19 - Maryam ()

|

(1) Каф ха я гъайн сад

(2) Мыр фIыщIэу уи Тхьэм и пщылI Закарийя хуищIам и хъыбарщ

(3) Абы и Тхьэм и деж зыщыхуигъэзам лъэIу ущэхуакIэ

(4) Абы жиIащ: "Си Тхьэ, си къупщхьэхэр къарууншэ хъуащ, си щхьэри тхъугъэм зэщIищтащ. ИкIи зэи Уэ лъэIукIэ зыкъыпхуэзгъэзауэ насыпыншэу сыкъэнакъым

(5) Сытошыныхьыр сэ си ужькIэ си Iыхьлыхэм ящIэнум, си щхьэгъусэр сабииншэщи. Аращи, Уэ къыдэт бын къысщIэнэн

(6) сэри, Якъуби и унагъуэм щIэинхьыж тхуэхъуну, икIи абы Уэ ухуэаразы ухъуну"

(7) Уэ Закарийя, Яхья и цIэу щIалэ цIыкIукIэ удогъэгуфIэр , ипэкIэ апхуэдэ цIэ зыми иIэу къэдгъэщIакъым

(8) Абы жиIащ: "Си Тхьэ, дауэрэ щIалэ зэрызиIэнур, си щхьэгъусэр мылъхуэу, сэри жьы дыдэ сыхъуауэ?"

(9) ЖиIащ: "Аращ". Уи Тхьэм жиIащ: "Ар СэркIэ псынщIэщ, уэри ипэкIэ ущымыIауэ укъэзгъэщIащ"

(10) Абы жиIащ: "Си Тхьэ, нэщэнэ схуэщI". ЖиIащ: "Уи нэщэнэр жэщищкIэ цIыхухэм уамыпсэлъэныращ, зыри уимылажьэу уэ"

(11) Ар михьрабым къыщIэкIри и лъэпкъым къахьыхьэри къагуригъэIуащ: "Пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми щытхъур хуэфIэт"

(12) Уэ, Яхья, Тхылъыр быдэу щтэ. Ик1и абы акъылыф1эгъуэ еттащ иджыри сабийуэ

(13) икIи Дэ ди деж къикIауэ гущIэгъуныгъэрэ къабзагъэрэ. Абы тхьэшынагъуэ хэлът

(14) и адэ-анэми пщIэ яхуищIт, зызыгъэпагэу мыдаIуэтэкъым

(15) Мамырыгъэ хурехъу абы ар къыщыхъуа махуэми, щылIэжыну махуэми, псэууэ къыщыдгъэхъужыну махуэми

(16) Тхыгъэм Мэрями и гугъу щIы, и Iыхьлыхэм яхэкIыу къуэкIыпIэмкIэ щыкIуатэм

(17) Абы IупхъуэмкIэ защигъэпщкIуащ абыхэм. Абы Псэр хуэдгъэкIуащ, икIи цIыху зэкIужым хуэдэу и пащхьэм иуващ

(18) Абы (Марям) жиIащ: "ГущIэгъущIым уэ сыпщихъумэну солъэIур, тхьэшынагъуэ пхэлъу щытмэ"

(19) Абы жиIащ: "Сэ уи Тхьэм срилIыкIуэщ, щIалэ къабзэ цIыкIу къыпхуэсхьыну"

(20) Абы жиIащ: "Дауэрэ сэ щIалэ сиIэну, цIыху къызэмыIусауэ, сэри емыкIухэр зыщIэу сыщымытауэ?"

(21) ЖиIащ: "Апхуэдэщ! Уи Тхьэм жиIащ: "Ар СэркIэ псынщIэщ. Ар цIыхухэм щхьэкIэ нэщэнэ тщIынщ, Ди гущIэгъуи тщIынщ. Ар иуха Iуэхущ"

(22) Ар лъэрымыхь хъури, абыкIэ щIыпIэ пхыдзам кIуащ яхэкIри

(23) Уз зэщIэзыкъузэм ар пальмэм и лъэдийм къыхуишащ ар. Абы жиIащ: "Сыунэхъужаи, мыбы ипэкIэ сылIауэ игъащIэкIэ сыкъамыщIэжу сыщытамэ аратэкъэ!"

(24) Абы ищIагъымкIэ къеджащ: "Уигу умыгъэныкъуэ, уи Тхьэм уи щIагъкIэ псыежэх цIыкIу ищIащ

(25) Пальмэм и лъэдийри гъэхъеи финик щабэхэр къыпхуелъэлъэхынщ

(26) Шхы, икIи ефэ, икIи гуфIэ! ЦIыхухэм ящыщ гуэрэ щыплъагъукIэ, яжеIэ: "Сэ ГущIэгъущIым псалъэ быдэ естащ сымыпсэлъэну, икIи нобэ зы цIыхуми сепсэлъэнукъым"

(27) Ар иIыгъыу къихьурэ и лъэпкъым къахыхьэжащ. Абыхэм жаIащ: "Уэ, Мэрям! Сыту гуэныхьышхуэ мы пщIар

(28) Уэ, Хьэрун и шыпхъу, уи адэр цIыху Iейуэ щытакъым, уи анэри мыхъумыщIагъэ зыщIэу щытакъым"

(29) Абы щытригъэлъагъуэм, абыхэм жа1ащ: "Дауэрэ гущэм хэлъ сабий цIынэм дызэрепсэлъэнур?"

(30) Абы жиIащ: "Сэ Алыхьым срипщылIщ, Тхылъыр къызитащ, бегъымбари сищIащ

(31) ИкIи дэнэ сыщымыIэми берычэт схэлъ ищIащ, нэмэзрэ бытыррэ уэсят къысхуищIащ си псэр схэтыху

(32) Си анэми пщIэшхуэ хуэсщIу сищIащ, зызгъэпагэу насыпыншэ сищIакъым

(33) Мамырыгъэр къысхуэкIуэ сыкъыщыхъуа махуэми, сыщылIэжыну махуэми, псэууэ сыкъыщыхъужыну махуэми

(34) Аращ Хьисэ, Марям и къуэр, псалъэ пэжу щIызэдауэхэр аращ

(35) Алыхьым екIукъым бын зыхуищтэну, щхьэщыIэтыкIащ Ар апхуэдэм, Абы унафэ гуэр къыщихькIэ, жеIэр: "Къэхъу", - итIанэ къохъур ар

(36) Алыхьыр сэри си Тхьэщ, фэри фи Тхьэщ, аращи фыхуэпщылI Абы, аращ гъуэгу захуэр

(37) ИтIанэ гупхэр зэтекIахэщ, унэхъужахэщ джаурхэр Махуэшхуэм щыхуэзэхэкIэ!

(38) Сытым хуэдэу фIыщэу зэхахыну икIи ялъагъуну абыхэм Ди деж къыщыкIуэжыну махуэм! Ауэ залымыгъэ зезыхьахэр а махуэм гъуэщэныгъэ нахуэм хэтхэщ

(39) Хъыбар ягъащШэ абыхэм махуэ гуауэр къазэрыпэщылъыр, Iуэхур щызэфIэкIам щыгъуэ. Ауэ абыхэм яфIэIуэхуххэкъым икIи Iимани къахькъым

(40) Дэ ипэжыпIэкIэ щIыри, абы тету хъуари щIэину къэтщтэжынущ, икIи Ди дежым къагъэзэжынущ

(41) Ибрэхьим и гъугъуи щIы Тхылъым, ар цIыху пэж дыдэхэм щыщт икIи бегъымбарт

(42) Абы и адэм жриIащ: "Уэ си адэ! Сыт зэхэзмыхым икIи зымылъагъум икIи зыкIи сэбэп къыпхуэмыхъуфынум ущIыхуэпщылIыр?

(43) Уэ, си адэ, сэ щIэныгъэм щыщу къысхуэкIуащ уэ уимыIэр, аращи си ужьым къиуви гъуэгу захуэм ухуэсшэнщ

(44) Уэ си адэ, шейт1аным ухуэмыпщыл1, шейт1аныр Гущ1эгъущ1ым емыдэ1уауэ аращ

(45) Уэ, си адэ, сэ сыптошыныхьыр хьэзаб къыптехуэнкIэ, ГущIэгъущIым и деж къикIауэ, шейтIанми дэIэпыкъуэгъу ухуэхъункIэ"

(46) Абы жиIащ: "Ди тхьэхэм уи щIыбыр яхуэбгъазэу ара уэ, Ибрэхьим? Щомыгъэтмэ мывэкIэ узукIынщ. Сыкъэгъанэ адэ пIалъэ кIыхькIэ!"

(47) Абы (Ибрэхьим) жиIащ: "Мамырыгъэр къыптехуэ, сэ си Тхьэм селъэIунщ къыпхуигъэгъуну. ИпэжыпIэкIэ Ар сэ хуабжь дыдэу щабэу къысхущытщ

(48) Фэри, Алыхьым нэгъуэщI фызыхуэпщылIхэри къэзгъэнэнщи сыфхэкIынщ, си Тхьэми селъэIунщ. Си Тхьэм сызэрелъэIум папщIэ насыпыншэ симыщIынкIэ мэхъур Абы"

(49) Ахэри, Алыхьым нэгъуэщI зыхуэпщылIхэри къыщигъанэм абы тыгъэ хуэтщIащ Исхьэкърэ Якъубрэ, икIи тIури бегъымбар тщIахэщ

(50) икIи абыхэм Ди гущIэгъуныгъэм щыщи яттащ, абыхэми ятеухуа псалъэ пэжри яIуэтэжу цIыхухэм къахэднащ

(51) Тхылъым Мусэ и гугъу щIы, ар пэжыгъэ хэлъу щытащ, икIи лIыкIуэт, бегъымбарт

(52) Абы деджащ Дэ ТIурым и ижь лъэныкъуэмкIэ, икIи макъ хуэмкIэ депсэлъащ

(53) икIи Ди гущIэгъум къыхэкIауэ абы и къуэш Хьэруни бегъымбар тщIащ

(54) Тхылъым Исмэхьил и гугъу щIы, ар псалъэу итам тету щытащ, икIи лIыкIуэт, бегъымбарт

(55) Абы и Iыхьлыхэм унафэ яхуищIт, нэмэз ящIыну, бытыри ятыну. ИкIи абы и Тхьэр къыхуэаразыт

(56) Идрис и гугъуи щIы Тхылъым, ар цIыху пэж дыдэхэм щыщт икIи бегъымбарт

(57) Абы щIыпIэ лъагэ едгъэубыдащ

(58) Ахэр Алыхьым фIыщIэ зыхуищIа бегъымбархэращ, ахэр я щIэблэхэщ Iэдэми, Нухь щIыгъуу тхьахэми (кхъухькIэ), Ибрэхьими Исмэхьили я щIэблэхэщ, гъуэгу захуэм тедгъэувахэм, хэхахэм щыщхэщ. Абыхэм ГущIэгъущIым и аятхэм щыхуеджэхэкIэ, я щхьэхэр щIым тралъхьэурэ щхьэщэ ящIхэт гъыхэурэ

(59) Абыхэм яужь къэкIуащ щIэблэ, нэмэз ямыщIыжу, я хуеиныгъэхэм и ужь итхэу, ахэр псори хэкIуэдэнухэщ

(60) тобэ къэзыхьыжахэу, Iиман къэзыхьахэм, IуэхуфIхэр зыщIахэм мыхъумэ. Ахэр жэнэтым ихьэнухэщ икIи зыкIи залымыгъэ ирахынухэкъым

(61) Ахэр жэнэт жыг хадэхэщ, ГущIэгъущIым къызэригъэгугъуахэщ и пщылIхэр, ахэр зэи ямылъэгъуауэ. ИпэжыпIэкIэ Абы и псалъэр къэпэжынущ

(62) Абдежым псалъэ мыхьэнэншэ зэхахынукъым, "Мамырыгъэ" псалъэм фIэкIа. Абыхэм я ерыскъыри пщэдджыжьми, шэджагъуэ ужьми къахуэкIуэнущ

(63) Аращ жэнэту Ди пщылIхэм щыщу тхьэшынагъуэ зыхэлъахэм щIэину къахуэдгъэнэнур

(64) Дэ уи Тхьэм и унафэкIэ фIэкIа дыкъехкъым, Абы ди пащхьэ илъри, ди ужьым щыIэри, абыхэм яку дэлъри ейщ. Уи Тхьэм, дауикI, зыри зыщигъэгъупщэкъым

(65) Уафэхэми, щIыми, абыхэм яку дэлъми и Тхьэщ Ар, хуэпщылI Абы икIи быдэу тет Абы ухуэпщылIыным. ПщIэрэ уэ нэгъуэщI Абы хуэдэу?

(66) ЦIыхум жеIэр: "СылIа иужькIэ псэууэ сыкъыщIагъэкIыжыну ара?"

(67) ЦIыхум имыщIэжу ара дэ ар къызэрыдгъэхъуар, ипэкIэ езыр зы парэуи щымытауэ?

(68) Уи ТхьэмкIэ соIуэр, ахэри шейтIанхэри шэч хэмылъу зэхуэтхусыжынухэщ, итIанэ я лъэгуанжэкIэ щытхэу жыхьэнэмэм и хъуреягъкIэ къедгъэувэкIынухэщ

(69) итIанэ жэмэхьэт къэскIэ къыхэтшынущ, ГущIэгъущIым нэхъыбэу емыдаIуэу щытахэр

(70) ИтIани Дэ нэхъ дощIэр, хэт нэхъ хуэфащэми абы хыхьэну

(71) икIи къыфхэткъым абы пхырымыкIын, аращ уи Тхьэм иуха унафэр

(72) итIанэ тхьэшынагъуэ зыхэлъахэр къедгъэлынущи, залымыгъэ зезыхьахэр къыхэднэнущ абдежым лъэгуажьэмыщхьэу

(73) Абыхэм Ди аят нахуэхэм щахуеджэкIэ, джаурхэм жраIэр Iиман къэзыхьахэм: "Сыт хуэдэ гупра тIум язу нэхъ щIыпIэ лъагэ зыубыдри, нэхъ пщIэ зиIэри?"

(74) Дапщэ абыхэм япэкIэ лIыщIыгъуэу дгъэкIуэда! Ахэр нэхъ къулеижхэт икIи нэхъ зэкIужхэт езыхэм нэхърэ

(75) ЖыIэ: "ГущIэгъущIым гъуэщэныгъэм хэтхэм я гъащIэр нэхъ кIыхь ирещI ахэр къызэрагъэгугъар ялъагъуху е сыхьэтыр къэсыху, итIанэ къащIэнщ абыхэм хэт и щIыпIэр нэхъ Iейми, хэт и дзэр нэхъ къарууншэми"

(76) Гъуэгу захуэм тетхэм я захуэныгъэр алыхьым хегъахъуэр, мыкIуэдыж фIыгъуэхэм я псапэри нэхъыфIщ уи Тхьэм и пащхьэм, абы къапэкIуэри нэхъыфIщ

(77) Плагъуакъэ уэ Ди нэщэнэхэр зи фIэщ мыхъуауэ жызыIар: "Сэ шэч хэмылъу мылъкурэ бынрэ къызатыну"?

(78) Абым ущэхуар къищIауэ ара е ГущIэгъущIым псалъэ быдэ Iихауэ ара?

(79) Хьэуэ тIэ, абы жиIэр дытхынщи, и хьэзабыр нэхъри хухэдгъэхъуэнщ

(80) Абы жиIахэр Дэ щIэину къытлъысыжынщ, езыри и закъуэу къытхуэкIуэнщ

(81) Ахэр Алыхьым нэгъуэщI тхьэхэм хуэпщылIыну щIадзащ, абыхэм лъэщыныгъэ къратыну щыгугъхэу

(82) Хьэуэ атIэ, ахэр абыхэм яхуэпщылIыным епцIыжынухэщи, абыхэм япэувыжынухэщ

(83) Плъагъуркъэ уэ джаурхэм шейтIанхэр зэрахуэдгъэкIуар, ахэр зэщIагъэсту?

(84) Аращи уахуэмыпIащIэ абыхэм, Дэ абыхэм яхудолъытэр лъытэн хуейр

(85) Тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр а махуэм ГущIэгъущIым и деж пщIэ зиIэ гупу тшэнущ

(86) ГуэныхьыщIэхэр атIэ жыхьэнэмэм тхунухэщ, псафэ яхухэм хуэдэу

(87) Зыми къыщхьэщыжыну хуитыныгъэ иIэнукъым, Алыхьым псалъэ быдэ дызиIахэм фIэкIа

(88) Абыхэм жаIэр иджыри: "ГущIэгъущIым бын зыхуищтэжащ"

(89) Сытым хуэдэу бзаджагъэшхуэ а фэ вгъахъэр

(90) Уафэр зэгуэудыну, щIыри зэгуэхуну, къущхьэхэри зэхэлъэлъэну хьэзырхэщ абы щхьэкIэ

(91) ГущIэгъущIым бын иIэу зэрагъэIум щхьэкIэ абыхэм

(92) ГущIэгъущIым екIуркъым бын зыхуищтэжыныр

(93) уафэхэми щIылъэми тетхэр псори ГущIэгъущIым пщылIущ къызэрыхуэкIуэнур

(94) Абыхэм я бжыгъэр ещIэр икIи псори ибжахэщ

(95) псори ахэр Къемэт махуэм я закъуэ дыдэу Абы и деж къэкIуэжынухэщ

(96) ИпэжыпIэкIэ Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэм ГущIэгъущIым фIылъагъуныгъэ къаритынущ

(97) Мыр (КъурIэныр) псынщIэ пхуэтщIащ уи бзэкIэ, тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэр абыкIэ ирибгъэгуфIэну, мыувыIэу дауэхэри ирибгъэшынэну

(98) Дапщэ абыхэм япэкIэ лIыщIыгъуэу дгъэкIуэдар Дэ? Абыхэм щыщ гуэрэ щыIэу зэхэпщIэрэ е зэрыIущащэхэр зэхэпхрэ?