(1) Iэлиф Лам Мим
(2) ЦIыхухэм ягугъауэ ара къагъэнэну ямыгъэунэхуу: "Iиман къэтхьащ", - жаIэ къудейкIэ?
(3) Дэ дыгъэунэхуащ абыхэм япэ псэуахэр, Алыхьым шэч хэмылъу къищIэнущ пэж жызыIахэри, къищIэнущ пцIыупсхэри.
(4) Iей зыщIэхэм ягугъэу ара Дэ ди япэ ищынхэу? Сыту Iейщэ абыхэм я унафэ щIыныр!
(5) Алыхьым зыгуэр хуэзэжыну гугъэмэ, атIэ Алыхьым пIалъэу ищIар шэч хэмылъу къэсынущ. Ар Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ.
(6) Зауэр щIэзауэр езым и щхьэм щхьэкIэщ, Алыхьыр хуэныкъуэкъым дунейуэ хъуам.
(7) Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэм яхуэдгъэгъунущ Iейуэ ящIахэр, абыхэм ящIам нэхърэ нэхъыфIыжу, псапэри яттыжынущ.
(8) ЦIыхум уэсят хуэтщIащ и адэ-анэм фIыуэ хущытыну. Ахэр къозауэмэ умыщIэр Сэ гъусэ къысхуэпщIыну, абыхэм уахуэмыжыIэщIэ. Си деж къэвгъэзэжынущи фщIауэ хъуар фхуэсIуэтэжынщ.
(9) Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэр ящIыдгъунущ фIы зыщIэу щытахэм.
(10) ЦIыхухэм яхэтщ жызыIэхэр: "Алыхьыр ди фIэщ хъуащ". Ауэ Алыхьым и цIэкIэ бэлыхь гуэр хуэзэхэмэ, цIыхухэм я хьэзабыр Алыхьым и хьэзабым хуэдэ ящIыр. Ауэ уи Тхьэм и текIуэныгъэр къыщыкIуэкIэ, абыхэм жаIэр: "Дэ дыфщIыгъуащ!" АтIэ Алыхьыракъэ нэхъ зыщIэр дунейуэ хъуам ягу илъыр?
(11) Алыхьым къищIэнущ Iиман къэзыхьахэри, къищIэнущ фэрыщIхэри.
(12) Джаурхэм жраIащ Iиман къэзыхьахэм: "Ди гъуэгум фыкъытеувэ, дэ фи гуэныхьхэр тхьынщ". Абыхэм я гуэныхьхэм щыщ Iыхьи яхьыфынукъым, ахэр пцIыупсхэщ.
(13) Абыхэм езыхэм я хьэлъэри яхьынущ, абы щIыгъууи хьэлъэхэр яхьынущ. Къемэт махуэми яупщIынухэщ къагупсысауэ хъуам щхьэкIэ.
(14) Нухь и лъэпкъым и деж дгъэкIуащ икIи яхэтащ илъэс минкIэ тхущI иримыкъуу, итIанэ ахэр псым итхьэлахэщ, ахэр залымхэщ.
(15) Езыри, кхъухьым исахэри къедгъэлахэщ, дунейхэми нэщэнэ яхуэтщIащ а кхъухьыр.
(16) Ибрэхьими жриIат и лъэпкъым: "Алыхьым фыхуэпщылIи Абы фыщышынэ, аращ фэ щхьэкIэ нэхъыфIыр, ар фщIэтэмэ фэ.
(17) Фэ фызыхуэпщылIыр Алыхьым нэгъуэщIу тхьэ нэпцIхэращ, пцIыи къывогупсыс. Фэ Алыхьым нэгъуэщI фызыхуэпщылIхэм ерыскъы къыватыфынукъым, аращи Алыхьым и деж фи ерыскъым фыщылъыхъуэ, Абы фыхуэпщылI, шыкур хуэфщI, Абы и деж вгъэзэжынущ.
(18) Ар пцIыуэ фыбжмэ, атIэ фи япэкIэ щыIа лъэпкъхэми ар пцIыуэ ябжат, лIыкIуэми телъыр нахуэу нихьэсыныращ.
(19) Абыхэм ямылъагъуу ара Алыхьым зыгуэр къызэригъэхъур итIанэ ар къытригъэзэжу къызэригъэхъужыр? Ар Алыхьым дежкIэ псынщIэ дыдэщ
(20) ЖыIэ: "ФрикIуэ щIыми феплъ япэрейуэ къигъэщIэну зэрыригъэжьар, итIанэ Алыхьым иджыри зэ къигъэхъужынухэщ, Алыхьым сытри хузэфIокIыр.
(21) Зыхуейм хьэзаб трелъхьэр, зыхуейм гущIэгъу хуещIыр, Абы и дежщ здэвгъэзэжынури.
(22) Фэ щIыми, уафэми Абы зыщывущэхуфынукъым, Алыхьым нэгъуэщI къыщхьэщыжакIуи дэIэпыкъуэгъуи фимыIэ фэ.
(23) Алыхьым и нэщэнэхэмрэ Абы зэрыхуэзэжынухэмрэ зи фIэщ мыхъуахэр, ахэм Си гущIэгъум гугъэ хахыжащ, ахэращ хьэзаб гуащIэр зыхуэфащэр.
(24) Абы и лъэпкъым жаIа къудейуэ аращ: "ФыукI мыр е вгъэс!". Алыхьым ар къригъэлащ мафIэм. ИпэжыпIэкIэ ахэр нэщэнэхэщ, Iиман къэзыхьа лъэпкъым щхьэкIэ.
(25) Абы жиIащ: "ИпэжыпIэкIэ фэ Алыхьым нэгъуэщIу зыхухэфхащ тхьэ нэпцIхэр, фIыуэ фызэхущытын щхьэкIэ мы дунейм. ИтIанэ Къемэт махуэм зыхэм адрейхэр джауру жаIэнущ, зым адрейм нэлат ирихыжынущ. Фэ фи увыIэпIэр МафIэращ, фиIэкъым фэ дэIэпыкъуэгъухэр".
(26) Абы жиIэр зи фIэщ хъуар ЛутIщ. Абы (Ибрэхьим) жиIащ: "Сэ сокуэшыр си Тхьэм и деж, ипэжыпIэкIэ Ар Лъэщщ, АкъылыфIэщ".
(27) Абы тыгъэу хуэтщIащ Исхьэкърэ Екъубрэ, абы и щIэблэми бегъымбарыгъэмрэ Тхылъымрэ яхэтлъхьащ, и псапэри мы дунейми еттащ, атIэ ахърэтым ар фIы зыщIахэм ящыщщ.
(28) ЛутIи и лъэпкъым яжриIат: "Фэ зыми дунейхэм игъащIэкIэ имыщIа фIеягъэр фощIэр.
(29) Фэ цIыхухъухэм фокIуалIэр, гъуэгухэр зэхувощIыр, фыздызэхэхьэхэми мыхъумыщIагъэхэр фощIэр". Абы и лъэпкъым жэуапу къата къудейщ: "Къытхуэхь Алыхьым и хьэзабыр, жыпIэр пэжу щытмэ".
(30) Абы жиIащ: "Си Тхьэ, сатегъакIуэ фэсэд зыщIэ лъэпкъым".
(31) Ди лIыкIуэхэр Ибрэхьим и деж къыщыкIуахэм хъыбарыфIыр къыхуахьу, жраIащ: "Дэ мы къуажэм дэсхэр тедгъэкIуэдыкIынущ, абы дэсхэм залымыгъэ зэрахьэт".
(32) Абы жиIащ: "ИпэжыпIэкIэ абы ЛутI дэсщ!". Абыхэм жаIащ: "Дэ нэхъыфIу дощIэр абы дэсыр. Ари, абы и Iыхьлыхэри къедгъэлынущ и щхьэгъусэм мыхъумэ, ар хэкIуэдэнухэм щыщщ".
(33) Ди лIыкIуэхэр ЛутI и деж къыщыкIуэхэм, абы и гур къекIуащ, къэнэщхъеящ. Абыхэм жаIащ: "Умышынэ икIи умынэщхъей, уэри, уи Iыхьлыхэри дэ фыкъедгъэлынущ, уи щхьэгъусэм мыхъумэ, ар хэкIуэдэнухэм щыщщ.
(34) Дэ мы жылэм дэсхэм хьэзаб къахуедгъэхынущ, уафэм мыхъумыщIагъэу ящIэу щытам щхьэкIэ".
(35) Абым щыщу нэщэнэ нахуэ къахуэдгъэнащ лъэпкъ гупсысэм папщIэ.
(36) Мадянхэми яхуэдгъэкIуащ я къуэш Шухьаиб. Абы жиIащ: "Уэ лъэпкъ, Алыхьым фыхуэпщылI, Къемэт махуэм фыщыгугъыурэ, щIыми фэсэд фщIэуэ зыщевмыгъэубгъу".
(37) Ар пцIыупсу ябжащ, абыхэм я щIыр хъейуэ тщIыри я унэхэм нэху къатещащ, щIым телъхэр мыхъеижхэу.
(38) Хьадхэри, самудхэри. Абыхэм я псэупIэхэри нахуэ фхуэтщIащ фэ. Абыхэм шейтIаным яхуигъэщIэрэщIащ ялэжьхэр, гъуэгуми иримыгъакIуэхэу трихуахэщ. Абыхэм гурыIуэныгъэ яIэт.
(39) Къаруни, Фирхьэунри, Хамани. Абыхэм Мусэ къахуихьат нэщэнэ нахуэхэр, ауэ абыхэм щIым зыщагъэпагэу тетахэщ, икIи абы (хьэзабым) тежыфахэкъым.
(40) Псори я гуэныхьхэм щхьэкIэ зэщIэдубыдахэщ: абыхэм яхэтщ мывэхэр зытедгъэлъэлъар, яхэтщ кIий макъым тригъэкIуэдыкIар, яхэтщ щIым кIуэцIрыдгъэхуар, яхэтщ едгъэтхьэлахэр. Алыхьым абыхэм залымыгъэ ярихакъым, ауэ езыхэм залымыгъэ зрахыжауэ аращ.
(41) Алыхьым нэгъуэщI къыщхьэщыжакIуэ зыщтэхэр хуэдэхэщ унэ зыхуэзыщIыжа бэджым. АтIэ унэхэм нэхъ мыбыдэу яхэтыр бэджым и унэращ, ар ящIэтэмэ абыхэм.
(42) Алыхьым ипэжыпIэкIэ ещIэр ахэр зэлъэIухэр Езым нэгъуэщI, Ар ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ.
(43) Дэ мыпхуэдэ щапхъэхэр къахудохьыр цIыхухэм, ауэ ар къызыгурыIуэр щIэныгъэ зиIэ закъуэхэращ.
(44) Алыхьым уафэхэри щIылъэри ипэжыпIэкIэ къигъэхъуащ. Абы хэлъщ нэщэнэхэр, Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ.
(45) Еджэ уэ къыпхуехам, Тхылъым щыщу, нэмэзи щIы, нэмэзым щехъумэр мыхъумыщIагъэмрэ фIеигъэмрэ. Алыхьыр уигу къэбгъэкIыжыныр нэхъ лъапIэщ, Алыхьым ещIэр фэ вгъахъэхэр.
(46) Тхылъ къызыхуехахэм фадауэмэ, ар зэрынэхъыфIым хуэдэу фщIы, залымыгъэ зезыхьахэм мыхъумэ абыхэм ящыщу. ЖыфIэ: "Дэ къытхуехари, фэ къыфхуехари ди фIэщ хъуащ. Ди Тхьэри, фи Тхьэри зыщ. Дэ Абы дыхуэжыIэщIэщ".
(47) Апхуэдэу уэ Тхылъ ныпхуедгъэхащ. Тхылъ къызыхуехахэм ар я фIэщ мэхъур. Абыхэми яхэтщ ар зи фIэщ хъуахэр. Ди нэщэнэхэр джаур закъуэхэращ зымыдэхэр.
(48) Абы ипэкIэ Тхылъхэм щыщу зыми уеджакъым уэ, зыри уи IэкIи птхакъым. Армырамэ пцIыуэ зыбжхэм шэч къытрахьэнут.
(49) АтIэ ар нэщэнэ нахуэхэщ, щIэныгъэ зратахэм ягухэм илъщ, Дэ ди нэщэнэхэри зымыдэр залымыгъэ зезыхьэ къудейхэращ.
(50) Абыхэм итIани жаIащ: "Къыхуехатэмэ аракъэ абы нэщэнэ гуэрэ и Тхьэм и деж къикIауэ". ЖыIэ: "Алыхьым и дежщ нэщэнэхэр здэщыIэр, сэ нахуэу гурызгъаIуэ къудейуэ аращ".
(51) Абыхэм яхуримыкъуу ара Сэ яхуеджэхэу зэрыпхуезгъэхар Тхылъ? ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ гущIэгъурэ гум къэзыгъэкIыжынрэ Iиман къэзыхьа лъэпкъым щхьэкIэ.
(52) ЖыIэ: "Схурикъунщ сэ Алыхьыр щыхьэту сэрэ фэрэ ди я кум. Абы ещIэр уафэхэми щIылъэми щыIэр. ПцIыр зи фIэщ хъууэ Алыхьыр зи фIэщ мыхъуахэр - ахэращ хэкIуэдахэр.
(53) Абыхэм уагъэпIащIэр хьэзабымкIэ. АтIэ пIалъэр мыгъэнэхуатэмэ, абыхэм хьэзабыр къатехуэнт, икIи ар къахуэкIуэнут щамыгугъа уахътэм, абыхэм зыхамыщIэу.
(54) Абыхэм уагъэпIащIэр хьэзабыр къатехуэну, атIэ Жыхьэнэмэм къеухъуреихьыр джаурхэр.
(55) Абыхэм хьэзабыр къащытехуэкIэ я щхьэкIи, я лъакъуэхэм ищIагъкIи, жраIэнущ: "Феплъ атIэ иджы влэжьауэ щытам".
(56) Уэ, Си пщылIхэу Iиман къэзыхьахэ, Сэ си щIыр убгъуащ, Сэ фыкъысхуэпщылI.
(57) Дэтхэнэ псэми лIэныгъэр зыхищIэнущ, итIанэ Дэ ди деж къагъэзэжынущ.
(58) Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэр щыдгъэпсэунущ Жэнэтым и пэшхэм, я щIагъхэм псыежэххэр къыщIэжу, игъащIэкIэ абдежым къинэнухэщ. Сытым хуэдэу фIыщэ зылэжьхэм я псапэр.
(59) Шэчыныгъэ зыхэзгъэлъхэу я Тхьэм щыгугъэхэм.
(60) Дэтхэнэ зы хьэкIэкхъуэкIэми и ерыскъыр къыздрихьэкIкъым, Алыхьым иретыр ерыскъы абыи, фэри. Ар Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ.
(61) Абыхэм уаупщIмэ: "Хэт уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIар? Дыгъэри мазэри зыгъэжыIэщIар?" - абыхэм жаIэнущ: "Алыхьыращ". Сытым хуэдэу ахэр щагъауэрэ!I
(62) Алыхьым иретыр ерыскъы зыхуейуэ хъуам, и пщылIхэм щыщу, е хуегъэмащIэр абы. Алыхьым сытри ещIэр.
(63) Абыхэм уаупщIмэ: "Хэт уафэм псыр къезыгъэхыу абыкIэ щIыр къэзыгъэхъужар лIа нэужькIэ?" - жаIэнущ: "Алыхьыращ". ЖыIэ: "Щытхъур зейр Алыхьыращ!" Ауэ абыхэм я нэхъыбэм къагурыIуэркъым.
(64) Мы дунейм щыбгъэщIыр джэгунрэ зыгъэтхъэнрэщ, ахърэтыр атIэ игъащIэкIэ ущыпсэун щIыпIэщ, ар ящIэмэ аратэкъэ абыхэм!
(65) Ахэр кхъухьым итIысхьэмэ Алыхьым зыхуагъазэри йолъэIухэр я диныр хуагъэкъабзэурэ. ИтIанэ ахэр щIым тригъэувэжхэмэ къригъэлу, иджыр гуэрэм гъусэ хуащIыр.
(66) Абыхэм яттам епцIыжахэщ, зыщагъэтхъэным папщIэ. АтIэ къащIэнщ абыхэм.
(67) Абыхэм ямылъагъуу ара Хьэрэмыр щIыпIэ шынагъуэншэу зэрытщIар, абы ихъуреягъкIэ цIыхухэр зэрыкIуэдхэр? Абыхэм пцIыр я фIэщ хъууэ Алыхьым и фIыщIэм епцIыжхэу ара?
(68) Хэт нэхъыбэу залымыгъэ зезыхьэр Алыхьым пцIы тезылъхьэм нэхърэ, е пэжыр къыщыхуэкIуэкIэ ар пцIыуэ зыбжым нэхърэ? Жэхьэнэмэракъэ атIэ джаурхэм здагъэзэжынур?
(69) Дэ щхьэкIэ зауэхэр атIэ Ди гъуэгу захуэхэмкIэ тшэнухэщ, Алыхьыр фIы зыщIэхэм ящIыгъущ.