(1) Сабэр зэкIэщIэзыхумкIэ соIуэр!
(2) Хьэлъэр зыхьхэмкIэ соIуэр!
(3) ПсынщIэу есхэмкIэ соIуэр!
(4) Iуэхухэр зыгуэшхэмкIэ соIуэр!
(5) Фэ фызэрагъэгугъэр пэжщ.
(6) Унафэ щIынри шэч хэмылъу къэкIуэнущ.
(7) Уафэу теплъэ зэкIуж зиIэмкIэ соIуэр!
(8) Фи псалъэхэр зэтехуэркъым.
(9) Абы егъэзэкIащ ирагъэзэкIар.
(10) ХрекIуэдэжхэ пцIыупсхэр,
(11) щIэныгъэншагъэм хэту зыри зыфIэмыIуэхухэр.
(12) Ахэр щIоупщIэхэр, сытым щыгъуэ къэсынуми хуэфащэр щратыжыну махуэр.
(13) А махуэм абыхэм МафIэм и хьэзаб къатехуэнущ.
(14) Феплъыт фи хьэзабым, аращ фэ фызыхуэпIащIэтэр.
(15) Тхьэшынагъуэ зыхэлъахэр Жэнэтым и жыг хадэхэмрэ псынэхэмрэ хэтынущ,
(16) я Тхьэм къаритар къащтэурэ. ИпэкIэ абыхэм фIы ящIэт.
(17) Жэщым щыщу мащIэт ахэр зэрыжейхэр.
(18) Нэхущэм ипэкIи къыхуагъэгъуну щIэлъэIухэт.
(19) Абыхэм я мылъкум щыщ къыхагъэкIт гъэунэхуауэ лъаIуэми, зимыIэми щхьэкIэ.
(20) ЩIым щыIэщ нэщэнэхэр, быдэу зи фIэщ хъухэм щхьэкIэ,
(21) фэри фхэлъщ, ар фымылъагъуу ара?
(22) Уафэм щыIэщ фэ фи ерыскъыри, фызэрагъэгугъари.
(23) Уафэми, щIылъэми и ТхьэмкIэ соIуэр, ар пэжщ фэ фызэрыпсалъэм хуэдэ дыдэу.
(24) Уэ къыбнэса Ибрэхьим и хьэщIэ лъапIэхэм и хъыбарыр?
(25) Мис ахэр щIыхьэхэри абы и деж жаIащ: "Мамырыгъэр къыпхуэкIуэ!". Абыи жиIащ: "Фэри мамырыгъэ къыфхуэкIуэ, мыцIыху лъэпкъым".
(26) Ар сакъыурэ и унагъуэм и деж кIуэри шкIэ пшэр къахуихьащ.
(27) Ар яхуигъэкIуатэри жиIащ: "Фышхэкъэ атIэ?"
(28) Абдежым абы шынэ и гум ихьащ. Абыхэм жаIащ: "Умышынэ!" ИкIи ар ягъэгуфIащ щIалэ цIыкIу щIэныгъэ зиIэкIэ.
(29) Абдежым и щхьэгъусэр къэкIиящ, и нэгуми еуэжащ, жиIащ: "Нэуэжь мылъхуэ!"
(30) Абыхэм жаIащ: "Апхуэдэу жиIащ уи Тхьэм! Ар ипэжыпIэкIэ АкъылыфIэщ, ЗыщIэщ"
(31) Абы жиIащ: "Сыт фи Iуэхур, уэ, лIыкIуэхэ?"
(32) Абыхэм жаIащ: "Дэ мыхъумыщIакIуэ лъэпкъым дыхуагъэкIуащ.
(33) Абыхэм ятIагъуэм къыхэщIыкIа мывэхэр ятедгъэхуэнущ,
(34) ахэм уи Тхьэм и деж тебзэ хуащIауэ гъунэм икIахэм щхьэкIэ".
(35) Iиман къэзыхьауэ хъуар абы къыдэтшащ Дэ.
(36) ИкIи абым щыдгъуэтар зы унэ закъуэщ муслъымэнхэу.
(37) Абдежым къыщыдгъэнащ нэщэнэ, хьэзаб гуащIэм щышынэхэм щхьэкIэ.
(38) Муси аращ. Ар дгъэкIуащ Фирхьэуным и деж, нэщэнэ нахуэ хуихьри.
(39) Ауэ абы зригъэзэкIри и къуэдзэм щыгугъыу жиIащ: "Удщ е и щхьэр тэрэзкъым".
(40) Дыпхъуэтащ ари, абы и дзэри, псори ахэр хым хэддзахэщ. Абы гиер хуэфащэщ.
(41) Хьадми аращ. Абыхэм жьы бзаджэр яхуэдгъэкIуащ.
(42) Сабэ ищIырт абы зынэсу хъуар.
(43) Самуди аращ. Абыхэм жраIащ: "Зывгъатхъэ пIалъэр къэсыху".
(44) Ахэр я Тхьэм и унафэм ебэкъуахэщ, арати къаплъэхэурэ хьэзаб гуащIэр къатехуащ.
(45) Абыхэм яхуэлъэкIакъым зыкъаIэтынуи, зыри къадэIэпыкъуакъым икIи.
(46) Нухь и лъэпкъри ипэкIэ. Ахэр лъэпкъ фасикъхэт.
(47) Уафэр Ди лъэщыгъэкIэ къэтIэтащ, дэращ абы зезыгъэубгъури.
(48) ЩIыми зедгъэубгъуащ, сытым хуэдэу фIыщэ а убгъукIэу зэрыдыубгъуари!
(49) Сытри къэдгъэхъуащ тIурытIурэ, фигу къэвгъэкIынкIэ мэхъур фэ.
(50) Алыхьым и деж фыщIэпхъуэ, сэ нахуэу Iейм зыщыфхъумэну вжесIэу аращ.
(51) Алыхьми нэгъуэщI тхьэ гъусэ хуэвмыщI, сэ Абы сыкъигъэкIуауэ аращ нахуэу Iейм зыщыфхъумэну вжесIэу.
(52) Апхуэдэу абыхэм япэ щыIахэми дэтхэнэ лIыкIуэ къахуэмыкIуами жаIэрт: "Удщ е зи щхьэр иримыкъущ".
(53) Зым адрейм уэсяту къыхуагъэнауэ ара апхуэдэр? Хьэуэ атIэ! Ахэр гъунэм икIа лъэпкъхэщи аращ.
(54) Абыхэм уи щIыбыр яхуэгъазэ, зыри къогиинукъым абы щхьэкIэ.
(55) Я гум къэгъэкIыж, гум къэгъэкIыжыным сэбэп къахуехьыр Iиман къэзыхьахэм.
(56) Сэ жинхэмрэ цIыхухэмрэ къыщIэзгъэщIар къысхуэпщылIын къудейуэ аращ.
(57) Абыхэм ерыскъы къызатыну сыхуейкъым, икIи сыхуейкъым абыхэм сагъэшхэну.
(58) ИпэжыпIэкIэ, Алыхьыращ ерыскъыр къазытыр, къаруушхуэ зиIэр, Зыри зытемыкIуэр.
(59) Залымхэм яхуэгъэхьэзыращ хьэзаб, я пэшэгъухэм яхуэгъэхьэзырам хуэдэу, сагъэпIэщIэну хремытхэ ахэр.
(60) Унэхъуахэщ джаурхэр а махуэу зэрагъэгугъам!