28 - Al-Qasas ()

|

(1) ТIа Син Мим

(2) Мыр Тхылъ нахуэм и Iэятхэщ.

(3)

(4) Фирхьэуным щIылъэм зыдриIэтеящ, абы щыпсэухэр гупхэу игуэшащ: абыхэм щыщ гупыр къарууншэ ищIащ, я къуэхэр иукIхэт, я бзылъхугъэхэр къигъанэт. Ар фэсэд зыгъахъэхэм щыщт.

(5) Дэ дыхуеящ а къарууншэ щIым тращIыхьахэм фIыщIэ яхуэтщIэну, ахэр пашэ тщIыну, абыхэм щIэиныр ялъыдгъэсыну.

(6) ИкIи абыхэм унафэр щIым яттыну, Фирхьэунми, Хаманми, абыхэм я дзэми ядгъэлъагъуну ахэр зэрагъэшынэу щытар.

(7) Мусэ и Анэм жетIащ: "Гъашхэ ар быдзышэкIэ, утешыныхьмэ абы псым хэдзи умышынэ икIи умынэщхъей, Дэ ар къоттыжынщ, лIыкIуэхэми ящыщ тщIынщ".

(8) Ар фирхьэуным и унагъуэм къащтащ, абыхэм бий яхуэхъуну, нэщхъеягъуэри къахуихьыну. Фирхьэунри, Хаманри, абыхэм я дзэри - псори гъуэщахэм ящыщхэщ.

(9) Фирхьэуным и щхьэгъусэм жиIащ: "Сэри уэри дызыгъэгуфIэнщ мыр, фымыукI ар, сэбэп къытхуэхъункIэ мэхъу е быну къэтщтэжынкIэ мэхъу". ИкIи абыхэм зыри ящIэртэкъым.

(10) Мусэ и анэм и гур нэщI хъуащ, илъри къигъэлъагъуэ пэтащ, ауэ Дэ абы и гур дгъэбыдащ, Iиман къэзыхьахэм ящыщ хъуным папщIэ.

(11) Абы жриIащ (Мусэ) и шыпхъум: "КIэлъыплъ абы". Ар кIэлъыплъащ лъэныкъуэкIэ щытурэ, адрейхэм къамыщIэурэ.

(12) Абы хьэрэм хуэтщIащ ипэкIэ быдзышэкIэ зыгъэшхэнухэр псори. ИтIанэ абы (Мусэ и шыпхъум) жиIащ: "Фысшэн унагъуэ абы фхукIэлъыплъыфынум икIи фхуэзыпIынум ?"

(13) ИтIанэ ар и анэм еттыжащ, игу арэзы хъуну икIи мынэщхъеину, Алыхьым и псалъэри зэрыпэжыр ищIэну. Ауэ абыхэм я нэхъыбэм ящIэркъым ар.

(14) Ар (Мусэ) зэпIэзэрыт хъууэ щызэтеувэм еттащ акъылыфIагъэрэ щIэныгъэрэ, апхуэдэу фIы зыщIэхэм яхуэфащэр ядотыр.

(15) Ар къалэм дэхьащ, дэс цIыхухэм къамылъагъуу, абдежым щилъэгъуащ лIитI зэзауэхэу: зыр и лъэпкъым щыщт, адрейр и бийт. И лъэпкъым щыщыр къелъэIуащ дэIэпыкъуну и бийм текIуэну. Мусэ абым еуэри иукIыпащ. Абы жиIащ: "Мыр шейтIаным и Iуэхущ, ар бий зыгъэгъуащэщ, нахуэщ".

(16) Абы жиIащ: "Си Тхьэ, си щхьэм залымыгъэ есхыжащ, къысхуэгъэгъу", - итIанэ Абы хуигъэгъуащ. Ар Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.

(17) Абы жиIащ: "Си Тхьэ, фIыгъуэу къысхуэпщIамкIэ мыхъумыщIагъэ зезыхьэхэм дэIэпыкъуэгъу сахуэхъунукъым сэ".

(18) Ар шынэу, зыщIэдэIукIыу къалэм дэту нэху къытещащ. Абдежым дыгъуасэ дэIэпыкъуэгъу зыхуэхъуар аргуэру къеджащ. Мусэ абы жриIащ: "Уэ нахуэщ узэрыщыуар".

(19) Абы я бийр къиубыдыну щыхуежьэм, абы жиIащ: "Уэ Мусэ, сэри сыбукIыну ухуейуэ ара, дыгъуасэ цIыху зэрыбукIам хуэдэу? Уэ залымыгъэ зепхьэу щIым утетыну аращ узыхуейр, ухуейкъым уэ цIыхухэр зэзыгъэкIуу ущытыну".

(20) Къалэм и гъунэм къикIри лIы къэкIуащ гузавэу икIи жиIащ: "Мусэ, цIыху бейхэр зэгуроIуэхэр уэ уаукIыну! ДэкI, сэ чэнджэщ къозытхэм сащыщщ".

(21) Ар къыдэкIащ абы шынэу, зыкIэщIэплъыкIыу, жиIащ: "Си Тхьэ, сыкъегъэл залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъым".

(22) Абы Мэдйяным и лъэныкъуэмкIэ иунэтIащ, жиIащ: "Си Тхьэм гъуэгу захуэм сытригъэувэнкIэ мэхъур".

(23) Ар Мэдйяным я псым щынэсым къилъэгъуащ цIыху куэдым я Iэщхэр псы ирагъафэу, лъэныкъуэкIи бзылъхугъитI щыту, я Iэщыр Iуахуу. Ар яупщIащ: "Сыт фщIэр?" Абыхэм жаIащ: "Дэ ди Iэщыр псы едгъафэкъым Iэхъуэхэр IумыкIыжхэу, ди адэри лIыжь кхъахэщ".

(24) Абы (Мусэ) псы яхуригъэфащ Iэщыр, итIанэ жьауэм хуиунэтIри жиIащ: "Си Тхьэ, фIыгъуэу къысхуебгъэхыу хъуам сыхуэныкъуэщ сэ".

(25) Абдежым абыхэм ящыщ зыр укIытэу къыбгъэдыхьащ. Абы жиIащ: "Си адэр къоджэр, псы зэрытхуебгъэфам и пщIэр къыуитыжыну". Абы и деж къыщыкIуэм и хъыбарыр хуиIуэтащ. Абы жиIащ: "Умышынэ, уэ залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъым уакъелащ".

(26) Абыхэм (бзылъхугъэхэм) ящыщ зым жиIащ: "Си адэ, мыр бэджэнду къащтэ. Бэджэнду къапщтэмэ нэхъыфIыр лъэщу дзыхь зыхуэпщI хъунуращ".

(27) Абы (Шухьэиб) жиIащ: "Сэ сыхуейщ уэ мы си пхъуитIым языр щхьэгъусэу къостыну, абы щхьэкIэ илъэсийкIэ усхуэлэжьэну. ИлъэсипщI ирибгъэкъумэ атIэ уи фIыгъуэкIэщ. ИкIи сыхуейкъым гугъу уезгъэхьыну, ухуейуэ щытмэ фIым тетхэм ящыщу сыплъагъун, Алыхьыр хуеймэ".

(28) Абы жиIащ: "Ар уэрэ сэрэ дызэрызэгурыIуащ, а пIалъитIым щыщу сыт хуэдэ къыхэзмыхми, залымыгъэ къызэвмых. Алыхьыр жытIам и Уэчылщ".

(29) Мусэ и пIалъэр щиухым и унагъуэр щIыгъуу гъуэгу техьащ. Абы щилъэгъуащ джабэм и лъэныкъуэмкIэ мафIэ сыуэ, и унагъуэми яжриIащ: "Мыбдежым фыщыт, сэ сыкIуэнщи а мафIэм сеплъынщ, е хъыбар гуэр къыфхуэсхьынщ, е мафIэ дэп къыфхуэсхьынщ, зривгъэхуэбэну".

(30) Ар щыбгъэдыхьэм абдежым тафэм и ижьыбгъумкIэ щIыпIэ бэрэчэтым къиIукIри макъ зэхихащ жыгым и деж: "Уэ Мусэ, Сэращ Алыхьыр, дуней псом я Тхьэр

(31) "ХыфIэдзэт уи башыр". Ар кIэзызу щилъагъум жын хыхьам хуэдэу, щIэпхъуэжащ къимыгъазэу. "Уэ Мусэ, къакIуэ икIи умышынэ, уэ шынагъуэм щыхъумахэм уащыщщ.

(32) Уи Iэр уи жыпым илъхьи ар хужьыбзэу нукъусаныгъэ лъэпкъ имыIэу къипхыжынущ. Уи Iэри уи джабэм кIэрыкъузэ умышынэну. Мы тIур уи Тхьэм къыуита щыхьэтлыкъхэщ Фирхьэунымрэ и къуэдзэхэмрэ щхьэкIэ, ахэр фасикъ лъэпкъхэщ".

(33) Мусэ жиIащ: "Си Тхьэ, абыхэм ящыщ сыукIащи сэ сошынэр саукIыжыну.

(34) Си къуэш Хьэруни сэ нэхърэ нэхъ жьакIуэщ, ар си гъусэу гъакIуэ, жысIэм и пэжагъым щыхьэт хуэхъуну. Сэ сошынэр абыхэм жысIэр пцIыуэ ябжынкIэ".

(35) Абы жиIащ: "Уи къуэшымкIэ уи Iэр дгъэбыдэнщ, къаруи фэттынщи, ахэр IейкIэ къывнэсынухэкъым. Дэ фэтта нэщэнэхэмкIэ фэ тIури, къыфкIэлъыкIуахэри текIуа фыхъунухэщ".

(36) Абыхэм я деж Мусэ къыщыкIуэм Ди нэщэнэ нахуэхэр къахуихьу, жаIащ: "Мыр щхъуэ къагупсысауэ аращ, апхуэдэ зэхэтхакъым ипIэкIэ ди адэжьхэми жаIэу".

(37) Мусэ жиIащ: "Си Тхьэм нэхъыфIу ещIэр хэт захуагъэм тетми Абы и деж къикIар, хэт ахърэтыр къылъысынуми. ИпэжыпIэкIэ залымыгъэ зезыхьэхэр ехъулIэнукъым".

(38) Фирхьэуным жиIащ: "Уэ си къуэдзэхэ, сщIэкъым сэ нэгъуэщI тхьэ фиIэу сэр мыхъумэ. Уэ Хаман, МафIэр щIэгъанэт ятIагъуэми чэщанэ схуэщI, Мусэ и Тхьэм сыдэкIуейуэ сеплъыфыну. ИпэжыпIэкIэ ар пцIыупсхэм ящыщ си гугъэщ сэ".

(39) Абырэ и дзэмрэ щIым яхуэмыфащэу зыщагъэпэгащ, Ди дежым къамыгъэзэжын къафIэщIырт абыхэм.

(40) Ари, абы и дзэри зэщIэдубыдащ Дэ, итIанэ хым хэддзахэщ. Еплъыт атIэ залымыгъэ зезыхьахэм я кIэух хъуам.

(41) Ахэр тщIахэщ мафIэм къыхуезыджэ щхьэтетхэу, Къемэт махуэми абыхэм ядэIэпыкъунукъым.

(42) ИтIани абыхэм нэлатыр ятетлъхьащ иужькIэ, Къемэт махуэми ахэр гущIэгъуныгъэр зылъымысахэм ящыщхэ

(43) Мусэ еттащ Тхылъыр ипэкIэ псэуа лъэпкъхэр хэдгъэкIуэда иужькIэ ар нахуэу, гъуэгу захуэр яригъащIэу, гущIэгъуныгъэу, абыхэм ягу къагъэкIыжын щхьэкIэ.

(44) Уэ ущыIакъым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ Мусэ унафэ щыхуэтщIам икIи уэ абы деж щыIахэм уахэтакъым.

(45) Ауэ дэ абы иужькIэ къэдгъэщIахэщ лъэпкъхэр икIи абыхэм пIалъэр яфIэкIыхь хъуащ. ИкIи уэ уахэсакъым Мадьяным дэсхэм, ди аятхэм уахуеджэу. Ауэ Дэ уэ лIыкIуэу удгъэкIуащ.

(46) ИкIи уэ ТIурым и джабэм утетакъым дыщеджам, ауэ ар уи Тхьэм и фIыщIэщ уэ уипэкIэ зыщахъумэну унафэ яхуэзыщIын къызыхуэмыкIуа лъэпкъыр къыхуебджэну узэригъэкIуар, абыхэм ягу къэкIыжынкIэ мэхъур.

(47) Ар мыхъуамэ абыхэм хьэзабыр къатехуэжынут я IитIым къыхуахьыжам къыхэкIыу, абыхэм жаIэнут: "Ди Тхьэ, лIыкIуэ къытхуэбгъэкIуамэ аратэкъэ, дыкIэлъыкIуэну Уи нэщэнэхэм, Iиман къэзыхьахэуи дыщытыну".

(48) Абыхэм пэжыр Дэ ди деж къикIауэ къащыхуэкIуэм, жаIащ: "Мусэ ипэкIэ къратам хуэдэ мыбыи къратамэ аратэкъэ". Мусэ къратар я фIэщ мыхъуауэ аратэкъэ ипэкIэ? ЖаIащ: "УдыгъитIым зым адрейр къигъэбыдэу аращ". ИтIани жаIащ: "Дэ дэтхэнэри ди фIэщ хъуркъым".

(49) ЖыIэ: "АтIэ къэфхь Алыхьым и деж къикIауэ Тхылъ мы тIум нэхърэ нэхъ захуэу. Абым сытеувэнущ сэри жыфIэр пэжу щытмэ".

(50) Абыхэм жэуап къыуамытмэ, зэгъащIэ ахэр я хуеиныгъэхэм зэрыкIэлъыкIуэр. АтIэ хэт нэхъыбэу щыуар и хуеиныгъэхэм кIэлъыкIуэм нэхърэ, Алыхьым и гъуэгу захуэр къигъанэу? Алыхьым захуагъэм хуишэкъым залымыгъэ зезыхьа лъэпкъыр.

(51) Абыхэм Псалъэр янэдгъэсащ, ягу къагъэкIыжынкIэ мэхъур.

(52) Абы ипIэкIэ Тхылъыр зэттахэм ар я фIэщ мэхъур.

(53) Абы къащыхуеджэхэкIэ, жаIэр: "Ди фIэщ хъуащ ар, ар пэж дыдэу ди Тхьэм и деж къикIащ, дэ ипэкIи муслъымэнхэу дыщытащ".

(54) Абыхэм я псапэу тIурэ иратынущ шэчыныгъэу зыхагъэлъам щхьэкIэ. Ахэр фIыкIэ Iейм поувхэр икIи яттам щыщ ятыр.

(55) Абыхэм псалъэ мыхьэнэншэхэр щызэхахкIэ я щIыбхэр къагъазэри жаIэр: "Дэ ди Iуэхухэр къытлъысыжынщ, фэри фи Iуэхухэр къыфлъысыжынщ. Мамырыгъэр къыфхукIуэ! Дэ щIэныгъэншэхэм я ужьым дитыну дыхуейкъым".

(56) Уэ фIыуэ плъагъухэр захуэм тебгъэувэфынукъым, ауэ Алыхьым зыхуейр захуагъэм хуешэр. Абым нэхъыфIу ещIэр гъуэгу захуэм тетхэр.

(57) Абыхэм жаIащ: "Уэ уи гъусэу гъуэгу захуэм дытеувэмэ, ди щIым драхунущ". Абыхэм яхуэдмыгъэбыдауэ ара щIы гъэлъэпIа шынагъуэншэр, сытым хуэдэ пхъэщхьэмыщхьэхэр абым и деж къашэу ерыскъыуэ Дэ ди деж къикIыу? Ауэ абыхэм я нэхъыбэм ящIэркъым.

(58) Дапщэ къуажэу дгъэкIуэдар Дэ зэрыпсэуну еттахэм щхьэкIэ шыкур ямыщIу! Месыр абыхэм я унэхэр, зыри я ужькIэ щымыпсэууэ зы мащIэ гуэрхэм мыхъумэ. Дэращ а псори щIэину зылъысыжар.

(59) Уэ уи Тхьэм къуажэхэр игъэкIуэдтэкъым я нэхъыщхьэхэм лIыкIуэ имыгъакIуэу Ди аятхэм яхуеджэу. ИкIи дгъэкIуэдтэкъым Дэ къуажэ, абым дэсхэм залымыгъэ зэрамыхьауэ.

(60) Сыт къывамытами, ар мы дунем и фIыгъуэрэ и дахагъэрэ къудейщ. Алыхьым и деж щыIэр атIэ нэхъыфIщ икIи мыкIуэдыжщ, ар къывгурымыIуэу ара?

(61) Дэ псалъэ быдэ дахэ зэттауэ ар зыхузэфIэкIар хуэдэу пIэрэ мы дунейм и тхъэгъуэхэмкIэ щыдгъатхъэу Къемэт махуэм Жыхьэнэмэм хуэдгъэувыным?

(62) А махуэм яджэнущи яжриIэнущ: "Дэнэ щыIэ атIэ а гъусэ къысхуэфщIахэр, ахэр щыIэхэу вгъэIуу?"

(63) Хьэзабыр къызытехуахэм жаIащ: "Ди Тхьэ, мыхэращ дэ къэдгъэпцIар, дэри дыгъэпцIахэти, ахэри къэдгъэпцIахэщ. Уи пащхьэ абыхэм дакъыбгъэдокIыр, дэ къытхуэпщылIхэтэкъым ахэр".

(64) Абыхэм жраIэнущ: "Къевджэ фи гъусэхэр". Абыхэм еджэнухэщ, ауэ жэуап къратынукъым абыхэм, хьэзабри ялъагъунущ. Ахэр захуэм тетахэмэ аратэкъэ.

(65) А щаджэну махуэм жраIэнущ: "Сыт лIыкIуэхэм жэуапу яфтар?"

(66) Псори (щхьэусыгъуэхэр) ящыущэхуа хъунущи абыхэм а махуэм икIи зыр адрейм еупщIыжынухэкъым.

(67) Ауэ тобэ къэзыхьауэ, Iиман къэзыхьауэ фIыхэр зыщIахэр ехъулIахэм ящыщ хъунухэщ.

(68) Уи Тхьэм зыхуейр къегъэхъури къыхехыр. Абыхэм езыхэм къыхахыну яхуэфащэкъым. ЛъапIэщ Алыхьыр икIи щхьэщыIэтыкIащ абыхэм гъусэу хуащIхэм.

(69) Уи Тхьэм ещIэр абыхэм я бгъэхэм щаущэхури, нахуэ ящIри.

(70) Ар Алыхьщ, Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, ипэкIи иужькIи щытхъур Аращ зыхуэфащэр, Аращ унафэ зыщIыр, Абы и дежщ здэвгъэзэжынури.

(71) ЖыIэ: "Дауэ феплърэ фэ Алыхьым жэщыр зэпымыу фхуищIмэ Къемэт махуэм нэс, хэт Алыхьым нэгъуэщI тхьэуэ нэху къыфхуэзыхьыфынур? Зэхэвмыхыу ара фэ?"

(72) ЖыIэ: "Дауэ феплърэ фэ Алыхьым махуэр зэпымыу фхуищIмэ Къемэт махуэм нэс, хэт Алыхьым нэгъуэщI тхьэуэ жэщ къыфхуэзыхьыфынур? Фымылъагъуу ара фэ?"

(73) Абы и гущIэгъум къыхэкIыу фхуищIащ жэщымрэ махуэмрэ зыщывгъэпсэхуну икIи Абы и фIыгъуэм фыщылъыхъуэну. Шыкур фщIынкIэ мэхъур фэ.

(74) А махуэм яджэнущи абыхэм яжриIэнущ: "Дэнэ щыIэ Сэ си гъусэхэу жыхуэфIэхэтэр?"

(75) Гуп къэс къыхэтшынущи щыхьэт хъун, яжетIэнущ: "Къэфхь фи щыхьэтлыкъыр". Абдежым къащIэнущ абыхэм - пэжыр Алыхьым и дежщ. Къагупсысауэ хъуами къагъэнэнухэщ абдежым.

(76) ИпэжыпIэкIэ Къарун щыщт Мусэ и лъэпкъым, ауэ залымыгъэ ярихт. Абы еттат апхуэдиз фIыгъуэ, абыхэм я IункIыбзэхэр къарууфIэ зыбжанэм къахьэлъэкIхэу. Абы и лъэпкъым щыщхэм жраIат: "Егъэлеяуэ умыгуфIэ, Алыхьым фIыуэ илъагъукъым езыгъэлейхэр гуфIэгъуэм .

(77)

(78) Абы жиIащ: "Мыр сэ си щIэныгъэкIэ къызатауэ аращ". ИмыщIэу ара Алыхьым абы ипэкIэ псэуа лъэпкъхэр зэригъэкIуэдар, абыхэм нэхъыбэжу къару яIэу езым нэхърэ икIи нэхъыбэж яугъуеяуэ? ГуэныхьыщIэхэм яупщIыжынукъым абыхэм я гуэныхьхэм щхьэкIэ.

(79) Ар гъэщIэрэщIауэ и лъэпкъым и деж къыщIэкIащ. Мы дунейм щIэхъуэпсхэм жаIащ: "Уей мыгъуэ, Къарун иратам хуэдэ дэри къыдатамэ аратэкъэ. Сытым хуэдэу куэд абы къратар".

(80) ЩIэныгъэ зратахэм атIэ жаIащ: "Уей мыгъуэр зыхуэфащэхэ, Алыхьым и псапэр нэхъыфIщ Iиман къэзыхьауэ фIыхэр зыщIам щхьэкIэ. Ауэ ар шэчыныгъэ зыхэлъа закъуэхэращ зылъысынур".

(81) ЩIыр кIуэцIрыдгъэхуащ езыри, и унэри зэрытету. ИкIи иIакъым абы гуп дэIэпыкъун алыхьым ипIэкIэ. ИкIи езыри зыдэIэпыкъужыфакъым.

(82) Нэху щыщым абы и щIыпIэм дыгъуасэ итыну зыхуеяхэм жаIащ: "Аращ Алыхьым и пщылIхэм ерыскъыр зыхуейм уэру иретыр, е мащIэ хуещIыр. Алыхьым гущIэгъу къытхуимыщIатэмэ, дэри дыкIуэцIрыхунт. ЕхъулIэнухэкъым джаурхэр!"

(83) А иужьрей увыIэпIэр зыхуэдгъэхьэзырыр мы щIым зыщызмыгъэпагэхэращ икIи фэсэд зымыщIэхэращ, кIэух дэгъуэри зыхуэфащэр тхьэшынагъуэ зыхэлъхэращ.

(84) ФIы зыщIауэ къытхуэкIуам абы нэхърэ нэхъыфIыж игъуэтыжынущ. Iей зыщIам атIэ, Iей зыщIэхэм ягъуэтыжынур езыхэм ялэжьам къахуихьаращ.

(85) Уэ КъурIэныр унафэ пхуэзыщIам шэч хэмылъу гъэзэжыпIэм уигъэкIуэжынущ. ЖыIэ: "Си Тхьэм нэхъыфIу ещIэр захуагъэр къэзыхьари, щыуагъэр къэзыхьари".

(86) Уэ уигугъатэкъым Тхылъыр къыпхуехыну, ар уи Тхьэм и фIыщIэт. Аращи тхьэ куэдым хуэпщылIхэм ящыщ умыхъу.

(87) Алыхьым и аятхэми пэIэщIэ урамыщI ахэр къыпхуеха иужь уэ. Уи Тхьэми къыхуеджэ, тхьэ куэдым хуэпщылIхэми ящыщ зы умыхъу.

(88) Алыхьым щIыгъуу нэгъуэщI тхьэхэм уамылъэIу, Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым. Псори кIуэдыжынущ Абы и Нэгум мыхъумэ, Аращ унафэр зыIэщIэлъыр, Абы и дежщ здэвгъэзэжынур.