21 - Al-Anbiyaa ()

|

(1) ЦIыхухэм лъытэныгъэр пэгъунэгъу къахуэхъуащ, езыхэм яфIэмыIуэхуу я щIыбхэр къагъазэр

(2) Сытым щыгъуи я Тхьэм и деж къикIауэ щIэ гуэрэ щызэхахкIэ, абы едэIухэт джэгухэурэ

(3) Ягухэм зыри къафIэIуэхукъым абыхэм. Залымыгъэ зезыхьахэми жаIэрт, зэIущащэхэу: "Мыр фэ фхуэдэ дыдэу цIыхукъэ тIэ? Ар фщIэурэ щхъуэм фыхуэкIуэну ара?"

(4) Абы жиIащ: "Си Тхьэм уафэхэми щIылъэми щыжаIэр ещIэр, Ар Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ"

(5) Абыхэм жаIащ атIэ: "Мыр пщIыхьэпIэ мыхьэнэншэ къудейуэ аращ! Хьэуэ, ар езым къигупсысащ! Хьэуэ, ар усэ зэхэзылъхьэ усакIуэщ! Къытхурехь нэщэнэ, ипэкIэ щыIа лIыкIуэхэм къызэрахьтэм хуэдэу"

(6) Абыхэм япэкIэ дгъэкIуэда къуажэхэм щыщу зыми Iиман къахьатэкъым. АтIэ езыхэм Iиман къахьыну ара?

(7) Уэ уи япэкIэ нэдгъэкIуахэр псори цIыхухъухэт, абыхэм уэхьи яхуедгъэхт. Фэ фымыщIэмэ, фаупщI зигу къэзыгъэкIыжхэм

(8) Ахэр (лIыкIуэхэр) тщIакъым, шхын зымышх пкъыхэу, икIи ахэр игъащIэкIэ псэуну тщIакъым

(9) ИтIанэ абыхэм псалъэ быдэу яттар къэдгъэпэжри къедгъэлахэщ езыхэри, нэгъуэщI дызыхуеяхэри, икIи гъунэм ебэкъуахэр псори хэдгъэкIуэдащ

(10) Тхылъ къыфхуедгъэхащ, фигу къэзыгъэкIыжыныр иту, атIэ къывгурымыIуэу ара?

(11) Дапщэ къуажэ залымыгъэ зезыхьауэ зэхэткъутар? ИкIи абыхэм яужь нэгъуэщI лъэпкъ къэдгъэкIуащ

(12) Абыхэм Ди хьэзабыр щызэхащIэкIэ щIэпхъуэну пылъхэт

(13) ФыщIэмыпхъуэу къэвгъэзэж егъэлеяуэ фIыуэ фызыдагъэпсэутэм, фи унэхэм и деж, зыгуэр къывэупщIынкIэ мэхъур!

(14) Абыхэм жа1ащ: "Уэ дыунэхъужакъэ, дэ залымыгъэ зетхьэу щытащ"

(15) Апхуэдэу жаIэурэ джэныр щагъэтакъым абыхэм, вагъэ хэкIуэдэжа тщIыхухэкIэрэ

(16) Уафэри, щIылъэри, абыхэм яку дэтри Дэ дыджэгуурэ къэдгъэщIакъым

(17) Дэ дытезыгъэун дыхуеятэмэ, диIэхэм щыщ гуэр къыхэтхынут абы щхьэкIэ

(18) Дэ пэжымкIэ пцIым доуэри ар зэхыдогъэлъалъэри мэкIуэдыж. ФыхэкIуэдащ фэ а хуэвгъэфащэм щхьэкIэ

(19) Абым ейщ уафэхэми щIылъэми щыIэу хъуар, Абы и деж щыIэхэр епэгэкIкъым хуэпщылIыным икIи езэшхэкъым

(20) И щIыхьыр ягъэиныр жэщи махуи икIи езэшхэкъым

(21) АтIэ ахэр хуэпщылIхэу ара, щIым къыхаха тхьэхэм зыгуэр къагъэхъужыфу?

(22) Абыхэм нэгъуэщI тхьэ тетхэтэмэ, Алыхьым мыхъумэ, я Iуэхур зэIыхьэнут, и щIыхьыр инщ Алыхьым, Хьэршым и Тхьэм, икIи пэжыжьэщ а хуагъэфащэхэм

(23) Абым зыри еупщIкъым ищIэмкIэ, ауэ езыхэм яупщIынущ

(24) Абым нэгъуэщ тхьэхэр къащтауэ ара? ЖыIэ: "Къэфхь фи щыхьэтлыкъхэр, мыр сэ си гъусэхэм ягу къэзыгъэкIыжщ икIи си пэкIэ щыIахэм ягу къэзыгъэкIыжщ". Ауэ абыхэм я нэхъыбэм пэжыр ящIэкъым икIи я щIыбхэр къагъазэр

(25) Уэ уи япэкэIэ дгъэкIуакъым лIыкIуэ хуедмыгъэхауэ: "ИпэжыпIэкIэ щыIэкъым нэгъуэщI тхьэ, Сэ мыхъумэ, аращи фыкъысхуэпщылI!"

(26) Абыхэм жаIащ: "ГущIэгъущIым бын зыхуищтэжащ". И щIыхьыр инщ Абы! Ахэр Абы и лIыкIуэ щIыхь зиIэхэщ

(27) Абыхэм я псалъэр Абы ипэ ирагъэщкъым, икIи ахэр Абы и унафэм щIэту псори ящIэр

(28) Абы ещIэр ахэм я блэкIари, я къэкIуэнури, икIи ахэр къызыщхьэщыжынур Ар зыхуэарэзы къудейхэращ, икIи ахэр Абы фIолIыкIхэр, зэрыщышынэхэм къыхэкIыу

(29) Абыхэм ящыщ гуэрым жиIэмэ: "Сэращ Абы щIыгъуу тхьэр", - абы хуэдгъэфэщэнущ жыхьэнэмэр. Аращ залымыгъэ зезыхьэхэм яхуэфащэр

(30) Джаурхэм ямылъагъуу ара уафэхэмрэ щIылъэмрэ зыуэ зэрыщытар икIи Дэ ахэр зэрызэщхьэщыдгъэкIар? ИкIи псым къыхэдгъэкIащ дэтхэнэ зы псэущхьэри, Iиман къамыхьу ара абыхэм?

(31) Дэ щIым тетщIыхьащ къущхьэхэр, ар мыхъеин щхьэкIэ абыхэм я гъусэу, икIи гъуэгу бгъуэшхуэхэр щытщIащ абы деж, захуэм тету ирикIуэнхэ щхьэкIэ

(32) Уафэр тщIащ унащхьэ хъума, ауэ абыхэм Ди нэщэнэхэм я щIыбхэр хуагъазэр

(33) Аращ жэщри махуэри къэзыгъэщIар, дыгъэри мазэри зыщIар, щхьэж и лъагъуэм тету есу

(34) Зы цIыхуи уи пэкIэ игъащIэкIэ псэуну тщIакъым, уэ улIэмэ езыхэр игъащIэкIэ псэуну ара?

(35) Псэ къэскIэ лIэныгъэр зыхищIэнущ, икIи фыдгъэунэхунущ IейкIи фIыкIи, фыкъэтщIэным папщIэ, икIи Ди дежщ къыздэвгъэзэжынур

(36) Джаурхэм ущалъагъукIэ щIэнэкIалъэ уащIыр: "Мыра фи тхьэхэм щхьэкIэ Iейхэр жызыIэр?" АтIэ езыхэм ГущIэгъущIым и гугъу щыхуащIкIэ я фIэщ хъукъым

(37) ЦIыхур хуабжь дыдэу щыIэныгъэншэу къигъэхъуащ. Сэ фэзгъэлъагъунщ Си нэщэнэхэр, аращи фымыпIащIэ

(38) Абыхэм жаIэр: "Сыт щыгъуэ а дызэрывгъэгугъэр къыщыхъунур, пэжыр жыфIэу щытмэ?"

(39) Джаурхэм ящIэ къудейтэмэ а уахътэм мафIэр я нэгухэми, я щIыбхэми щыIуамыхыжыфынур, икIи яIэнукъым абыхэм дэIэпыкъуэгъу

(40) Ар напIэзыпIэу къахуэкIуэнущи игъэгужьеинухэщ. ИкIи абыхэм ар Iуахыжыфынукъым, пIалъи къратынукъым

(41) Уэ уи япэкIи лIыкIуэхэм ящыдэхьэшххэт, ауэ ахэр ауан къэзыщIахэм къатехуащ ауан къащIауэ щытар

(42) ЖыIэ: "Хэт фыщызыхъумэфынур жэщми махуэми ГущIэгъущIым?" Ауэ ахэм я Тхьэм и гугъу ящIыныр IэщIыб ящIыр

(43) Е абыхэм тхьэхэр яIэу ара Дэ къытщахъумэфыну? Ахэр езыхэр зыдэIэпыкъужыфкъым икIи Дэ зыми къытщихъумэфынухэкъым

(44) Дэ езыхэми, я адэхэми яттащ фIыгъуэхэр, абыхэм я гъащIэхэр кIыхьи хъуащ. Абыхэм ямылъагъуу ара Дэ щIым и гъунэхэр мащIэ - мащIэурэ зэрыгуэтхыр? Ахэрауэ пIэрэ атIэ текIуэнур?

(45) ЖыIэ: "Сэ фызыщысхъумэну сыхуейщ уэхьимкIэ". Ауэ дэгум узэреджэр зэхихкъым, ахэр къахъумэну пылъхэми

(46) Абыхэм уи Тхьэм и хьэзабым щыщ жьы ящIихуми, жаIэнущ: "ДыхэкIуэдащ дэ, залымыгъэ зетхьэу щытащ"

(47) Дэ захуагъэм и тезырыр дгъэувынущ Къемэт махуэм, икIи зы псэми залымыгъэ ирахынукъым, горчицэ жылэм хуэдизми къэтхьынущ ар. Дэ лъытэныгъэр зэредгъэкIуэкIыр ирикъунущ атIэ!

(48) Мусэрэ Хьэрунрэ яттащ зэрызэхагъэкIынур, нэхур икIи гум къэзыгъэкIыжыр, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм щхьэкIэ

(49) Ямылъагъуми я Тхьэм щышынэхэр, Къемэт махуэм щхьэкIэ кIэзызхэр

(50) Мыр гум къэзыгъэкIыж берычэт зыхэлъу къедгъэхащ Дэ, фэ ар къэвмыдэу ара?

(51) Абы ипэкIэ Ибрэхьим и гъуэгу захуэр еттат икIи тщIэт Дэ ар

(52) Мис абы и адэмрэ и лъэпкъымрэ яжриIащ: "Сыт мы сурэт ухуа фызыхуэпщылIхэр?"

(53) Абыхэм жаIащ: "Дэ ди адэжьхэр абыхэм яхуэпщылIхэу тлъэгъуащ"

(54) Абы жиIащ: "Фэри, фи адэжьхэри гъуэщэныгъэ хуабжьым фыхэтащ"

(55) Абыхэм жаIащ: "Уэ пэж къытхуэпхьауэ ара е уэ джэгурейхэм уащыщу пIэрэ?"

(56) Абы жиIащ: "Хьэуэ! Фэ фи Тхьэр уафэхэми щIылъэми я Тхьэращ, ахэр къэзыгъэщIаращ. Сэ абы щыхьэт хуэхъухэм сащыщ зыуэ аращ

(57) ИкIи Алыхьым и цIэкIэ соIуэр, а фи тхьэхэ фызыхуэпщылIхэм хьилагъэ якIэлъызесхьэну, псори фыIукIыжхэу фи щIыбхэр къэвгъазэмэ".

(58) ИкIи цIыкIу - цIыкIухэу зэхигъэлъэлъащ ахэр, нэхъ ин дыдэм мыхъумэ, абыхэм абы и деж къагъэзэжынкIэ мэхъур

(59) Абыхэм жаIащ: "Хэт мыр езыщIар ди тхьэхэм? Ар залымыгъэ зезыхьэхэм щыщщ"

(60) ЖаIащ: "Зэхэтхащ щIалэщIэм абыхэм я гугъу ищIу, абым зэреджэхэр Ибрэхьимщ"

(61) ЖаIащ: "Къафшэ ар, цIыхухэм я нэхэм ялъагъуу, ахэри щыхьэт хъунхэ щхьэкIэ"

(62) Абыхэм жа1ащ: "Уэ 1ибрахьим, уэра мыр ди тхьэхэм языщ1ар?"

(63) Абы жиIащ: "Хьэуэ, ар я нэхъ иныращ языщIар, мис мыращ, фаупщIыт абыхэм, псалъэфхэмэ"

(64) Абыхэм зызэхуагъэзэжри жаIащ: "ИпэжыпIэкIэ фэращ залымыгъэ зезыхьэр!"

(65) ИтIани къытрагъэзэжри жаIащ: "Уэ бощIэр ахэр зэрымыпсалъэфыр"

(66) Абы жиIащ: "АтIэ Алыхьым нэгъуэщIу зыгуэрым фыхуэпщылIу ара сэбэпи къыфхуэмыхъуфу, и ягъи къывэмыкIыну?

(67) Фэри, Алыхьым нэгъуэщIу фызыхуэпщылIхэри фыхьэбыршыбырщ! КъывгурымыIуэу ара фэ?"

(68) Абыхэм жаIащ: "Вгъэси ар фи тхьэхэм фадэIэпыкъу, зыгуэр фщIэну щытмэ!"

(69) Дэ жыт1ащ: "Уэ маф1э, хъу щ1ы1э ик1и шынагъуэншэ 1ибрахьим щхьэк1э"

(70) Ахэм Iей иращIэну хуейхэт, ауэ Дэ езыхэр нэхъ хэкIуэдэжа тщIащ

(71) Ари, ЛутIи къедгъэлхэри щIы дунейуэ хъуам щхьэкIэ берычэт тщIам тшахэщ

(72) ИкIи абы Исхьэкъи, Якъуб щIыгъужу еттащ, икIи псори фIым тетхэу тщIащ

(73) Ахэр тщIащ Ди унафэм тету захуэм хуэзышэ пашэхэу, фIыр ящIэну, нэмэз ящIыну, сэджыт ятыну уэхьи яхуедгъэхащ, икIи ахэр Дэ къытхуэпщылIхэт

(74) ЛутIи еттат унафэ щIыныр, щIэныгъэр, мыхъумыщIагъэр зыгъахъэ къуажэми къедгъэлат, ахэр лъэпкъ Iейт икIи фасикъхэт

(75) Ар Ди гущIэгъуныгъэм хэтшащ, икIи ар фIы зыщIэхэм ящыщщт

(76) Нухьи ипэкIэ къыдэлъэIури и лъэIум жэуап еттыжащ, езыри и Iыхьлыхэри хьэзаб гуащIэм къедгъэлахэщ

(77) ИкIи ар тедгъэкIуащ Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжа лъэпкъым, ахэр лъэпкъ Iейти псори едгъэтхьэлахэщ

(78) Даудрэ Сулейманрэ гъавэм и унафэр зэращIэтэри, абым зы лъэпкъым я былымыр хыхьэу щызэхаутам. ИкIи Дэ абыхэм я унафэм дрищыхьэтщ

(79) Ар Сулейман гурыдгъэIуащ икIи тIуми яттащ унафэ щIыныр, щIэныгъэр, Дауди щIыгъуу дгъэжыIэщIащ къущхьэхэри, бзухэри, Ди ЩIыхьыр яIэтыну. Дэ тщIащ ар

(80) ИкIи абы едгъэщIащ афэ зэрищIынур фэ щхьэкIэ, бэлыхь къыващIылIэм фыщихъумэну. АтIэ фэ шыкур фщIыуэ пIэрэ?

(81) Сулейман жьы хуабжьыр хуэжыIэщIэ тщIащ, абы и унафэкIэ щIы берычэт зыхэтлъхьам кIуэуэ, икIи Дэ сытри дыщIэт

(82) ШейтIанхэми щыщу абы щхьэкIэ псым зыщIэзыхуэхэри, нэгъуэщI Iуэхухэри хуэзыщIэхэр. Дэ ахэр тхъумэхэт

(83) Iэюби и Тхьэм хуеджащ: "ИпэжыпIэкIэ узыр къыстехуащ, икIи Уэращ гущIэгъущIхэм я нэхъ ГущIэгъущIыр"

(84) Дэ абы жэуап еттыжри и узыр щхьэщытхащ, и Iыхьлыхэри, абыхэм иджыри яхуэдизи еттащ Ди гъущIэгъум къыхэкIыу, икIи къытхуэпщылIхэм щхьэкIэ ущиеу

(85) Исмэхьили, Идриси, Зу Аль-Кифли - ахэр псори шэчыныгъэ зыхэлъхэм ящыщт

(86) Ахэр Ди гущIэгъуныгъэм хэтшащ, икIи ахэр фIы зыщIэхэм ящыщт

(87) Зу Ан-Нуни губжьауэ щежьэжам къыфIэщIат, Дэ абы дыпэмылъэщыну, ар кIыфIхэм хэту къэджащ: "Уэ фIэкIа нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Уи ЩIыхьыр лъагэщ, сэ залымыгъэ зезыхьахэм сащыщщ!"

(88) Дэ абы и лъэIум жэуап еттыжри гукъеуэм къедгъэлащ, апхуэдэу Iиман къэзыхьахэр къыдогъэлыр Дэ

(89) Закарии и Тхьэм елъэIут: "Си Тхьэ, закъуэу сыкъомыгъанэ, Уэращ щIэин къызыхуэнэхэм я нэхъыфIыр"

(90) Абы жэуап еттыжри Яхья тыгъэ хуэтщIащ, и щхьэгъусэри зыхузэфIэкI тщIыжащ. Ахэр фIым хуэпIащIэхэт, къытщышынэу икIи къытщыгугъыу къыдэлъэIухэт, икIи ахэр къытхуэIэсэхэт

(91) ИкIи зи щIыхьыр зыхъума бзылъхугъэри, абы псэр хуэдгъэкIуащ Ди лIыкIуэр хуэдгъакIуэри, езыри и къуэри нэщэнэ тщIахэщ дунейхэм щхьэкIэ

(92) Мыр фи диныращ, зы динщ ар, икIи Сэ Сывитхьэщи фыкъысхуэпщылI

(93) Ахэр зэтекIа хъуахэщ, дэтхэнэми Ди деж къигъэзэжынущ

(94) ФIым щыщ зыщIам езым Iиман къихьауэ, абы и Iуэхухэр хэкIуэдэнукъым, Дэ псори худотхыр абы

(95) Хьэрэм тщIар хэдгъэкIуэда къуажэхэращ, абыхэм къагъэзэжынукъым

(96) ЯIджуджрэ МэIджуджрэ къыдамыгъэкIыхукIэ, ахэр дэтхэнэ къытеIэтыкIа щIыпIэми къехынухэщ

(97) Псалъэ пэжыр абдежым къэблэгъэнущ, джаурхэми я нэхэр щIилъэфэнухэщ: "КIуэдыжыныр къыттехуащ, мыр къытфIэIуэхутэкъым дэ, атIэ дэ залымыгъэ зетхьащ"

(98) Фэри, Алыхьым нэгъуэщI фызыхуэпщылIхэри жыхьэнэмэм и гъэсынщ, фэращ абы хэхуэнур

(99) Ахэр тхьэуэ щытахэтэмэ, абым хэхуэнухэтэкъым, дэтхэнэри абым игъащIэкIэ къыхэнэнущ

(100) Ахэм хьэлъэу жьыр къажьэдэкIынущ абдежым, ауэ зыри зэхахынукъым

(101) Ауэ ипэм щегъэжьауэ фIыр зыхуэдухахэр абы пэжыжьэ ящIынухэщ

(102) И макъ щэху дыди зэхахынукъым ахэм, ахэр игъащIэкIэ хэтынухэщ я псэхэр зыхущIэкъум

(103) Шынагъуэшхуэм абыхэм ягу къригъэуэнукъым, мелыIычхэри къапежьэнухэщ: "Мыращ фыкъызэрагъэгугъауэ щыта махуэр!"

(104) А махуэм уафэр зэкIуэцIытшыхьынущ, тхыгъэхэр зэрызэтрашыхьым хуэдэу. ИпэкIэ къызэрыдгъэщIахэм хуэдэу иджыри зэ къэдгъэщIэжынухэщ, аращ псалъэу Дэ ттар, икIи ар тщIэнущ

(105) ИкIи Забурым иттхащ, гум къэзыгъэкIыжым иужь, щIыр къызылъысыжынур Ди пщылI фIым тетахэращ

(106) ИпэжыпIэкIэ ар къытхуэпщылI лъэпкъым щхьэкIэ тхыгъэщ

(107) ИкIи Дэ удгъэкIуащ дунейуэ хъуам щхьэкIэ гущIэгъу къудейуэ

(108) ЖыIэ: "Сэ уэхьи къысхохыр фи Тхьэр зэры - Тхьэ Закъуэр, атIэ фэ муслъымэн фыхъунукъэ?"

(109) Абыхэм я щIыбхэр къагъазэмэ жыIэ: "Псоми зэхуэдэу щынагъуэм папщIэ хъыбар фызогъащIэр. ИкIи сщIэкъым сэ жыжьэми гъунэгъуми а фызэрагъэгугъэр

(110) ИпэжыпIэкIэ Абы ещIэр псалъэм щыщу нахуэри, ещIэр фыущэхуари

(111) ИкIи сщIэкъым сэ, ар фэ щхьэкIэ гъэунэхугъэми, пIалъэр къэсыху фызыгъатхъэу щытынуми"

(112) Абы жиIащ: "Ди Тхьэ, захуэм тету щIэ унафэр, ди Тхьэ ГущIэгъущIращ дэIэпыкъуэгъур, а фэ фызытепсэлъыхьым щхьэкIэ"