27 - An-Naml ()

|

(1) ТIа Син. Мыр КъурIэным и Iэятхэщ икIи Тхылъ нахуэщ.

(2) Захуэм хуэзышэ икIи Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ хъыбарыфIщ.

(3) Нэмэзыр нэгъэсауэ зыщIхэр, сэджыт зытхэр, ахэращ шэч хэмылъу ахърэтыр зи фIэщ хъухэр.

(4) Ахърэтыр зи фIэщ мыхъухэм я Iуэхухэр яхуэдгъэдэхащ, ахэм мыхьэнэншэу къаджэдыхь.

(5) Ахэращ хьэзабым и нэхъ Iейр зыхуэфащэр, икIи ахърэтым ахэращ хэкIуэдэнухэр.

(6) ИпэжыпIэкIэ уэ КъурIэныр къыпхурегъэхыр АкъылыфIэм, ЗыщIэм.

(7) Мусэ и Iыхьлыхэм яжриIат: "Сэ мафIэ слъэгъуащ, е хъыбар абы къыфхуисхынщ, е мафIэ дэп къыфхуэсхьынщ, зыривгъэхуэбэну".

(8) Ар абдежым къыщысым джащ мафIэм и деж щыIэхэми, ихъуреягъкIэ щысхэми берычэтыр къатехуэну. И фIыщIэр инщ Алыхьым, дунейхэм я Тхьэм.

(9) "Уэ Мусэ, ипэжыпIэкIэ Сэращ ар, Алыхь Лъэщыр, АкъылыфIэр.

(10) Уи башыр хыфIэдзэт". Ар кIэзызу къыщилъагъум жын хэсым хуэдэу, икIуэтыжу IукIыжыну хуежьащ къимыгъазэу. "Уэ Мусэ, умышынэ, Сэ си лIыкIуэхэр шынэхэкъым.

(11) Залымыгъэ зыщIам, ауэ итIанэ Iейм иужь фIы ищIэжмэ, атIэ Сэращ Зыгъэгъур, ГущIэгъущIыр.

(12) Уи Iэр уи жыпым илъхьэ, хужьыбзэу къипхыжынущ, зыри имылажьэу. Ар хэтщ нэщэнибгъу фирхьэунымрэ и лъэпкъымрэ яхуэтщIахэм. Ахэр фасикъ лъэпкъхэщ".

(13) Ди нэщэнэхэр ялъагъуу къащыхуэкIуэм, абыхэм жаIащ: "Мыр щхъуэ нахуэщ".

(14) Ахэр я фIэщ хъуакъым, ягухэми ар ихьакъым я залымыгъэмрэ епэгэкIынымрэ щхьэкIэ. Еплъыт фэсэд зыщIэхэм я кIэух хъуам

(15) Даудрэ Сулейманрэ щIэныгъэ яттащ, абыхэми жаIащ: "Щытхъур зейр Алыхьыращ, и пщылI Iиман къэзыхьа куэдым дыкъыхэзыIэтыкIам".

(16) Дауд иужь щIэиныр зылъысар Сулейманращ. Абы жиIащ: "Уэ, цIыхухэ, бзухэр зэрыпсалъэр дагъэщIащ, псом щыщи къыдатащ, ипэжыпIэкIэ ар фIыщIэшхуэщ".

(17) Сулейман и дзэр зэхуишэсащ: жынхэри, цIыхухэри, бзухэри. Ахэр псори ягуэшахэщ.

(18) Апхуэдэурэ ахэр хъумпIэцIэджхэм я тафэм нэсахэщ. ХъумпIэцIэджым жиIащ: "Уэ, хъумпIэцIэджхэ, фи унэхэм фыщIыхьэ Сулейманрэ и дзэмрэ фызэхамыкъутэну зыхамыщIэу".

(19) Абы и псалъэм ар игъэгуфIэри игъэдыхьэшхащ. Абы жиIащ: "Си Тхьэ, лъэкIыныгъэ къызэт шыкур пхуэсщIыну фIыгъуэу сэри, си адэ-анэми къытхуэпщIам щхьэкIэ, арэзы узыщIын IуэхуфIхэри сщIэну, Уи ГущIэгъумкIи сахэгъыхьэ Уи пщылI фIы зыщIахэм".

(20) Ар бум лъыхъуэри игъуэтакъым, жиIащ: "Сыт щIэзмылъагъур хьэрхьупыр? Ар щымыIэхэм ящыщу ара?

(21) Хьэзаб гуащIэ теслъхьэнущ абы, е фIэзгъэжынущ, щхьэусыгъуэ гурыIуэгъуэ къысхуимыхьмэ".

(22) Куэдрэ къэмытауэ (къэкIуэжри) жиIащ абы: "Уэ умылъэгъуар слъэгъуащ сэ, СэбэI сыкъикIыжри сыкъыпхуэкIуэжащ, хъыбар пэжыр къыпхуэсхьри.

(23) Абдежым къэзгъуэтащ абыхэм япщ, бзылъхугъэу, абы сытым щыщри иIэщ, пащтыхь тахътэшхуи иIэщ.

(24) Езыри, и лъэпкъри дыгъэм щхьэщэ хуащIурэ я щхьэхэр щIым тралъхьэу слъэгъуащ, Алыхьым нэгъуэщIу. ШейтIанми абыхэм ялэжьыр яхуигъэщIэрэщIащ, гъуэгу захуэри яхузэпиупщIащ, аращи ахэр гъуэгу захуэм хуэкIуэхэкъым.

(25) Ахэм я щхьэхэр хуамыгъэтIылъыну Алыхьым, ущэхуар уафэхэми щIылъэми къыщIэзыгъэщыр, фыущэхухэри, нахуэ фщIыхэри зыщIэр.

(26) Алыхьу Езым нэгъуэщI тхьэ щымыIэм, Хьэршышхуэм и Тхьэм".

(27) Абы (Сулейман) жиIащ: "Деплъынщ, пэж жыпIа е пцIыупсхэм уащыщ.

(28) Мы си тхыгъэр щтэи кIуэи ар яхэдзэ абыхэм. ИтIанэ лъэныкъуэкIэ зегъэзи еплъ абыхэм жэуапу къатыжынум".

(29) Абы (пщы бзылъхугъэм) жиIащ: "Уэ, си къуэдзэхэ, сэ тхыгъэ лъапIэ къысхурадзыхащ.

(30)

(31) ФыкъызэмыпэгэкIыу жыIэщIэхэу фыкъысхуэкIуэ".

(32) Абы (бзылъхугъэм) жиIащ: "Уэ, си къуэдзэхэ, мы Iуэхум сщIэнумкIэ чэнджэщ къызэфт, фэ щыхьэт фымыхъуауэ унафэ къэсхьтэкъым сэ".

(33) Абыхэм жаIащ: "Дэ къаруи диIэщ, дылъэщщ, унафэр зыIэщIэлъыр уэращи, еплъ сыт хуэдэ унафэ къэпхьынуми".

(34) Абы жиIащ: "Пащтыхьхэр жылэм дыхьэхэмэ, абы фэсэд къыдахьэ, пщIэ зиIэхэу абы дэсхэр ягъэпудыр, аращ абыхэм ящIэр.

(35) Сэ абыхэм саугъэтхэр яхуезгъэхьынщи сеплъынщ, сыт лIыкIуэхэр къэкIуэжмэ къахьынур".

(36) Сулейман и деж ахэр къыщыкIуэм, абы жиIащ: "МылъкукIэ фыкъыздэIэпыкъуфын фи гугъэу ара фэ? Алыхьым сэ къызитар нэхъыфIщ, фэ къывитам нэхърэ. Фэращ а фи саугъэтхэм иригуфIэр.

(37) Гъэзэж абыхэм я деж, дэ дзэ зыпэмылъэщын тщIыгъуу дакъыхуэкIуэнщ, гъэпудауэ, гъэцIыкIуауэ ахэр къыдэтхунщ,

(38) Абы жиIащ: "Си къуэдзэхэ, хэт абы и тахътэр къысхуихьын, езыр жыIэдаIуэу къытхуэмыкIуэ щIыкIэ?"

(39) Хьифрит жынхэм ящыщым жиIащ: "Сэ къыпхуэсхьынщ ар, уздэщысым укъэмытэдж щIыкIэ, сэ абы сыхуэгъэзауэ сылъэщщ, дзыхь къысхуэпщI хъунущ".

(40) Тхылъым щыщу щIэныгъэ зиIэм жиIащ: "Сэ къыпхуэсхьынщ ар, уи напIэр къемыхуэх щIыкIэ". Ар и дежым щыту щилъагъум жиIащ (Сулейман): "Мыр си Тхьэм и фIыщIэм щыщщ, сигъэунэхуным щхьэкIэ: шыкур сщIыну е сепцIыжыну. Шыкур зыщIым и щхьэм щхьэкIэщ щIищIыр, зыгуэр епцIыжмэ, атIэ си Тхьэр Къулейщ, Хьэлэлщ".

(41) Абы жиIащ: "ЗэфхъуэкI абы и тахътэм и теплъэр, деплъынщ, къищIэжыну е зэхэзмыщIыкIхэм ящыщ ар?"

(42) Ар (бзылъхугъэр) къыщыкIуэм, жраIащ: "Мыпхуэдэ уи тахътэр?" Абы жиIащ: "Ара хуэдэщ". (Сулейман жиIащ): "Дэ щIэныгъэ къыдатащ абы ипэкIэ, икIи дэ дыхуэжыIэдаIуэщ".

(43) Абы зэран хуэхъур Алыхьым нэгъуэщI зыхуэпщылIу щытаращ, ар джаур лъэпкъым щыщт.

(44) Абы жраIащ: "Дэхьэ пащтыхь унэм". Ар щилъагъум, псы ит къыфIэщIащ, и лъапщхьэхэри къигъэплъащ. Абы (Сулейман) жиIащ: "Мыр абджкIэ къищIыкIа пащтыхь унэщ". Абы (бзылъхугъэм) жиIащ: "Си Тхьэ, си щхьэм залымыгъэ есхыжащ, Сулейман сыщIыгъуу Алыхьым сыхуэжыIэщIэщ, Дунейхэм я Тхьэм".

(45) Сэмудым яхуэдгъэкIуащ я къуэш Сэлихь, Алыхьым хуэпщылIынхэу, итIанэ ахэр гупитI хъуахэщ, зэдауэхэу.

(46) Абы жиIащ: "Си лъэпкъ, сыт Iейр нэхъ псынщIэу къэкIуэну фыщIыхуейр фIым нэхърэ? Алыхьым къыфхуигъэгъуну фелъэIумэ, гущIэгъу къыфхуищIынкIэ мэхъур".

(47) Абыхэм жаIащ: "Дэ Iей къытхуэпхь къытфIощIыр уэри, уи гъусэхэми". Абы жиIащ: "Фэ Iейуэ къыфщыхъухэр псори Алыхьым и дежщ здэщыIэр, атIэ фагъэунэху лъэпкъыу аращ фэ".

(48) Къалэм цIыхуибгъу дэст, щIым фэсэд зыщырагъэубгъуу икIи фIы ямыщIэу.

(49) Абыхэм жаIащ: "Алыхьым и цIэкIэ тхьэрыIуэ зыхуэфщIыж псоми абы и деж жэщым фыкIуэу езыми и Iыхьлыхэми фатеуэну. ИтIанэ абы и уэлийм жетIэнщ: "Дэ тлъэгъуакъым абы и Iыхьлыхэр зэрыхэкIуэдар, икIи дэ пэжыр жыдоIэр".

(50) Ахэм хьилагъэ къагупсысащ, Дэри хьилагъэ якIэлъызетхьащ абыхэм зыхамыщIэу.

(51) Еплъыт абыхэм я хьилагъэм къахуихьам: ахэр Дэ зэхэткъутащ езыхэри, я лъэпкъ псори.

(52) Мес абыхэм я унэхэр хэкIуэдэжахэщ, залымыгъэу зэрахьам щхьэкIэ, ар лъэпкъ зыщIэхэм щхьэкIэ нэщэнэщ.

(53) Iиман къэзыхьахэр къедгъэлахэщ, ахэм тхьэшынагъуэ яхэлът.

(54) ЛутIи и лъэпкъым жриIат: "Флъагъуурэ мыхъумыщIагъэр фщIэуэ ара?

(55) ЦIыхухъухэм фекIуалIэу аращ фахуэлIэу, бзылъхугъэхэр къэвгъэнауэ, фэ фыщIэныгъэншэ лъэпкъщ".

(56) Абы и лъэпкъым жэуап къатыжа къудейуэ аращ жаIэу: "ЛутI и унагъуэр дэфху фи къуажэм, ахэр зызыгъэкъабзэ цIыхухэщ"

(57) Арати езыри, и унагъуэри къедгъэлащ, и щхьэгъусэм мыхъумэ, ар къэнахэм ящыщыну хуэттхат.

(58) ИтIанэ абыхэм уэшх ятедгъэшхащ, сытым хуэдэу Iей, Iейм щахъумэну зыпылъахэм я уэшхыр!

(59) ЖыIэ: "Щытхъур зейр Алыхьыращ, шынагъуэншагъэри зыхуэфащэр Абы хиIэтыкIа и лIыкIуэхэращ. Алыхьыр нэхъыфIщ, абыхэм гъусэу хуащIхэм нэхърэ".

(60) Хэт уафэхэри щIыри къэзыгъэщIар? Уфами уэшх къыфхуригъэшхыу, жыг хадэ дахащэхэри къыфхуэзыгъэкIар? Фэ фхуэлъэкIынутэкъым, абы и жыгхэр къэвгъэкIыну. Алыхьым нэгъуэщI тхьэ щыIэу ара? Хьэуэ, ахэр лъэпкъ захуэм тегъуэщыкIахэщ.

(61) Хэт щIыр зыщIар быдэу щыту? Хэт абы и кIуэцIым псыхэр зыгъэжар? Хэт ар иIыгъыну къущхьэхэр зыщIар? Хэт хитIым я кум зэхэзымыгъэхьэ яхуэзыщIар? Алыхьым нэгъуэщI тхьэ щыIэу ара? Хьэуэ, абыхэм я нэхъыбэм ямыщIэу аращ.

(62) Хэт гугъуехьым хэтым жэуап езытыр, ар къелъэIумэ? Хэт Iейуэ къыщыщIыр щхьэщызыхыр? Хэт щIым и тепщэ фызыщIыр? Алыхьым нэгъуэщI тхьэ щыIэу ара? Сыту мащIэ фэ фигу къызэрывгъэкIыжыр!

(63) Хэт щIыми хыми я фIыцIагъэм фыхэзышыр гъуэгу захуэкIэ? Хэт жьыхэр къыфхуэзыгъакIуэр, и фIыгъуэм ипэ гуфIэгъуэу? Алыхьым нэгъуэщI тхьэ щыIэу ара? ЩхьэщыIэтыкIащ Алыхьыр гъусэу хуащIхэм.

(64) Хэт къэзыгъэхъур япэ дыдэу, итIанэ къытезыгъэзэжыр? Хэт ерыскъы уафэми щIыми къыфхухэзгъэкIыр? Алыхьым нэгъуэщI тхьэуэ пIэрэ ар? ЖыIэ: "Къэфхь фи щыхьэтлыкъхэр, пэж жыфIэу щытмэ".

(65) ЖыIэ: "Уафэхэми щIылъэми щыIэхэм щыщу зыми ущэхуар ищIэркъым, Алыхьым мыхъумэ. ИкIи ящIэркъым абыхэм къыщагъэхъужынур

(66) Абыхэм я щIэныгъэр ахърэтым нэскъым, абы шэч къытрахьэ ахэм, атIэ ахэр нэфхэм хуэдэу ялъагъуркъым ар".

(67) Iиман къэзымыхьахэм жаIащ: "Дэри, ди адэжьхэри сабэ дыхъужми дыкъыщIашыжыну ара?

(68) Дэри, ди адэжьхэри ипэкIэ абыкIэ дагъэгугъащ. АтIэ ар япэрейхэм я псысэхэу аращ".

(69) ЖыIэ: "ЩIым фрикIуи феплъ мыхъумыщIэ зыщIахэм я кIэух хъуар".

(70) Абыхэм щхьэкIэ умынэщхъей уэ икIи уи гур зэщIомыгъэкъузэ абыхэм я хьилагъэхэм.

(71) Абыхэм жаIэр: "Сытым щыгъуэ а зэрывгъэгугъэр къыщыхъунур, жыфIэр пэжу щытмэ?"

(72) ЖыIэ: "А фызыхуэпIащIэр фэ пэблагъэ къыфхуэхъуагъэнкIэ мэхъур".

(73) ИпэжыпIэкIэ уи Тхьэр фIыгъуэшхуэ цIыхухэм яхуэзыщIэщ, ауэ абыхэм я нэхъыбэм шыкур ящIыркъым.

(74) Уи Тхьэм ещIэр абыхэм ягухэм яущэхухэри, нахуэ ящIхэри.

(75) Уафэми, щIылъэми щыIэкъым зыри гъэпщкIуауэ, ар Тхылъым гъэнэхуауэ имыту.

(76) Мы КъурIэным Iисраил и бынхэм яхуеIуатэр нэхъыбэу зэрызэтекIахэм я хъыбар.

(77) Ар гъуэгу захуэщ икIи гущIэгъущ, Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ.

(78) Уи Тхьэм абыхэм я унафэр ищIынущ и IэмыркIэ, Ар Лъэщщ, ЗыщIэщ.

(79) Алыхьым щыгугъ, уэ пэж нахуэм утетщ.

(80) Уэ лIахэм зэхебгъэхыфынукъым, дэгуми зэхебгъэхыфынукъым къызыхуебджэр, абыхэм я щIыбхэр къагъазэу икIуэтыжхэмэ.

(81) ИкIи нэфыр уэ захуэныгъэм хуэпшэфынукъым, я щыуэныгъэм къыхэпшу. Уэ узэхэзыхынур Ди нэщэнэхэр зи фIэщ хъуауэ Iиман къэзыхьахэращ.

(82) Абыхэм хуаухар къатехуэмэ, щIым псэущхьэр къыхэтшынущ, абы къажриIэнущ цIыхухэм фIэщхъуныгъэ быдэ зэрахэмылъар Ди нэщэнэхэм теухуауэ.

(83) А Махуэм лъэпкъ къэскIэ гуп къахишынущ, Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэр, икIи ахэм якIэщIэIунщIэурэ яхунухэщ.

(84) Апхуэдэурэ къыщыскIэ жраIэнущ: "Ди нэщэнэхэр пцIыуэ фыбжат фэ, ахэр къывгурымыIуа пэтрэ? Е сыт фщIэуэ щытар фэ?"

(85) Абыхэм псалъэр къатехуэнущ, залымыгъэу зэрахьам къыхэкIыу, икIи ахэр псэлъэнукъым.

(86) Абыхэм ямылъагъуу ара, жэщыр зэрытщIар загъэпсэхуну абдежым, махуэри къызэрыдгъэнэхуар? ИпэжыпIэкIэ абы хэлъщ нэщэнэхэр, Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ.

(87) Бжьамийм щепщэну махуэм уафэхэм щыIэхэри, щIылъэм щыIэхэри щтэнухэщ, Алыхьым зыхуейуэ къыхигъэщахэм мыхъумэ. ИкIи псори и Абы и деж къэкIуэнухэщ, гъэцIыкIуауэ.

(88) Уэ плъагъунущ къущхьэхэу зызымыгъэхъейуэ быбжхэр пшэхэм хуэдэу зэрыкIуэнухэр. Аращ Алыхьым къигъэщIар, псори нэгъэсауэ зыщIар, Абым ещIэр фэ вгъахъэхэр.

(89) ФIы зыщIам абы нэхърэ нэхъыфI хуэфащэщ, икIи шынагъуэшхуэм а Махуэм ахэр щыхъума хъунухэщ.

(90) Iей зыщIахэр нэгукIэ мафIэм хадзэнухэщ: "ВгъэхъахэмкIэ къэфхьар аракъэ иджы фэ къэвлэжьыр?"

(91) "Сэ унафэ къысхуащIар мы къалэм (Мэчэм) и Тхьэм сыхуэпщылIынуращ, Аращ ар зыгъэлъэпIар, Аращ псори зейр. ИкIи сэ унафэу къысхуащIащ муслъымэнхэм ящыщу сыщытыну.

(92) КъурIэнми седжэну". Захуэм теувар, и щхьэм щхьэкIэ захуэм теувауэ аращ. Щыуам атIэ яжеIэ: "Сэ зысщыфхъумэнур вжесIэу аращ".

(93) ИкIи жыIэ: "Щытхъур зейр Алыхьыращ, Абы и нэщэнэхэр фигъэлъагъунущи къэфщIэнщ". ИкIи уи Тхьэм имыщIэу аракъым абыхэм ягъахъэхэр.