(1) Хьа Мим
(2) Тхылъ нахуэмкIэ соIуэр!
(3) ИпэжыпIэкIэ Дэ тщIащ ар КъурIэну хьэрыпыбзэкIэ абыхэм къагурыIуэн щхьэкIэ.
(4) ИкIи ар Дэ Ди дежым Iум Аль-Китабым итщ. Ар Лъагэщ, АкъылыфIэщ.
(5) Дэ Гум къэзыгъэкIыжыр фпэIэщIэ тщIыну ара, езыгъэлейуэ фызэрыщытым щхьэкIэ?
(6) Дапщэ Дэ дгъэкIуар япэрей лъэпкъхэм щхьэкIэ!
(7) Дэтхэнэ лIыкIуэри къахуэмыкIуамэ абыхэм ар щIэнэкIалъэ ящIырт.
(8) Дэ абыхэм нэхърэ нэхъ къарууфIэхэр хэдгъэкIуэдахэщ, икIи япэрей лъэпкъхэм я щапхъэхэр текIыжагъэхэхэщ.
(9) Абыхэм уаупщIмэ: "Хэт уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIар?" - жаIэнущ: "Ахэр къэзыгъэщIар Лъэщыращ, ЗыщIэращ".
(10) Абы щIыр фхуищIащ гущэу, фхуищIащ абдежым лъагъуэхэр, захуэу фрикIуэфын щхьэкIэ.
(11) Аращ уафэм псыр мардэкIэ къезыгъэхар, итIанэ абыкIэ щIыгу лIар къэдгъэхъужащ. Апхуэдэу фыкъыхашыжынущ фэри.
(12) Аращ зэщхьэгъусэхэу псори къэзыгъэщIар, кхъухьхэри былымхэри фхуищIащ фытетIысхьэхэу, фыкъырашэкIыу.
(13) Абыхэм я щIыбхэм фыдэкIуеин щхьэкIэ, итIанэ фи Тхьэм и фIыщIэр фигу къэвгъэкIыжыну абы фыдэкIуея иужь. ИкIи жыфIэну: "И щIыхьыр инщ мыр тхуэжыIэщIэ зыщIам, дэ ар тхузэфIэкIынутэкъым.
(14) ИкIи ипэжыпIэкIэ дэ ди Тхьэм и деж дгъэзэжынущ".
(15) Абыхэм и пщылIхэм щыщ гуэрэхэр Езым щыщ ящIащ, цIыхур нахуэу епцIыжакIуэщ.
(16) Абы къигъэщIауэ хъуам щыщу зыхухихыжауэ ара пхъухэр, фэ къуэхэр щIыхь къыфхуищIу къывитауэ ара?
(17) Абыхэм щыщ гуэр щагъэгуфIэкIэ ГущIэгъущIым тралъхьамкIэ, и нэгур мэуфIыцIри ерагъыурэ и губжьыр зэтреIыгъэр.
(18) Абы тралъхьэу ара гъэщIэрэщIауэ къагъэхъуу унафэ щащIэкIэ тыншу мыпсэлъэфыр?
(19) ГущIэгъущIым и пщылI мелыIычхэр ящIахэщ бзылъхугъэхэу, ахэр къызэрагъэщIар ялъэгъуауэ ара? Абыхэм я щыхьэтри тхауэ щытынущи яупщIыжынухэщ абы щхьэкIэ.
(20) Абыхэм жаIащ: "ГущIэгъущIыр хуеятэмэ, дэ абыхэм дахуэпщылIынутэкъым". Зыри хащIыкIкъым абым, пцIы яупсу аращ.
(21) Е ахэр зытетыну Тхылъ мыбы япэ еттауэ арат?
(22) Хьэуэ атIэ! Абыхэм жаIащ: "Дэ ди адэхэр къэдгъуэтахэщ мыбым тету икIи дэ абыхэм я гъуэгум дрокIуэр".
(23) Уэ уи япэкIэ къуажэ гуэрым сытым хуэдэ Iейм зыщахъумэну къыхуезыджэ дымыгъэкIуатэми, абы дэс тхъэгъуэм щигъэкIахэм жаIэт: "Дэ ди адэжьхэр мы гъуэгум тету къэтлъэгъуахэщ, абыхэм я лъагъуэм дрикIуэу аращ".
(24) Абы жиIащ: "АтIэ сэ къыфхуэсхьар нэхъ пэжмэ щэ, а фи адэжьхэр зытетауэ щыта къэвгъуэтам нэхърэ?" Абыхэм жаIэнущ: "Дэ а фэ къывагъэхьар ди фIэщ хъукъым".
(25) Дэ абыхэм лей ятщIэжащ, еплъыт я кIэух хъуам пцIыуэ зыбжу щытахэм.
(26) Мис Ибрэхьим жриIащ и адэмрэ, и лъэпкъымрэ: "Сэ зыкIи сыхэткъым а фэ фызыхуэпщылIхэм,
(27) сэ сыкъэзыгъэщIа закъуэращ атIэ (сызыхуэпщылIыр). ИпэжыпIэкIэ, Абы гъуэгу захуэм сытришэнущ".
(28) Ар ищIащ абым и щIэблэм къыхэнэжын псалъэу, абыхэм къагъэзэжыфын щхьэкIэ.
(29) Ауэ Дэ хуэддащ абыхэмрэ я адэжьхэмрэ загъэтхъэну, пэжыр къахуэкIуэху, лIыкIуэ зыгъэунэхури къахуэкIуэху.
(30) Абыхэм пэжыр къащыхуэкIуэм жаIащ: "Мыр щхъуэщ, дэ ар ди фIэщ хъукъым".
(31) Абыхэм жаIащ: "Мы КъурIэныр къыхуехатэмэ аракъэ къуажэшхуитIым ящыщ лIым!"
(32) Ахэра уи Тхьэм и фIыщIэр зыгуэшыр? Дэ абыхэм зэрыпсэунхэр ятедгуэшащ мы дунейм, зыгуэрхэр адрейхэм яхэтIэтыкIащ, зыгуэрхэм адрейхэр ягъэпщылIыну. Уи Тхьэм и фIыщIэр нэхъыфIщ, абыхэм зэхуахьэсым нэхърэ.
(33) ЦIыхухэр псори (джаур) лъэпкъ мыхъунухэтэмэ, ГущIэгъущIыр зи фIэщ мыхъухэм я унэхэм я щхьэхэр дыжьын тщIынут, пкIэлъейхэри дэкIуейхэу яхуэтщIынут.
(34) Я унэхэм я бжэхэри, пIэхэри зытрагъащIэу яхуэтщIынут.
(35) Зызэрагъэдахэхэри, атIэ ар псори мы дунейм зызэрыбгъатхъэщ, ахърэтыр уи Тхьэм и деж хуэгъэхьэзыращ тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм.
(36) ГущIэгъущIыр гум къэгъэкIыжыныр зымыдэхэм кIэрыдгъэувэнущ шейтIаныр, ар абы и гъусэ хъунущ.
(37) Ахэр гъуэгум трагъэхьэнукъым, ауэ езыхэм гъуэгу захуэм тету забжыжынущ.
(38) Ар Дэ Ди деж къыщыкIуэкIэ жиIэнущ: "Уэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъамэ аратэкъэ къухьэпIэм щегъэжьауэ къуэкIыпIэм нэс дэлъым хуэдиз! Сыту уэ угъусэ Iеищэт!"
(39) (Абыхэм жраIэнущ): "Фэ залымыгъэ зефхьат, аращи нобэ къыфщхьэпэжынукъым хьэзабыр зэрызэдэвгуэшыр!"
(40) Уэ зэхебгъэхыну ара дэгум? Е нэфымрэ, нахуэу гъуэщэныгъэм хэтымрэ гъуэгу захуэм тебгъэувэфыну ара?
(41) Уэ укъэтщтэжыфынущ Дэ, ауэ абыхэм лейр ятщIэжынущ.
(42) Уэ уэдгъэлъагъуфынущ ахэр зэрыдгъэгугъар, атIэ Дэращ абыхэм я унафэр зыIэщIэлъыр.
(43) Уэ уэхьиуэ къыпхуехам тет. ИпэжыпIэкIэ, уэ гъуэгу захуэм утетщ.
(44) Мыр уэри, уи лъэпкъми щхьэкIэ Гум къэзыгъэкIыжщ, икIи фэ къывэупщIыжынущ.
(45) ЯупщI уэ уи япэкIэ дгъэкIуауэ щыта Ди лIыкIуэхэм тщIамэ Дэ ГущIэгъущIым нэгъуэщI тхьэ ахэр зыхуэпщылIын.
(46) Мусэ дгъэкIуащ Ди нэщэнэхэр хуихьри Фирхьэунымрэ и къуэдзэхэмрэ я деж. Абы жиIащ: "Сэ дунейуэ хъуам я Тхьэм срилIыкIуэщ".
(47) Абы Ди нэщэнэхэр къащыхуихьым, ахэр къыщыдэхьэшхыу ирагъэжьащ.
(48) Сыт хуэдэ нэщэнэ ядмыгъэлъагъутэми абыхэм, ар ипэкIэ ялъэгъуам нэхърэ нэхъ инт. Абыхэм хьэзаб ятетлъхьат, къагъэзэжынкIэ мэхъур.
(49) Абыхэм жаIащ: "Уэ уд, уи Тхьэм елъэIу зэрыпхуигъэунэхуам хуэдэу, итIанэ гъуэгу захуэм дытеувэнщ".
(50) Ауэ ахэм хьэзабыр щащхьэщытхым, епцIыжахэщ.
(51) Фирхьэун и лъэпкъым зыхуигъазэри жиIащ: "Уэ си лъэпкъ, Мысырым и унафэр сэракъэ зыщIэр? Мы псыхэри сэракъэ езыгъэжэхыр? Фэ фымылъагъуу ара?
(52) Сэракъэ нэхъыфIыр мы гъэпудауэ жиIэр зэхыумыщIыкIыфым нэхърэ?
(53) Сыт абы Iэпщэхъу дыщэхэр щIыфIэмылъыр? Е щIыгъуу мелыIычхэр щхьэ къэмыкIуарэ?"
(54) Абы и лъэпкъыр игъэделэри хуэжыIэщIахэщ, ахэр фасикъ лъэпкъхэт.
(55) Абыхэм дыщагъэгубжьым лей ятщIэжащ икIи псори ахэр едгъэтхьэлахэщ.
(56) Ахэр тщIахэщ ипэкIэ къэкIуахэу икIи щапхъэу адрейхэм щхьэкIэ.
(57) Мэрям и къуэр щапхъэу къыщахькIэ, уи лъэпкъыр тхъэуэ къыхуогуоукI.
(58) Абыхэм жаIэр: "Дэ ди тхьэхэр нэхъыфI е мыра?" Абыхэм уэ щапхъэу ар пхуагъэув къодэуэнхэ щхьэкIэ. АтIэ ахэр зэдауэ лъэпкъхэщ!
(59) Ар пщылI къудейщ, Ди фIыгъуэм щыщ зэттащ, Исраил и бынхэм щхьэкIэ щапхъэ тщIащ.
(60) Дэ дыхуейтэмэ мелыIычхэмкIэ фыщызэтхъуэкIынт щIым и деж, ахэр фи къуэдзэ хъунхэт.
(61) ИпэжыпIэкIэ, ар Сыхэтым и нагъыщэщ. Абы зыкIи шэч къытевмыхьэ икIи Сэ фыкъыскIэлъыкIуэ. Аращ гъуэгу захуэр.
(62) ШейтIаным зытревмыгъэху, ар фи бий нахуэщ.
(63) Хьисэ нэщэнэ нахуэхэр къихьу къащыхуэкIуэм жиIащ: "Сэ Iущыгъэ къыфхуэсхьащ, фызэрызэтекI гуэрхэри гурыIуэгъуэ фхуэсщIын щхьэкIэ, Алыхьым фыщышынэ икIи фыкъысхуэжыIэщIэ!
(64) Алыхьыр сэри си Тхьэщ, фэри фи тхьэщ, Абы фыхуэпщылI, аращ гъуэгу захуэр".
(65) Гупхэр ауэ зэтекIахэщ я зэхуакум. Унэхъужащ атIэ залымыгъэ зезыхьахэр хьэзабыр къащытехуэну Махуэ гуауэм!
(66) Ахэр зыгуэр ежьэхэу ара Сыхьэтыр напIэзыпIэм къатехуэным фIэкIа ар зэхамыщIэу?
(67) ФIыуэ зэрылъагъу ныбжьэгъухэр а махуэм зэбий хъунухэщ, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм мыхъумэ.
(68) Уэ, Си пщылIхэ! Нобэ шынагъуэ флъагъунукъым икIи гукъеуэ фиIэнукъым.
(69) Ди нэщэнэхэр зи фIэщ хъуауэ щытахэм, муслъымэнхэу щытахэм.
(70) Фихьэ Жэнэтым фэри, фи щхьэгъусэхэри фыгуфIэу.
(71) Абыхэм къыхурахьэкIынущ хьэкъущыкъу дыщэхэри, фалъэхэри. Абдежым щагъуэтынущ зыхуейуэ хъуар, я нэхэм фIэфIуи хъуар. ИгъащIэкIэ фыкъинэнущ абдежым.
(72) Аращ Жэнэт щIэину къыфхуэзгъэнар, фщIэуэ щытахэм щхьэкIэ.
(73) Абдежым щыIэщ пхъэщхьэмыщхьэ куэд фэ щхьэкIэ, абы щыщ фшхынущ.
(74) ГуэныхьыщIэхэр атIэ Жыхьэнэмэм и хьэзабым игъащIэкIэ къыхэнэнущ.
(75) Ахэр псэхупIэ ирагъэхуэнукъым икIи Iэмалыншэу къэнэнухэщ.
(76) Дэ абыхэм залымыгъэ ятхакъым, атIэ езыхэр залымхэу арат.
(77) Ахэр еджэнухэщ: "Уэ, Малик, уи Тхьэм ди Iуэхур зэфIрегъэкI". Абы жиIэнущ: "Фыкъэнэнущ абдежым".
(78) Дэ пэжыр къыфхуэтхьат, ауэ фи нэхъыбэм ар яфIэфIакъым.
(79) Абыхэм унафэ къахьыпауэ ара? Дэ унафэ къэтхьагъэхэщ!
(80) Абыхэм къафIэщIу ара яубзыщIымрэ щэхуу зэрызэгурыIуэхэмрэ зэхэдмыхыу? Хьэуэ атIэ! Ди лIыкIуэхэм абыхэм я деж псори ятхыр.
(81) ЖыIэ: "ГущIэгъущIым къуэ иIэтэмэ, сэ япэрейуэ сыхуэпщылIынут абы".
(82) И щIыхьыр инщ уафэхэмрэ щIылъэмрэ я Тхьэм, Хьэршым и Тхьэм, пэжыжьэщ Ар хужаIэхэм.
(83) Къэгъанэ ахэр щхьэхуэпсалъэхэу икIи теджэгукIхэу, зэрагъэгугъэ махуэр къанэсыху.
(84) Ар уафэми и Тхьэщ, щIыми и Тхьэщ, Ар АкъылыфIэщ, ЗыщIэщ.
(85) Берычэтыр къыпокIыр уафэхэмрэ, щIымрэ - абыхэм я зэхуакум дэлъымрэ и унафэр зыIэщIэлъым. Аращ зыщIэр Сыхьэтым и пIалъэр, Абы и дежщ здэвгъэзэжынур.
(86) Фэ фызэлъэIухэм Абы нэгъуэщIу я IэмыщIэ илъкъым къыщхьэщыжыныгъэр. Къыщхьэщыжынухэр пэж дыдэу щыхьэт къэзыхьахэращ, зыщIэхэращ.
(87) Абыхэм уаупщIмэ, хэт къэзыгъэщIахэр? ЖаIэнущ: "Алыхьыращ". Сытым хуэдэу егъэзэкIахэ ахэр!
(88) Абы жиIащ: "Уэ Тхьэ! ИпэжыпIэкIэ, мыхэр джаурхэщ!"
(89) Уи щIыб яхуэгъазэ мыбыхэми, жыIэ: "Мамырыгъэ!" КъащIэнщ абыхэм куэд мыщIэу!