(1) Хьа Мим
(2) Хьайн Син Къаф
(3) Апхуэдэу уэри, уи япэкIэ щыIахэми уэхьи къахуригъэхащ Алыхьым, Лъэщым, АкъылыфIэм.
(4) Абы ейщ уафэхэми, щIылъэми щыIэр, Ар Лъагэщ, Инышхуэщ.
(5) Уафэхэр абыхэм я щхьэщыгум зэгуэтхъыну хьэзырщ. МелыIычхэми я Тхьэм и щIыхьыр яIэтри щытхъур хуаIэт, щIым тетхэм яхуигъэгъунуи йолъэIухэр. ИпэжыпIэкIэ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъу зыхэлъщ.
(6) Абы нэгъуэщI къыщхьэщыжакIуэ зыхуэзыщтэжахэм Алыхьыращ я хъумакIуэр, уэ абыхэм щхьэкIэ укъыщхьэщыжакIуэкъым.
(7) Апхуэдэу къыпхуедгъэхащ КъурIэныр хьэрыпыбзэкIэ Iум Аль-Къурамрэ абы и хъуреягъымрэ Iейм зыщахъумэну къыхуебджэну. Ахэм щызэхуашэсыжыну махуэм зыщахъумэну, абы шэч хэлъкъым, зы гупыр Жэнэтым, зы гупыр Жыхьэнэмэм.
(8) Алыхьыр хуеятэмэ, ахэр зы лъэпкъ ищIынухэт, ауэ Езыр зыхуейращ и гущIэгъум хишэр. Залымыгъэ зезыхьэхэм атIэ яIэкъым къыщхьэщыжакIуи, дэIэпыкъуэгъуи.
(9) Абыхэм зыхуащтауэ ара Абы нэгъуэщI къыщхьэщыжакIуэхэр? Алыхьыращ КъыщхьэщыжакIуэр, Аращ лIахэр къэзыгъэпсэужыр, Абы сытри хузэфIокIыр.
(10) ФызэрызэтекIыу хъуар зэхэзыгъэкIыр Алыхьыращ. (ЖыIэ): "Апхуэдэщ Алыхьыр, си Тхьэр. Абы сыщогугъыр сэ, Абы солъэIур сэ!"
(11) Уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIащ! Фэ къыфхищIыкIащ фи щхьэгъусэхэр, былымхэри тIурытIурэ. Апхуэдэу фегъэбагъуэр. Абы хуэдэ щыIэкъым, Ар Зэхэзыхщ, Зылъагъущ.
(12) Абы ейщ уафэхэми, щIылъэми я IункIыбзэхэр. Ерыскъыр хуегъэбагъуэр зыхуейм, зыхуейм ейр зэтреубыдэр. Абы сытри ещIэр.
(13) Абы унафэ къыфхуищIащ Нухь хуищIатэр. Уэ къыпхуедгъэхари уэхьиуэ, Ибрэхьими, Муси, Хьиси: "Диным фытет, фызэтемыкI абыкIэ". Тхьэ куэдым хуэпщылIхэм хьэлъэ къатехъуащ уэ къызыхуебджэр. Алыхьым къыхехыр Езым щхьэкIэ зыхуейр, ешэр Езым и деж Абы зыхуэзыгъазэр.
(14) Ахэр щызэтекIар щIэныгъэр къахуэкIуа иужькIэщ зэфыгъуэхэурэ икIи залымыгъэ зращIылIэурэ. Уи Тхьэм и псалъэр ипэкIэ къэмыкIуатэмэ пIалъэр гъэунэхуауэ, абыхэм зэгурымыIуэныгъэр зэхигъэкIынут. Абыхэм яужь Тхылъыр щIэину къызлъысахэр Iэнкунхэщ абы теухуауэ.
(15) Аращи къыхуеджэ, унафэ къызэрыпхуащIам хуэдэуи захуэ гъуэгум тет, абыхэм я хуеиныгъэхэми укIэлъымыкIуэ, икIи жыIэ: "Алыхьым къригъэхар Тхылъым щыщу си фIэщ хъуащ. Сэ унафэ къысхуащIащ хейуэ сыфхущытыну. Алыхьыр ди Тхьэщ, фэри фи Тхьэщ. Дэ тщIахэр къытлъысыжынущ, фэри фщIахэр къыфлъысыжынущ. Дэрэ фэрэ ди зэхуаку щыIэкъым щыхьэтлыкъхэр, Алыхьым псори дызэхуишэсыжынущ. Абы и дежщ дыздекIуэлIэжынур".
(16) Алыхьым щхьэкIэ зэдауэхэм Абы жэуап ирата иужькIэ, абыхэм я щыхьэтлыкъхэр сэбэпыншэщ я Тхьэм и пащхьэ. Абыхэм губжьыр къатехуэнущ, хьэзаб гуащIэри яхуэфащэщ.
(17) Алыхьыращ Тхылъымрэ Тэрэзэмрэ къезыгъэхар пэжу, Уэ дэнэ щыпщIэрэ, Сыхьэт благъэ къэхъуагъэнкIэ мэхъур.
(18) Ар ягъэпIащIэр зи фIэщ мыхъухэм. Зи фIэщ хъухэр атIэ щошынэхэр икIи ящIэр ар зэрыпэжыр. ИпэжыпIэкIэ, Сыхьэтым щхьэкIэ зэдауэхэр гъуэщэныгъэ куум хэтхэщ.
(19) Алыхьыр яхуэщабэщ и пщылIхэм, зыхуейм ерыскъы иретыр, Ар КъарууфIэщ, Лъэщщ.
(20) Хэт ахърэтым и гъавэм хуеями, абы хухэдгъэхъуэнщ и гъавэм. Хэт мы дунейм и гъавэм хуеями, абы щыщ еттынщ, ауэ ахърэтым абы щыщ Iыхьэ иIэжынукъым.
(21) Абыхэм яIэу ара гъусэхэр, Алыхьым и Iизын хэмылъу, диным и унафэхэм щыщ къахуэзыщIахэр? Псалъэ зэхэзыгъэкIыр мыхъуатэмэ, абыхэм я унафэр ящIэнут. ИпэжыпIэкIэ, залымхэм яхуэгъэхьэзыращ хьэзаб гуауэр.
(22) Уэ плъагъунущ залымхэр зэрытешыныхьынухэр ялэжьауэ щытам ар къащытехуэжкIэ. Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэр Жэнэтым и жыг хадэхэм хэтхэщ. Ахэр зыхуейуэ хъуар ягъуэтыр я Тхьэм и деж, ар фIыщIагъэшхуэщ.
(23) Аращ Алыхьым и пщылIхэр зэригъэгуфIэр, Iиман къэзыхьахэу фIы зыщIахэр. ЖыIэ: "Сэ сыкъывэлъэIукъым абы и пщIэр къызэфтыну фIылъагъуныгъэ мыхъумэ ди благъагъэм щхьэкIэ". ФIы къэзылэжьым хухэдгъэхъуэнущ фIыр, Алыхьыр Зыгъэгъущ, Шыкур зыщIщ.
(24) Е жаIэу ара, абы Алыхьым пцIы трилъхьэу? Алыхьыр хуеймэ, абы игу мыхъур трилъхьэнт. Алыхьым пцIыр егъэкIуэдри, пэжыр къегъэпэжыр и ПсалъэхэмкIэ. Абы ещIэр гухэм илъыр.
(25) Абы и пщылIхэм я тобэр къабыл ещIыр, Iейуэ ящIахэр яхуегъэгъу, ещIэр фэ влэжьхэр.
(26) Абы жэуап яретыр Iиман къэзыхьахэмрэ фIы зыщIахэмрэ, абыхэм я фIыщIэм яхухегъахъуэр. Джаурхэм атIэ хьэзаб Iейр яхуэгъэхьэзыращ.
(27) Алыхьым и ерыскъыр хуиту и пщылIхэм яхуиутIыпщмэ, абыхэм щIым лей щызэрахьэнут. Ауэ Абы гъэунэхуауэ ирегъэхыр зыхуейр. Абы и лIыкIуэхэр ещIэр, елъагъур.
(28) Аращ уэшхыр къезыгъэшхыр абыхэм гугъэ хахыжа иужь, и гущIэгъуми зрегъэубгъур. Ар КъыщхьэщыжакIуэщ, Щытхъу куэд зыхуэфащэщ.
(29) Абы и нэщэнэхэм щыщщ уафэхэмрэ щIылъэмрэ къызэригъэщIар, абыхэм псэущхьэу тригуэшар. Ар хуеймэ хузэфIэкIынущ ахэр псори зэхуишэсыжыну.
(30) Фэ бэлыхь къыфтехуамэ, ар фи IитIым къыфхуахьауэ аращ. Абы куэдри фхуегъэгъур.
(31) Фэ фыщIэпхъуэу зыкъевгъэлыфынукъым щIым и деж, Алыхьым нэгъуэщI къыщхьэщыжакIуэрэ дэIэпыкъуэгъурэ фиIэкъым фэ.
(32) Абы и нэщэнэхэм щыщщ хым тет кхъухьхэр къущхьэхэм хуэдэу.
(33) Ар хуеймэ, жьыр къригъэпщэнукъыми, ахэр мыхъейуэ къытенэнухэщ абы и гущIыIум. Абы хэлъщ нэщэнэхэр сыт хуэдэ шэчыныгъэ зыхэлъу шыкур зыщIым щхьэкIэ.
(34) Ахэр игъэкIуэдыфынущ къалэжьам щхьэкIэ, икIи куэдми яхуегъэгъур.
(35) Дэ Ди нэщэнэхэм щхьэкIэ зэдауэхэм ящIэр, абыхэм щIэпхъуэжыпIэ зэрамыIэнур.
(36) Фэ къыватауэ хъур псори мы дунейм и тхъэгъуэхэщ. АтIэ Алыхьым и деж щыIэр нэхъыфIщ икIи игъащIэкIэ къэнэнущ Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ, я Тхьэми щыгугъхэм щхьэкIэ,
(37) гуэныхьышхуэхэмрэ мыхъумыщIагъэхэмрэ пэжыжьэ зызыщIхэр, къагъэгубжьахэмэ зыгъэгъухэр,
(38) я Тхьэм жэуап езытахэр, нэмэз зыщIхэр, я IуэхухэмкIэ зэчэнджэщхэр, яттам щыщ хэзытыкIхэр,
(39) залымыгъэ кърахамэ, лей езыщIэжхэр.
(40) Iейм хуэфащэр абым хуэдэ Iейщ. АтIэ зыгъэгъум икIи зэгурызыгъаIуэм я псапэр Алыхьым и дежщ. Абы фIыуэ илъагъукъым залымхэр.
(41) Залымыгъэ къраха нэужь лей езыхыжым гие телъкъым.
(42) АтIэ гие зытелъыр цIыхухэм залымыгъэ езыххэу, щIым мыхъумыщIагъэ ирагъэлеяуэ зезыхьэхэращ, абыхэм яхуэфащэщ хьэзаб гуащIэр.
(43) Шэчыныгъэ зыхэзыгъэлъу зыгъэгъум атIэ абдежым таучэл щIын хуейщ.
(44) Алыхьым игъэгъуэщам къыщхьэщыжын щыIэкъым иужькIэ. Уэ плъагъунущ залымхэм хьэзабыр щалъагъукIэ зэрыжаIэр: "Дгъэзэжыну Iэмал щыIэкъэ?"
(45) Уэ плъагъунущ ахэр абы (МафIэм) зэрыпагъэувынур Iэсэ хъуахэу, гъэцIыкIуахэу, лъэныкъуэкIэ абы хущIэплъхэу. Iиман къэзыхьахэм жаIэнущ: "ИпэжыпIэкIэ, хэкIуэдахэр езыхэм я псэхэри, я унагъуэри Къемэт махуэм хэзыгъэкIуэдэжахэращ". ИпэжыпIэкIэ, залымхэр хьэзаб мыухыжым хэтынухэщ.
(46) Абыхэм яIэнукъым къыщхьэщыжакIуэ къадэIэпыкъуну Алыхьым ипIэк1э. Алыхьым щигъэуам иIэнукъым лъагъуэ.
(47) Фи Тхьэм жэуап ефт къэмыс щIыкIэ Алыхьым и деж къикIа къэгъазэ зимыIэ махуэр. ФиIэнукъым гъэпщкIупIи а махуэм, фымыдэнуи флъэкIынукъым.
(48) Абыхэм я щIыбхэр къагъазэмэ, атIэ удгъэкIуакъым уэ абыхэм я хъумакIуэу. Уэ птелъыр нэгъэсын къудейщ. Дэ цIыхум Ди фIыгъуэм щыщ зыхедгъащIэмэ, ирогуфIэр абы. Ауэ Iей гуэр къанэсмэ, езыхэм я Iэхэм къахуихьауэ, цIыхур асыхьэтым фIыщIэншэ мэхъур.
(49) Алыхьыращ уафэхэми щIылъэми и унафэр зыIэщIэлъыр, зыхуейр къегъэхъур, зыхуейм иретыр бзылъхугъэхэр, зыхуейм иретыр хъулъхугъэхэр.
(50) Е зэрегъашэхэр хъулъхугъэхэмрэ бзылъхугъэхэмрэ. Зыхуейри ещIыр быныншэ. Ар ЗыщIэщ, ЗыхузэфIэкIщ.
(51) ЦIыхум хуэфащэкъым Алыхьыр епсэлъэну уэхьиуэ фIэкIа, е зэпызыхукI яку дэлъу, е лIыкIуэ хуигъакIуэу Езым и Iизынк1э зыхуейр нигъэсу. Ар Лъагэщ, АкъылыфIэщ.
(52) Апхуэдэу Дэ ныпхуэдгъэкIуащ псэр Ди унафэм щыщу. Уэ пщIэтэкъым Тхылъри, Iиманри зыщыщыр. Ауэ ар тщIащ нэхуу, Дэ абыкIэ дызыхуейр гъуэгу захуэм тыдошэр, Ди пщылIхэм щыщу. Уэри ябогъэлъагъур гъуэгу захуэр.
(53) Алыхьым и гъуэгу. Абы ейщ уафэхэми, щIылъэми щыIэр. Алыхьыращ зи дей зыгъэзэжыр Iуэхуу хъуар.