58 - Al-Mujaadila ()

|

(1) Алыхьым зэхихащ уэ къодауэр и щхьэгъусэм щхьэкIэ, Алыхьми хуэтхьэусыхэр. Алыхьым зэхехыр фызэрызэпсалъэр, ипэжыпIэкIэ, Алыхьыр Зэхэзыхщ, Зылъагъущ.

(2) Зи щхьэгъусэхэр хьэрэм зыхуэзыщIыжхэр фэ фщыщу, атIэ абыхэм я анэхэкъым ахэр. Абыхэм я анэхэр къэзылъхуахэращ. Абыхэм жаIэр псалъэ емыкIущ икIи пцIыщ. ИпэжыпIэкIэ, Алыхьыр ГущIэгъу зыщIщ, Хуэзыгъэгъущ.

(3) Зи щхьэгъусэхэр хьэрэм зыхуэзыщIыжахэр, итIанэ абы хущIегъуэжахэм жаIам, абыхэм пщылI ираутIыпщ зэкIуэлIэнхэ ипэкIэ. Апхуэдэу къывэущиеу аращ, Алыхьым ещIэр фэ влэжьыр.

(4) Ар зыхузэфIэмыкIым мазитIкIэ зэпыту нэщI иреIыгъ, зэкIуэлIэнхэ ипэкIэ. Ари зыхузэфIэмыкIым факъырэхэу хыщI ирегъашхэ. Ар Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фи фIэщ хъун щхьэкIэ. Аращ Алыхьым и гъунэхэр, джаурхэм атIэ хьэзаб гуауэр яхуэгъэхьэзыращ.

(5) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ я бийхэр гъэпуда хъунухэщ абыхэм япэкIэ щыIахэр зэрагъэпудам хуэдэу. ИкIи Дэ недгъэхащ нэщэнэ нахуэхэр, джаурхэми хьэзаб зыгъэпудыр яхуэфащэщ.

(6) Алыхьым ахэр псори къигъэхъужынухэщ а махуэм, итIанэ яхуиIуэтэнущ ящIауэ щытахэр. Алыхьым ар илъытащ, езыхэм атIэ ящыгъупщэжащ, Алыхьыр сытми и Щыхьэтщ.

(7) Уэ умылъагъуу ара Алыхьым уафэхэми щыIэр, щIылъэми щыIэр зэрищIэр? Щыр щэхуу зэпсэлъэфынукъым, Ар еплIанэу ящIымыгъуу, тхури аращ Ар еханэу ящIымыгъуу, абы нэхърэ нэхъ мащIэми, нэхъыбэми Ар ящIыгъущ абыхэм дэнэ щымыIэхэми. ИтIанэ ящIахэр яхуиIуэтэжынущ Къемэт махуэм, ипэжыпIэкIэ, Алыхьым сытри ещIэр.

(8) Щэхуу зэпсэлъэну зыхуамыдахэр плъагъурэ уэ? ИтIанэ хуамыдар аргуэру ящIэр икIи щэхуу зопсалъэхэр гуэныхь щIэным, зэбийныгъэм, лIыкIуэм зэремыдэIуэным щхьэкIэ. Ахэр уи дежым къыщыкIуэхэкIэ фIэхъус къызэрыуахыр Алыхьым къызэрыуихым хуэдэкъым. Абыхэм ягукIэ жаIэр: "Алыхьым щхьэ хьэзаб къыттримылъхьэрэ жытIэхэм щхьэкIэ?" Абыхэм яхуэфащэр Жыхьэнэмэщ. Аращ зыхуэкIуэжынухэри, сыту Iеищэ а екIуэлIапIэр.

(9) Уэ, Iиман къэзыхьахэ! Щэхуу фызэпсалъэмэ, фытемыпсэлъыхь гуэныхьым, зэбийныгъэм, лIыкIуэм емыдэIуэным. Фытепсэлъыхь фIыщIэмрэ тхьэшынагъуэмрэ. Алыхьми фыщышынэ, Аращ зи дежым фызэхуашэсыжынур.

(10) Щэхуу зэпсэлъэныр шейтIаныращ зи дежым къикIыр, Iиман къэзыхьахэр нэщхъей ищIын щхьэкIэ. Ауэ абы зыкIи зэран ярихыфынукъым Алыхьым и IизынкIэ фIэкIа. Алыхьми щрегугъ мыIуминхэр.

(11) Уэ Iиман къэзыхьахэ, фызэхыхьауэ нэхъ хуиту фытIысыну къывжаIэмэ, хуиту фытIыс, Алыхьми щIыпIэ хуит къывитынщ. Фыкъэтэджыжыну къывжаIэми фытэджыж. Алыхьым нэхь щIыпIэ лъагэ иретыр фэ фщыщу Iиман къэзыхьахэмрэ, щIэныгъэ зиIэхэмрэ. Алыхьыр щыгъуазэщ фы фщIэхэм.

(12) Уэ Iиман къэзыхьахэ! ЛIыкIуэм щэхуу фепсэлъэнумэ япэ щIыкIэ факъырэIус фты. Ар нэхъыфIщ фэ щхьэкIэ икIи нэхъ къабзэщ. Ауэ фымыгъуэтмэ, атIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ.

(13) Фышынауэ ара щэхуу фепсэлъэным ипэкIэ факъырэIус фтыным? Ар фымыщIауэ Алыхьым фи тобэр къабыл ищIамэ, нэмэз фщIы, сэджыт фты, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фыхуэжыIэщIэ. Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэхэм.

(14) Уэ умылъагъуу ара а ныбжьэгъу зыщIхэр Алыхьым и губжь зытехуа лъэпкъыр? Ахэр фэри фщыщкъым, абыхэми щыщкъым. Абыхэм тхьэрыIуэ пцIыхэр ящIыр ящIэурэ.

(15) Алыхьым абыхэм яхуигъэхьэзыращ хьэзаб хьэлъэр, сыту Iеищэ абыхэм ящIэр!

(16) Абыхэм я тхьэрыIуэхэр мэIухум хуэдэ ящIащ икIи нэгъуэщIхэри Алыхьым и гъуэгум трахуащ. Абыхэм яхуэфащэщ хьэзаб зыгъэпудыр.

(17) Абыхэм къащхьэпэнукъым я мылъкухэри, я бынхэри Алыхьым и пащхьэм. Ахэращ мафIэм хэхуэнухэр, игъащIэкIэ къыхэнэнухэщ абы.

(18) Алыхьым ахэр псори къыщигъэхъужхэкIэ Абы тхьэрыIуэхэр къыхуахьынущ, фэ къызэрыфхуахьым хуэдэу, икIи ягугъэнущ ар къащхьэпэну. ИпэжыпIэкIэ, ахэр пцIыупсхэщ.

(19) ШейтIаныр къатекIуащ абыхэм икIи Алыхьыр ягу къагъэкIыжыныр ящигъэгъупщащ. Ахэращ шейтIаным и гупыр, ипэжыпIэкIэ, шейтIаным и гупыр хэкIуэдэжащ.

(20) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ бий зыщIахэр ипэжыпIэкIэ нэхъ гъэпудахэм щыщхэщ.

(21) Алыхьым итхащ: "Сэрэ Си лIыкIуэхэмрэщ текIуэныгъэр зейр". ИпэжыпIэкIэ, Алыхьыр КъарууфIэщ, Лъэщщ.

(22) Алыхьымрэ Иужьрей махуэмрэ зи фIэщ хъухэм щыщу бгъуэтынукъым уэ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ я бийхэр ныбжьэгъу зыщIхэр, ахэр я адэхэми, я бынхэми, я къуэшхэми, я лъэпкъым щыщхэми. Ахэм ягухэм Алыхьым Iиманыр иритхащ икIи Езым и деж къикIа ПсэкIэ игъэбыдахэщ. Ахэр иригъэхьэнущ Жэнэт жыг хадэхэм, абыхэм псы ежэххэр къыщIэжхэу, игъащIэкIэ къинэнухэщ абдежым. Ахэращ Алыхьым и гупыр, ипэжыпIэкIэ, Алыхьым и гупыращ ехъулIахэр.