(1) Хьа Мим
(2) ГущIэгъущIу ГущIэгъу зыхэлъым и деж къикIащ.
(3) Тхылъщ и Iэятхэр КъурIэну гурыIуэгъуэ щIауэ хьэрыпыбзэ зыщIэ лъэпкъым щхьэкIэ.
(4) ХъыбарыфIыр къахуехьри Iейм зыщахъумэну ягурегъаIуэр. Ауэ нэхъыбэм я щIыбхэр къагъэзащи зэхахкъым.
(5) Абыхэм жаIэр: "Дигухэр хузэхуэщIащ а къызыхуебджэм уэ, ди тхьэкIумэхэри дэгу хъуащ. Дэрэ уэрэ ди зэхуакум зэпызыхукI дэтщ. Аращи уэ узыхуейр щIэ, дэри тщIэнущ".
(6) ЖыIэ: "Сэ сыцIыху къудейщ, уэхьи къысхуехыу аращ фи Тхьэр зэры Тхьэ закъуэр. Аращи захуэ гъуэгум фытету фыхуэкIуэ Абы, къыфхуигъэгъунуи фелъэIу. Унэхъужахэщ тхьэ куэдым хупщылIхэр,
(7) сэджыт хэзмытыкIхэр, ахърэтри зи фIэщ мыхъухэр".
(8) Iиман къэзыхьауэ фIыхэр зыщIахэм псапэ имыухыж яхуэгъэхьэзыращ.
(9) ЖыIэ: "Фэ фи фIэщ фымыщIыр щIыр махуитIкIэ къэзыгъэхъуаращ, Абы гъусэхэр хувощIыр, Ар дунейхэм я Тхьэщ.
(10) Абы къущхьэхэр трищIыхьахэщ мыхъейуэ абы и щхьэщыгум, берычэти хилъхьащ, хуэныкъуэхэм щхьэкIэ махуиплIкIэ игъэунэхуащ абдежым ерыскъыхэр.
(11) ИтIанэ уафэм зыхуигъазэри ар иджыри Iугъуэу щыту жриIащ аби, щIыми: "Фэр-фэру е лIыгъэкIэ фыкъакIуэ". Абыхэм жаIащ: "Дэр-дэрурэ дыкъэкIуэнущ".
(12) МахуитIкIэ ахэри уафиблу зэхигъэкIащ, уафэ къэскIэ унафэхэри хуищIащ. Мы дунейм и уафэри игъэщIэрэщIащ уэздыгъэхэмкIэ икIи ихъумащ. Аращ и унафэр Лъэщым, ЗыщIэм".
(13) Абдежми я щIыбхэр къагъазэмэ яжеIэ: "Сэ вжызоIэр фыхуэсакъыну хьэзабу хьадми, самудми къатехуам хуэдэм".
(14) Абыхэм лIыкIуэхэр ипэкIи, икIэкIи къахуэкIуэт: "Алыхьым фIэкIа зыми фыхуэмыпщылI". Абыхэм жаIащ: "Ди Тхьэр хуеятэмэ къригъэхынут мелыIычхэр. Дэ ди фIэщ хъукъым а фэ фи гъусэу кърагъэхар
(15) Хьадхэм щIым егъэлеяуэ зыщагъэпагэт ар яхуэмыфащэу. Абыхэм жаIащ: "Хэт дэ нэхърэ нэхъ къарууфIэр?" Абыхэм ямылъагъуу ара езыхэр къэзыгъэщIа Алыхьыр езыхэм нэхърэ зэрынэхъ къарууфIэр? Абыхэм Ди нэщэнэхэр ядэтэкъым.
(16) Абыхэм яхуэдгъэкIуащ жьы макъышхуэ зиIэр махуэ Iейхэм, абыхэм зэхащIэн щхьэкIэ хьэзаб зыгъэпудыр мы дунейм. Ауэ ахърэтым и хьэзабыр нэхъри зыгъэпудщ. Абыхэм дэIэпыкъуэгъуи яIэнукъым.
(17) Самудхэр атIэ гъуэгу захуэм тедгъэуват, ауэ нэфхэу щытыныр нэхъ къыхахащ, захуагъэм нэхърэ. Абыхэм къатехуащ щыблэр хьэзаб зыгъэпуду, ящIауэ щытам щхьэкIэ.
(18) Iиман къэзыхьахэмрэ тхьэшынагъуэ зыхэлъахэмрэ къедгъэлахэщ.
(19) Алыхьым и бийхэр МафIэм щашэ махуэм зыми щIэпхъуэжыпIэ иратынукъым.
(20) Ахэр щынэскIэ, абыхэм я тхьэкIумэхэри, я нэхэри, я фэхэри щыхьэт хъунухэщ ящIауэ щытам щхьэкIэ.
(21) Абыхэм жраIэнущ я фэхэм: "Сыт дэ щхьэкIэ щыхьэту фыщIыщытыр?" Абыхэм жаIэнущ: "Алыхьым дыпсалъэфу дищIащ, Абы сытри егъэпсалъэр". Аращ япэрейуэ фыкъэзыгъэхъур, Абы и дежщ здэвгъэзэжынури.
(22) Фэ фыпылъакъым фи тхьэкIумэхэми, фи нэхэми, фи фэхэми я щыхьэтым зыщывгъэпщкIуну. Ауэ фэ къыффIэщIт Алыхьым имыщIэу фщIам и нэхъыбэр.
(23) А фи Тхьэм щхьэкIэ фызэгупсысу щытам фыхигъэкIуэдащ, мис иджы хэкIуэдэжахэм ящыщ фыхъуащ.
(24) Абыхэм шэчыныгъэ зыхагъэлъми я екIуэлIапIэр МафIэщ. Абыхэм фIыуэ хущытынухэу щIэлъэIухэми, къахущытынухэкъым фIыуэ.
(25) Абыхэм гъусэхэр яхуэтщIат дахащэу языгъэлъагъухэр ипэкIэ къэкIуэнури, иужькIэ къэнари. Абыхэм, абыхэм япэкIэ псэуа лъэпкъхэми жынхэми, цIыхухэми щыщу ятеухуауи Псалъэр зэфIэкIащ. ИпэжыпIэкIэ, ахэр хэкIуэдахэщ.
(26) Джаурхэм жаIащ: "Мы КъурIэным фемыдэIу, фыщхьэрывэну къевгъажьэ (абы щеджэкIэ), фытекIуэнкIэ мэхъур".
(27) Джаурхэм хьэзаб гуащIэр зэхадгъэщIэнщ, нэхъ Iейуэ ящIэу щытам щхьэкIи яхуэфащэр яттыжынщ.
(28) Аращ Алыхьым и бийхэм яхуэфащэр! МафIэщ! Абыхэм ар я екIуэлIапIэщ, игъащIэкIэ къинэнухэу Ди нэщэнэхэр ямыдэу зэрыщытахэм щхьэкIэ.
(29) Джаурхэм жаIэнущ: "Ди Тхьэ, дэгъэлъагъухэ дыщызгъэуауэ щытахэр, жынхэмрэ цIыхухэмрэ ящыщу. Ахэм ди лъакъуэкIэ датеувэнщ, гъэцIыкIуауэ щытынхэ щхьэкIэ".
(30) ИпэжыпIэкIэ, жызыIауэ щытахэм: "Ди Тхьэр Алыхьыращ", - итIанэ захуэм тетахэм мелыIычхэр къахуехынущ: "Фымышынэ икIи фымынэщхъей, фыщыгуфIыкI Жэнэту фызэрагъэгугъауэ щытам.
(31) Дэращ фи къыщхьэщыжакIуэхэр мы дунейми ахърэтми. Абдежым щывгъуэтынущ фи псэхэр зыщIэхъуэпсу хъуар, абдежым къыватынущ фызыхуейуэ хъуар.
(32) Аращ Зыгъэгъум, ГущIэгъу зыхэлъым къыфхуигъэхьэзырар".
(33) Хэт и псалъэр нэхъыфI Алыхьым къыхуезыджэу фIы зыщIэм нэхърэ? ЖызыIэм: "Сэ муслъымэнхэм сащыщщ"?
(34) ФIымрэ Iеймрэ зэхуэдэкъым. НэхъыфIымкIэ пэув (Iейм), итIанэ уэрэ езымрэ зэбийуэ фызэхущытар, плъагъунущ фIыуэ узылъагъу Iыхьлым хуэдэу.
(35) Ауэ ар зыхуэфащэр шэчыныгъэ зыхэлъхэращ, ауэ ар зыхуэфащэр Iыхьэшхуэ зиIэращ.
(36) АтIэ шейтIаным къыуиIущэщхэр къыбнэсмэ, Алыхьым ущихъумэну елъэIу, Ар Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ.
(37) Абы и нэщэнэхэм щыщщ жэщри, махуэри, дыгъэри, мазэри. Щхьэщэ хуэвмыщI фи щхьэр хуэвгъэтIылъурэ дыгъэми, мазэми, атIэ щхьэщэ хуэфщIи фи щхьэхэр хуэвгъэтIылъ Алыхьу фыкъэзыгъэщIам, Абы фыхуэпщылIыр пэжмэ.
(38) Ахэр епэгэкIмэ атIэ уи Тхьэм и деж щыIэхэм махуэми жэщми Абы и щIыхьыр яIэт, ахэр ешыркъым.
(39) Абы и нэщэнэхэм щыщщ уэ щIыр зэрыплъагъур уэгъу хъуауэ, ауэ уэшх тедгъашхэмэ ар зэщIохъейри къопIэнкIыр. Ар къэзыгъэхъужаращ лIахэри къэзыгъэхъужыр. Абы сытри хузэфIокIыр.
(40) Ди нэщэнэхэм щхьэкIэ лъэныкъуэ зезыгъэзхэр Дэ тщыхъумахэкъым. МафIэм хадзэнура нэхъыфIыр е Къемэт махуэм шынагъуэншэу къэкIуэнура? Фызыхуейр фщIэ, Абы фщIэр елъагъур.
(41) Гум къэзыгъэкIыжыр зи фIэщ мыхъуахэр къащыхуэкIуэм (хьэзаб тралъхьэнущ), ипэжыпIэкIэ, ар Тхылъ лъэщщ.
(42) Абы пцIыр къекIуалIэкъым и пэкIи, и щIыбкIи. Ар къезыгъэхар АкъылыфIэращ, Щытхъу куэд зыхуэфащэращ.
(43) Уэ къыбжаIэнур уи япэкIэ лIыкIуэхэм жраIауэ щыта къудейращ. ИпэжыпIэкIэ, уи Тхьэр гущIэгъу зыхэлъщ, хьэзаб гуащIэри ятезылъхьэщ.
(44) Ар тщIатэмэ КъурIэну нэгъуэщI бзэкIэ, абыхэм жаIэнут: "Абы и Iэятхэр сыт гурыIуэгъуэу щIыщымытыр? Хьэрыпыбзэкъым икIи хьэрыпу?" ЖыIэ: "Ар Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ захуэм хуэзышэщ икIи зыгъэхъужхэщ. Iиман къэзмыхьахэм атIэ я тхьэкIумэхэр дэгущ, ахэр абы хуэнэфхэщ. Ахэр щIыпIэ жыжьэм щыIэу къызыхураджэращ".
(45) Мусэ Тхылъыр еттат, ауэ зэтекIахэщ ахэр абы теухуауэ. Уи Тхьэм и Псалъэр ипэкIэ мыхъуатэмэ, абыхэм я Iуэхур зэфIэкIынут. ИпэжыпIэкIэ, ахэр Iэнкунхэщ абы щхьэкIэ.
(46) ФIы зыщIам и щхьэщ зыхуищIар, Iей зыщIами езыращ зырищIэжар. Уи Тхьэми залымыгъэ ирихкъым пщылIхэм.
(47) Абым и закъуэщ Сыхьэтым теухуа щIэныгъэр зыбгъэдэлъыр. Зы пхъэщхьэмыщхьи къыхэкIынукъым и сэмбым, зы бзыри лъэрымыхьи хъунукъым икIи лъхуэнукъым Абы имыщIэу. Ахэм яжриIэнущ а махуэм: "Дэнэ Си гъусэхэр атIэ?" Абыхэм жаIэнущ: "Къытхуэгъэгъу, къытхэткъым дэ щыхьэт хъун".
(48) Ахэр ипэкIэ зэлъэIухэу щытахэм къагъэнэнухэщ, икIи абыхэм быдэу къагурыIуэнущ щIэпхъуэжыну зэрахузэфIэмыкIынур.
(49) ЦIыхур ешкъым фIым щIэлъэIуну, ауэ Iей къынэсмэ, абы гугъэр хехыжри Iэмалыншэ мэхъур.
(50) Абы фIыгъуэр зыхедгъащIэмэ зэран къекIа иужькIэ жеIэр: "Мыр сэращ зейр, Сыхьэтри къэсыну сыгугъэкъым сэ. Си Тхьэм и деж згъэзэжми нэхъыфIыщэр схуигъэхьэзырынущ Абы".
(51) Дэ цIыхум фIы хуэтщIамэ, зрегъэзэкIри IуокIыж. Ауэ Iей гуэр къыщыщIамэ, и лъэIур куэду еубгъу.
(52) ЖыIэ: "Фегупсысакъэ фэ мыр Алыхьым и деж къикIауэ фэ фи фIэщ фымыгъэхъумэ щэ? Хэт нэхъыбэу гъуэщэныгъэм хэтыр, пэжым емызэгъхэм нэхърэ?"
(53) Абыхэм Ди нэщэнэхэр ядгъэлъагъунщ зэрыдунейуи, езыхэми я щхьэхэми къагурыIуэхукIэ ар зэрыпэжыр. Иримыкъуу ара уи Тхьэр сытми зэрищыхьэтыр?
(54) ИпэжыпIэкIэ, абыхэм шэч къытрахьэр я Тхьэм зэрыхуэзэжынухэм. ИпэжыпIэкIэ, Абы сытри зэщIеубыдэр.