4 - An-Nisaa ()

|

(1) Уэ, цIыхухэ, фи Тхьэу зы псэм фыкъытезыщIыкIам фыщышынэ, абым и щхьэгъусэри къыхэзыщIыкIам, хъулъхугъэрэ бзылъхугъэ куэдымрэ а тIум къытезыгъэкIам. Фыщышынэ Алыхьу зи хьэтыркIэ фылъаIуэм, Iыхьлыгъэми (фытешыныхь), Алыхьыр къыфкIэлъоплъыр

(2) Ибэхэми я мылъкур яфтыж, дэгъуэри IейкIэ зэвмыхъуэкI, абыхэм я мылъкури фымышх, фэ фи мылъкум хэту, ар гуэныхьышхуэщ

(3) Ибэхэм фахуэмызахуэну фышынэмэ, фигу ирихь бзылъхугъэхэу тIу е щы, е плIы къафшэ, ауэ захуагъэ зевмыхьэфыну фышынэмэ зы е фи IэмыщIэ илъ пщылI бзылъхугъэхэм щыщ, ар нэхъыфIщ, гуэныхьым нэхърэ

(4) Бзылъхугъэхэм я уасэ яхуэфащэри яфт, абы щыщу зыгуэр езыхэм я гум пыкIыу къыватамэ, фи гурыфI хэлъу, фи хьэлэлу фшхы

(5) Акъылыншэхэм фи мылъку, Алыхьым фрипсэуну къывитар, явмыт, абым щыщу ерыскъыи щатIэгъэни къахухэфх, псалъэ дахи яжефIэ

(6) Ибэхэр вгъэунэху балигъыпIэ къэшэгъуэм иувахэмэ, ахэр губзыгъэу флъагъумэ я мылъкур яфтыж, абы щыщ Iисраф фщIыуэ фымышх, ахэр ин мыхъу щIыкIэ фепIэщIэкIыу, къулейуэ щытым зызэтреIыгъэ, факъырэм хабзэм тету къыхрех. абыхэм я мылъкур щафтыжкIэ щыхьэтхэр къэвгъэув, Алыхьым зэрилъытэри ирокъур

(7) ЦIыхухъухэм я Iыхьэ хэлъщ адэ-анэмрэ Iыхьлыхэмрэ къагъэнам, цIыхубзми и Iыхьэ хэлъщ адэ-анэмрэ Iыхьлыхэмрэ къагъэнам, ар мащIэми куэдми, ар Iыхьэ гъэунэхуащ

(8) Щагуэшым благъэхэмрэ, ибэхэмрэ, тхьэмыщкIэхэмрэ къэкIуамэ, абы щыщ абыхэми яфт, псалъэ дахи яжефIэ

(9) ЯужькIэ бын къарусыз къэзгъанэхэр трешыныхь, Алыхьми щырешынэхэ, псалъэ быди жрыраIэ

(10) Ибэхэм я мылъкур залымыгъэкIэ зышххэм я ныбэхэм мафIэ щашхыу аращ, жыхьэнэмэм щыхэсыхьынухэщ

(11) Алыхьым фи бынхэм теухуауэ уэсят къыфхуещI: цIыхухъум и Iыхьэр цIыхубзитIым я Iыхьэм хуэдизщ, цIыхубзхэр тIу нэхърэ нэхъыбэ хъухэмэ, абыхэм къагъэнам и Iыхьэ щанэ къалъосыр, зымэ зэрыхъур ныкъуэр къылъосыр, адэ-анэми нэрыбгэ къэс Iыхьэ ханэ къытохуэ къигъэнам щыщу бын иIэмэ, ауэ бын имыIэу и адэ-анэрамэ щIэиныр къызылъысыр, и анэм Iыхьэ щанэр къытохуэ, нэгъуэщI къыдалъхуа иIэмэ и анэм Iыхьэ ханэращ къытехуэр уэсяту ищIахэм иужь къэнам щыщу е щIыхуэу телъахэм иужь. Фи адэ-анэхэмрэ фи бынхэмрэ фщIэкъым хэт нэхъ фпэблагъэу федэ къыфхуэзыхьыр. Аращ Алыхьым и унафэр, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ

(12) Фи щхьэгъусэхэм къыфхуагъэнам щыщу ныкъуэр къыфтохуэ, абыхэм бын ямыIамэ, ауэ бын яIамэ Iыхьэ плIанэращ къыфтехуэр, къагъэнам щыщу уэсят ящIамрэ щIыхуэхэмрэ хагъэкIа иужь. Абыхэми Iыхьэ плIанэр къатохуэр, къэвгъэнам щыщу бын фимыIэмэ, ауэ бын фиIэмэ абыхэм Iыхьэ ейанэр къатохуэр, къэвгъэнам щыщу уэсят фщIамрэ щIыхуэмрэ хагъэкIа иужь. Ауэ адэ-ани быни зимыIэ цIыхухъу е цIыхубз лIамэ, абы къуэш е шыпхъу иIэмэ нэрыбгэ къэс Iыхьэ ханэ къатохуэр, ахэр нэхъыбэ хъухэмэ Iыхьэ щанэм хохьэхэр уэсяту ищIамрэ щIыхуэмрэ хэкIа иужь, абы хэщIыныгъэшхуэ къимыхьмэ. Алыхьым и уэсятщ ар, Алыхьыр ЗыщIэщ, Зэтеубыдащ

(13) Ахэр Алыхьым игъэува гъунэхэщ, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хуэжыIэщIэр жэнэтым ихьэнущ, абым псыежэххэр къыщIожыр, игъащIэкIэ абыми къинэнущ, аращ ехъулIэныгъэшхуэр

(14) Ауэ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ емыдэIур, и гъунэхэми фIэкIыр мафIэм хигъэхьэнущ, игъащIэкIэ къыхэнэну, абым хьэзаб зыгъэпудыр хуэфащэщ

(15) Мыхъуныр зыщIахэм, фи бзылъхугъэхэм щыщу, щыхьэту цIыхуиплI къахуэфхь фэ фщыщхэу, ахэр щыхьэт хъуахэмэ фи унэхэм бзылъхугъэхэр щIэвубыдэ лIэныгъэр къахуэкIуэху е Алыхьым я унафэр ищIыху

(16) Фэ фщыщу ар зыщIэхэм бэлыхь ятефлъхьэ, тобэ къахьыжхэу фIым теувэжахэмэ къэвгъанэхэ, Алыхьыр тобэ къабыл зыщIщ, ГущIэгъущIщ

(17) Алыхьым зи тобэр къабыл ищIынур мыхъун зыщIэр имыщIауэ, итIанэ тобэ къэзыхьыжыращ занщIэу. Ахэм я тобэр Алыхьым къабыл ещI, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ

(18) Ауэ тобэ яIэхэкъым мыхъунхэр зыщIэхэм, я псэр хэкIыну щыхъум и деж: "Иджыпсту тобэ къызохьыр", - жызыIэхэм, джаурхэуи дунейм ехыжхэм. Абыхэм хьэзаб гуащIэр яхуэдгъэхьэзыращ

(19) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фи бзылъхугъэхэм я щIэиныр залымыгъэкIэ къафщтэ хъунукъым, икIи гугъуехьхэм хэвмыгъэт, уасэм щыщ фщтэуэ фежьэжыным папщIэ, мыхъун нахуэу ямыщIа къудеймэ. Хабзэм тету фадэпсэу, ахэр ффIэмыфI хъуамэ, Алыхьым фIыгъуэ куэд зыхилъхьар ффIэмыфI фщIынкIэ мэхъу

(20) Зы щхьэгъусэр нэгъуэщIкIэ зэфхъуэкIыну фыхуеймэ, абыхэм щыщ зым мылъкушхуэ уасэу ефтамэ , абы щыщу зыри къэвмыщтэ. Ар къэфщтэну пцIыкIэрэ гуэныхьышхуэрэкIэ?

(21) Дауэрэ ар къызэрыфщтэнур фызэкIуэлIауэ икIи псалъэ быдэ фIахауэ?

(22) Фи адэхэм къашауэ щыта бзылъхугъэхэр къэвмышэж, ипэкIэ къихуам нэгъуэщI, ар мыхъумыщIагъэщ, гум имыдэщ икIи гъуэгу къуаншэщ

(23) Хьэрэм фхуищIащ фи анэхэр, фипхъухэр, фи шыпхъухэр, фи адэшыпхъухэр, фи анэшыпхъухэр, фи къуэшым ипхъухэмрэ фи шыпхъум ипхъухэмрэ, быдзышэкIэ фызыгъэшха фи анэхэр, быдзышэкIэ фи шыпхъухэр, фи щхьэгъусэхэм я анэхэр, фи щхьэгъусэхэм япхъу фи унэм щыфпIхэр, абыхэм я анэхэм фекIуэлIауэ щытмэ, ауэ абыхэм фамыкIуэлIамэ гуэныхь къыфтехуэкъым, фи къуэхэу фэ къыфхэкIахэм я щхьэгъусэхэр, зэшыпхъуитIри зэтефшэну, ипэкIэ къэхъуам нэгъуэщI, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(24) Унагъуэ исхэри (хьэрэмщ фэр щхьэкIэ) гъэру къэфщтахэм мыхъумэ, аращ Алыхьым къыфхуитхар. Абым нэгъуэщIхэр хьэлэлщ фэр щхьэкIэ, фи мылъкукIэ ар фхузэфIэкIмэ, wзэтеубыдауэ фыщытмэ, утIыпщауэ фыхэмытмэ. Абыхэм фIыуэ къапыфхым и уасэу гъэувар яфт, нэгъуэщI гуэркIэ фызэгурыIуамэ иужькIэ гуэныхь къыфтехуэкъым, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщw

(25) Фэ фщыщу куэдрэ Iиман къэзыхьа бзылъхугъэ нэмысыфIэ къэзышэну зыхузэфIэмыкIым фи IэмыщIэ илъ пщылI бзылъхугъэ Iиман къэзыхьахэм щыщ (къырешэ). Алыхьым нэхъ ещIэр фи Iиманыр, зыр адрейм фыщыщщ. Аращи ахэр къафшэ я унагъуэхэм къыфхуадауэ, уасэу яхуэфащэри хабзэм зэрытетым хуэдэу яфт, ахэр къабзэхэу, мыхъумыщIагъэхэр ямыщIэу, пэшэгъухэр ямыIэу щытмэ. МыхъумыщIагъэр ящIамэ, абыхэм бзылъхугъэ къабзэхэм къатехуэну хьэзабым и ныкъуэращ къатехуэр. Ар гугъуехьым щышынэхэм папщIэ. Ауэ шэчыныгъэ зыхэвгъэлъмэ фэркIэ нэхъыфIщ, Алыхьри Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(26) Алыхьым фхуэзэхихуну хуейщ, фи япэкIэ щыIахэу гъуэгу захуэм тетахэм я лъэужь фригъэкIуэну хуейщ, фхуигъэгъунуи хуейщ, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ

(27) Алыхьым фхуигъэгъуну хуейщ, ауэ езыхэм я хуеиныгъэхэм кIэлъыкIуэхэр хуейщ хуабжьу гъуэгу къуаншэкIэ фагъэкIуэну

(28) Алыхьым нэхъ псынщIэ фхуищIыну хуейщ, цIыхури къарууншэу къэгъэщIащ

(29) Уэ Iиман къэзыхьахэ, фи мылъкухэр фи я кум пцIыкIэ дэвмышхыхь, ар фызхуэарэзы сатууэ щымытмэ, икIи фызэрымыукIыж, Алыхьым гущIэгъу къыфхуещIыр

(30) Ар зэбийныгъэмрэ залымыгъэмрэ къыхэкIыу зыщIэр мафIэм дгъэкIуэнущ, икIи Алыхьым и дежкIэ псынщIэщ ар

(31) Гуэныхьу фхуагъэувахэм щыщу нэхъ ин дыдэхэр зымылэжьым я гуэныхьхэр яхуэдгъэгъунущи щIыхьэпIэ пщIэ зиIэмкIэ щIэтшэнущ

(32) Зыгуэрхэм Алыхьым яритам фыщIэмыхъуэпс, цIыхухъухэм къалэжьар ягъуэтыжынущ, цIыхубзхэми ялэжьар ягъуэтыжынущ, Алыхьым и фIыгъуэхэми фыщIэлъэIу, Алыхьыр сытми щыгъуазэщ

(33) Хэти хуэдгъэунэхуащ благъэу адэ-анэхэмрэ 1ыхьлыхэмрэ къащ1энэр зыхуэфащэ, тхьэры1уэк1э фызэпхахэми я 1ыхьэр яфтыж, Алыхьыр сытми и Щыхьэтщ

(34) Ц1ыхухъухэр бзылъхугъэхэм ящхьэщытщ апхуэдэу Алыхьым зыр адрейм зэрыщхьэщихам тету, ик1и я мылъкум щыщу трагъэк1уадэм папщ1э. Бзылъхугъэ намысыф1эхэр жы1эда1уэхэщ, ущэхуар яхъумэр Алыхьым и ф1ыщ1эк1э. Ауэ мыда1уэу щытыну фызтешыныхьхэм уаз хуэфщ1, я п1эхэр къэвгъанэ, фауэ, ауэ къывэдэ1уахэмэ ахэм лей явмых, Алыхьыр Лъагэщ, Инщ

(35) Ахэр зэф1эк1уэдыну фытешыныхьмэ хулъхугъэм и лъэныкъуэк1и дзыхь зыхуэпщ1 хъун ц1ыху, бзылъхугъэм и лъэныкъуэк1и дзыхь зыхуэпщ1 хъун ц1ыху къыхэфх зэгур1уэну хуейхэмэ, Алыхьыр Зыщ1эщ, Щыгъуазэщ

(36) Алыхьым фыхуэпщыл1и зыри гъусэ хуэвмыщ1, фи адэ-анэхэми, 1ыхьлыхэми, ибэхэми. тхьэмыщк1эхэми, гъунэгъу 1ыхьлыхэм щыщхэми, гъунэгъу 1ыхьлыуэ щымытми, ныбжьэгъуми, гъуэгу тетми, фи 1эмыщ1э илъ пщыл1хэми ф1ыуэ фахущыт, Алыхьым ф1ыуэ илъагъукъым пагэхэмрэ щхьэщытхъухэмрэ

(37) Езыхэр нэпсейуэ нэгъуэщ1 ц1ыхухэми унафэ хуащ1у нэпсеинхэу, Алыхьым и ф1ыгъуэхэм щыщу къаритар яущэхуу, джаурхэми яхуэдгъэхьэзыращ хьэзаб зыгъэпудыр

(38) Ц1ыхухэм зырагъэлъэгъуну зи мылъкур зытхэр, Алыхьыри къемэт махуэри я ф1эщ мыхъуу, шейт1аныр зи пэшэгъум сыту 1еищэ и пэшэгъур

(39) Сытыт къащыщ1ынур Алыхьымрэ къемэт махуэмрэ я ф1эщ хъуатэмэ, Алыхьым къаритам щыщи яттэмэ, Алыхьыри щыгъуазэщ абыхэм

(40) Алыхьым мэскъал хуэдиз хьэдзэк1и залымыгъэ ярихкъым, ф1ыуэ щытмэ яхухегъахъуэр, ик1и Езым идеж къик1ыу псапэшхуэ ярет

(41) Дэтхэнэ 1умэтми щыхьэт къыхэтшу абыхэм я щыхьэту уэ укъыхэтшмэ дауэрэ хъуну?

(42) Амахуэм джаурхэу л1ык1уэм хуэмыжы1эщ1ахэмрэ гугъэнухэщ щ1ым хэгъуэщэжыну, ауэ Алыхьым зыри жа1ам щыщу щаущэхуфынукъым

(43) Уэ Iиман къэзыхьахэ, нэмэзым фытемыувэ чэф фиIэу, фызэджэр къывгурыIуэ мыхъужыху, икIи фымыкъабзэхэу гъуэгу фытемыт къудеймэ зывмыгъэпскIыжыху. Ауэ фысымаджэу, е гъуэгу фытету, е щIыб инкIэ фикIауэ, е бзылъхугъэм фекIуэлIауэ псы фымыгъуэтмэ тэемум фщIы щIыгу къабзэкIэ, абыкIэ фи напэхэмрэ фи Iэхэмрэ фытелъэщIыхь, ипэжыпIэкIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, гъэгъуныгъэшхуэ зыхэлъщ

(44) ПщIэрэ уэ Тхылъым щыщ зыратахэм гъуэщэныгъэр къызэращэхур икIи фэ гъуэгу къуаншэкIэ фашэну зэрыхуейхэр?

(45) Алыхьым фи бийхэр нэхъыфIу ещIэр, фхурикъунущ фэ Алыхьыр уэлийуэ, фхурикъунущ Алыхьыр дэIэпыкъуэгъуу

(46) Журтхэм яхэтщ псалъэхэм я щIыпIэхэр зэзыхъуэкIхэр, абыхэм жаIэр: "Зэхэтхащ икIи дедаIуэкъым" е "Зэхэх зэхомыхыфынур" е "КъыткIэлъыплъ". Я бзэхэр ирагъэкIуэкIыр динми мыхъунхэр тралъхьэр. Абыхэм жаIатэмэ: "Зэхэтхащ икIи додаIуэр" е "ЕдэIу" е "Къытхуэсакъ" езыхэмкIэ нэхъыфIт ар икIи нэхъ захуэт, ауэ Алыхьым и нэлатыр къатрилъхьащи, зэрыджаурхэм къыхэк1ыу, Iиман къахьыркъым мащ1э дыдэхэм мыхъумэ абыхэм ящыщу

(47) Уэ Тхылъ къызхуехахэ, фэ фIыгъым итыр къэзыгъэпэжу къедгъэхар фи фIэщ фщIы, фи нэгум тетхэр зэдгъэзэкIыу фи щIыбкIэ дымыхь щIыкIэ, е нэлат фэдмых щIыкIэ. Щэбэт махуэр зымыгъэзэщIахэм нэлат зэратхам хуэдэу, Алыхьым и унафэри зэфIэкIащ

(48) Алыхьым гъусэ хуащIыныр игъэгъукъым, ауэ абы нэгъуэщIыр зыхуейхэм хуегъэгъу. Алыхьым гъусэ хуэзыщIым, гуэныхьышхуэ къигъэхъуу аращ

(49) Плъагъурэ уэ зи щхьэхэр зыгъэзахуэхэр? Алыхьыращ зыхуейр зыгъэзахуэр, икIи залымыгъэу финик кумылэм телъ налъэм хуэдизи ярихынукъым

(50) Еплъыт абыхэм пцIы зэрытралъхьэм Алыхьым, ар яхурикъунщ абыхэм гуэныхь гъэунэхуауэ

(51) Плъагъурэ уэ Тхылъым щыщу зыгуэр зыратахэм Джибытрэ ТIагъутрэ я фIэщ зэращIыр? Джаурхэм щхьэкIэ жаIэр: "Мыхэр Iиман къэзыхьахэм нэхърэ нэхъ гъуэгу захуэ тетхэщ"

(52) Ахэращ Алыхьым нэлат зырихар. Алыхьым нэлат зырихами дэIэпыкъуэгъу хуэбгъуэтыжынукъым

(53) Абыхэм унафэм щыщу зыри яIэщIэлъкъым, ар мыхъуам цIыхухэм финикым и кумылэм тет бжыгъэм хуэдизи иратынутэкъым

(54) Е Алыхьым и фIыгъуэхэм щыщу цIыхухэм яритам щхьэкIэ йофыгъуэхэр, атIэ Ибрахьим и унагъуэм Тхылъи, акъылыфIагъи яттащ, унафэшхуи яIэщIэтлъхьащ

(55) Абыхэм яхэтщ ар зи фIэщ хъуахэр, яхэтщ зи щIыбыр хуэзыгъэзахэри, жыхьэнэмэри мафIэу ирикъунщ

(56) Ди нэщэнэхэр зи фIэщ мыхъуахэр мафIэм хэдгъэхьэнщ, абыхэм я щIыфэхэр трисыкIыху къэскIэ нэгъуэщI щIыфэкIэ яхузэтхъуэкIынщ, хьэзабыр нэхъыфIу зэхащIэным папщIэ, ипэжыпIэкIэ Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIэщ

(57) Iиман къэзыхьхэу фIы зыщIахэр жэнэт хадэхэм хэдгъэхьэнущ, псыежэххэр къыщIэжу, игъащIэкIэ абым къыхэнэнухэщ, абдежым щхьэгъусэ къабзэхэр яхуэгъэхьэзыращ, жьауэ убгъуами щIэдгъэхьэнухэщ

(58) ИпэжыпIэкIэ Алыхьым къыфхуещI амэнэт зыгуэрым къывитамэ зейм яфтыжыну, цIыхухэм яку хеящIэ фщIэмэ захуагъэм тету ар фщIэну, Алыхьым уазу къыфхуищIыр сыту фIыщэ, Алыхьыр Зэхэзыхщ, Зылъагъущ

(59) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым фыхуэжыIэщIэ, лIыкIуэми, фэ фщыщу унафэр зыIэщIэлъхэми фыхуэжыIэщIэ. Iуэху гуэрымкIэ фызэгурымыIуамэ ар Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зыхуэвгъазэ абыкIэ. Алыхьри къемэт махуэри фи фIэщ хъумэ, ар нэхъыфIщ икIи къыкIэлъыкIуэри нэхъыфIщ

(60) Плъагъурэ уэ къыпхуехари уи япэкIэ къехари зи фIэщ хъуауэ жызыIэхэр тIагъутым и хеящIэм зэрыхуейхэр? Абыхэм унафэ хуащIат, ар я фIэщ ямыщIыну, ауэ шейтIаныр хуейщ ахэр гъуэщэныгъэ хуабжьым хигъэхуэну

(61) Абыхэм щыжра1эк1э: "Алыхьым къыригъэхам фыкъеувал1э, л1ык1уэм идежи фыкъак1уэ", - болъагъур мунафикъхэр псынщ1эу я щ1ыбхэр къызэрыпхуагъазэр

(62) Сыту пIэрэ къэхъунур абыхэм я Iэхэм къихьа бэлыхьышхуэр къалъагъумэ, итIанэ уи деж къэкIуэнухэщ АлыхьымкIэ тхьэрыIуэ ящIу: "Дэ фIырэ зэгурыIуэныгъэрэ къудейщ дызыхуеяр"

(63) Абыхэм ягухэм илъыр Алыхьым ещIэри уи щIыбыр яхуэгъазэ, уаз яхуэщI, езыхэм ятеухуауэ псалъэ быдэ яжеIэ

(64) ЛIыкIуэу дгъэкIуахэр щIэдгъэкIуа къахуэжыIэщIэным папщIэ Алыхьым и хуеиныгъэкIэ. Абыхэм я щхьэхэм залымыгъэ ираха иужь къэкIуахэтэмэ уи деж Алыхьым къахуигъэгъуну елъэIухэу, лIыкIуэри яхуелъэIутэмэ, къалъэгъунут Алыхьым тобэр къабыл зэрищIыр, зэрыгущIэгъущIыр

(65) Уи ТхьэмкIэ соIуэр, абыхэм Iиман къахьынукъым яку къыдэхуэхэм уэ и унафэр пщIэну уамыщтэу, итIанэ унафэу къэпхьам я гум зыри хуимылъыну, зэрыщыту къыпхуэжыIэщIэхэу

(66) Абыхэм ятеттхатэмэ: "ФызэрыукIыж" е "Фи унэхэм фыщIэкI", - жытIэу ящIэнутэкъым ахэм ящыщ зытIэкIу гуэрым мыхъумэ. Абыхэм жраIэр ягъэзащIэтэмэ езыхэмкIэ нэхъыфIт икIи нэхъ игъэбыдэнухэт

(67) ИтIанэ Дэ къыдбгъэдэкIыу псапэшхуэ яттынут ахэм

(68) ИкIи гъуэгу захуэм тедгъэувэнухэт ахэр

(69) Алыхьымрэ лIыкIуэмрэ хуэжыIэщIэхэр я гъусэщ Алыхьым фIыщIэ зыхуищIа бегъымбархэм, пэжыр жызыIэхэм, шэхьидхэм, цIыхуфIхэм. Абыхэм я гъусэныр сыту фIыщэ

(70) Ар Алыхьым и деж къикIа фIыгъуэщ, Алыхьым зэрищIэри ирокъур

(71) Уэ Iиман къэзыхьахэ, фысакъи гупурэ фыдэкI, е зырызу фыдэкI

(72) ИпэжыпIэкIэ къыфхэтщ фэ зизылъэфыхьхэр, зыгуэр къыфщыщIамэ жаIэр: "Алыхьым фIыщIэ къысхуищIащ абыхэм сазэрыхэмытамкIэ"

(73) Ауэ фIыгъуэ гуэр Алыхьым къывитмэ жаIэр зыри фIыуэ фи яку къыдэмыхуам хуэдэу: "А, мыгъуэ, абыхэм сащIыгъуамэ аратэкъэ, сехъулIэнут ехъулIэныгъэшхуэкIэ"

(74) Аращи Алыхьым и гъуэгу тету иризауэр, ахърэтыр къэзыщэхухэр, мы дунеймкIэ, Алыхьым и цIэкIэ зауэу яукIам е текIуам псапэшхуэ еттынущ

(75) Сыт къыфщыщIар? Алыхьым и цIэкIэ щхьэ фымызауэрэ къарууншэ цIыхухъухэм, цIыхубзхэм, сабийхэм жаIэ пэт: "Уэ ди Тхьэ, мы къалэ залымыгъэ дэсхэм здащIым дыкъыдэш, Уэ уэли къыдэт, Уэ дэIэпыкъуэгъу къыдэт"

(76) Iиман къэзыхьахэр Алыхьым и цIэкIэ мэзауэхэр, джаурхэр тIагъутым и цIэкIэ мэзауэхэр, аращи шейтIаным и уэлихэр зэтевукIэ, ипэжыпIэкIэ шейтIаным и хьилагъэхэр къарууншэщ

(77) Плъагъурэ уэ: "Фи Iэхэр вгъэувыIэ, нэмэз фщIы, сэджыти фты",- зыжраIатэр? Абыхэм зауэныр щытратхэм ящыщ гупыр цIыхухэм щышынэу къыщIэкIащ, Алыхьым зэрыщышынэхэм хуэдэу е нэхъ Iеижу. Абыхэм жаIащ: "Ди Тхьэ, щхьэ къыттеплъхьа зауэныр? ПIалъэ тIэкIу къыдэптамэ аратэкъэ". ЯжеIэ: "Мы дунейм и фIыгъуэхэр куэдрэ екIуэкIкъым. Ахърэтри тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэм щхьэкIэ нэхъыфIщ. ИкIи финик кумылэм и налъэм хуэдизкIи залымыгъэ къывахынукъым"

(78) ЛIэныгъэр дэни къыфлъэщIыхьэнущ, чэщанэ гъэбыдахэм фисми. Абыхэм фIы къащыщIмэ жаIэр: "Мыр Алыхьым и деж къикIащ". Ауэ Iей гуэр къащыщIмэ жаIэр: "Мыр уэращ зи лажьэр". ЖыIэ: "Псори Алыхьыращ зи деж къикIыр". Сыт атIэ а гупым къащыщIар жраIэ псалъэхэр къагурымыIуэу?

(79) ФIыуэ къыпщыщIар Алыхьым и деж къикIащ, Iейуэ къыпщыщIар уи щхьэ къыхуэпхьыжащ, цIыхухэми лIыкIуэу уахуэдгъэкIуащ, ирокъур Алыхьри щыхьэту

(80) ЛIыкIуэм хуэжыIэщIэр Алыхьым хуэжыIэщIащ, и щIыб зыгуэрым къигъэзамэ, абыхэм я хъумакIуэу удгъэкIуакъым

(81) Дыжы1эщ1эщ дэ, - жа1эр ахэм. Ауэ уи деж къыщ1эк1ыжа иужьк1э абыхэм ящыщ гупым жэщым ягу къок1ыр уэ жомы1ахэр. Алыхьым абыхэм ягу къэк1ахэр етхыр, уи щ1ыбыр яхуэгъази Алыхьыр уи дэ1эпыкъуэгъуу щыгъэт, ирокъыр Алыхьыр дэ1эпыкъуэгъуу

(82) Къур1эным и мыхьэнэм щ1эмыгупсысхэу ара? Ар Алыхьым нэгъуэщ1 зыгуэрым идеж къик1атэмэ зэтемыхуэныгъэ куэд къыхагъуэтэнут

(83) Шынагъуэншагъэм е шынагъуэм и хъыбар къанэсамэ, ар ягъэ1ур, л1ык1уэмрэ я щхьэтетхэмрэ ар ирагъащ1этэмэ, абы хэзыщ1ык1хэм зэхац1ыхук1ыфынут. Алыхьым и ф1ыгъуэу къыфхуищ1ар мыхъуатэмэ мащ1э нэхъ фыкъэмынэу шейт1аным фык1элъык1уэнут

(84) Аращи Алыхьым и гъуэгум утету зауэ, уи псэм фIэкIа зыри йомыгъэзу, мыIуминхэри къыхуеджэ, Алыхьым джаурхэм я бэлыхьыр къигъэувыIэнкIэ мэхъу, Алыхьым и бэлыхьыр нэхъ инщ, и хьэзабри нэхъ гуащIэщ

(85) Хэт телъхьэ дэгъуэ ищIмэ абы щыщ хуэфащэщ, телъхьэ Iей зыщIми хуэфащэр игъуэтынущ, Алыхьри сытми кIэлъоплъыр

(86) ФIэхъус къывахамэ абы нэхърэ нэхъыфI яфхыж е абы хуэдэ, Алыхьым сытри елъытэр

(87) Алыхьым нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, къемэт махуэм фызэхуишэсыжынущ, шэч хэмылъу, хэт Алыхьым нэхърэ нэхъ пэжыр жызыIэр?

(88) Сыт къыфхуэкIуар мунафикъхэм щхьэкIэ тIууэ зыщIэвгуэшар? Алыхьым тригъэкIуэтыжахэщ ахэр ящIахэм папщIэ. Алыхьым игъэгъуэщар гъуэгу захуэм хуэфшэну фыхуейуэ ара? Алыхьым игъэгъуэщам хэкIыпIэ хуэбгъуэтыжынукъым

(89) Мэгугъэхэр ахэр зэрыгъуащэм хуэдэу фэри фагъэгъуэщэну, зэхуэдэ фыхъуну, аращи абыхэм щыщ дэIэпыкъуэгъу фымыщI, Алыхьым и гъуэгум тетхэу мыкуэшыжхэу. Ауэ я щIыбхэр къагъэзамэ фыубыди зэтевукIэхэ, дэнэ щывмыгъуэтахэми, икIи абыхэм щыщу уэлии дэIэпыкъуэгъуи фымыщтэ

(90) Абыхэм яхыхьэкъым зыгуэр пыщIамэ зэгурыIуэныгъэ здывиIэ лъэпкъым, е къэкIуахэмэ фи деж я гум имыдэу къывэзэуэну, е я лъэпкъым язэуэну. Алыхьыр хуеятэмэ ахэр къыфтригъэбэнэнути къывэзэуэнухэт, ауэ лъэныкъуэ зырагъэзу къывэмызауэхэмэ, мамырыгъэ зэгурыIуэныгъи къыващIылIэну хуейхэмэ, Алыхьым гъуэгу къывиткъым абыхэм фазэуэну

(91) НэгъуэщIхэр къэфлъэгъунухэщ я щхьэр фэри я лъэпкъми щахъумэну хуейхэу, фитнэм хадзэху къэскIэрэ занщIэу хуоукIуриехэр. Ахэр къыфкIэрымыкIхэмэ, мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэр къывамыщIылIэмэ, я Iэхэри ямыубыдмэ, къэвубыдхи зэтевукIэхэ, дэнэ къыщывмыгъуэтхэми, ахэм щхьэкIэ фэттащ Iуэхугъуэ тегъэщIапIэ быдэ

(92) МыIуминыр хуиткъым иукIыну мыIуминыр, гъуэщэныгъэкIэ фIэкIа, мыIуминыр гъуэщэныгъэкIэ зыукIам пщылI мыIумин иутIыпщыжын хуейщ, лъы уасэри иукIам и Iыхьлыхэм яритыжыни хуейщ ахэм ар факъырэ Iусу ямыгъакIуэмэ; ауэ ар фи бий лъэпкъым щыщу мыIумину къыщIэкIмэ, пщылI мыIумин футIыпщыжын хуейщ; ар зэгурыIуэныгъэ здывиIэ лъэпкъым щыщмэ, лъы уасэ и Iыхьлыхэм ефтыжу пщылI мыIумин футIыпщыжын хуейщ. Ар зымыгъуэтым мазитIкIэ зэпымыууэ нэщI иIыгъын хуейщ, Алыхьым тобэ къызэрыхуихьыр къигъэлъагъуэу, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ

(93) Зыгуэрым мыIумин ищIэурэ иукIамэ, абы хуэфащэр жыхьэнэмэщ, игъащIэкIэ къыхэнэнущ, Алыхьри хуэгубжьынущ, нэлати ирихынущ, хьэзабышхуэри хуигъэхьэзырынущ

(94) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым и гъуэгу фытехьауэ щIым фырикIуэмэ зэхэвгъэкIи зэрымуслъымэныр зыгуэрым къыхэщмэ: "Уэ умуслъымэнкъым", - жевмыIэ мы дунейм и фIыгъэ псынщIэу кIуэдхэм фыщIэхъуэпсу. Алыхьым и деж къуентх куэдыр щыIэщ. ИпэкIэ аращ фызэрыщытар, ауэ Алыхьым и фIыщIэр къыфхуищIащи зэхэвгъэкI, Алыхьым ипэжыпIэкIэ хещIыкIыр фэ вгъахъэхэм

(95) МыIуминхэм щыщу дэсхэр лажьэ ямыIэу хуэдэкъым Алыхьым и гъуэгум тет муджахид зауэхэу я мылъкуи, я пси щIэзытхэм. Алыхьым муджахидхэу, зи мылъкурэ зи псэрэ щIэзытхэр, увыпIэкIэ ятриIэтыкIащ дэсхэм, тIури Алыхьым фIыкIэ къигъэгугъащ, ауэ Алыхьым муджахидхэр дэсхэм псапэшхуэкIэ ятриIэтыкIащ

(96) УвыпIэхэри, гъэгъуныгъэри, гущIэгъуныгъэри яритащ, Алыхьри Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(97) Зи щхьэ залымыгъэ езыхыжхэу мелыIычхэм зи псэ хаххэм еупщIынухэщ: "Сыт фызхэтар?" ЖаIэнущ: "Къарууншэу дытетащ щIым". ЖраIэнущ: "АтIэ Алыхьым и щIыр убгъуатэкъэ фыкуэшыным папщIэ?" Абыхэм я увыIэпIэр жыхьэнэмэщ. Сытым хуэдэу гуауэ а щIыпIэр!

(98) Абыхэм яхыхьэкъым цIыхухъухэм, бзылъхугъэхэм, сабийхэм ящыщ къарууншэхэр, хьилагъэ зыхэмылъу нэгъуэщI хэкIыпIэ зымыгъуэтхэм

(99) Абыхэм Алыхьым яхуигъэгъуфынущ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, гъэгъуныгъэ зыхэлъщ

(100) Алыхьым и гъуэгум тету куэшым щIым щигъуэтынущ увыIэпIэ куэдрэ убгъуагъэрэ, и унэм Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ и деж куэшыжыным папщIэ къыщIэкIам лIэныгъэр къылъэIэсамэ, абы и псапэр Алыхьым къытехуащ иритыжыну, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(101) ЩIым фыщызекIуэмэ гуэныхь къыфтехуэкъым нэмэзыр вгъэкIэщIмэ джаурхэм лей къывахыну фышынэмэ, джаурхэр фи бий гъэнэхуахэщ

(102) Уэ абыхэм уахэту нэмэз ябгъэщIмэ, абыхэм щыщ зы гупыр уи гъусэу къыреувхэ я Iэщэхэри яIыгъыу, итIанэ щхьэ гъэтIылъыным фынэсмэ фи щIыбым щыреIэхэ, нэгъуэщI гуп иджыри нэмэз зымыщIар кърекIуэ уи гъусэу нэмэз ящIыну, ахэри иресакъхэ, я Iэщэхэри къращтэ. Джаурхэр мэгугъэр фи Iэщэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ фытеплъыкIхэу зэ теуэгъуэкIэ къыфтеуэнухэу. Ауэ гуэныхь къыфтехуэкъым мытыншыгъэ гуэр уэшх хуэдэу е уз фыхэтмэ фи Iэщэхэр вгъэтIылъыну, ауэ фысакъ. Алыхьым яхуигъэхьэзыращ джаурхэм хьэзаб зыгъэпудыр

(103) Нэмэзыр къэвухамэ Алыхьым и цIэр ифIуэ фыщытуи, фыщысуи, фи джабэхэм фытелъуи. Мамыр фыхъужамэ нэмэз фщIы, нэмэзыр Iиман къэзыхьахэм ятетхащ, зэман хэхахэм ящIыну

(104) Фи бийхэм яужь фыщиткIэ гумэщIагъэ зыхэвмыгъэлъ. Фэ узыр зыхэфщIэмэ, ахэми фэ зэрызэхэфщIэм хуэдэу узыр зыхащIэ, ауэ фэ Алыхьым фыщогугъыр, ахэр зэрыщымыгугъкIэ, Алыхьри ЗыщIэщ, акъылыфIэщ

(105) Дэ ныпхуедгъэхащ ипэжыпIэкIэ Тхылъ цIыхухэм яку унафэ пщIэну, Алыхьым зэрыуигъэлъагъум хуэдэу, икIи епцIыжакIуэхэм уамыдауэ

(106) Алыхьми къыпхуигъэгъуну елъэIу. Ар Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(107) ИкIи зи щхьэхэм епцIыжхэм щхьэкIэ умыдауэ, Алыхьым фIыуэ илъагъукъым епцIыжакIуэ гуэныхьыщIэхэр

(108) ЦIыхухэм зыщагъэпщкIу щхьэкIэ Алыхьым зыщагъэпщкIукъым, Ар ящIыгъущ зыхуэмыарэзы псалъэхэр щыжаIэкIэ, Алыхьым ящIэу хъуари зэщIеубыдэр

(109) Мис фэ ахэм щхьэкIэ мы дунейм фыщодауэ, хэт атIэ Алыхьым едауэфынур абыхэм щхьэкIэ къемэт махуэм? Е хэт абыхэм я уэчыл хъунур?

(110) Iей зыщIэр е и щхьэм залымыгъэ езыхыжыр итIанэ Алыхьым къыхуигъэгъуну елъэIумэ, Алыхьыр Зыгъэгъуу, ГущIэгъущIу игъуэтынущ

(111) Гуэныхь къэзыхьам езым и щхьэращ къызхуихьыжар, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ

(112) Ауэ зыгуэрым мыхъумыщIагъэ е гуэныхь къихьауэ ар зимылажьэм трилъхьамэ, абы пц1ыуэ трилъхьамрэ гуэныхьышхуэрэ зытрилъхьэжащ

(113) Алыхьым фIыгъуэурэ гущIэгъурэ къыпхуищIыр мыхъуатэмэ, абыхэм щыщ гупым уагъэгъуэщэну пылъынухэт, ауэ абыхэм я щхьэхэм фIэкIа зыри ягъэгъуащэкъым, икIи абыхэм зыри къыуащIэфынукъым. Алыхьым къыпхуригъэхащ Тхылъымрэ акъылыфIагъымрэ, ипэкIэ умыщIэу щытари уигъэщIащ, Алыхьым фIыгъуэшхуэ къыпхуещIэр

(114) Абыхэм я псалъэу яущэху къомым фIы хэлъкъым, факъырэ Iус тыным, е фIы гуэрым, е цIыхухэр зэгъэкIужыным къыхуезыджэм фIэкIа. Алыхьым и арэзыгъэм хущIэкъуу ар зыщIэм псапэшхуэ еттынущ

(115) Ауэ лIыкIуэм пэрыуэгъу хуэхъур гъуэгу захуэр нахуэ хуэхъуа иужь, икIи Iиман къэзыхьахэм я гъуэгум темытыр зыхуэунэтIам хуэтшэнущ, жыхьэнэмэми нэдгъэсынущ, сытым хуэдэу Iей а увыIэпIэр

(116) Алыхьым гъусэ хуащIыныр игъэгъукъым, ауэ абы нэгъуэщIыр зыхуейхэм хуегъэгъу. Алыхьым гъусэ хуэзыщIыр хуабжьу гъуэщауэ аращ

(117) Абыхэм къызыхураджэхэр бзы защIэхэщ, ахэм къызхураджэхэр шейтIан зи нэхъуей щхьэщыкIаращ

(118) Алыхьым абы нэлат щырихым жиIащ: "Уи пщылIхэм щыщу Iыхьэ гъэнэхуар яхэсхынущ"

(119) Ахэр згъэгъуэщэнущ, згъэгугъэнухэщ, былымым я тхьэкIумэхэр трагъэжыну унафэ яхуэсщIынущ, Алыхьым къигъэщIар зэрахъуэкIыну унафи яхуэсщIынущ. ШейтIаныр уэлиуэ зыщтэр, Алыхьыр къигъанэу, икъукIэ унэхъуауэ аращ

(120) Абыхэм псалъэхэр ярет, егъэгугъэхэр, ауэ шейтIаным зэригъэгугъэхэр псори пцIыщ

(121) Абыхэм я увыIэпIэщ жыхьэнэмэр, икIи ягъуэтынукъым абым къызэрыхэкIыжын гъуэгу

(122) Iиман къэзыхьхэу фIы зыщIахэр жэнэт хадэхэм хэдгъэхьэнущ, псыежэххэр къыщIэжу, игъащIэкIэ абым къыхэнэнухэщ. Алыхьым ипэжыпIэкIэ ярита псалъэ быдэщ. Хэт Алыхьым нэхърэ нэхъ пэж жызыIэр?

(123) Фэ фи гугъэхэракъым ар къэзыхьыр икIи Тхылъ зыратахэм я гугъэхэракъым. Iей зыщIэм хуэфащэр игъуэтынщ, Алыхьми нэгъуэщI уэлирэ дэIэпыкъуэгъурэ игъуэтынукъым

(124) Ауэ Iиман къэзыхьахэм щыщу бзылъхугъэми, цIыхухъуми фIыхэм щыщ зыгуэрым ищIамэ, ахэр жэнэтым ихьэнухэщ, финикым и кумылэр зэрыдэбзыкIам хуэдизкIи залымыгъэ ирахынукъым

(125) Хэт и диныр нэхъыфIыну зи нэгур Алыхьым хуэзытауэ нэхъыфIыр зыщIэм, Ибрахьим и гъуэгуми Тхьэр игъэзакъуэу тетым? Алыхьми Ибрахьими зыхухихащ

(126) Уафэхэми щIылъэми щыIэу хъуар Алыхьым ейщ, икIи Алыхьым сытри зэщIеубыдэр

(127) Бзылъхугъэхэм ехьэлIауэ къоупщIхэр, жыIэ: "Алыхьым и унафэр къихьынущ абыхэм ехьэлIауэ Тхылъым иту къыфхуеджэм тету бзылъхугъэ ибэхэу яхуэфащэр зэвмытхэм щхьэкIэ, къэфшэну ахэр фыщIэкъуу, сабий къарууншэхэми теухуауэ. Ибэхэм захуэу фахущыт, фIыуэ фщIэуэ хъуам Алыхьыр щыгъуазэщ

(128) Бзылъхугъэр и щхьэгъусэм тешыныхьмэ Iумпэм къищIыну е IэщIыб къищIыну, гуэныхь тIуми къатехуэкъым яку зэгурыIуэIуэныгъэ дащIыхьмэ, зэгурыIуэныгъэр фIыщ. Псэхэм нэпсеигъэр яхэлъщ, ауэ фIы фщIэуэ, тхьэшынагъэ зыхэвгъэлъмэ, Алыхьым ещIэр фэ фщIауэ хъуар

(129) Дауэ фыхуэмеями бзылъхугъэхэм зэхуэдэу захуэу фахущытыфынукъым, аращи зэрыщыту зым зыхуэвгъазэу адрейр кIэрыщIам хуэдэу къэвмыгъанэ, ауэ зэвгъэзахуэу, тхьэшынагъуэ зыхэвгъэлъмэ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(130) Ахэр зэбгъэдэкIыжамэ, Алыхьым тIури къулей ищIынущ и фIыгъэм къыхэкIыу. Алыхьыр Жумартщ, АкъылыфIэщ

(131) Уафэхэми щIылъэми щыIэр Алыхьым ейщ, фи япэкIэ Тхылъ зыратахэми фэри уэсят фхуэтщIащ Алыхьым фыщышынэну, джаур фыхъумэ. АтIэ Алыхьым уафэхэми, щIылъэми щыIэр ейщ. Алыхьыр Къулейщ, щытхъур псори зыхуэфащэщ

(132) Уафэхэми щIылъэми щыIэу хъуар Алыхьым ейщ икIи Алыхьыр ирокъур уэчылу

(133) Хуеймэ фэ фигъэкIуэдынущи, уэ цIыхухэ, нэгъуэщIхэр къигъэкIуэнущ. Алыхьым ар хузэфIокIыр

(134) Мы дунейм псапэ хуеймэ зыгуэр, Алыхьым и деж мы дунейми ахърэтми и псапэр щыIэщ. Алыхьыр зэхэзыхщ, Зылъагъущ

(135) Уэ Iиман къэзыхьахэ, захуагъэм фытет, Алыхьым и пащхьэ щыхьэтлыкъыу фыщытмэ, фи щхьэрами, фи адэ-анэхэрами, фи Iыхьлыхэрами Iуэхур зэпхар. Ар къулейми, факъырэми Алыхьыращ япэу яхуэгъэзар, аращи хуеиныгъэхэм зыдевмыгъэхьэх, захуагъэм фытекIыу. Ауэ къуаншагъэм фыщIэкъумэ е фи щIыб къэвгъазэмэ Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэм

(136) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьри, и лIыкIуэри, и лIыкIуэм къыхуеха Тхылъри, ипэкIэ къеха Тхылъри фи фIэщ фщIы. Алыхьри, и мелэIычхэри, и Тхылъхэри, и лIыкIуэхэри, иужьрей махуэри зи фIэщ мыхъуар гъуэщэныгъэ хуабжьым хэхуащ

(137) Iиман къэзыхьахэу итIанэ джаур хъуахэм, итIани Iиман къахьыжу иджыри зэ джаур хъужахэм, итIанэ я джаурыгъэр нэхъыбэж хъуахэм Алыхьым яхуигъэгъуну щыткъым икIи гъуэгу захуэм тришэнухэкъым

(138) ГъэгуфIэ мунафикъхэр хьэзаб гуащIэ зэрапэщылъымкIэ

(139) Джаурхэр уэлийхэу зыщтэхэр Iиман къэзыхьахэр къагъанэу, лъэщыгъэр ябгъэдэлъу къащохъур абыхэм, ауэ Алыхьыращ лъэщыгъэ псори зыбгъэдэлъыр

(140) Тхылъым иту къыфхуригъэха Алыхьым и аятхэр я фIэщ мыхъуу, щIэнакIэу щызэхэфхкIэ, фахэмыс нэгъуэщI псалъэ къыщIадзэху, армыхъумэ абыхэм ящыщ фохъур. Алыхьым мунафикъхэмрэ джаурхэмрэ псори жыхьэнэмэм щызэхуишэсыжынущ

(141) Ахэр поплъэхэр къывэхъулIэнум: Алыхьым текIуэныгъэ къывитмэ жаIэнущ: "Дэри дывигъусакъэ атIэ?". Ауэ джаурхэрамэ ехъулIар жаIэнущ: "Дэ дывдэIэпыкъуакъэ икIи мыIуминхэм фащытхъумакъэ?" Алыхьым фи унафэр ищIынущ Къемэт махуэм, Алыхьым джаурхэм яритынукъым гъуэгу мыIуминхэм зэратекIуэн

(142) Мунафикъхэм Алыхьыр къагъапцIэну хэтхэщ, ауэ Абы къегъэпцIэжыр ахэр. Нэмэзым щытеувэхэкIэ хуэщхьэххэу тоувэхэр, цIыхухэм зырагъэлъагъур, Алыхьми и цIэр мащIэрэ зэрыраIуэр

(143) Мыдрейхэмрэ модрейхэмрэ яку дэтхэщ, Алыхьым игъэгъуэщам хэкIыпIэ хуэбгъуэтынукъым

(144) Уэ Iиман къэзыхьахэ, джаурхэр уэлийхэу фымыщтэ, мыIуминхэр къэвгъанэу. Алыхьым щыхьэтлыкъ нахуэ къыфхуигъэувыну ефтыну фыхуейуэ ара?

(145) Мунафикъхэр мафIэм и щIагъ дыдэм щыIэнухэщ, абыхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэбгъуэтынукъым

(146) Тобэ къахьыжу, захуэ хъужхэу, Алыхьым быдэу еувэлIэжхэу я диныр Алыхьым хуамыгъэкъабзэмэ. Апхуэдэхэр мыIуминхэм я гъусэхэщ, Алыхьми мыIуминхэм псапэшхуэ яритынущ

(147) Сыт Алыхьым хьэзаб къыщIывищIылIэнур фIыщIэ фщIыуэ Iиман къэфхьамэ? Алыхьыр фIыщIэ зыщIщ, Щыгъуазэщ

(148) Алыхьым фIыуэ илъагъукъым IейкIэ зи макъыр езгъэIэтхэр, абы залымыгъэ ирахауэ щымытмэ, Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ

(149) ФIыр нахуэ фщIами, фыущэхуами, Iейр вгъэгъуами, атIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, ЗылъэкIщ

(150) Алыхьымрэ и лIыкIуэхэмрэ зи фIэщ мыхъухэр хуейщ Алыхьымрэ и лIыкIуэхэмрэ зэхагъэкIыну, абыхэм жаIэр: "Зыгуэрхэр ди фIэщ мэхъухэр, нэгъуэщI гуэрхэр ди фIэщ хъуххэкъым". Ахэр хуейхэщ абым и зэхуаку гъуэгу хахыну

(151) Ахэращ ипэжыпIэкIэ джаурхэр, джаурхэм хьэзаб зыгъэпудыр яхуэдгъэхьэзыращ

(152) Алыхьымрэ и лIыкIуэхэмрэ зи фIэщ хъуахэм, абыхэм ящыщ зыри зэхэдз зымыщIахэм, абыхэм я псапэхэр яритыжынущ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(153) Тхылъ къызхуехахэм къыбжаIэр уафэм тхылъ къахуебгъэхыну, ауэ Мусэ абы нэхърэ нэхъыбэж жраIат. ЖаIат: "Алыхьыр нахуэу дэгъэлъагъу". А я залымыгъэм къыхэкIыу уафэхъуэпскIыр къатехуащ, итIанэ танэм хуэпщылIахэщ, нэщэнэ нахуэхэр къахуэкIуа иужь, ар яхуэдгъэгъури Мусэ щыхьэтлыкъ наIуэр еттащ

(154) Абыхэм я щхьэщыгум ТIурыр къащхьэщытIэтыкIащ, псалъэ быдэу ятам тету, яжетIащ: "Куэбжэм щхьэгъэтIылъауэ фыдыхьэ", итIани яжетIащ абыхэм: "Щэбэт махуэм фыфIэмыкI". Абыхэм псалъэ быдэ ткIийуэ яIытхащ

(155) Псалъэ быдэм епцIыжахэт, Алыхьым и нэщэнэхэр я фIэщ хъуахэкъым, бегъымбархэри яукIхэт, апхуэдэ хуитыныгъэ ямыIэу, жаIэт: "Дигухэр тепIэнкIэ щIэхъумащ". АтIэ Алыхьым ахэр зэхуищIауэ аращ, я джаурыгъэм къыхэкIыу, икIи Iиман къахьыркъым ящыщ мащIэ гуэрхэм фIэкIа

(156) Я джаурыгъэм къыхэкIыу, Мэрями пцIы егъэлеяуэ тралъхьам щхьэкIэ

(157) ЖаIа псалъэхэми къыхэкIыу: "Мэсихь Хьисэ Мэрям и къуэр Алыхьым и лIыкIуэр дыукIащ", ауэ яукIакъым ар, икIи жорым кIэраIулIакъым, атIэ къащыхъуауэ аращ. Абым и IуэхукIэ зэгурымыIуэхэм шэч къытрахьэу аращ, щIэныгъи яIэкъым абы теухуауэ, езыхэм къафIэщIыращ зытетхэр, икIи ипэжыпIэкIэ яукIакъым ар

(158) Алыхьым и деж дрихьеяуэ аращ ар, Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIэщ

(159) ИкIи Тхылъ зыратауэ хъуам ар я фIэщ хъунущ лIэжын ипэкIэ , Къемэт махуэми я щыхьэт хъунущ

(160) Журтхэм я залымыгъэм къыхэкIыу фIыгъуэу къедгъэхахэм щыщу хьэлэлу щытахэр хьэрэм яхуэтщIащ, Алыхьым и гъуэгум куэдрэ пэщIэувэхэу зэрыщытым папщIэ

(161) Ахъшэ хэхъуэри зэращтэм щхьэкIэ, ар мыхъун яхуэтщIа пэтрэ, цIыхухэм я мылъкури пцIыкIэ зэрашхым щхьэкIэ , абыхэм ящыщ джаурхэм хьэзаб гуащIэр яхуэдгъэхьэзыращ

(162) Ауэ щIэныгъэ зиIэхэм абыхэм ящыщу икIи Iиман къэзыхьахэм я фIэщ мэхъур уэ къыпхуехари, уи япэкIэ къехари, абыхэм нэмэзыр ящIыр, сэджыт ятыр, Алыхьымрэ ахърэт махуэмрэ я фIэщ мэхъур, абыхэм псапэшхуэ яттынущ

(163) Уэ къыпхуедгъэхащ уэхьи Нухьи, абы иужь къэкIуа бегъымбархэми къазэрыхуедгъэхам хуэдэу, къыхуедгъэхащ Ибрахьими, Исмахьили, Исхьэкъи, Екъуби, абыхэм я бынхэми, Хьиси, Iэюби, Юнуси, Хьаруни, Сулеймэни, Дауди Зэбур еттащ

(164) Бегъымбархэу ипэкIэ зи гугъу къыпхуэтщIахэри, бегъымбархэу зи гугъу пхуэдмыщIахэри, Муси Алыхьыр епсэлъащ ипэжыпIэкIэ

(165) Бегъымбархэу зыгъэгуфIэхэу зыхъумэхэр цIыхухэм щыхьэтлыкъ Алыхьым и пащхьэ ямыIэну лIыкIуэхэм яужь, Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIэщ

(166) Алыхьыр щыхьэт хуохъу къыпхуригъэхам, ар и щIэныгъэм къыхэкIыу къригъэхащ, мелэIычхэри щыхьэт мэхъухэр, Алыхьри ирокъур щыхьэту

(167) Джаурхэмрэ Алыхьым и гъуэгум пэрыуэгъу хъухэмрэ гъуэщахэщ гъуэщэныгъэ хуабжьэкIэ

(168) Джаурхэмрэ залымыгъэ зыщIахэмрэ Алыхьым яхуигъэгъунукъым икIи гъуэгу захуэми тришэнукъым

(169) Жыхьэнэмэм и гъуэгум фIэкIа, абы игъащIэкIэ къыхэнэнухэщ, ар Алыхьым и дежкIэ псынщIэщ

(170) Уэ цIыхухэ, фи Тхьэм и деж къикIауэ лIыкIуэ къыфхуэкIуащи, Iиман къэфхь, ар фэркIэ нэхъыфIщ. Ауэ джаур фыхъуамэ, Алыхьым уафэхэми щIылъэми щыIэу хъуар ейщ, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIщ

(171) Уэ Тхылъ къызхуехахэ, фи диным евмыгъэлей, пэж фIэкIаи жывмыIэ Алыхьым щхьэкIэ. ИпэжыпIэкIэ Хьисэ Мэрям и къуэр Алыхьым и лIыкIуэщ, и псалъэщ, Мэрям къыхуригъэхауэ, Абы и деж къикIа псэщ. Аращи Алыхьымрэ и лIыкIуэхэмрэ фи фIэщ фщIы икIи щыуэ жывмыIэ, щывгъэти фэркIэ нэхъыфIщ. ИпэжыпIэкIэ Алыхьыр Тхьэ закъуэщ, фIыщIэр зыхуэфащэщ, дауэрэ Абы бын иIэну уафэхэми щIылъэми щыIэр зэуэ Езым ейуэ? Алыхьыр ирокъур уэчылу

(172) Мэсихьыр епэгэкIкъым Алыхьым и пщылIу щытыну, мелэIыч гъунэгъуу хущытхэри аращ. Абы хуэпщылIыным епэгэкIыр, зыхуэзмыгъэфащэр псори и деж щызэхуишэсыжынущ

(173) Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэм я псапэхэр яхуихъумэнущи и фIыщIэм къыхэкIыу яхухигъэхъуэнущ. Ауэ епэгэкIахэмрэ зыхуэзмыгъэфэщахэмрэ хьэзаб гуащIэ ятрилъхьэнущ, икIи абыхэм ягъуэтынукъым Алыхьым нэгъуэщI къащхьэщыжынрэ дэIэпыкъуэгъурэ

(174) Уэ цIыхухэ, фи Тхьэм и деж къикIауэ щыхьэтлыкъ къыфхуехащ, нэхугъэ нахуэри къыфхуедгъэхащ

(175) АтIэ Алыхьыр зи фIэщ хъууэ быдэу Абы еувэлIахэр и гущIэгъумрэ и фIыщIэмрэ хигъэхьэнущ, гъуэгу захуэми тришэнухэщ

(176) КъыщIоупщIэхэри яжеIэ: "Алыхьым фигъэщIэнщ зыри къызщIэмынам икIи адэ-анэ зимыIэм и щIэиныр зэрыхъунур". Бын имыIэу, ауэ шыпхъу иIэу дунейм ехыжам къигъэнам и ныкъуэр абы хуэфащэщ. Езыми хуэфащэщ и шыпхъум къигъанэр абы бын имыIэмэ. Шыпхъухэр тIу хъумэ, абыхэм Iыхьэ щанитIыр яхуэфащэщ, къигъэнам щыщу. Ахэр зэдэлъху-зэшыпхъу хъухэмэ цIыхухъум къытохуэр цIыхубзым и Iыхьэм хуэдитI. Алыхьым фхуегъэунэхур фыщымыуэну, Алыхьыр сытми щыгъуазэщ