвмыбзыжамэ, тхьэ нэпцIхэм я мывэхэм деж щаукIар, шабзэкIи къэщIэныр. Ар псори мыхъумыщIагъэщ. Нобэ джаурхэм я гугъэр хахыжащ фи диным, аращи абыхэм фащымышынэу Сэ фыкъысщышынэ. Нобэ фи диныр фхунэзгъэсащ, Си фIыщIэхэри фхуризгъэкъуащ, ислъам динымкIи аразы сыфхуэхъуащ. Зыгуэр гуэныхь ищIэну хуэмейуэ егъэзыгъэкIэ абыхэм щыщ ишхын хуей хъуамэ, атIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(4) КъоупщIхэр, абыхэм хьэлэл хуащIамкIэ. ЯжеIэ: "ФIыгъуэхэр фи хьэлэлщ. Алыхьым фигъэщIам щыщ зэвгъащIэ, псэущхьэхэми, хьэхэм хуэдэу, къыфхуаубыдар фшхы Алыхьым и цIэр тефIуи, Алыхьыми фыщышынэ, Алыхьым и лъытэныгъэр псынщIэщ"
(5) Нобэ хьэлэл фхуащIащ фIыгъуэхэр, Тхылъ зратахэм я шхынри фи хьэлэлщ, фэ фи шхынри абыхэм щхьэкIэ хьэлэлщ, Iиман къэзыхьахэм щыщу зи щхьэхэр зыхъумэж бзылъхугъэхэри, фи япэкIэ Тхылъ зратахэм ящыщу зи щхьэхэр зыхъумэж бзылъхугъэхэри яхуэфащэр яфта иужь фи щхьэхэр фхъумэн папщIэ, напэншагъэм фыхэмыхьэу, къадэфкIухьынуи къэвмыщтэхэу. Iиманыр зи фIэщ мыхъуам и Iуэхур мыхьэнэншэщ, ар ахърэтым хэкIуэдахэм ящыщщ
(6) Уэ Iиман къэзыхьахэ, нэмэз фщIыну фытеувамэ фтхьэщI фи напэхэр, фи Iэхэри IэфракIэхэм нэсу, итIанэ фи щхьэхэм фытелъэщIыхь, иужькIэ фи лъакъуэхэр лъэпкъынэм нэсу фтхьэщI. Бзылъхугъэм фекIуэлIа иужь, зывгъэкъабзэ. Ауэ фысымаджэмэ, е гъуэгу фытетмэ, е зыгуэр фщыщу щIыб икIамэ, е бзылъхугъэм фекIуэлIамэ, итIанэ псы фымыгъуэту фыкъэнамэ тэемум фщIы щIы къабзэкIэ, абы щыщкIэ фи напэхэмрэ фи Iэхэмрэ флъэщI. Алыхьыр хуейкъым гугъуехь къыфтрилъхьэну, атIэ хуейщ фигъэкъэбзэну, и фIыгъуэхэри фхунигъэсыну, шыкур фщIынкIэрэ мэхъу
(7) Алыхьым фIыгъуэу къыфхуищIахэр фигу къэвгъэкIыж, псалъэ быдэу къывитам хуэарэзы фыщыхъуам щыжыфIам: "Зэхэтхащ икIи дожыIэдаIуэр". Алыхьым фыщышынэ, Алыхьым ещIэр фигухэм илъыр
(8) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым щхьэкIэ зывгъэбыдэ, захуагъэм фырищыхьэтхэ, икIи цIыхухэм фалъагъу зэрымыхъум къыхэкIыу захуагъэр къэвмыгъанэ, захуэу фыщыт, ар тхьэшынагъуэм нэхъ и гъунэгъущ, Алыхьми фыщышынэ, Алыхьым ещIэр фэ влэжьхэр
(9) Алыхьым игъэгугъащ Iиман къэзыхьахэмрэ фIы зыщIахэмрэ яхуигъэгъуну икIи псапэшхуэ яритыну
(10) Джаурхэмрэ ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэмрэ, ахэр жыхьэнэмэм щыIэнухэщ
(11) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым фIыуэ къыфхуищIахэр фигу къэвгъэкIыж, цIыхухэм я Iэхэр къыфтрашиену щыхуейхэм, я Iэхэр къызэригъэувыIатэр. Алыхьым фыщышынэ, Алыхьыращ Iиман къэзыхьахэр зыщыгугъыр
(12) Алыхьым псалъэ быдэ яIрихащ Исраил и бынхэм, икIи нэхъыщхьэу пщыкIутI яхуигъэкIуат. Алыхьым жиIащ: "Сэ сывигъусэнущ нэмэз фщIымэ, сэджытри фтымэ, Си лIыкIуэхэри фи фIэщ фщIымэ, ахэм фадэIэпыкъумэ, Алыхьми шэсыпIэ дахэ ефтмэ, фхуэзгъэгъунущ Iейуэ фщIахэр, жэнэтми физгъэхьэнущ псы ежэххэр къыщIэжу. Ауэ мыбы иужь джаур хъухэр фэ фщыщу гъуэгу захуэм текIынухэщ"
(13) Ахэр псалъэ быдэм зэрепцIыжахэм щхьэкIэ нэлат ятхащ, ягухэри быдэ тщIащ, псалъэхэр зэрадзэкIхэр, зи гугъу къыхуащIам щыщу Iыхьэшхуэ ящыгъупщэжащ, икIи сытым щыгъуи ахэр зэрепцIыжыр плъагъунущ мащIэ гуэрхэм мыхъумэ, абыхэм щыщ яхуэгъэгъуи гущIэгъу яхуэщI, алыхьым фIыуэ елъагъур фIы зыщIэхэр
(14) Дэ дычыристэн, - жызыIахэми псалъэ быдэ яIытхащ, ауэ зи гугъу хуащIам щыщ Iыхьэр ящыгъупщэжащ, арати абыхэм яку зэбииныгъэрэ зэрылъагъу мыхъуныгъэрэ дэтлъхьащ Къемэт махуэм нэс, итIанэ Алыхьым яхуиIуэтэжынущ ящIауэ щытахэр
(15) Уэ Тхылъ зэратахэ, ди лIыкIуэр къыфхуэкIуащ фыущэхуу щытам щыщ куэд Тхылъым щыщу нахуэ фхуищIыну, куэди фхуигъэгъуну. Алыхьым и деж къикIауэ нэхурэ Тхылъ ЛъапIэрэ къыфхуэкIуащ
(16) АбыкIэ Алыхьым зыхуэарэзым тетыр гъуэгу хъума хъунухэм ейм трешэ, кIыфIыгъэм къыхешхэри нэхум хуешэхэр Езым и хуеиныгъэкIэ, гъуэгу захуэм трегъэувэхэр
(17) Алыхьыр Мэрям и къуэ Мэсихьщ, - жызыIахэр джаур хъуахэщ. ЖыIэ: "Хэт зыхузэфIэкIынур Алыхьым пэувыну Мэсихь Мэрям и къуэри, абы и анэри, щIым щыIэу хъуари игъэкIуэдыну хуей хъумэ?" Алыхьыращ уафэхэри, щIылъэри, абыхэм яку дэлъри зи IэмыщIэ илъыр, зыхуейр къегъэхъур, Алыхьым сытри хузэфIокIыр
(18) Журтхэмрэ чыристэнхэмрэ жаIащ: "Дэращ Алыхьым и бынхэри, фIы дыдэу илъагъухэри". ЖыIэ: "АтIэ щхьэ фи гуэныхьхэм щхьэкIэ хьэзаб къыфтрилъхьэрэ? Хьэуэ тIэ, фэри къигъэщIахэм щыщу фыцIыхущ, зыхуейм хуегъэгъур, зыхуейми хьэзаб трелъхьэр. Алыхьым уафэхэми, щIылъэми, яку дэлъри псори и IэмыщIэ илъщ, Абы и дежщ нэсыжыпIэр"
(19) Уэ Тхылъ зратахэ, ди лIыкIуэр къыфхуэкIуащ, лIыкIуэхэр къэмыкIуэу зэман дэкIа иужь, къывгуригъэIуэн папщIэ, жывмыIэну: "ФIым къыхуезыджи,Iейм щызыхъуми къытхуэкIуаIакъым". Аращи къыфхуэкIуащ фIым къыхуезыджэрэ Iейм щызыхъумэрэ, Алыхьми сытри хузэфIокIыр
(20) Муа жриIауэ щытащ и лъэпкъым: "Уэ лъэпкъ, Алыхьым фIыуэ къыфхуищIахэр фигу къэвгъэкIыж бегъымбархэр фэ фщыщу къыщыфхуигъэкIуам, пащтыхь фыщищIахэм, дунейм тету хъуам яримытари къыщывитар
(21) Уэ лъэпкъ, щIы гъэлъэпIауэ Алыхьым къыфхуитхам фыдыхьэ, икIи фи щIыбхэр къэвмыгъазэ, фыхэкIуэдэжауэ къэвгъэзэжынущи"
(22) ЖаIащ: "Уэ, Мусэ, абдежым лъэпкъ лъэщ щопсэу, дэ абы дыдыхьэнукъым ахэр къыдэмыкIыу, итIанэ къыдэкIахэ иужь дэ дыдыхьэнущ"
(23) Алыхьым и нэфI зыщыхуа лIитI Алыхьым щышынэхэм щыщу жаIащ: "Фыдыхьэ абыхэм я деж бжэшхуэхэмкIэ, фыдыхьэмэ фэращ текIуэныгъэр зеинур. Алыхьми фытегушхуэ мыIуминхэу ипэжыпIэкIэ фыщытмэ"
(24) ЖаIащ: "Уэ Мусэ, зэикI абы дыдыхьэнукъым ахэр дэсу, уэрэ уи Тхьэмрэ фыкIуи фызауэ, дэ мыбдежым дыкъэнэнущ"
(25) ЖиIащ: "Си Тхьэ, сэ си псэмрэ си къуэшым и псэмрэ нэгъуэщI си IэмыщIэ илъкъым, аращи лъэпкъ мыхъумыщIэмрэ дэрэ дызэбгъэдэх"
(26) ЖиIащ: "АтIэ илъэс плIыщIкIэ ар хьэрэм яхуэхъунущ, щIым къыщаджэдыхьынущ, лъэпкъ мыхъумыщIэми уи гур яхуомыгъэныкъуэ"
(27) Iэдэм и къуитIым я хъыбарри яхуэIуатэ абыхэм ипэжыпIэкIэ, абыхэм къурмэн къыщахьым, зым ейр къабыл хъуащ, адрейм ейр къабыл щымыхъум: "УзукIынущ", - жриIащ. ЖиIащ: "Алыхьым щышынэхэм яйращ къабыл ищIыр
(28) Уи Iэр къыстепшиеми сыбукIыну, сэ си Iэр птесшиенукъым узукIыну, сэ сыщошынэр Алыхьым, дунейуэ хъуам и Тхьэм
(29) Сэ сыхуейщ си гуэныхьри, уэ уи гуэныхьри птелъу къэбгъэзэжыну, мафIэми хэхуэнухэм ящыщ ухъуну, аращ залымыгъэ зезыхьэхэм яхуэфащэр"
(30) Ауэ и псэм хуигъэдахэри и къуэшыр иукIыныр иукIащ, апхуэдэу хэкIуэдахэм ящыщ хъуащ
(31) Алыхьым итIанэ къуаргъ къигъэкIуащ щIым щылъэпхъащэу иригъэлъэгъунум папщIэ и къуэшым и хьэдэр зэригъэпщкIужыныр, жиIащ: "Уэ сыунэхъуа, мы къуаргъым хуэдэу сщIыуэ си къуэшым и хьэдэр щхьэ сымыгъэпщкIужыфрэ?" Апхуэдэу щIегъуэжахэм ящыщ хъуащ
(32) Абым къыхэкIауэ Исраил и бынхэм ятетлъхьащ: цIыху зыукIар мылъыщIэжу ар е мыхъумыщIагъэ зэрызэрихьам къыхэмыкIауэ, ар цIыхуу хъуар иукIам хуэдэщ. Ауэ псэуныгъэр къыхуэзгъэнам, цIыхуу хъуам псэуныгъэр къахуигъэнам хуэдэщ. Абыхэм ди лIыкIуэхэр къахуэкIуат нэщэнэхэр къахьри, итIани абыхэм щыщ куэд иужькIэ щIым мыхъумыщIакIуэ хъуахэщ
(33) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ езауэхэм, щIыми мыхъумыщIагъэ зэрахьэу тетхэм яхуэфащэр е яукIынхэу, е пхъэм кIэраIулIэнхэу, е я Iэрэ я лъакъуэ зэпэщытхэмрэ паудыну, е щIым ирахуну, аращ абыхэм къалэжьар мы дунейм, ахърэтми къапэщылъщ хьэзабышхуэ
(34) Тобэ къэзыхьыжахэм мыхъумэ къамыубыда щIыкIэ, атIэ зэвгъащIэ: Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(35) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым фыщышынэ, Абы пэгъунэгъу фызэрыхуэхъун фылъыхъуэ, Абы и гъуэгум фытету фызауэ, фехъулIэнкIэ мэхъу
(36) Джаурхэм мы щIым тету хъуари, абым иджыри хуэдизрэ щIыгъуу яIамэ ятынут Къемэт махуэм и хьэзабым зыщахъумэн папщIэ, ауэ ар Iахынукъым, абыхэм хьэзаб гуащIэр япэщылъщ
(37) МафIэм къыхэкIыну хуеинухэщ, ауэ абым къыхэкIынухэкъым, игъащIэкIэ хьэзабыр къапэщылъщ
(38) ДыгъуакIуэ цIыхухъуми цIыхубзми я Iэхэр пывуд къалэжьам тету, Алыхьым и тезырщ, Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIэщ
(39) Ауэ залымыгъэ ищIа иужь тобэ къэзыхьыжам Алыхьым хуегъэгъур, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(40) ПщIэкъэ уэ Алыхьым уафэхэри щIылъэри и IэмыщIэ зэрилъыр? Зыхуейм хьэзаб трелъхьэр, зыхуейм хуегъэгъур. Алыхьым сытыри хузэфIокIыр
(41) Уэ лIыкIуэ, уигу хуомыгъэгъэщI джаурыгъэм хущIэкъухэм, яжьэхэкIэ "Iиман къэтхьащ",- жызыIэхэм, ауэ зигукIэ Iиман къэзмыхьахэм. Журтхэм яхэтщ пцIым едэIухэри, нэгъуэщIу уи деж къэмыкIуахэми едэIухэр. Псалъэхэр зэрадзэкIыр зым и щIыпIэм адрейр ирагъэувэурэ, жаIэр: "Ар къыватауэ щытмэ къафщтэ, ауэ къывамытамэ фыхуэсакъ". Алыхьым зыгуэр игъэунэхъуну хуеймэ, уэ ар зыкIи Алыхьым щыпхъумэфынукъым. Ахэм ягухэр Алыхьым игъэкъэбзэну хуеякъым, ахэм мы дунейм напэтехыр яхуэфащэщ, ахърэтми хьэзабышхуэр къапэщылъщ
(42) ПцIым едэIуну хуэхьэзырхэщ, мыхъунри яшхыну хуэхьэзырхэщ. Уэ уи деж къыщыкIуэхэкIэ е я унафэр щIэ, е уи щIыбыр яхуэгъазэ. Уи щIыбыр яхуэбгъазэми зыри къыуащIэфынукъым, я унафэр пщIэмэ захуэм тету щIэ, Алыхьым захуэм тетхэращ фIыуэ илъагъур
(43) Дауэрэ уэ унафэщI узэращIыр езыхэм Тэуратыр яIэу Алыхьым и унафэр иту, итIанэ я щIыбхэр къагъэзэжыр абыхэм, ахэр дауикI мыIуминхэкъым
(44) Дэ Тэуратыр едгъэхащ гъуэгу захуэмрэ нэхумрэ иту, бегъымбар къытхуэжыIэщIэхэм абыкIэ унафэ хуащIыр журтхэм. Раввинхэмрэ щIэныгъэлIу яIэхэмрэ Алыхьым унафэу яхуищIам яхъумэну и Тхылъым щыщу тетхэщ, абыи и щыхьэтхэщ. Аращи цIыхухэм фащымышынэу Сэ фыкъысщышынэ, Си аятхэри уасэ пудкIэ фымыщэ. Алыхьым къригъэхам тету унафэ зымыщIхэр джаурхэщ
(45) Абым иту унафэ яхуэтщIащ: псэр псэм и уасэщ, нэр - нэм, пэр - пэм, тхьэкIумэр - тхьэкIумэм, дзэр - дзэм, уIэгъэхэми уасэ яIэщ. Ар сэдэкъэ зыщIам щхьэкIэ гъэгъуныгъэ мэхъур. Ауэ Алыхьым къригъэхам тету унафэ зымыщIхэр залымыгъэ зезыхьэхэращ
(46) Абыхэм я ужь иту Хьисэ Мэрям и къуэр дгъэкIуащ, ипэкIэ къеха Тэуратым итыр игъэпэжу, Инджылри еттащ. Абы гъуэгу захуэмрэ нэхумрэ итщ, Тэуратми итыр къегъэпэжыр, гъуэгу захуэщ, тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэм щхьэкIэ уазщ
(47) Инджылыр къызхуехахэм абым иту Алыхьым къригъэхамкIэ унафэ иращI, Алыхьым къригъэхамкIэ унафэ зымыщIхэр фасикъхэщ
(48) Пэжыр иту Тхылъ къыпхуедгъэхащ ипэкIэ къеха Тхылъхэр къигъэпэжу, ар къихъумэну, аращи абыхэм я унафэр щIэ, Алыхьым къызэрыригъэхам тету, абыхэм я хуеиныгъэхэми зыдомыгъэхьэх уэ пэжу къыпхуехауэ. Дэтхэнэ зыми фи шэрихьэтрэ фи гъуэгурэ фэттащ икIи Алыхьыр хуеятэмэ, зы лъэпкъыу псори фыкъигъэхъунут, ауэ фигъэунэхуным папщIэ фэ къывитамкIэ, аращи фIыгъуэм фыхущIэкъуу фызэпеуэ, Алыхьым и дежщ псоми здэвгъэзэжынур икIи къыфхуиIуэтэнущ фызэрызэтекIыу щытахэр
(49) Абыхэм яку унафэр щIэ, Алыхьым къызэрыригъэхам тету, я хуеиныгъэхэми уакIэлъымыкIуэ, хуэсакъ абыхэм ущагъэуэнкIэ Алыхьым къыпхуригъэха гуэрэхэм ехьэлIауэ.Абыхэм я щIыб къагъазэмэ, зэгъащIэ алыхьыр зэрыхуейр абыхэм я гуэныхьхэм къыхэкIыу тезыр ятрилъхьэну. ЦIыхухэм щыщ куэдыр фасикъхэщ
(50) Джахилийхэм и унафэра ахэр зыхуейхэр? Хэт Алыхьым и унафэм нэхърэ сыт нэхъыфIыр цIыху быдэу зи фIэщ хъуахэм нэхърэ?
(51) Уэ Iиман къэзыхьахэ, журтхэмрэ чыристэнхэмрэ фымыщтэ уэлийхэу, ахэр зыр зым и уэлийхэщ, ахэр уэлийуэ зыщтэхэр фэ фщыщу абыхэм ящыщ хъуахэщ, Алыхьым залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъыр гъуэгу захуэм хуишэкъым
(52) Болъагъур зигу уз илъхэр абыхэм псынщIэу яхущIэкъуу, жаIэр: "Дошынэр бэлыхь къыттехуэну". Ауэ Алыхьым текIуэныгъэ къихьынкIэ мэхъу, е Езым къыбгъэдэкIыу унафэ ищIынкIэ мэхъу, итIанэ ахэр хущIегъуэжынущ ягухэм яущэхуахэм
(53) Iиман къэзыхьахэм жаIэнущ: "Ахэра Алыхьым и цIэкIэ тхьэрыIуэ гуащIэу зыIуэхэтэр фэ фигъусэнхэу?" Я Iуэхухэр хэкIуадэри унэхъуахэу къыщIэкIащ
(54) Уэ Iиман къэзыхьахэ, фэ фщыщхэр диным икIыжхэмэ, атIэ Алыхьым къигъэкIуэнущ лъэпкъ фIыуэ илъагъухэу, езыхэми фIыуэ къалъагъуу, мыIуминхэм яхуэщабэхэу, джаурхэм яхуэбзаджэу, Алыхьым и гъуэгум тету зауэхэу, къатепсэлъыхьхэм ямыгъэшынэу. Ар Алыхьым и фIыгъуэщ, зыхуейм иретыр, Алыхьыр ЗэщIэзыубыдэщ, ЗыщIэщ
(55) ИпэжыпIэкIэ фэ фи уэлийр Алыхьырщ, Абы и лIыкIуэр, итIани Iиман къэзыхьахэу нэмэз зыщIхэр, сэджытыр зытхэр, Алыхьым хуэпщылIхэр
(56) Алыхьыр, Абы и лIыкIуэр, Iиман къэзыхьахэр уэлийуэ зыщтэхэм, атIэ Алыхьым и гупращ текIуэныгъэр зейр
(57) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Тхылъыр фи япэкIэ зыратахэмрэ джаурхэмрэ щыщу фи диным щыдэхьэшххэмрэ джэгулъэ зыщIахэмрэ уэлийхэу фымыщтэхэ, Алыхьми фыщышынэ мыIуминхэу фыщытмэ
(58) Нэмэзым къыщыхуевджэкIэ ар щIэнэкIалъэрэ джэгулъэрэ ящIыр, ар зэрыакъылыншэхэращ къызыхэкIыр
(59) ЖыIэ: "Уэ тхылъ зратахэ, фыкъыщIыдэгиер Алыхьымрэ дэ къытхуригъэхамрэ, абы ипэкIи къригъэхамрэ ди фIэщ зэрыхъуара? ИпэжыпIэкIэ фи нэхъыбэр фасикъхэщ"
(60) ЖыIэ: "Алыхьым и деж абым нэхърэ нэхъ Iейж къэзылэжьынухэр вжесIэн? Алыхьым нэлат зытрилъхьар, зыхуэгубжьар, номинрэ, кхъуэрэ, тIагъутым хуэпщылIхэрэ ищIахэращ. Абыхэм я щIыпIэр нэхъ Iейжщ, гъуэгу захуэми тегъуэщыкIахэщ"
(61) Фэ фи деж къыщыкIуэхэкIэ жаIэр: "Iиман къэтхьащ". Джаурхэу къыщIыхьахэти джаурхэуи щIэкIыжахэщ. Алыхьри нэхъ щыгъуазэщ абыхэм яущэхум
(62) Абыхэм ящыщ куэд болъагъур гуэныхьым, зэбииныгъэм, мыхъуныр шхыным хуэпIащIэхэу. Сыту Iеищэ абыхэм ящIэр
(63) Я раввинхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ хуамыдэмэ аратэкъэ мыхъунхэр жаIэнымрэ яхуэмыфащэр яшхынымрэ, сыту Iеищэ абыхэм ягъахъэр
(64) Журтхэм жаIащ: "Алыхьым и Iэр убыдащ". Езыхэм я Iэхэр пырегъукIи нэлатыр къатрехуэ а жаIам щхьэкIэ. АтIэ и IитIри утIыпщауэ зэрыхуейм хуэдэу етыр. Уи Тхьэм къыпхуригъэхам абыхэм щыщ куэдым я залымыгъэмрэ джаурыгъэмрэ хегъахъуэр. Абыхэм яку зэбииныгъэрэ зэрылъагъумыхъуныгъэрэ дэтлъхьащ Къемэт махуэр къэсыху, зауэм и мафIэр къызэщIагъэстыху къэскIэрэ Алыхьым егъэункIыфIыжыр. ЩIым фэсад зэрахьэурэ тетхэщ, Алыхьми фIыуэ илъагъукъым мыхъумыщIагъэ зезыхьэхэр
(65) Тхылъ зратахэм Iиман къахьу тхьэшынагъуэ яхэлъатэмэ я мыхъумыщIагъэхэр яхуэдгъэгъунути жэнэт фIыгъуэхэми хэтшэнут
(66) Абыхэм Тэуратми, Инджылыми, я Тхьэм къахуригъэхами итыр ягъэзащIэтэмэ я щхьэкIи, я лъэхэм и щIагъкIи ерыскъы щагъуэтынут. Абыхэм яхэтщ пэжым тет гуп, ауэ и нэхъыбэм абыхэм щыщу ящIэхэр Iейщ
(67) Уэ лIыкIуэ, уи Тхьэм къыпхуригъэхар янэгъэс, ар умыщIэмэ, Абы къыригъэхар янэбгъэсакъым. Алыхьым уащихъумэнущ цIыхухэм, Алыхьым джаурхэр захуагъэм хуишэкъым
(68) ЖыIэ: "Уэ Тхылъ къызхуехахэ, зыми фрищIыскъым Тэуратми, Инджылыми, фи Тхьэм и деж къикIауэ къыфхуехами итыр фымыгъэзащIэу". Уи Тхьэм и деж къикIауэ къыпхуехам абыхэм щыщ куэдым я мыхъумыщIагъэмрэ джаурыгъэмрэ хегъахъуэр, аращи джаур лъэпкъым уигу хуомыгъэныкъуэ
(69) Iиман къэзыхьахэм, журтхэм, сабиIинхэм, чыристэнхэм ящыщу Алыхьымрэ Къемэт махуэмрэ зи фӀэщ хъуауэ фӀы зыщӀэхэм шынагъуэ ялъагъунукъым, гукъеуи яIэнукъым
(70) Исраил и бынхэм псалъэ быдэ яIытхащ, лIыкIуэхэри яхуэдгъэкIуащ. Ягухэм фIэмыфI гуэр къыхуахьурэ къэкIуэху къэс лIыкIуэ, абыхэм щыщ гуэрхэр пцIыупсхэу ягъэув, адрейхэр яукIхэт
(71) Абыхэм я гугъащ насыпыншагъэ къатемыхуэну, арати загъэнэфащ икIи загъэдэгуащ. ИужькIэ Алыхьым яхуигъэгъуащ. ИтIани загъэнэфри загъэдэгуащ абыхэм ящыщ куэдым. Алыхьым елъагъур абыхэм ящIэхэр
(72) Алыхьыр Мэрям и къуэ Мэсихьщ, - жызыIахэр джаур хъуахэщ. Езы Мэсихьым жиIат: "Уэ Исраил и бынхэ, Алыхьым фыхуэпщылI, Ар сэ си Тхьэщ, фэри фи Тхьэщ". Алыхьым гъусэ хуэзыщIым Алыхьым жэнэтыр хьэрэм хуищIынущ, я къэувыIэпIэр мафIэщ, залымыгъэ зезыхьэхэм дэIэпыкъуэгъуи ямыIэ
(73) Алыхьыр щыхэм ящыщ ещанэщ, - жызыIахэри джаур хъуахэщ, Тхьэ закъуэм нэгъуэщIу щыIэкъым тхьэ. А жаIэхэр щамыгъэтмэ абыхэм ящыщ джаурхэм хьэзаб гуащIэ ялъэIэсынущ
(74) Алыхьым тобэ къыхуахьыжу къахуигъэгъуну елъэIуахэмэ аратэкъэ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(75) Мэрям и къуэ Мэсихьыр лIыкIуэ къудейщ, абы ипэкIи щыIащ лIыкIуэхэр. Абы и анэр цIыху пэжт. Абыхэм тIуми шхын яшхт. Еплъыт абыхэм нэщэнэхэр зэрахуэтIуатэр, итIани еплъыт ахэр зэрыщыуэхэм
(76) ЖыIэ: "Алыхьым нэгъуэщI зыгуэрым фыхуэпщылIу ара, Iеи фIыи къыфхуихьыну зыхузэфIэмыкIым? Алыхьыращ Зэхэзыхыр, ЗыщIэр"
(77) ЖыIэ: "Уэ Тхылъ къызхуехахэ, пэжым фытекIауэ фи диным евмыгъэлей, ипэкIэ гъуэща лъэпкъми я хуеиныгъэхэм фыкIэлъымыкIуэ, куэдыр ягъэгъуэщащ, езыхэми гъуэгу захуэр ягъэгъуэщащ"
(78) Даудрэ Мэрям и къуэ Хьисэрэ я бзэкIэ Исраил и бынхэу джаур хъуахэм нэлат къатехуащ, ар гуэныхьу ящIамрэ ирагъэлеямрэ кърикIуащ
(79) Мыхъунхэу ящIэхэр, зым адреим хуамыдэу ящIтэкъым, сыту Iеищэ ахэм ящIэтэр
(80) Болъагъур абыхэм щыщ куэдым джаурхэр уэлийуэ зэращтэр, сыту Iеищэ абыхэм ягухэм къэкIар. Алыхьыр къахуэгубжьащ, хьэзабми игъащIэкIэ къыхэнэнухэщ
(81) Алыхьыр, и лIыкIуэр, абы къыхуехар я фIэщ хъуатэмэ, ахэр уэлийуэ ящтэнутэкъым, ауэ абыхэм щыщ куэдыр фасикъхэщ
(82) Iиман къэзыхьахэм нэхъ я бий дыдэхэр журтхэмрэ тхьэ куэдым хуэпщылIхэрауэ бгъуэтынущ. НэхъыфI дыдэуи Iиман къэзыхьахэм къахуэщытхэр "Дэ дычыристэнщ", - жызыIэхэрауэ бгъуэтынущ. Апхуэдэу щIыщытыр абыхэм щоджэнхэмрэ рухбанхэмрэ зэраIэхэращ икIи абыхэм загъэпагэкъым
(83) ЛIыкIуэм къыхуехар щызэхахкIэ, болъагъур абыхэм я нэхэм нэпс къызэрытелъадэр, пэжым щыщ къызэращIам папщIэ. ЖаIэр: "Ди Тхьэ, Iиман къэтхьащи щыхьэтлыкъхэм ящIыгъуу дытх
(84) Сыт Алыхьымрэ къытхуригъэха пэжымрэ ди фIэщ щIэмыхъунур, ди Тхьэм лъэпкъ фIым тетахэм я гъусэу дахигъэхьэну дыхуейуэ
(85) Алыхьым абыхэм жаIам къыпэкIуэу псапэу яритащ жэнэтхэр, псы ежэххэр къыщIэжу, игъащIэкIэ абым къинэнухэщ, аращ фIы зыщIэхэм я тыгъэр
(86) Джаурхэмрэ ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэмрэ, ахэр жыхьэнэмэм щыIэнухэщ
(87) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым фIыгъуэу хьэлэл фхуищIахэр хьэрэм фымыщI, гъунэхэми фыфIэмыкI, Алыхьым езыгъэлейхэр фIыуэ илъагъукъым
(88) Алыхьым къывитам щыщу хьэлэлымрэ фIымрэ фшхы, Алыхь фи фIэщ фщIами фыщышынэ
(89) Алыхьым фи тхьэрыIуэ мыхьэнэ зэвмытхэм щхьэкIэ къывэупщIынукъым, атIэ псалъэ быдэ зыхэфлъхьа фи тхьэрыIуэхэращ къызэрывэупщIынур. Абы и гъэзэкIуэжыныр факъырипщI гъэшхэнырщ, фи унагъуэр зэрывгъашхэ хабзэу, е ахэр фхуэпэну, е пщылI фыутIыпщыну. Ахэр зыхузэфIэмыкIым махуищкIэ нэщI иреIыгъ, аращ фи тхьэрыIуэхэр зэрывгъэзэкIуэжынур тхьэ фIуамэ. Аращи фи тхьэрыIуэхэр фхъумэ. Апхуэдэу Алыхьым и нэщэнэхэр къывгурегъаIуэр, шыкур фщIынкIэ мэхъур
(90) Уэ Iиман къэзыхьахэ, чэф узыщIу хъуари, ахъшэкIэ джэгунри, мывэ тхьэуэ ялъытэхэри, шабзэкIэ къэщIэныри шейтIаным и Iуэху фIейхэм щыщщ, аращи пэжыжьэ зыфщIи фехъулIэнщ
(91) ШейтIаныр ипэжыпIэкIэ хуейщ фи яку зэбииныгъэрэ зэрылъагъумыхъуныгъэрэ дилъхьэну, чэф зыщIхэмрэ ахъшэкIэ зэрыджэгухэмрэ къигъэсэбэпу, икIи Алыхьыр фигу къэвгъэкIынымрэ нэмэзымрэ поувыр. АтIэ щывгъэтынукъэ фэ?
(92) Алыхьым фыхуэжыIэщIи, лIыкIуэми фыхуэжыIэщIи фысакъ. Фи щIыбхэр къэвгъазэу щытмэ, зэвгъащIэ ди лIыкIуэм нахуэу къывнигъэсыныр зэрытелъыр
(93) Iиман къэзыхьахэу фIы зыщIэхэм гуэныхь ятехуэкъым яшхам щхьэкIэ, тхьэшынагъуэ яхэлъу, Iиман къахьауэ, фIы ящIэу щытамэ, итIанэ тхьэшынагъуэ яхэлъу, Iиман къахьамэ, итIанэ тхьэшынагъуэ яхэлъу фIым тетахэмэ, Алыхьми фIыуэ елъагъур фIым тетхэр
(94) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым фигъэунэхунущ фызэщакIуэфын гуэрэ фи Iэхэр е фи бжыхэр нэсыну къыфхуигъакIуэу, Алыхьым ищIэн щхьэкIэ щышынэхэр зыми щамылъагъум дежи, абы иужь езыгъэлеям хьэзаб гуащIэр хуэфащэщ
(95) Уэ Iиман къэзыхьахэ, фыщакIуэу зыри фымыукI Iихьрамым фиту, ар хуейуэ зыукIам игъэзэкIуэжыным папщIэ хуэдизу былымым щыщ иукIыжын хуейщ къурмэну Чабэм игъунэгъуу, абы и унафэр зыщIэр захуагъэм тет лIитIщ фэ фщыщхэу. Е игъэзэкIуэжыну факъырэхэр игъэшхэн хуейщ, е нэщI иIыгъыжын хуейщ, абым хуэдизын махуэкIэ ищIам и мыхъуныгъэр зэхищIэн папщIэ. ИпэкIэ къэхъуар Алыхьым игъэгъуащ, ауэ къытезыгъазэм Алыхьыр хурикъужынущ. Алыхьыр Лъэщщ, хуэфащэр езыгъэгъуэтщ
(96) Хым къыхэфхари, езым къыхидзари фи хьэлэлщ, фэри фи гъусэ гъуэгурыкIуэхэми фIыгъуэ фхуэхъуну. Ауэ щIым щакIуэныр хьэрэмщ фэ щхьэкIэ Iихьрамым фитыху. Алыхьу зи дежым фыщызэхуэсыжыным фыщышынэ
(97) Алыхьым ищIащ Чабэри, Унэ щIыхьышхуэ зиIэр, хьэрэм мазэхэри, къурмэнри, къурмэн ящIыну былым щыгъэ зыфIэлъхэри цIыхухэм я тегъэщIапIэ. Ар фщIэн папщIэ Алыхьым уафэхэми щIылъэми щыIэм зэрыщыгъуазэр, икIи Алыхьым сытри зэрищIэр
(98) ЗэвгъащIэ Алыхьым и тезырыр зэрыхьэлъэр икIи Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ
(99) ЛIыкIуэм нигъэсын фIэкIа къытехуэкъым икIи Алыхьым ещIэр къэвгъэлъагъуэри, фыущэхури
(100) ЖыIэ: "Iеймрэ фIымрэ зэхуэдэкъым, Iейм и куэдагъэр бгъэщIагъуэми". Алыхьым фыщышынэхэ, уэ акъыл зиIэхэ, фехъулIэнкIэрэ мэхъур
(101) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фыщIэмыупщIэ зыгуэрхэм, ахэр къафщIэмэ къывэгуэуэжынкIэрэ мэхъури, ауэ КъурIэныр къех пэт фыщIэупщIэмэ, ар нахуэ фхуэхъунущ. Алыхьым ар фхуигъэгъуащ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, Щабэщ
(102) Фи япэкIэ лъэпкъыр абыхэм къыщIэупщIат, итIанэ абы къыхэкIыу джаур хъуахэщ
(103) Алыхьым ищIакъым бэхьирэри, саIибэри, уэсылэри, хьамри, атIэ джаурхэм Алыхьым пцIы тралъхьэр, абыхэм я нэхъыбэм къагурыIуэркъым
(104) Абыхэм щыжраIэкIэ: "Алыхьым къригъэхамрэ лIыкIуэмрэ и деж фыкъакIуэ",- жаIэжыр: "Дэ ди адэжьхэр зытету дгъуэтар тхурокъур". АтIэ я адэжьхэм зыри ямыщIэу, гъуэгу захуэми темыту щытамэ щэ?
(105) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фи щхьэхэм фыхуэсакъыж, гъуэгу захуэм фытетмэ гъуэщахэр зыкIи къывэгуауэнукъым. Алыхьым и деж псоми вгъэзэжынущ, итIанэ къыфхуиIуэтэнущ фщIауэ щытахэр
(106) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, зыгуэрым и псэр хэкIыныр къэсамэ, абы и уэсятым щыхьэт хурырехъу захуагъэм тет фэ фщыщ лIитI, е нэгъуэщIитI фэ фщымыщу, щIым къыщыфкIухьыну фежьауэ лIэныгъэр къывнэсамэ. А тIур нэмэз ужьым къэвгъани Алыхьым и цIэкIэ тхьэ явгъаIуэ, зыгуэркIэ шэч къатефхьэмэ: "МыбыкIэ уасэ мащIэ зиIэ мы дунейм къэтщэхуну дыпылъкъым ар ди Iыхьлыуэ щытми, Алыхьым и щыхьэтри дыущэхуну дыхэткъым. Апщыгъуэм гуэныхь къэзыхьахэм дащыщкъэ"
(107) А тIуми гуэныхь къахьауэ къыщIэщмэ, нэгъуэщI тIу абыхэм я щIыпIэ къреувхэ, нэхъ благъэхэм щыщу, алыхьым и цIэкIи тхьэ ираIуэ: "Дэ ди щыхьэтыр абыхэм я щыхьэтым нэхърэ нэхъ пэжщ, икIи едгъэлеякъым. Армыхъумэ залымыгъэ зыщIахэм дащыщщ"
(108) Ар нэхъыфIщ, щыхьэтыр пэжу къахьыным папщIэ, е езыхэм я тхьэрыIуэм иужь зыгуэрым тхьэрыIуэ къихьыну шынэнхэ папщIэ. Алыхьми фыщышыни зэхэфх, алыхьым лъэпкъ фасикъхэр гъуэгу захуэм тригъэувэркъым
(109) Алыхьым лIыкIуэхэр щиугъуеину махуэм яупщIынущ: "Сыт жэуапу къыватар?" ЖаIэнущ: "Дэ щIэныгъэ диIэкъым, Уэращ ущэхуар зыщIэр"
(110) Алыхьым жиIэнущ: "Уэ Мэрям и къуэ Хьисэ, къэщIэж фIыгъуэу уэри, уи анэми фэстар. Псэ ЛъапIэр дэIэпыкъуэгъу пхуэсщIат, цIыхухэм гущэм ухэлъуи, ин ухъуауи уапсэлъэным папщIэ. ИтIанэ Тхылъри, Iущыгъэри, Тэуратри, Инджылри уэзгъэщIащ. ИтIани ятIагъуэм бзум ещхьу къыхэпщIыкIти Си IизынкIэ, уепщэти, бзу хъут Сэ Си IизынкIэ. Нэфымрэ фаджэмрэ Си IизынкIэ бгъэхъужт, лIахэри къыщIэбгъэкIыжт Си IизынкIэ. Сэ Исраил и бынхэм сахурикъуа, абыхэм нэщэнэ нахуэхэр къащыхуэпхьам. Абыхэм ящыщ джаурхэм жаIат: "Мыр удыгъэ нахуэщ"
(111) ИкIи хьэуарийхэм яхуезгъэхат: "Сэри, Си лIыкIуэри фи фIэщ фщIы". ЖаIащ: "Ди фIэщ хъуащ, щыхьэт хъу дэ дызэрымуслъымэнхэмкIэ"
(112) Хьэуарийхэм жаIащ: "Уэ Мэрям и къуэ Хьисэ, уи Тхьэм хузэфIэкIыну Iэнэ узэда къытхуригъэхыну уафэм?" ЖиIащ: "Алыхьым фыщышынэ мыIуминхэу фыщытмэ"
(113) ЖаIащ: "Абы щыщ тшхыну дыхуейщ, дигухэри псэхунущ, уэри пэжыр къызэрытхуэпIуэтар тщIэнущ, икIи абы и щыхьэт дыхъунущ"
(114) Хьисэ Мэрям и къуэм жиIащ: "Алыхьышхуэу ди Тхьэ, Iэнэ узэда къытхуегъэх уафэм махуэшхуэ тхуэхъуну ипэхэм щхьэкIи, иужьрейхэм щхьэкIи, икIи нэщэнэ тхуэхъуну Уэ къыдэптауэ, ерыскъыи къыдэт, Уэращ ерыскъы зытхэм я нэхъыфIыр"
(115) Алыхьым жиIащ: "Къыфхуезгъэхынущ ар, ауэ абы иужь фэ фщыщу джаур хъум игъащIэкIэ зыми тезмылъхьа хьэзаб теслъхьэнущ"
(116) Алыхьым жиIат: "Уэ Мэрям и къуэ Хьисэ, уэра яжезыIар цIыхухэм: "Сэрэ си анэмрэ тхьэуэ дыфщтэ Алыхьыр къэвгъани?" ЖиIащ: "Уэ, ЛъапIэ, сэ схуэмыфащэр жысIэну щыткъым, ар жысIауэ щытмэ, Уэ пщIэнут. Сэ сигум илъыр уощIэр, ауэ Уэ уи гум илъыр сщIэркъым. Уэращ ущэхуахэр зыщIэр
(117) Абыхэм яжесIар Уэ жысIэну унафэ къысхуэпщIарат: "Алыхьым фыхуэпщылI, сэ си Тхьэм, фэри фи Тхьэм. Сэ абыхэм я щыхьэту сыщытащ сахэтыху, итIанэ си псэр щыхэпхым Уэращ абыхэм якIэлъыплъыр, Уэ сытми и Щыхьэтыр
(118) Абыхэм хьэзаб ятеплъхьэмэ, атIэ ахэр Уи пщылIхэщ. Абыхэм яхуэбгъэгъумэ, атIэ Уэращ Лъэщыр, АкъылыфIэр"
(119) Алыхьым жиIащ: "Мы махуэм пэжыр жызыIэхэм я пэжыр къащхьэпэжынущ, абыхэм жэнэтхэр яхуэфащэщ, псыежэххэр къыщIэжу, игъащIэкIэ абдежым къинэнухэщ. Алыхьыр арэзыуэ яхущытынущ, езыхэри Алыхьым хуэарэзынухэщ, аращ ехъулIэныгъэшхуэр"
(120) Алыхьым уафэхэми, щIылъэми, абыхэм щыIэхэми я мылъкур IэщIэлъщ, Абы сытри хузэфIокI