53 - An-Najm ()

|

(1) Вагъуэр щижымкIэ соIуэр!

(2) Фи ныбжьэгъур гъуэщакъым икIи щыуакъым.

(3) Езым и хуеиныгъэкIи псалъэкъым ар.

(4) Ар уэхьи къыхуехыращ атIэ.

(5) Къаруушхуэ зыхэлъым иригъэщIащ ар.

(6) Абы теплъэ зэкIуж иIэщ, захуэу къэлъэгъуащ.

(7) Ар уафэм и гъунэ дыдэм щыIэщ.

(8) ИтIанэ ар къэкIуатэри къехащ.

(9) ИтIанэ шабзитIым хуэдиз яку дэлъыху е нэхъ гъунэгъу хъуащ.

(10) ИтIанэ Абы и лIыкIуэм уэхьи къыхуихьащ.

(11) Абы и гум пцIыуэ ибжакъым а илъэгъуар.

(12) Абы федэуэну ара а илъэгъуамкIэ?

(13) ИтIани зэ къызэрехар илъэгъуащ абы.

(14) Сидрэ гъунэм щытым и деж.

(15) Абдежым Жэнэт екIуэлIэжыпIэри.

(16) Сидрэр щIихъумащ щIэзыхъумам.

(17) Абы и нэхэр теплъыкIакъым икIи ирагъэлеякъым.

(18) Абы илъэгъуащ и Тхьэм и нэщэнэ нэхъ инхэм щыщхэр.

(19) Флъэгъуакъэ фэ Аль-Латымрэ Аль-Хьуззэмрэ?

(20) Манатри абыхэм я ещанэу?

(21) Фэ цIыхухъухэр къыфхуэхъуу Абы цIыхубзхэр ара?

(22) Ар сыту гуэшыныгъэ мыхей.

(23) Ахэр фэрэ фи адэжьхэмрэ фIэфща цIэ къудейхэу аращ. Алыхьым къригъэхакъым абым щхьэкIэ щыхьэтлыкъыу зыри. Ахэр езыхэм я гугъэхэмрэ, езыхэм я псэхэм фIэфIым тет къудейхэу аращ. АтIэ абыхэм я Тхьэм и гъуэгу захуэр къахуехагъэххэу аращ.

(24) ЦIыхум зыхуейр хуэгъэхьэзырауэ ара?

(25) Алыхьыращ япэрей псэуныгъэри, иужьрейри зейр.

(26) Дапщэ атIэ мелыIычу уафэхэм щыIэр я къыщхьэщыжыныгъэр зыкIи сэбэп мыхъуну, ахэр Алыхьым хуит имыщIауэ Езыр зыхуейхэмрэ зыхуэарэзыхэмрэ къащхьэщыжыну.

(27) ИпэжыпIэкIэ ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэм мелыIычхэм фIащыр бзылъхугъэцIэхэр.

(28) Ауэ абыхэм зыри хащIыкIыркъым абы. Ахэр я гугъэхэм кIэлъыкIуэхэу аращ, ауэ гугъэхэр пари и уасэкъым, пэжым ехьэлIауэ.

(29) Уи щIыбыр хуэгъазэ атIэ Ди гум къэзыгъэкIыжым зи щIыбыр хуэзыгъэзам, мы дунейм фIэкIаи зыми хуэмейм.

(30) Аращ абыхэм я щIэныгъэр здынэсыр. ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэм нэхъыфIу ещIэр гъуэгум тегъуэщыкIари, ещIэр нэхъыфIу гъуэгу захуэм теувари.

(31) Алыхьыращ зейр уафэхэми щыIэр, щIылъэми щыIэр, яритыжын щхьэкIэ Iей зыщIахэм яхуэфащэри, фIы зыщIахэм фIыри яритыжынущ зэрахуэфащэу.

(32) Ахэм зыщахъумэр гуэныхьышхуэхэмрэ мыхъумыщIагъэхэмрэ, щыуагъэ гуэрхэм мыхъумэ. ИпэжыпIэкIэ, уи Тхьэм и гъэгъуныгъэр гъунэншэщ. Абым нэхъыфIу фещIэр фэ щIым фыкъыщыхищIыкIами, фи анэхэм я кIуэцIми лъхугъэу фыщилъми. Аращи фыкъызыщымытхъуж, Абы нэхъыфIу ещIэр тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр.

(33) Плъэгъуа уэ зи щIыбыр къэзыгъэзар?

(34) МащIэу тIэкIу зытар е зыри зымытыхар?

(35) Абы ущэхуар ищIэу илъагъуу ара?

(36) Е Мусэ и тхылъым итыр ирамыгъэщIауэ ара?

(37) Е Ибрэхьим унафэр зыгъэзэщIам ейм?

(38) Зы псэми адрейм и хьэлъэр ихьынукъым.

(39) ЦIыхум къылъысынур зыхущIэкъуу щыта закъуэращ.

(40) Ар зыхущIэкъури нэрылъагъущ.

(41) ИтIанэ хейуэ хуэфащэр иратыжынущ.

(42) Уи Тхьэм и дежщ иужьреуэ здынэсыжынухэр.

(43) Аращ зыгъэдыхьэшхри, зыгъагъри.

(44) Аращ псэр хэзыхри, хэзылъхьэри.

(45) Аращ тIууэ къэзыгъэхъуар хъулъхугъэу икIи бзылъхугъэу

(46) ткIуэпсым къыхэкIауэ ар къыщыкIуэцIыкIам и деж.

(47) Аращ зытелъыр иджыри зэ къигъэхъужыныр.

(48) Аращ къулей зыщIри, хурикъунур езытри.

(49) ИпэжыпIэкIэ, Аращ Сириусым и Тхьэр.

(50) Аращ япэрей хьадхэр хэзыгъэкIуэдэжар,

(51) самудхэми зыри къащIэзмынар,

(52) Нухь и лъэпкъми абы ипэкIэ, ахэр, ипэжыпIэкIэ, нэхъри залымхэт икIи езыгъэлейхэт.

(53) Къуажэ зэпигъэзахэри къридзыхащ,

(54) абыхэм къатехуащ къатехуар.

(55) Уи Тхьэм и нэщэнэхэм щыщу сыт атIэ шэч къызытепхьэр?

(56) Мыр Iейм зыщыфхъумэну вжезыIэщ ипэкIэ щыIахэм хуэдэу.

(57) Благъэ къэхъур къэблэгъащ.

(58) Алыхьым нэгъуэщI зыми ар Iуихыфынукъым.

(59) Мы псалъэхэр вгъэщIагъуэу ара?

(60) Фыдыхьэшхыу ара фымыгъыу?

(61) ФытеджэгукIыу ара?

(62) Алыхьым щхьэщэ хуэфщIи, фи щхьэхэр щIым хуэвгъэтIылъ, икIи Абы фыхуэпщылI.