44 - Ad-Dukhaan ()

|

(1) Хьа Мим

(2) Тхылъ нахуэмкIэ соIуэр!

(3) Дэ недгъэхащ ар берычэт жэщым, Дэ Iейм зыщыфхъумэну вжыдоIэр!

(4) Абым дэтхэнэ Iуэху акъылыфIэри зэхагъэкIыр

(5) Дэ Ди унафэкIэ. Дэращ незыгъэхыр

(6) уи Тхьэм и фIыщIэкIэ, Ар Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ.

(7) Уафэхэми, щIыми, абыхэм яку дэлъми и Тхьэщ, ар быдэу фщIамэ аратэкъэ!

(8) Абы нэгъуэщI Тхьэ щыIэкъым, псэ хелъхьэр икIи хехыр, фи Тхьэщ, фи адэжьхэми я Тхьэщ.

(9) Ауэ ахэр шэч къытрахьэурэ тоджэгукIыр.

(10) Ежьэ уафэр Iугъуэшхуэу къыщыкIуэну махуэм.

(11) Абы цIыхухэр щIихъумэнущ. Аращ хьэзаб гуащIэр.

(12) Абыхэм жаIэнущ: "Ди Тхьэ, хьэзабыр тщхьэщых, дэ Iиман къэтхьащ".

(13) Дауэрэ ахэм ягу къызэрагъэкIынур апхуэдэр? Абыхэм лIыкIуэр къахуэкIуауэ щытт ягуригъаIуэу.

(14) ИтIанэ абыхэм я щIыбхэр хуагъазэри жаIащ: "Мыр гъэсащ, жын хэсщ".

(15) Дэ хьэзабыр мащIэу тIэкIу ящхьэщытхмэ, фэ тевгъэзэжынущ.

(16) Махуэ фыщытпхъуэтэнум пхъуэтэкIэ лъэщкIэ лей фэтщIэжынущ.

(17) Абыхэм япэ Фирхьэуным и лъэпкъыр дгъэунэхуащ. Абыхэм лIыкIуэ лъапIэр къахуэкIуат.

(18) (Абы жиIат): "Алыхьым и пщылIхэр къызэфтыж. Сэ лIыкIуэ пэжыр жызыIэу фи дежым сыкъэкIуащ.

(19) Алыхьым нэхърэ нэхъ лъагэу зывмыIэт, сэ щыхьэтлыкъ нахуэхэр къыфхуэсхьащ.

(20) Сэ си Тхьэми, фэ фи Тхьэми селъэIуащ сыкъихъумэну, фэ мывэкIэ сывмыукIын щхьэкIэ.

(21) ЖысIэр фи фIэщ мыхъумэ, атIэ сыкъэвгъанэ сэ".

(22) Абы и Тхьэм зыхуигъэзащ: "Мыхэр гуэныхьыщIэ лъэпкъщ".

(23) (Абы жиIащ): "Си пщылIхэр дэш жэщым, фэ фи ужьым къихьэнухэщ.

(24) Къэгъанэ хыр Iэуэлъауэншэу, ахэм я дзэр итхьэлэнухэщ".

(25) Дапщэ абыхэм жыг хадэурэ псынэурэ къагъэнар?

(26) Жылэ зытеса гъавэурэ щIыпIэ лъапIэурэ щэ?

(27) ФIыгъуэу зыхэтауэ щытахэр щэ?

(28) Аращ, ахэр зэуэ щIэин яхуэтщIащ нэгъуэщI лъэпкъым.

(29) Ахэр уафэми, щIыми ягъеякъым, пIалъи къратакъым.

(30) Исраил и бынхэр къедгъэлащ хьэзаб зыгъэпудми,

(31) Фирхьэунми, ар пагэт икIи езыгъэлейхэм щыщт.

(32) Ахэр Дэ къахэтхащ дунейхэм Ди щIэныгъэкIэ.

(33) Абыхэм яттащ нэщэнэхэу гъэунэхугъэ нахуэр зыхэлъхэр.

(34) ИпэжыпIэкIэ, абыхэм жаIэнущ:

(35) "Дэ тхуэгъэхьэзырар зы лIэныгъэ закъуэщ, икIи дэ дыкъагъэхъужынукъым.

(36) Къафшэт атIэ ди адэжьхэр а жыфIэр пэжу щытмэ!"

(37) Ахэра нэхъыфIыр, е тубахь лъэпкъра, е абыхэм япэ щыIахэра? ХэдгъэкIуэдахэщ ахэр, гуэныхьыщIэхэти.

(38) Уафэхэри, щIылъэри, абыхэм яку дэлъри къэдгъэщIакъым мыхьэнэншэу.

(39) Ахэр къэдгъэхъуащ пэж дыдэу, ауэ абыхэм я нэхъыбэм ящIэркъым ар.

(40) Махуэ щызэхагъэкIынур я пIалъэщ абыхэм псоми.

(41) А махуэм благъэр зыкIи сэбэп хуэхъуфынукъым и благъэм, зыми икIи дэIэпыкъунухэкъым,

(42) Алыхьым гущIэгъу зыхуищIахэм мыхъумэ. Ар Лъэщщ, ГущIэгъу зыхэлъщ.

(43) ИпэжыпIэкIэ, зэкъум жыгыр

(44) гуэныхьыщIэхэм я шхынщ.

(45) Дагъэм и щIэтIысыкIахуэм хуэдэу ныбэхэм къыщыкъуалъэнущ

(46) псывэр къызэрыкъуалъэм хуэдэу.

(47) Къэвубыди ар флъэф Жыхьэнэмэм и кузыкум нэс.

(48) ИтIанэ и щхьэм псывэ тефкIэ, хьэзаб гуащIэ иригъэхьу.

(49) Еплъыт, уэратэкъэ лъэщри, лъапIэри!

(50) Мыращ фэ шэч къызытефхьэтэр.

(51) ИпэжыпIэкIэ, тхьэшынагъуэ зыхэлъахэр щIыпIэ шынагъуэншэм щыIэнухэщ,

(52) жыг хадэхэмрэ псынэхэмрэ хэтхэу,

(53) алътесрэ данэрэ ящыгъхэу зэпэщIэсынухэщ.

(54) Апхуэдэщ, абыхэм яттынущ жэнэт пщащэхэр щхьэгъусэхэу.

(55) Абдежым сыт хуэдэ пхъэщхьэмыщхьи, зыхуейхэр, шынагъуэншэу ягъуэтынущ.

(56) Япэрей лIэныгъэм иужькIэ абдежым лIэныгъэ ялъэIэсыжынукъым. Абы Жыхьэнэмэм и хьэзабым щихъумахэщ.

(57) Уи Тхьэм и фIыщIэщ, аращ ехъулIэныгъэшхуэр.

(58) Ар уи бзэкIэ псынщIэ тщIащ, абыхэм ягу къагъэкIыжын щхьэкIэ.

(59) Ежьэ атIэ, ахэри йожьэхэр.