50 - Qaaf ()

|

(1) Къаф. КъурIэн лъапIэмкIэ соIуэр!

(2) Абыхэм ягъэщIэгъуащ езыхэм ящыщу Iейм зыщахъумэну яжезыIэр къызэрыкIуар. Джаурхэм жаIащ: "Мыр гъэщIэгъуэныщэщ!

(3) Дэ дылIа иужь сабэ дыхъужмэ (дыкъэхъужынуи)? Ар къэгъэзэжыныгъэ фIэщхъугъуейщ!"

(4) Дэ дощIэр щIым абыхэм яхихыр, икIи Дэ диIэщ Тхылъ хъумар.

(5) Абыхэм пэжыр пцIыуэ ябжащ къащыхуэкIуэм, иджы ахэр Iэнкунхэщ.

(6) Ахэр емыплъауэ ара уафэм я щхьэщыгум, ар зэрытщIам икIи зэрыдгъэщIэрэщIам? ИIэкъым абы зэгуэчыпIэхэр.

(7) ЩIыри дыубгъуащ, къущхьэ быдэу щытхэри тедгъэуващ, дэтхэнэ зы къэкIыгъэ гъэщIэгъуэным щыщу тIуурэ къэдгъэкIащ.

(8) Ар илъагъуу икIи и гум къигъэкIыжу дэтхэнэ зы пщылI зыхуэзыгъазэм Абы.

(9) Уафэми псы берычэтыр къедгъэхащ, абыкIэ къэдгъэкIащ жыг хадэхэри, дэтхэнэ хьэдзэ къахыжари,

(10) пальмэ лъагэхэри и пхъэщхьэмыщхьэхэр зыр зым къытехьэу.

(11) Ар лIыкIуэхэм щхьэкIэ ерыскъыщ. АбыкIэ щIы лIари къэдгъэпсэужащ, апхуэдэщ къызэрыщIэкIыжынухэри!

(12) Абыхэм япэ пцIыуэ ябжащ Нухь и лъэпкъми, Рас дэсахэми, самудми,

(13) хьадми, Фирхьэунми, ЛутI и къуэшхэми,

(14) Iэйкэ дэсахэми, Туббахь лъэпкъми. Псоми лIыкIуэхэр пцIыуэ ябжати къатехуащ къызэрагъэгугъахэр.

(15) Япэрейуэ къызэрыдгъэхъуахэм дригъэшауэ пIэрэ Дэ? Ауэ абыхэм шэч къытрахьэ щIэрыщIэу къызэрыдгъэхъунум.

(16) Дэращ цIыхур къэзыгъэхъуари, абы и псэм ириIущащэри дощIэр Дэ. Дэ абы дынэхъ пэгъунэгъущ, и пщэм ирикIуэ лъынтхуэм нэхърэ.

(17) Абы ижьымкIи, сэмэгумкIи къыкIэрысхэщ мелыIычхэр, и Iуэхухэр ятхыу.

(18) Псалъэ зэрыжиIам тету къыкIэлъыплъыр къыгуэтщ.

(19) Мис лIэныгъэм и бэлыхьыр пэжу къытехуэнущ! Аращ узыхэкIыну упылъар!

(20) Бжьамийми епщэнущ, аращ Махуэ шынагъуэр!

(21) Псэ къэскIэ къэкIуэнущ къэзыхумрэ и щыхьэтымрэ щIыгъуу.

(22) Уэ мыхьэнэ епттэкъым абы, мис атIэ тепхъуэр къыптетлъэфащ, мис нобэ уи нэхэм жану ялъагъур.

(23) Абы щIыгъум жиIэнущ: "Мыращ сэ абы хуэзгъэхьэзырар".

(24) Хэвдзэ тIуми зэгъусэу Жыхьэнэмэм дэтхэнэ джаур ерыщри,

(25) фIы зыщIэну зымыдэтэр, езыгъэлеятэр, шэч къытезыхьэтэр,

(26) Алыхьым гъусэ хуэзыщIатэр. Хэвдзэ ахэр хьэзаб хуабжьым".

(27) Абы и гъусэм жиIэнущ: "Ди Тхьэ, сэ ар щызгъэуакъым, атIэ езыр гъуащэныгъэ куум хэтащ".

(28) Абы жиIэнущ: "Фызэмыдауэ Си пащхьэм. ИпэкIэ вжесIагъэххэт фэ.

(29) Си псалъэм зихъуэжкъым Сэ, икIи Сэ Си пщылIхэм залымыгъэ ясхкъым".

(30) А махуэм жетIэнущ жыхьэнэмэм: "Из ухъуа уэ?" Абы жиIэнущ: "Иджыри щыIэкъэ?"

(31) Жэнэтыр тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм я гъунэгъу хъунущ.

(32) Аращ фэ фызэрагъэгугъар дэтхэнэ зыхуэзыгъазэмрэ зыщIэжымрэ,

(33) ГущIэгъущIым щышынэтэр имылъэгъуами, гу хуэгъэзауэ къэкIуам.

(34) "Фыдыхьэ мамыру!" Мыращ игъащIэ махуэр!

(35) Абыхэм зыхуейуэ хъуар ягъуэтынущ абдежым, Дэ нэхъыбэжи диIэщ.

(36) Дапщэ абыхэм япэкIэ хэдгъэкIуэдэжа лъэпкъхэу, езыхэм нэхърэ нэхъ лъэщхэу. Ахэр щIым щызэхэзекIуэт. Ауэ щIэпхъуэжыну яхуэлъэкIынут?

(37) Абым хэлъщ гум къэзыгъэкIыжын гу зиIэм щхьэкIэ е гулъытэ иIэу едаIуэм щхьэкIэ.

(38) Дэ къэдгъэщIащ уафэхэри, щIылъэри, абыхэм яку дэлъри махуихкIэ. ИкIи зыкIи дешакъым Дэ.

(39) Шэчыныгъэ зыхэгъэлъ абыхэм жаIэхэм щхьэкIэ, уи Тхьэм и щIыхьыр Iэт щытхъукIэ дыгъэр къыкъуэкIын ипэкIи, къуэхьэжын ипэкIи.

(40) Жэщми Абы и щIыхьыр Iэт, уи щхьэр бгъэтIылъа иужькIи щхьэщэ пщIауэ.

(41) ЕдэIу! А махуэм хъыбарегъащIэр къэджэнущ щIыпIэ благъэм и деж.

(42) А махуэм ипэжыпIэкIэ зэхахынущ макъыр. Ар къыщыщIэкIыжыну махуэщ.

(43) Дэращ къэзыгъэпсэужри, зыгъалIэри, Ди дежщ здекIуэлIэжынухэри.

(44) А махуэм щIыр яхузэгуэтхъынущ ахэр епIэщIэкIхэу. Дэ щхьэкIэ псынщIэщ ахэр зэхуэтшэсыжыну апхуэдэу.

(45) Дэ нэхъыфIу дощIэр абыхэм жаIэр, уэ ахэр хэбгъэзыхьын хуейкъым. КъурIэнымкIэ яущие зэрагъэгугъам щышынэхэр.