(1) И щIыхьыр инщ, жэщым и пщылIыр Хьэрэм мэжджытым кърихыу Акъса мэжджыт зи хъуреягъыр берычэт тщIам зыхьам, абы Ди нэщэнэхэр едгъэлъагъуным папщIэ. Ар Зэхэзыхщ, Зылъагъущ
(2) Муси Тхылъыр еттащ, ар тщIащ гъуэгу захуэу Исраилым и лъэпкъым папщIэ: "Сэ фIэкIауэ нэгъуэщI уэчыл фымыщтэ"
(3) Нухь игъусэу къетхьэкIахэм къатекIа лъэпкъ, ар пщылI куэду шыкур зыщIу щытащ
(4) Исраил и лъэпкъым хуэдухащ Тхылъым иту: "ЩIым мыхъумыщIагъэ тIэу унейрэ щывгъэхъэнущ, итIанэ фепэгэкIынущ къызэрымыкIуэу"
(5) Япэрей мыхъумыщIагъэр щывгъахъэм къыфтедгъэуащ Дэ ди пщылI къаруушхуэ зиIэхэр, ахэр я унэхэм кърикIуахэщ, апхуэдэу псалъэр гъэзэщIа хъуащ
(6) ИтIанэ фэ иджыри зэ фатедгъэкIуащ абыхэм, мылъкури, бынри куэду фэттащ, икIи фэ фыдгъэбэгъуащ
(7) ФIы фщIэмэ, ар зыхуэфщIэр фэ фи щхьэщ, Iей фщIэми аращ зыхуэфщIэр. Иужьрей псалъэм и пIалъэр къыщысым, фи нэгухэр ягъэнэщхъеящ, мэжджытми ипэкIэ зэрыщIыхьахэм хуэдэу щIэдгъэхьахэщ, яIэщIыхьари зэрыщыту зэхакъутащ
(8) Фи Тхьэм къыфхуигъэгъункIэ мэхъур, ауэ къытевгъазэмэ, Дэри къытедгъэзэнущ, жыхьэнэмэри джаурхэм щхьэкIэ убыдыпIэ тщIащ
(9) ИпэжыпIэкIэ мы КъурIэным гъуэгу нэхъ захуэм хуешэр, Iиман къэзыхьахэу фIы зыщIэхэри егъэгуфIэр, абыхэм псапэшхуэ къазэрылъысыжынумкIэ
(10) Ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэм щхьэкIэ атIэ хьэзаб гуауэр дгъэхьэзыращ
(11) ЦIыхур Iейм щIолъэIур, фIым зэрыщIэлъэIум хуэдэу, ипэжыпIэкIэ цIыхур мэпIащIэр
(12) Жэщымрэ махуэмрэ нэщэнитI дыщIащ Дэ. Жэщым и нэщэнэр кIыфIым щIедгъэхъумэри, махуэм и нэщэнэр дгъэлыдащ, фи Тхьэм и фIыгъуэхэм фыхущIэкъун папщIэ, илъэсхэм я бжыгъэри фщIэн папщIэ, фыбжэфыни папщIэ. Дэтхэнэ зы Iуэхури белджылы тщIащ Дэ
(13) Дэтхэнэ зы цIыхуми и лэжьыгъэхэр ипщэ дэтлъхьащ дэмыкIыну, Къемэт махуэми абы и пащхьэ итлъхьэнущ тхылъыр зэIухауэ
(14) Еджэ уи тхылъым, уэ блэжьауэ хъуар уи щхьэкIэ нобэ къэплъытэжмэ пхурикъунщ
(15) Гъуэгу захуэм теувар зыхутеувар езым и щхьэщ, гъуэщари и щхьэщ зэрыгъуащэр. Зым и хьэлъэри адрейм ихьынукъым. ИкIи Дэ хьэзаб ятедгъахуэтэкъым, лIыкIуэ яхуэдмыгъэкIуауэ
(16) Къуажэ гуэр хэдгъэкIуэдэну дыхуеймэ, абы дэс егъэлеяуэ зызгъатхъэхэм унафэ яхуэтщIт, ауэ мыхъумыщIагъэхэр ящIэти, псалъэу абыхэм щхьэкIэ къехар къэпэжти зэхэдгъэлъалъэт къанэ щымыIэу
(17) Дапщэ щIэблэ тедгъэкIуэдыкIа Нухь иужь?! Ирокъур уи Тхьэм зэрищIэр икIи зэрилъагъур и пщылIхэм я гуэныхьхэр
(18) ГъащIэ псынщIэу блэкIым хуейIамэ, Дэ занщIэу дызыхуейм еттынущ дызыхуейр, итIанэ жыхьэнэмэм нэдгъэсынущ къамыдауэ зыми икIи гъэпудауэ
(19) АтIэ ахърэтым хуейуэ абы хущIэкъум зэрыхуэфащэу Iимани къихьауэ щыту, абы гугъуехьу илъэгъуам хуэфащэр игъуэтыжынщ
(20) Адрейхэми, мыдрейхэми уи Тхьэм и тыгъэхэр ядотыр, икIи уи Тхьэм и тыгъэхэр мыхъуну щыткъым
(21) Еплъыт абыхэм ящыщ зыхэр адрейхэм къазэрыхэдгъэщар, атIэ ахърэтыр нэхъ лъапIэщ икIи нэхъыфIщ
(22) Алыхьым нэгъуэщI гъусэ щIомыгъу, е гъэцIыкIуауэ хыфIадзэжауэ укъэнэнщ
(23) Уи тхьэм унафэу иухуар: езым нэгъуэщI зыми уахуэмыпщылIыну, адэ-анэм фIыуэ уахущытыну. Абыхэм ящыщ зыр е тIури жьы хъумэ, абыхэм "Фу", яжумыIэ, пхъашэуи уахущымыт, псалъэ дахэ яжеIэ
(24) Абыхэм гущIэгъум и дамэр яхуэгъэтIылъи жыIэ: "Тхьэшхуэ! Мыбыхэм гущIэгъу яхуэщI, сэ сызырыцIыкIурэ сызэрапIам щхьэкIэ"
(25) Фи Тхьэм нэхъыфIу ещIэр фигу илъыр. ФIым фытету щытмэ, атIэ Абы къэзыгъэзэжым гущIэгъу хуещIыр
(26) Уи Iыхьлым хуэфащэри, тхьэмыщкIэм хуэфащэри, гъуэгурыкIуэм хуэфащэри ят, ауэ йомыгъэлей
(27) Езыгъэлейхэр шейтIанхэм я къуэшхэщ, атIэ шейтIаныр Алыхьым епцIыжащ
(28) Абыхэм уи щIыб яхуэбгъазэмэ, уи Тхьэм и гущIэгъум ущыгугъыу, атIэ абыхэм псалъэ дахэ яжеIэ
(29) Уи Iэр уи пщэм еIулIауэ къомыгъанэ (умынэпсей), икIи икIыхьагъкIи умыукъуэдий(йомыгъэлей), е ягъэкъуаншэу, нэщхъейуэ укъэнэжынущ
(30) Уи Тхьэм зыхуейм ерыскъыр хуеубгъу е хуегъэмащIэ, Абы и пщылIхэр елъагъур, ещIэхэр
(31) Фи сабийхэри фымыукI тхьэмыщкIагъуэм фыщышынэу, Дэращ ахэми, фэри ерыскъыр къыхуезыгъэхыр. Ахэр фыукIыныр икъукIэ гуэныхьышхуэщ
(32) Зинэми благъэ зыхуэвмыщI! Ар мыхъумыщIагъэшхуэщ, зыхуишэри икъукIэ Iеищэщ
(33) Алыхьым хьэрэм ищIа псэри хэвмых, хуэмыфащэу. ЗалымыгъэкIэ яукIам и уэлийр хуит тщIынущ, ауэ лъыщIэжым иремыгъэлей. Абым дэIэпыкъуэгъуи иIэнущ
(34) Ибэми и мылъкум фемыIэб, нэхъыфIыж зэрыфщIын мыхъукIэ, ар акъылкIэ зэтемыувэху. ИкIи фызэрызэгурыIуахэм фытет, зэгурыIуэныгъэхэмкIэ къывэупщIыжынущ
(35) Зыгуэр къэфпщытэмэ, ар пэжу къэфпщытэ, тэрэзэ захуэкIи фшэч. Ар нэхъыфIщ икIи кIэух нэхъ дахэ зиIэщ
(36) Уэ зыхомыщIыкIым ухэмыхьэ: уи тхьэкIумэми, уи нэми, уигуми еупщIыжынущ абым щхьэкIэ
(37) ЩIым зыбгъэпагэурэ уземыкIуэ, уэ щIыри пхуэугъуэнынукъым, къуршхэми лъагагъэкIэ уапэхъунукъым
(38) А Iейуэ хъуари уи Тхьэм фIэмыфI защIэщ
(39) Мыр уи Тхьэм къыпхуригъэха акъылыфIагъэм щыщщ, Алыхьым гъусэу нэгъуэщI зыгуэр хуомыщI, е жыхьэнэмэм ягъэкъуаншэу, къамыдэжу уихуэнщ
(40) Фи Тхьэм цIыхухъу бынхэкIэ фи щIыхьыр иIэту, Езым мелыIычхэм щыщу цIыхубз зыхуищтэжауэ пIэрэ? Сытым хуэдэу псалъэ Iеищэ а фэ жыфIэхэр!
(41) Дэ мы КъурIэныр гъэнэхуа тщIащ, ягу къэкIыжын папщIэ, ауэ ахэр нэхъри пэIэщIэ хъууэ аращ
(42) ЖыIэ: "Абым нэгъуэщI тхьэхэр щIыгъуатэмэ а зэрыжаIэм хуэдэу, ахэр псори тахътым и Тхьэм и деж дауикI нэсыну хуеинухэт"
(43) Нэхъ лъагэщ икIи нэхъ щхьэщыIэтыкIащ Ар, абыхэм хужаIэу хъуам
(44) Абы и щытхъур яIэтыр уафиблми, щIыми, абыхэм ятетхэми. Зыри щыIэкъым Абы и щытхъур имыIэту, ауэ фэ абыхэм я щытхъубзэр къывгурыIуэкъым. Ар пIалъэ язытщ, Зыгъэгъущ
(45) КъурIэн ущеджэм и деж уэрэ ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэмрэ фи яку куутI къэмылъагъуэ дэтлъхьащ
(46) Абыхэм ягухэм тепхъуэ тетпIащ, КъурIэныр къагурымыIуэн папщIэ, я тхьэкIумэхэми зэхамых тщIащ. Уи Тхьэ закъуэм и гугъу пщIымэ КъурIэным уеджэу, абыхэм я щIыбхэр къагъазэр яфIэмыфIу ар
(47) Дэ нэхъыфIу дощIэр абыхэм зэхахыр уэ къыщодэIухэкIэ. Ахэр щэхуу щызэIущащэхэкIэ, залымыгъэ зезыхьэхэм жаIэр: "Фэ фызыкIэлъыкIуэр щхъуэ зраха цIыху къуэдейуэ аращ"
(48) Еплъыт абыхэм щапхъэу узыхуагъадэхэм! Ахэр щыуахэщи гъуэгу захуэр ягъуэтыжкъым
(49) Абыхэм жаIащ: "Къупщхьэрэ щыкъуейрэ фIэкIа зыри къытхэмынэжми щIэрыщIэу дыкъигъэхъужыну ара?"
(50) ЖыIэ: "Мывэ е гъущI фырехъу
(51) нэгъуэщIу фигу къихьэ нэхъ пIащэ гуэри фырехъу". Абыхэм жаIэнущ: "Хэт атIэ къыдэзыгъэгъэзэжынур?" ЖыIэ: "Япэрейуэ фыкъэзыгъэщIаращ". Ауэ абыхэм я щхьэхэр ягъэхъеинущи жаIэнущ: "Сыт щыгъуэ ар къыщыхъунур?" ЯжеIэ: "Благъэ дыдэу къэхъункIэ мэхъур"
(52) А махуэм Ар къывэджэнущи жэуапу щытхъу жефIэнущ, икIи фи гугъэнущ мащIэ дыдэрэ фыкъэнауэ
(53) ЯжеIэ Си пщылIхэм нэхъыфIым фIэкIа жамыIэну, шейтIаныр хуейщ зэгурымыIуэныгъэр яхилъхьэну, атIэ шейтIаныр цIыхум и бийшхуэщ
(54) Фи Тхьэр нэхъыфIу къыфщыгъуазэщ: хуеймэ гущIэгъу фхуищIынщ, хуеймэ хьэзаб къыфтрилъхьэнщ. Уэ абыхэм я уэчылу удгъэкIуакъым
(55) Уи Тхьэм нэхъыфIу ещIэр уафэхэми щIылъэми щыIэхэр, икIи Дэ зы бегъымбархэр адрейхэм къахэдгъэщащ, Дауди Забур еттащ
(56) ЖыIэ: "Абы нэгъуэщI тхьэуэ вгъэIуахэм къахуевджэ. Абыхэм гузэвэгъуэри фщхьэщахыфынукъым икIи нэгъуэщIым трагъэхуэфынукъым"
(57) Абыхэм я лъэIухэр зыхуагъазэхэм езыхэми я Тхьэм нэхъ пэгъунэгъу зызэрыхуащIын гуэр къалъыхъуэ, зыр зым ипэ зрагъэщурэ. Абы и гущIэгъум щогугъхэ, и хьэзабым щошынэхэ. Уи Тхьэм и хьэзабыр икъукIэ узщышынэн хуейщ
(58) ЩыIэкъым зы жыли, Къемэт махуэм ипэкIэ дымыгъэкIуэдыжыну е хьэзаб гуащIэ тедмылъхьэну. Ар Тхылъым ипэкIэ итхауэ щытащ
(59) ИпэкIэ я фIэщ зэрамыщIам щхьэкIэ лIыкIуэхэр къахуэдмыгъэкIуэжу къэдгъэнакъым. Сэмудми махъшэр нэщэнэ нахуэу къахуедгъэхат, ауэ залымыгъэ ирахащ. Дэ нэщэнэхэр иридгъэшынэн щхьэкIэ недгъэх къудейуэ аращ
(60) Дэ бжетIащ: "ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэм цIыхухэр псори къызэщIеубыдэр". Уэ пщIыхьэпIэу уэдгъэлъэгъуари, жыг КъурIэным деж нэлат зытехуари, цIыхухэр дедгъэхьэхыну тщIауэ аращ. Дэ ахэр догъэшынэр, ауэ абыхэм я мыдаIуэныгъэр нэхъри хэхъуэу аращ
(61) МелыӀычхэм унафэ яхуэтщӀащ: " Ӏэдэм щхьэщэ хуэфщI". Псоми щхьэщэ хуащӀащ, Ӏиблис мыхъумэ, абы жиIащ: "Си щхьэр хуэзгъэтIылъыну ара щIым Уэ ятIагъуэм къыхэпщIыкIам?"
(62) Абы жиIащ: "Плъагъурэ Уэ, мы сэ нэхърэ нэхъ фIыщIэ зыхуэпщIар? Къемэт махуэ нэс сыкъэбгъанэмэ, сэ абы и щIэблэу къыщIэхъуэнур схуэжыIэдаIуэ сщIынщ, мащIэ тIэкIу нэхъ къэмынэу"
(63) ЖиIащ: "КIуэ, уэ уи ужьым къихьэнухэм жыхьэнэмэращ яхуэфащэнур, ящIауэ хъуам хуэфащэу
(64) Къэгъэделэ пхуэлъэкIыр абыхэм ящыщу уи макъкIэ, уи шухэри уи лъэсхэри ятеутIыпщхьэ, я мылъкуи я быни ядэгуэш, къэгъэгугъэхэ. ИпэжыпIэк1э, шейтIаным къызэригъэгугъэр - къегъэделэ къудейщ
(65) Си пщылIхэр уэ уи унафэ щIэтхэкъым. Ирокъур Уи Тхьэр абыхэм я уэчылу зэрыщытыр"
(66) Фи Тхьэр, кхъухьхэр хым фхузезыгъакIуэращ, Абы и фIыгъуэхэм щыщ къыфIэрыхьэн папщIэ. Абы гущIэгъу къыфхуещIыр фэ
(67) Хым фытету бэлыхь къыфтехуэмэ, Абы нэгъуэщI къызыхуевджэхэр зэуэ мэкIуэдыжыр. Ауэ фыкъригъэлу щIым фынихьэсыжмэ, фи щIыбхэр хувогъазэ, цIыхур икъукIэ епцIыжакIуэщ
(68) Фыщымышынэу ара фэ щIым щыщ тэкъырым фыкIуэцIригъэхуну е мывэ уэшхым хуэдэу къыфтригъэщэщэну? ИтIанэ вгъуэтыжынукъым фэ дэIэпыкъуэгъу фхуэхъун
(69) Е фымышынэу ара иджыри зэ хым фигъэгъэзэжу уэлбанэр жьышхуэ щIэту къыфтриутIыпщхьэу фригъэтхьэлэну, фызэрепцIыжам щхьэкIэ? ФиIэнукъым фэ итIанэ филъ ищIэжыну Дэ къытхуэкIуэн!
(70) Iэдэм и бынхэм фIыщIэ яхуэтщIащ, щIыми хыми зэрыщызекIуэн яттащ, фIыгъуэхэми щыщ яттащ, нэгъуэщI къэдгъэщIа куэдми ахэр ящытIэтыкIащ
(71) А махуэм цIыху псори къедджэнущ, я пашэхэри ящIыгъуу, итIанэ зи тхылъыр ижьымкIэ иратахэр я тхылъхэм еджэнухэщ, абыхэм финикым и кумылэм телъ фэ пIащIэм хуэдизкIи залымыгъэ ирахынукъым
(72) Мы дунейм нэфу тетар, ахърэтми нэфу къэнэнущ, нэхъри щыуа хъунущ
(73) Абыхэм утраху пэтащ мы къыпхуедгъэхам, уэ къэбгупсыса гуэрхэр къыттеплъхьэн папщIэ. Мис абдежым яфIэфI дыдэ ухъунут
(74) Дэ удгъэбыдащ абыхэм я дежкIэ мащIэу уекъуну ухуежьэрэ пэт
(75) Апхуэдэу хъуатэмэ, егъэлеяуэ мы уи гъащIэми, уи псэр хэкIа иужькIи, бэлыхьыр зыхэпщIэнт, икIи зыри дэIэпыкъуэгъу пхуэхъуфынутэкъым, Дэ къытпэуву
(76) Абыхэм щIым ураху пэтащ шынагъэкIэ, ауэ езыхэри итIанэ а щIым куэдрэ къытенэжынухэтэкъым
(77) Уи япэкIэ нэдгъэкIуа Ди лIыкIуэхэми арат иращIэр. Дэ дыухам зэхъуэкIыныгъэ хэлъу умыгъуэтын
(78) Нэмэзыр щIы, шэджагъуэм щегъэжьауэ дунейр кIыфI хъуху, нэхущэми КъурIэн еджэ. Нэхущэм КъурIэн еджэм щыхьэт иIэщ
(79) Жэщым щыщу уахътэ гуэр нэмэз щIы, уэ зэрыпфIэфIу, уи Тхьэм укъигъэхъужынкIэ мэхъу, щIыпIэ щытхъушхуэ зиIэр быубыдауэ
(80) ИкIи жыIэ: "Си, Тхьэ, си къэкIуэгъуэри пэж щIы, си кIуэжыгъуэри пэж щIы! Уи деж къикIауи нэщэнэ нахуэ къызэт!"
(81) ЖыIэ: "Пэжыр къакIуэри пцIыр кIуэдыжащ! ПцIым кIуэдыжынращ и натIэр"
(82) Дэ ныдогъэхыр КъурIэным иту зыгъэхъужынымрэ гущIэгъуныгъэшхуэмрэ, Iиман къэзыхьа цIыхухэм папщIэ. Ауэ залымыгъэ зезыхьахэм кIуэдыжыныращ яхухигъахъуэр
(83) ЦIыхум фIыгъуэ еттамэ, и щIыбыр къегъазэри епэгэкIыурэ ткIэрокIыр. Ауэ Iей гуэр къеуэлIамэ, Iэмалыншэ мэхъу
(84) ЖыIэ: "ЦIыху къэскIэ езым и гъуэгу къыхехыр, ауэ фи Тхьэм нэхъыфIу ещIэр нэхъ гъуэгу захуэм тетыр"
(85) Ахэр къоупщIынущ псэм щхьэкIэ. ЖыIэ: "Псэр си Тхьэм и унафэм щIэтщ. Фэ абы теухуауэ мащIэщ фщIэр"
(86) Дэ тхуеятэмэ, а къыпхуедгъэхар пIитхыжынут, итIанэ бгъуэтынутэкъым абыкIэ дэIэпыкъуэгъу пхуэхъун
(87) Ар уи Тхьэм и гущIэгъур мыхъуатэмэ. ИпэжыпIэкIэ Абы фIыгъуэу уэ къыпхуищIыр куэд дыдэщ
(88) ЖыIэ: "ЦIыхухэри жынхэри зэхыхьэу мы КъурIэным хуэдэ къахьыну хуеятэмэ, абы хуэдэ къахьыфынутэкъым, зыр зым и дэIэпыкъуэгъу хъуахэтэми"
(89) Дэ мы КъурIэным сыт хуэдэ щапхъэри къэтхьащ цIыхухэм щхьэкIэ, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм псори IэщIыб ящIыр, джаурыгъэм мыхъумэ
(90) Абыхэм жаIащ: "Ди фIэщ ухъунукъым, щIым дэр щхьэкIэ псынэ къыщIомыгъэжауэ
(91) Е жыг хадэ уимыIэху, пальмэхэмрэ санэрэ къыщыкIыу, абыхэм псыежэххэр хэпшауэ иIэхэу
(92) Е уафэр, а зэрыбгъэIум хуэдэу, такъыр-такъыру къыттебгъэхуэху, е Алыхьымрэ мелыIычхэмрэ уащIыгъуу ди пащхьэ укъимыувэху
(93) Е мывэ лъапIэхэм къыхэщIыкIа унэ уимыIэху, е уафэм удэмыкIуеиху. Ауэ узэрыдэкIуеяри ди фIэщ хъунукъым, Тхыгъэр абы къытхуепхьэхыу демыджэху". ЖыIэ: "И щIыхьыр инщ си Тхьэм! Сэ сыцIыху къызэрыкIуэ къудейщ икIи сылIыкIуэ къудейщ"
(94) ЦIыхухэм Iиман къахьыну зэран яхуэхъуар гъуэгу захуэр къащыхуэкIуэм: "Алыхьым цIыху лIыкIуэу къытхуигъэкIуауэ ара?" - зэрыжаIаращ
(95) ЖыIэ: "ЩIым мелыIычхэр хуиту щызекIуэтэмэ, Дэри абыхэм уафэм къахуедгъэхынт лIыкIуэу мелыIыч"
(96) ЖыIэ: "Алыхьыр щыхьэту схурокъур фэрэ сэрэ ди яку, Абы ипэжыпIэкIэ и лIыкIуэхэр елъагъур, ещIэхэр"
(97) Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэуваращ, гъуэгу захуэм тетыр, ауэ щигъэуахэм Езым нэгъуэщI дэIэпыкъуэгъу ягъуэтынукъым. Ахэр Къемэт махуэм къызэхуишэсынухэщ нэгукIэ Iубахэу, нэфхэу, мыпсалъэфхэу, дэгухэу. Абыхэм я увыIэпIэр жыхьэнэмэщ, ужьыхыжыху къэскIэ мафIэр нэхъыбэ яхудощIыжыр
(98) Аращ абыхэм яхуэфащэр, Ди нэщэнэхэр я фIэщ зэрымыхъуам щхьэкIэ, икIи: "Къупщхьэрэ сабэрэ дыхъужа иужь щIэрыщIэу дыкъагъэхъужыну ара?" - жаIэу зэрыщытам щхьэкIэ
(99) Абыхэм ямылъагъуу ара уафэхэри щIылъэри къэзыгъэхъуа Алыхьым зэрыхузэфIэкIынур, езыхэм хуэди къызэригъэхъуфынур? Абым пIалъэ шэч зыхэмылъ яхуигъэунэхуащ абыхэм, ауэ залымыгъэ зезыхьэхэм джаурыгъэ фIэкIа зыри ядэкъым
(100) ЖыIэ: "Фэ си Тхьэм и гущIэгъуныгъэм и хъугъуэфIыгъуэхэм я гъэтIылъыпIэхэр псори фи IэмыщIэ илътэми, фыщысхьынут факъырэ фыхъункIэ фышынэурэ, цIыхур нэпсейщи аращ"
(101) Мусэ нэщэнибгъу нахуэхэр еттащ. ЯупщIыт Исраил и бынхэм, Мусэ къащыхуэкIуам, Фирхьэуным абы жриIауэ зэрыщытар: "ИпэжыпIэкIэ, уэ, Мусэ, щхъуэ къыуаха къысфощIыр"
(102) Абы жиIащ: " Уэ уощIэр мыхэр зэуэ уафэхэмрэ щIылъэмрэ я Тхьэм нэгъуэщIу зыми къызэрыримыгъэхар, нэщэнэ нахуэ фхуэхъуну. Уэ, Фирхьэун, уэ кIуэдыкIэ бзаджэ уиIэну къысфIощIыр"
(103) Абы (Фирхьэуным) щIым ирихуну хуеящ ахэр, ауэ Дэ езыри, щIыгъуауэ хъуари едгъэтхьэлахэщ
(104) ИужькIэ Исраил и бынхэм яжетIащ: "Мы щIым фыщыпсэу, иужьрей псалъэу ттар къыщыпэжым и деж, псори зэгъусэу фызэхуэтхусыжынщ"
(105) Ар пэжу едгъэхащ, пэжри иту недгъэхащ. Уэри фIыкIэ зыгъэгуфIэу, Iейм пэIэщIэ зыщI къудейуэ унедгъэхауэ аращ
(106) КъурIэныр дгуэшащ, цIыхухэм уахуеджэн папщIэ умыпIащIэу. Ар Iыхьэ - Iыхьэу недгъэхащ
(107) ЖыIэ: "Ар фи фIэщ вгъэхъу е фымыгъэхъу! ИпэжыпIэкIэ щIэныгъэ зратауэ щытахэр абы щеджэкIэ, я щхьэхэр щхьэщэ ящIкIэрэ щIым ягъэтIылъыр, я жьэпкъхэр нэсыху
(108) ИкIи абыхэм жаIэр: "Ди Тхьэу зи щIыхьыр лъагэ! ИпэжыпIэкIэ ди Тхьэм псалъэу къыдитар Iэмал имыIэу къэпэжынущ"
(109) ЩIым щхьэщэ ящIурэ я жьэпкъхэр нэсыху зытраубгъуэр гъуэгхэурэ, икIи абы я сабырыныгъэр хегъахъуэр
(110) ЖыIэ: "ФелъэIу Алыхьым е фелъэIу ГущIэгъущIым! Дэтхэнэм фемылъэIуами, Абы цIэ нэхъ дахэу щыIэхэр ейщ". Уи нэмэзри макъышхуэкIи умыщI, уIущащэуи умыщI, абым яку дэт макъкIэ щIы
(111) ИкIи жыIэ: "Щытхъур зейр Алыхьыращ, бын къызхуэзмыщтэжам, зыми зи унафэр дэзмыгуэшым, гъэпудыным щызыхъумэн хуэмыныкъуэм". ИкIи егъэлеяуэ Ар гъэлъапIэ