(1) Хьа Мим
(2) Алыхь Лъэщу АкъылыфIэм и деж къикIа Тхылъ.
(3) ИпэжыпIэкIэ уафэхэмрэ щIылъэмрэ щыIэхэщ нэщэнэхэр, Iиман къэзыхьахэм щхьэкIэ.
(4) Фэри фыкъызэригъэхъуам, хьэкIэкхъуэкIэхэу къигъэхъуахэми, ахэр зэрытригуэшами хэлъщ нэщэнэхэр, быдэу зи фIэщ хъуахэм щхьэкIэ.
(5) Жэщымрэ махуэмрэ зызэрызэрахъуэкIми, Алыхьым уафэм къригъэха ерыскъыри, абыкIэ щIыр къызэригъэхъужари лIа иужькIэ, жьыхэри зэрызэблэкIхэри - ахэр псори нэщэнэхэщ гупсысэ лъэпкъым щхьэкIэ.
(6) Мис Алыхьым и Iэятхэу дызыпхуеджэхэр ипэжыпIэкIэ, сыт хуэдэ хъыбар атIэ я фIэщ хъур Алыхьымрэ и нэщэнэхэмрэ яужь?
(7) Унэхъуащ дэтхэнэ гуэныхьыщIэ пцIыупсри!
(8) Алыхьым и Iэятхэр зэхехри къызэрыхуеджэхэр, итIанэ епэгэкIыурэ зырегъанэр ахэр зэхимыха хуэдэу. ГъэгуфIэ атIэ ар хьэзаб гуауэкIэ.
(9) Абы Ди Iэятхэм щыщ къыщищIэкIэ, ар щIэнэкIалъэ ещIыр, абыхэм яхуэфащэщ хьэзаб зыгъэпудыр.
(10) Абыхэм къапэщылъщ Жыхьэнэмэр, къадэIэпыкъунукъым абыхэм къалэжьауэ щытахэр, Алыхьым нэгъуэщI къыщхьэщыжакIуэу ящтахэри. Абыхэм яхуэгъэхьэзырар хьэзабышхуэщ.
(11) Мыр гъуэгу захуэщ. Я Тхьэм и нэщэнэхэр зи фIэщ мыхъухэм яхуэгъэхьэзыращ хьэзабу тезыр гуауэм къахуихьынур.
(12) Алыхьыращ хыр фхуэжыIэщIэ зыщIар абы кхъухьхэр ирикIуэу Езым и унафэкIэ, Абы и фIыщIэм фылъыхъуэн щхьэкIэ, шыкур фщIынкIэ мэхъур.
(13) Абы фхуэжыIэщIэ ищIащ уафэхэми, щIылъэми щыIэхэр. ИпэжыпIэкIэ, абы хэлъщ нэщэнэхэр лъэпкъ гупсысэм папщIэ.
(14) ЯжеIэ Iиман къэзыхьахэм хуагъэгъуну Алыхьым и махуэхэм щымыгугъхэм, Абы хуэфащэр яригъэгъуэтынущ лъэпкъым къалэжьам теухуауэ.
(15) ФIы зыщIам езым и щхьэщ зыхуищIар, Iей зыщIами езыращ зыхуищIар. ИтIанэ фи Тхьэм и деж вгъэзэжынущ.
(16) Исраил и бынхэм еттат Тхылъи, унафэри, бегъымбарыгъэри, абыхэм фIыгъэхэм щыщу ерыскъы яттат, дунейхэми къахэтхат.
(17) Абыхэм нэщэнэхэр яттат унафэм щыщу. Ахэр щызэтекIар щIэныгъэр къахуэкIуа иужькIэ зэфыгъуэжхэри езыхэр. ИпэжыпIэкIэ, уи Тхьэм абыхэм я унафэр ищIэнущ, Къемэт махуэм зэрызэтекIауэ щыта IуэхумкIэ.
(18) ИтIанэ уэ утедгъэуващ гъуэгум унафэм къыхэкIауэ. Абы тет, зымыщIэхэм я хуеиныгъэхэми укIэлъымыкIуэ.
(19) Ахэм зыкIи Алыхьым укърагъэлыфынукъым, залымхэр зыр адрейм и къыщхьэщыжакIуэщ, Алыхьыр тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм я къыщхьэщыжакIуэщ.
(20) Мыр цIыхухэм щхьэкIэ Iуэху нахуэщ, гъуэгу захуэщ, гущIэгъущ быдэу зи фIэщ хъуа лъэпкъым щхьэкIэ.
(21) Iей зыщIэу щытахэр щыгугъауэ ара Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэм хуэдэ тщIынхэу псэухэуи, я псэхэр хэкIахэми? Сытым хуэдэу Iеищэ абыхэм я гугъар!
(22) Алыхьым уафэхэри, щIылъэри пэж дыдэу къигъэщIащ, псэ къэскIи къилэжьар иратыжынущ, абыхэм зыкIи залымыгъэ ирахынукъым.
(23) Плъэгъуа уэ и хуеиныгъэр тхьэ зыхуэзыщIыжар? Алыхьым ар щигъэуащ и щIэныгъэм къыхэкIыу. Абы и тхьэкIумэми, игуми мыхъур трилъхьащ. И нэхэми тепхъуэ тридзащ. Хэт ар гъуэгу захуэм тезгъэувэнур Алыхьым иужь? Фигу къэвмыгъэкIыжыну ара?
(24) Абыхэм жаIащ: "Мы ди дунейм къэдгъащIэ закъуэращ щыIэр. ДолIэхэр икIи дыкъохъужыр, дызыгъэкIуэдыжри зэман закъуэращ". Зыри хащIыкIкъым ахэм абы, абыхэм гугъэхэр ящIхэу аращ.
(25) Ди Iэят нахуэхэм абыхэм щыхуеджэхэкIэ, щыхьэту къахьыф къудейр ар жаIэныращ: "Ди адэжьхэр къафшэ а жыфIэр пэжу щытмэ".
(26) ЖыIэ: "Алыхьым фыкъегъэхъури итIанэ фегъэлIэж, итIанэ Къемэт махуэм шэч хэмылъу фызэхуишэсыжынущ". Ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэркъым.
(27) Алыхьыращ уафэхэми, щIылъэми и унафэр зейр. Сыхьэтыр къыщыхъуну махуэм абдежым хэкIуэдэжынущ пцIым хущIэкъухэтэр.
(28) Уэ плъагъунущ лъэпкъхэр псори лъэгуажьэмыщхьэу. Лъэпкъ къэскIэ хураджэнущ и Тхылъым: "Нобэ къыватыжынущ фщIауэ щытахэм щхьэкIэ фхуэфащэр.
(29) Мыр Ди Тхылъыращ, пэжыр къыжеIэр фэ щхьэкIэ. Дэ унафэ тщIат фэ влэжьауэ щытар псори ятхыну.
(30) АтIэ Iиман къэзыхьауэ фIы зыщIахэр я Тхьэм и гущIэгъум хишэнущ. Аращ ехъулIэныгъэшхуэр.
(31) Ауэ Iиман къэзымыхьахэм атIэ (жраIэнущ): "Си Iэятхэм къыфхуеджэхэтэкъэ фэ? Ауэ фепэгэкIащ икIи гуэныхьыщIэ лъэпкъыу фыщытащ.
(32) Фэ къыщывжаIэтэм Алыхьым и псалъэр зэрыпэжыр, Сыхьэтым шэч зэрыхэмылъыр, жыфIэт: "ТщIэкъым дэ Сыхьэтыр, дэ ар гухэлъ къудей къытщохъур, ауэ быдэу ди фIэщ хъукъым ар".
(33) Абыхэм Iейуэ ящIар къащыгурыIуэм, щIэнэкIалъэ ящIу щытар къатехуэжащ.
(34) Абыхэм жраIэнущ: "Нобэ фытщыгъупщэнущ фэ мы махуэм фызэрыхуэзэжынур зэрыфщыгъупщатэм хуэдэу. Фи екIуэлIапIэр МафIэщ, фиIэкъым фэ дэIэпыкъуэгъу.
(35) Алыхьым и нэщэнэхэр щIэнэкIалъэ зэрыфщIтэращ ар къыщIыфтехуар, мы дунейми зевгъэгъэпцIащ. Нобэ ахэр абы къыхэкIыжынухэкъым, тобэ къахьыжынуи жраIэнукъым".
(36) Алыхьыращ щытхъур зейр, уафэхэми я Тхьэм, щIылъэми и Тхьэм, дунейхэми я Тхьэм.
(37) Аращ лъагагъэр зейр уафэхэми, щIылъэми, Ар Лъэщщ, АкъылыфIэщ.