7 - Al-A'raaf ()

|

(1) Iэлиф Лям Мим Сад

(2) Тхылъ ныпхуедгъэхащ, ар уигу зыкIи томыгъэхьэлъэ, абыкIэ къыхуебджэнуращ, Iиман къэзыхьахэми ягу кърагъэкIыжыну аращ

(3) Фи Тхьэм и деж къикIауэ къыфхуехам фыкIэлъыкIуэ, абы нэгъуэщIу уэлийхэм я ужь фимыт, мащIэщ фигу къызэрывгъэкIыжыр

(4) Къуажэ дапщэ тедгъэкIуэдыкIар Дэ! Абыхэм Ди бэлыхьыр къатехуащ жэщу е шэджагъуэу загъэпсэхуу

(5) Ди бэлыхьыр къащытехуам жаIэжыфа къудейр: "ИпэжыпIэкIэ залымыгъэ зезыхьэхэу дыщытащ"

(6) ЛIыкIуэхэр зыхуэдгъэкIуахэми даупщIыжынущ, езы лIыкIуэхэми даупщIыжынущ фIэкI имыIэу

(7) Абыхэм ящIахэр яхуэтIуэтэжынущ, зэрытщIэм хуэдэу, икIи щымыгъуазэу дыщытакъым

(8) Шэчыныгъэр а махуэм шэч зыхэмылъу пэжщ, зи тэрэзэр нэхъыбэ хъуахэр, ахэр ехъулIахэщ

(9) Ауэ зи тэрэзэр псынщIэхэр, ахэм я псэхэр хэкIуэдахэщ Ди нэщэнэхэм залымыгъэ ирахауэ зэрыщытам къыхэкIыу

(10) Щ1Iым тепщэ фытщIащ, фыздэпсэуни абдежым фэттащ. МащIэт фэ шыкур зэрыфщ1ар!

(11) Дэ фыкъэдгъэщIащ, теплъэ фхуэтщIащ, итIанэ мелыIычхэм яжетIащ: "Фи щхьэхэр Iэдэм хуэвгъэтIылъ", - жытIэри. Я щхьэхэри ягъэтIылъащ, Iиблис мыхъумэ, ар зи щхьэ зыгъэтIылъахэм яхэтакъым

(12) ЖиIащ: "Сыт уэ унафэ щыпхуэсщIым уи щхьэр бгъэтIылъыну зэран пхуэхъуар?" ЖиIащ: "Сэ абы нэхърэ сынэхъыфIщ, сэ мафIэм сыкъыхэпщIыкIащ, атIэ ар ятIагъуэщ къызыхэпщIыкIар"

(13) ЖриIащ: "ИкI атIэ мыбдежым, мыбы деж зыбгъэпагэну щыткъым, икI, уэ гъэцIыкIуахэм уащыщщ иджы"

(14) ЖиIащ: "Махуэ къыщыхъужынухэм нэс пIалъэ къызэт"

(15) ЖиIащ: "ПIалъэ зратахэм уащыщщ"

(16) ЖиIащ: "Сызэрыбгъэгъуэщам щхьэкIэ абыхэм сапэщIэувэнущ Уи гъуэгу захуэм деж

(17) ИтIанэ я гупэкIи, я щIыбкIи, я ижьырабгъумкIи, я сэмэгурабгъумкIи сабгъэдэхьэнущ, икIи абыхэм я нэхъыбэм шыкур ящIу бгъуэтыжынукъым"

(18) ЖиIащ: "ИкI мыбдежым гъэпудауэ, зэхэзехуауэ! Уэ уи ужь къихьэхэм щыщхэмкIэ жыхьэнэмэр из сщIынущ псомкIи

(19) Уэ Ӏэдэм, уи фызымрэ уэрэ жэнэтым фыщыпсэу, абы щыщу фызыхуейр фшхы, ауэ мы жыгым фыбгъэдэмыхьэ, залымыгъэ зезыхьахэм ящыщ фыхъунущ»

(20) ШейтIаным ахэр щигъэуэну щIидзащ, я укIытапIэ гъэпщкIуахэр яригъэлъэгъуным папщIэ, абы яжриIащ: "Фи Тхьэм мы жыгым фыбгъэдэхьэну щIимыдар мелыIычитI фымыхъуну е игъащIэкIэ фымыпсэуну аращ"

(21) Абы тхьэрыIуэ яхуищIащ: "Сэ ипэжыпIэкIэ фIыкIэ сывоущиер"

(22) ПцIыкIэ къришахэщ ахэр, жыгым щыщ щашхым я укIытапIэхэр къыщIэщащ, ахэр жэнэтым и тхьэмпэхэмкIэ щIахъумэну пылъу щIадзащ. Абдежым я Тхьэр къаджащ: "А жыгым фыбгъэдэмыхьэну вжесIатэкъэ? ШейтIанри фи бийишхуэу зэрыщытыр вжесIатэкъэ?"

(23) ЖаIащ: "Ди Тхьэ, ди щхьэхэм залымыгъэ етхыжащи, къытхуомыгъэгъуу щытмэ, гущIэгъуи къытхуомыщIмэ хэкIуэдахэм ящыщ дыхъунущ"

(24) ЖиIащ: "ФикI зыр зым и бийуэ, щIыр псэупIэрэ зыгъэтхъапIэрэ фхуэхъунщ пIалъэ гъэнэхуакIэ"

(25) ЖиIащ: "Абдежым фыкъыщыхъунущ, абдежми фыщылIэжынущ, абыми фыкъыхашыжынущ"

(26) Уэ Iэдэм и бынхэ! Фи укIытапIэхэр зэрыщIэфхъумэн щыгъынхэмрэ зызэрывгъэдахэнрэ фэттащ, ауэ тхьэшынагъуэм и тепIэныр нэхъыфIщ. Мыр Алыхьым и нэщэнэхэм щыщщ, фигу къэкIыжынкIэ мэхъур

(27) Уэ, Iэдэм и бынхэ! ШейтIаным зевмыгъэгъэделэ, фи адэ-анэр жэнэтым къызэрыришам хуэдэу. Абы я щыгъынхэр ящихащ, я укIытапIэхэр къигъэлъэгъуэн папщIэ. Абымрэ и гъусэхэмрэ фалъагъухэр фэ, здэвмылъагъухэмкIэ къиплъхэурэ. Дэ шейтIанхэр тщIащ Iиман къэзмыхьахэм я уэлий

(28) МыхъумыщIагъ ящIэмэ жаIэр: "Ди адэжьхэм ар ящIэу щытащ, Алыхьыращ ар тщIэну унафэ къытхуэзыщIар". ЯжеIэ: "Алыхьым мыхъумыщIагъэ ящIэну унафэ ищIкъым, Алыхьым зыри зыхэвмыщIыкIыр тефлъхьэу ара?"

(29) ЖыIэ: "Си Тхьэм унафэ къысхуищIащ захуагъэр. Фи нэгур хуэвгъазэ абы сыт хуэдэ мэжджытми и деж, фелъэIу абы гу къабзэхэу и диным фытетыну, Аращ фыкъэзыгъэщIари, аращ зэрывгъэзэжынури"

(30) Языныкъуэр гъуэгу захуэм тригъэуващ, адрейхэр яхуэфащэу щигъэуахэщ. Абыхэм шейтIанхэр уэлийхэу ящтэхэт, Алыхьым нэгъуэщIу, абыхэм къафIэщIт гъуэгу захуэм тетхэу

(31) Уэ, Iэдэм и бынхэ, мэжджыт къэс зывгъэдахэ, фешхэ, фефэ, ауэ евмыгъэлей, Абы езыгъэлейхэр фIыуэ илъагъукъым

(32) ЖыIэ: "Алыхьым и пщылIхэм папщIэ зызэрагъэдэхэну яритахэмрэ ерыскъым щыщу фIыхэмрэ хэт хьэрэм зыщIыр?" ЖыIэ: "Ахэр Iиман къэзыхьахэм папщIэщ мы дунейм, къемэт махуэми а закъуэхэращ ахэр зыхуэфащэр". Апхуэдэу ди нэщэнэхэр щIэныгъэ зиIэхэм папщIэ нахуэ тщIащ

(33) ЖыIэ: "Си Тхьэм мыхъумыщIагъэхэр хьэрэм ищIащ, нахуэхэри абыхэм щыщу, ущэхуахэри, гуэныхьхэри, лей ехыныгъэри хуитыныгъэ лъэпкъ ямыIэу, Алыхьым къэзыгъэпэжу зыри къызхуримыгъэхахэри гъусэ хуэщIыныр, зыри зыхэвмыщIыкIри Алыхьым хужыфIэныр"

(34) Лъэпкъ къэскIэ пIалъэ иIэщ, я пIалъэр къыщыскIэ абы зыкIи зырагъэукIыхьыфынукъым, ипэкIи ирагъэщыфынукъым

(35) Уэ, Iэдэм и бынхэ, Си лIыкIуэхэр къыщыфхуэкIуэкIэ фэ фщыщхэу Си нэщэнэхэр къыфхуаIуатэу, абдежым тхьэшынагъуэ зыхэлъхэу фIы зыщIам шынагъуи илъагъунукъым, гукъеуи яIэнукъым

(36) Си Ӏэятхэр пцӀыуэ зыбжхэмрэ епагэкIхэмрэ абыхэм, ахэр мафIэм хэхуэнущ, абым игъащIэкIэ къыхэнэнухэщ

(37) Хэт нэхъ залымыгъэ зезыхьар, Алыхьым пцIы тезылъхьам нэхърэ, е Абы и нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжам нэхърэ? Абыхэм къатехуэнущ Тхылъым деж къызэригъэгугъар. Ди лIыкIуэхэр къащыхуэкIуэкIэ, я псэхэр хахыну, жаIэнущ: "Алыхьым нэгъуэщIу фызэджэхэтэр дэнэ здэкIуар?" ЖаIэнущ: "Дыкъагъэнащ ахэм". Езыхэр я щхьэхэм щыхьэт хуэхъужынухэщ, ахэр джауру зэрыщытахэмкIэ

(38) ЖиIэнущ: "Жынхэмрэ цIыхухэмрэ щыщу фи япэкIэ мафIэм хыхьа лъэпкъхэм я гъусэу фыхыхьэ фэри". Зы лъэпкъыр щихьэкIэ и благъэ лъэпкъым нэлат ирехыр. Псори абдежым щызэхуашэсыжкIэ иужьрейхэм жаIэнущ япэрейхэм щхьэкIэ: "Мыхэращ дэ дызыгъэгъуэщар, мафIэм и хьэзабыр тIуащIэу ятегъахуэ абыхэм". ЖиIэнущ: "Дэтхэнэми тIуащIэщ къытехуэр, фэ фщIэкъыми аращ"

(39) Япэрейхэм жраIэнущ иужьрейхэм: "Дэ нэхърэ фынэхъыфIтэкъым фэри. Къэвлэжьа хьэзабыр зэхэфщIэ атIэ"

(40) Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэмрэ, абыхэм епэгэкIахэмрэ уафэм и бжэхэр хузэIуахынукъым, жэнэтми ихьэнухэкъым махъшэр мастэнэм икIыху. Апхуэдэу мыхъумыщIэ зыщIахэм яхуэфащэр ядогъэгъуэт

(41) Абыхэм яхуэгъэхьэзыращ пIэхэр жыхьэнэмэм, я щхьэкIи я тепхъуэхэр мафIэщ, апхуэдэщ залымыгъэ зезыхьахэм яхуэфащэр зэраттыжыр

(42) АтIэ Iиман къэзыхьауэ, фIыхэр зыщIахэм, зы псэми хуэмылъэкI тетлъхьэкъыми, ахэр жэнэтым ихьэнухэщ, абдежым игъащIэкIэ къинэнухэщ

(43) Абыхэм ягухэм Iейуэ илъыр къитхынущ, псы ежэххэри я лъабжьэхэм къыщIэжынущ. Абыхэм жаIэнущ: "Щытхъур зейр Алыхьыращ, гъуэгу захуэм дытезышам. Абы гъуэгу захуэм дытримышатэмэ, дэ гъуэгу захуэм дытеувэфынутэкъым. Ди Тхьэм и лIыкIуэхэр къэкIуахэт пэж дыдэу". Абыхэм яджэнущ: "Мис жэнэтыр, фщIауэ щытам щхьэкIэ къыфхуагъэнар"

(44) Жэнэтым щыIэхэр мафIэм щыIэхэм яджэнущ: "Дэ ди Тхьэм дыкъызэригъэгугъар пэжу къэдгъуэтащ, атIэ фэ фи Тхьэм фызэригъэгугъар пэжу вгъуэтыжа?" ЖаIэнущ: "АтIэ". Абдежым хъыбарегъащIэр къэджэнущ абыхэм я кум: "Алыхьым и нэлатыр къатехуэ, залымыгъэ зезыхьахэм,

(45) Алыхьым и гъуэгум пэувхэтэм, ар къуаншэ ящIыну хуеяхэм, ахърэтри зи фIэщ мыхъухэтэм"

(46) Абыхэм яку бжыхь дэлъщ, абдежым цIыхухэр тетхэщ дэтхэнэри абыхэм ящыщу зэхацIыхукIыу я нэщэнэхэмкIэ. Жэнэтым щыIэхэм яджэнущ ахэр: "Мамырыгъэр къыфщхьэщыт". Абым ихьахэкъым, ауэ хуабжьу хущIокъухэр

(47) Я нэгу жыхьэнэмэм хэтхэр къыщыщIэхуэкIэ, абыхэм жаIэр: "Ди Тхьэ, залымыгъэ зезыхьа лъэпкъым ящыщ домыщI"

(48) Бжыхьым тетхэр еджэнухэщ я нэщэнэхэмкIэ къащIа цIыхухэм, жаIэнущ: "Къэвугъуеяхэр къыфщхьэпакъым фэ, фызэрепэгэкIари аращ

(49) Мыхэратэкъэ тхьэрыIуэ щIэфщIыр ахэм Алыхьым зэи гущIэгъу яхуимыщIыну жыфIэу?" "Фихьэ жэнэтым, шынагъуэ флъагъунукъым фэ, икIи гукъеуи фиIэнукъым"

(50) Жыхьэнэмэм хэтхэр еджэнухэщ жэнэтым щыIэхэм: "Псы къыттефкIэкъэ е фи Тхьэм къывитахэм щыщ къыдэфт". ЖаIэнущ: "Алыхьым ахэр джаурхэм хьэрэм яхуищIащ"

(51) Я диныр зэрызытрагъэурэ джэгурэ зыщIахэм, мы дунейм и псэуныгъэм къигъэделахэм, ахэр нобэ зыщыдгъэгъупщэнущ, мы махуэм къызэрытIущIэнур зэращыгъупщам хуэдэу, Ди нэщэнэхэри IэщIыб зэращIам хуэдэу

(52) Абыхэм Тхылъ къахуэтхьащ, гурыIуэгъуэ тщIауэ, гъуэгу захуэу икIи гущIэгъуныгъэу Iиман къэзыхьа лъэпкъым папщIэ

(53) Ахэр зэжьэр къэхъуну ара итыр? Абы итыр къыщыхъуну махуэм ар зыщыгъупщэжахэм жаIэнущ: "Ди Тхьэм и лIыкIуэхэм пэжыр къахьри къэкIуахэт. КъыщхьэщыжакIуэ диIэхэу пIэрэ дэ къытщхьэщыжыну? Е дагъэгъэзэжыну пIэрэ а тщIахэм нэгъуэщIу тщIэнIа папщIэ?" Я псэхэр хагъэкIуэдахэщ абыхэм, къагупсысахэми къагъэнахэщ ахэр

(54) Фэ фи Тхьэр Алыхьыращ, уафэхэмрэ щIылъэмрэ махуихкIэ къигъэщIащ, итIанэ Хьэршым и щхьэм зыдриIэтеящ. ЖэщымкIэ махуэр щIехъумэр, ари епIэщIэкIыу къыкIэлъокIуэр. Дыгъэри, мазэри, вагъуэхэри Абы и унафэм щIэтхэщ. Шэч хэмылъу Аращ къэзыгъэхъури унафэ зыщIри, щIыхьыр ейщ Алыхьым, дунейуэ хъуам я Тхьэм

(55) Фи Тхьэм фелъэIу зыхуэвгъэцIыкIуурэ икIи щэхуурэ, Абы езыгъэлейхэр фIыуэ илъагъукъым

(56) ЩIыр зэгъэзэхуа хъуа иужькIэ мыхъумыщIагъэхэр щызевмыхьэ, фелъэIу, фышынэурэ икIи фыщыгугъыурэ, Алыхьым и гущIэгъур фIы зыщIэхэм я пэгъунэгъущ

(57) Абы жьыбгъэхэр егъакIуэр, И фIыщIэр къэзыгъэлъагъуэхэу. Абыхэм пшэ хьэлъэхэр къыщахькIэ, щIы лIам и деж дохухэри псыуэ тыдогъашхэр, итIанэ абым сытым хуэдэ пхъэщхьэмыщхьи къыхыдогъэкIыр. Апхуэдэщ лIахэри къызэрыхэдгъэкIыр, фигу къэкIыжынкIэ мэхъур

(58) ЩIы дэгъуэми и къэкIыгъэхэр къыхокIыр, и Тхьэм зэридауэ, Iейм деж хьэлъэ дыдэущ къызэрыхэкIыр. Апхуэдэурэ нэщэнэхэр къагурыдогъаIуэр шыкур зыщI лъэпкъым

(59) Нухь и лъэпкъым деж дгъэкIуащ, яжриIащ: "Уэ, лъэпкъ, Алыхьым фыхуэпщылI, Абы нэгъуэщI тхьэ фиIэкъым, махуэшхуэм и хьэзабыр къыфлъэIэсыну сыфтошыныхь"

(60) Абы и лъэпкъым щыщ нэхъ цIыхушхуэхэм жаIащ: "Уэ гъуэщэныгъэшхуэм ухэхуауэ къытщохъур дэ"

(61) ЖиIащ: "Уэ, си лъэпкъ, сэ сыгъуэщауэ аракъым, атIэ дунейуэ хъуам я Тхьэм срилIыкIуэщ

(62) Си Тхьэм къыфхуригъэхьхэр къывнэзгъэсу аращ, икIи сывоущиер, Алыхьми сигъэщIащ фэ фымыщIэхэр

(63) ВгъэщIагъуэу ара гукъэкIыжыныр фэ фщыщ зым къызэрыфхуихьар зывигъэхъумэну, тхьэшынагъуи зыхэвгъэлъыну, гущIэгъу къыфхуащIынкIэ мэхъур"

(64) Ар пцIыупсу ябжащ, езымрэ и гъусэхэмрэ къедгъэлахэщ, кхъухьым исхэу, пцIыуэ зыбжахэр Ди нэщэнэхэр едгъэтхьэлащ, ахэр ипэжыпIэкIэ нэфхэт

(65) Хьад лъэпкъми яхуэдгъэкIуат я къуэш Хьуд, абы жиIащ: "Уэ, си лъэпкъ, Алыхьым фыхуэпщылI, Абы нэгъуэщI Тхьэ фиIэкъым, фымышынэу ара?"

(66) Абы и лъэпкъым щыщу нэхъыщхьэ джаурхэм жаIащ: "Дэ делагъэ жыпIэу къытщохъур, пцIыупс ухъуауэ добжыр"

(67) ЖиIащ: "Уэ, си лъэпкъ, сэ си акъыл сщхьэщыкIауэ аракъым, атIэ дунейуэ хъуам я Тхьэм срилIыкIуэщ

(68) Си Тхьэм къригъэххэр къывнэзгъэсу аращ, икIи ущиякIуэ пэжу сыкъыфхуэкIуащ

(69) ВгъэщIагъуэу ара гукъэкIыжыныр фэ фщыщ зым къызэрыфхуихьар, зывигъэхъумэну. Фигу къэвгъэкIыж Нухь и лъэпкъым иужь фэ фыкъызэригъэкIуар, фэри нэхъри ин фищIащ. Алыхьым фIыгъуэу къывитахэр фигу къэвгъэкIыж, фехъулIэнкIэ мэхъур"

(70) ЖаIащ: "Алыхь закъуэм дыхуэпщылIу, ди адэхэр зыхуэпщылIу щытахэр къэдгъэнэну ара укъыщIытхуэкIуар? Арамэ дызэрыбгъэгугъэр къыттегъахуэ а жыпIэр пэжмэ"

(71) ЖиIащ: "Фи Тхьэм и хьэзабымрэ и губжьымрэ къыфтехуащ фэ. Фэрэ фи адэхэмрэ фIэфща цIэхэра фыкъыщIызэдауэр? Алыхьым зы щыхьэти къригъэхакъым, абыхэм теухуауэ. Фежьэ атIэ фэри, сэри фи гъусэу сежьэнщ"

(72) Езымрэ и гъусэхэмрэ къедгъэлащ Ди гущIэгъумкIэ, ауэ Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэр зэрыщыту тедгъэкIуэдыкIащ, абыхэм Iиман къахьауэ щытахэкъым

(73) Сэмудым я дежи я къуэш Сэлихь дгъэкIуащ. ЖиIащ: "Уэ, си лъэпкъ, Алыхьым фыхуэпщылI, Абы нэгъуэщI Тхьэ фиIэкъым, фи Тхьэм и деж къикIа нэщэнэу Алыхьым и махъшэр къыфхуигъэкIуащ щыхьэт быдэу. Аращи къэвгъанэ ар Алыхьым и щIым щыхъуэкIуэну, Iей гуэр ефщIэнуи и ужь фимыхьэ, хьэзаб гуащIэ къыфтехуэнщ

(74) Хьад лъэпкъым я ужь фэ фыкъызэригъэкIуар фигу къэвгъэкIыж, щIым фытригуэшащ, губгъуэхэм унэшхуэ лъапIэхэр фощIыр, къущхьэхэми унэхэр къыхывоудыр. Алыхьым фIыгъуэу къыфхуищIахэр фигу къэвгъэкIыжи мыхъумыщIагъэ фщIэуэ щIым фытемыт"

(75) Абы и лъэпкъым щыщ нэхъыщхьэхэу епэгэкIахэм жраIащ нэхъ цIыху цIыкIухэу Iиман къэзыхьахэм: "Сэлихь и Тхьэм и деж лIыкIуэу къызэрикIар фщIэрэ?" ЖаIащ: "ИпэжыпIэкIэ абы къыхурагъэхар дэ ди фIэщ мэхъур"

(76) ЕпэгэкIхэм жаIащ: "Дэ а фи фIэщ хъуар ди фIэщ хъукъым"

(77) Махъшэри фIабзащ, я Тхьэм и унафэми фIэкIахэщ, жаIащ: "Уэ, Сэлихь, дыкъызэрыбгъэгугъар къыттегъахуэ, лIыкIуэхэм уащыщыр пэжмэ"

(78) Ахэр щIы хъеиным хиубыдахэщ, я унэхэми Iубахэу щылъхэу нэху къекIахэщ

(79) Абыхэм и щIыбыр яхуигъазэри жиIащ: "Уэ, си лъэпкъ, си Тхьэм къысхуригъэхар къывнэзгъэсат икIи сывэущият, ауэ къывэущиехэр фIыуэ флъагъукъым фэ"

(80) ЛутIи и лъэпкъым яжриIауэ щытащ: "ЕмыкIушхуэу фи япэкIэ зыми дунейхэм щыщу имыщIар фщIэуэ ара?

(81) ЦIыхухъухэм факIэрохьэр, бзылъхугъэхэр къэвгъэнауэ, фэ егъэлеяуэ фылъэпкъ мыхъумыщIэщ"

(82) Абы и лъэпкъым жэуапу къратыжа къудейр: "Мыхэр фи къуажэм дэфхухэ, ахэр цIыху зызыгъэкъабзэхэщ"

(83) Езыри и унагъуэри къедгъэлахэщ, и фызым мыхъумэ, ар иужькIэ къинахэм ящыщт

(84) Абыхэм уэшх къатедгъэшхащ, еплъыт мыхъумыщIакIуэхэм къащIэнэжам

(85) Мэдяным я къуэш Шугъаиб яхуэдгъэкIуати, яжриIащ: "Уэ, си лъэпкъ, Алыхьым фыхуэпщылI, абы нэгъуэщI Тхьэ фиIэкъым фэ. Фи Тхьэм и деж къикIри щыхьэт нахуэхэр къыфхуэкIуащи къызэрыфпщымрэ тезырымрэ вгъэзахуэ, цIыхухэми я мылъкур яIивмых, щIыми мыхъумыщIагъэ щызевмыхьэ, ар гъэзэхуа хъуа иужь, фэркIэ нэхъыфIщ ар, Iиман къэфхьауэ щытмэ

(86) Гъуэгу къэскIи фыпэрымыс вгъэшынэу, Алыхьым и гъуэгум тет Iиман къэзыхьахэм фапэуву, ар къуаншэ фщIыну фыпылъу. МащIэу фыщытауэ фызэригъэбэгъуар фигу къэвгъэкIыж. Феплъыт мыхъумыщIагъэ зезыхьэу щытахэм я кIэух хъуам

(87) Фэ фщыщу зы гупым сэ къэсхьар и фIэщ хъумэ, нэгъуэщI гупми ар я фIэщ мыхъумэ, шэчыныгъэ зыхэвгъэлъ, Алыхьым ди унафэр ищIэху, Аращ унафэ къэзыхьхэм я нэхъыфIыр

(88) И лъэпкъым щыщу нэхъыщхьэ епэгэкIхэм жаIащ: "Уэ, Шухьаиб, уэри уи гъусэу Iиман къэзыхьахэри фыдэтхунухэщ ди къуажэм е ди диным фыкъихьэж!" ЖаIащ: "Ар тлъагъу мыхъуу щытмэ щэ?

(89) Алыхьым дыкъыригъэла иужь, фи диным дихьэжмэ Алыхьым пцIы тетлъхьауэ аращ. Зэи фи диным дихьэжынукъым, Алыхьыр абы хуэмеймэ. Ди Тхьэм и щIэныгъэм сытыри зэщIеубыдэр, Алыхьым дыщогугъ. Ди Тхьэ, ди лъэпкъымрэ дэрэ ди яку унафэ щIы ипэжыпIэкIэ, Уэращ унафэ къэзыхьхэм я нэхъыфIыр"

(90) Абым и лъэпкъым щыщ нэхъыщхьэ джаурхэм жаIащ: "Шухьаиб фыкIэлъыкIуэмэ фыхэкIуэдащ"

(91) Ахэр щIы хъеиным хиубыдахэщ, я унэхэми Iубахэу щылъхэу нэху къекIахэщ

(92) Шухьаиб пцIы тезылъхьахэр игъащIэкIэ щымыIахэм хуэдэ хъуащ, Шухьаиб пцIы тезылъхьахэращ хэкIуэдахэр

(93) Абыхэм и щIыбыр яхуигъазэри жиIащ: "Уэ си лъэпкъ, си Тхьэм къысхуригъэхахэр къывнэзгъэсат, икIи сывэущият, атIэ дауэрэ си гур щIэгъуну джаур лъэпкъым?"

(94) Сыт хуэдэ жылэми бегъымбархэм щыщ дымыгъэкIуами, абыхэм бэлыхьрэ гугъуехьрэ ятеттлъхьэт, ахэр Iэсэ хъунхэм щхьэкIэ

(95) ИтIанэ Iейм и пIэкIэ фIыгъуэхэр къэдгъакIуэт, ефIэкIуэхухэкIэ жаIэу щIадзэт: "Ди адэжьхэми Iеи фIыи къалъэIэсат". ИтIанэ напIэзыпIэм депхъуэхэт абыхэм зыри зэхамыщIыкIыу

(96) Жылэдэсхэм Iиман къахьу тхьэшынагъуэ зыхагъэлъатэмэ, уафэми щIылъэми я берычэтхэр яхузэIутхынут, ауэ пцIыуэ ябжати, къалэжьам къыхэкIыу ахэр къэтпхъуэтахэщ

(97) Жылэдэсхэр щыхъумауэ пIэрэ ди бэлыхьыр къатехуэным ахэр жэщым жейхэу?

(98) Жылэдэсхэр щыхъумауэ пIэрэ ди бэлыхьыр къатехуэным махуэу ахэр джэгуным хэтхэу?

(99) Алыхьым и хьилагъэм щыхъумахэу пIэрэ ахэр? Алыхьым и хьилагъэм щымышынэхэр хэкIуэда цIыху къудейхэращ

(100) КъагурымыIуэу ара щIыр щIэину зылъысахэм, ипэкIэ псэуахэм яужь Дэ дыхуеймэ абыхэм я гуэныхьым къыхэкIауэ яхуэфащэр зэрадгъэгъуэтынур? Ягухэр зэхудощIри, абыхэм зыри зэхахыну ялъэкIкъым

(101) А жылэхэм я хъыбархэм щыщ уэ пхудоIуатэр, абыхэм я лIыкIуэхэр къахуэкIуахэт нэщэнэ нахуэхэр къахьри, ауэ я фIэщ ящIыну хуейхэтэкъым ипэкIэ пцIыуэ ябжауэ щытар. Апхуэдэу Алыхьым зэхуещIхэр джаурхэм ягухэр

(102) Абыхэм я нэхъыбэр псалъэу ятам тетыжу тлъэгъуакъым, атIэ абыхэм я нэхъыбэр фасикъхэу къыщIэкIащ

(103) Абыхэм яужь Мусэ фирхьэунымрэ абы и гъусэхэмрэ я деж дгъэкIуащ, Ди нэщэнэхэр яхуихьри, ауэ абыхэм залымыгъэ ирахащ. АтIэ еплъыт мыхъумыщIагъэ зыщIахэм я ухыкIэ хъуам!

(104) Мусэ жи1ащ: "Уэ, фирхьэун, сэ ипэжып1эк1э л1ык1уэу дунейуэ хъуам я Тхьэм сыкъигъэк1уащ

(105) Пэж фIэкIа жызмыIэну Алыхьым щхьэкIэ къыстохуэр сэ, фи Тхьэм и деж къикIауэ нэщэнэхэр къыфхуэсхьащ, аращи Исраил и бынхэр си гъусэу къэгъакIуэхэ"

(106) ЖиIащ: "Нэщэнэ къэпхьауэ щытмэ, къэгъэлъагъуэ ар, пэж жызыIэхэм уащыщмэ"

(107) Абдежым и башыр хыфIидзэри, ар блэ абрагъуэ хъуащ

(108) ИтIанэ и Iэр къыщигъэлъагъуэм, ар еплъхэм хужь хъуауэ ялъэгъуащ

(109) Фирхьэуным и лъэпкъым щыщ щIэныгъэ зиIэхэм жаIащ: "Мыр уд Iэзэщ

(110) Фи щIыгум фришыну хуейщ абы, сыт тIэ унафэу фщIыр?"

(111) ЖаIащ: "Езыми, и къуэшми пIалъэ яхуэгъэуви, къалэхэм зэхуэзышэсынхэр гъакIуэхэ

(112) Уд хэзыщIыкIхэр псори къыпхуашэнхэщ"

(113) Фирхьэуным и удхэр къызэхуэсхэри жаIащ: "ПщIэ тхуэфащэщ дэ дытекIуэмэ"

(114) ЖиIащ: "Аращ, икIи гъунэгъухэм фащыщынущ"

(115) ЖаIащ: "Уэ, Мусэ, уэ хыфIэбдзэрэ хьэмэ дэра хыфIэзыдзэнур?"

(116) ЖиIащ: "ХэфIэвдзэ фэ". ИтIанэ щыхыфIадзэм цIыхухэм я нэхэм щхъухь ирахри ягъэшынахэщ, удыгъэшхуи къагъэлъэгъуащ

(117) Мусэ абдежым хуедгъэхащ: "Уи башыр хэфIэдзэ". ИтIанэ абыхэм къагъэлъэгъуахэр ишхыу абым къригъэжьащ

(118) Пэжыр къэлъэгъуащ, абыхэм ящIэхэри пцIыуэ къыщIэкIащ

(119) Абыхэм къатекIуащ абдежым, гъэцIыкIуахэуи къагъэзэжащ

(120) Абдежым удхэм я щхьэхэр щIым ягъэтIылъащ

(121) ЖаIащ: "Дунейуэ хъуам я Тхьэр ди фIэщ хъуащ

(122) Мусэрэ Хьэрунрэ я Тхьэр"

(123) Фирхьэуным жиIащ: "Сэ фхуэзмыдэ щIыкIэ фи фIэщ фщIауэ ара? Ар хьилагъэшхуэщ, къалэм я хьилагъэр къэвгупсысауэ аращ, дэсхэр дэфшын папщIэ. КъэфщIэнщ атIэ фэ!

(124) Фи Iэхэмрэ фи лъакъуэхэмрэ зэпэщылъу пызудынхэщ, итIанэ псори жыгхэм фесIулIынщ"

(125) ЖаIащ: "Ди Тхьэм и деж догъэзэжыр

(126) Лей къыщIыдэпщIылIэр ди Тхьэм и нэщэнэхэр ди фIэщ зэрыхъуаращ, ахэр къыщытхуэкIуэм. Ди Тхьэ, шэчыныгъэ къыдэти дымуслъымэнхэу ди псэхэр хэгъэкI"

(127) Фирхьэуным и лъэпкъым щыщхэм жаIащ: "Мусэрэ и лъэпкъымрэ къэбгъэнэну ара, щIым мыхъумыщIагъэ зэрахьэну, уэри уи тхьэхэри къагъэнэну хуэбдэну ара?" ЖиIащ: "Абыхэм я къуэхэр дыукIынщ, я бзылъхугъэхэр къэдгъэнэнщ, дэращ абыхэм я унафэр шэч хэмылъу зыIэщIэлъыр"

(128) Мусэ и лъэпкъым яжриIащ: "Алыхьыр къывдэIэпыкъуну фелъэIуи шэчыныгъэ зыхэвгъэлъ. ЩIыр зейр Алыхьыращ, и пщылIхэм щыщу зыхуейм иретыр ар, тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэращ фIыуэ зыухынур"

(129) ЖаIащ: "Уэ укъэкIуэным ипэкIи бэлыхь къыттралъхьэт, укъэкIуа иужькIи аращ". ЖиIащ: "Фи Тхьэм фи бийр тригъэкIуэдыкIынкIэ мэхъур, фэ абым иужь щIым тепщэ фищIынущи фщIэм еплъынущ"

(130) Фирхьэун и лъэпкъым уэгъу къатедгъэхуащ, къэкIыгъэхэми къапымыкIэ тщIащ, абыхэм ягу къагъэкIыжынкIэ мэхъур

(131) ФIыгъуэ къахуехмэ жаIэр: "Мыр тхуэфащэу аращ". Iей гуэр къахъулIэмэ Мусэрэ абы щIыгъухэмрэ ар илажьэу жаIэр. Абыхэм я нэщэнэ мыхъумыщIэхэр Алыхьым и дежщ, ауэ абыхэм я нэхъыбэм ящIэркъым

(132) ИтIани жаIащ: "Сыт хуэдэ нэщэнэ домыгъэлъагъуми, щхъухь къыдэпхыным папщIэ, уэ ди фIэщ ухъунукъым"

(133) ИтIанэ яхуэдгъэкIуащ абыхэм псыдзэри, мацIэри, цIэри, хьэндыркъуакъуэри, лъыри нэщэнэ зэмылIэужьыгъуэхэу. Ауэ ахэр епэгэкIахэщ, ахэр лъэпкъ мыхъумыщIагъэ зыщIэхэт

(134) ИтIанэ хьэзабыр къащытехуэм Мусэ жраIащ: "Уэ Мусэ, уи Тхьэм тхуелъэIу укъызэригъэгугъамкIэ, мы къыттехуа бэлыхьыр тщхьэщихмэ ди фIэщ ухъунущи Исраил и бынхэри уи гъусэу нэдгъэкIуэнщ"

(135) ИтIанэ абыхэм я пIалъэ шэч хэмылъу здынэсынухэр къэсыху хьэзабыр щащхьэщытхым, ахэр епцIыжахэщ

(136) ИужькIэ дахурикъуащ абыхэм, хым едгъэтхьэлахэщ, ди нэщэнэхэр пцIыуэ зэрабжам щхьэкIэ, ахэр зэрызэрамыпэсам щхьэкIэ

(137) ЯгъэцIыкIуу щыта лъэпкъым щIым и къухьэпIэри, и къуэкIыпIэри щIэину къахуэдгъэнащ, абы берычэт хэтлъхьащ, уи Тхьэми и псалъэ дахэр зэфIэкIащ, Исраил и бынхэм яхужиIар шэчыныгъэу зыхагъэлъам папщIэ. Фирхьэунымрэ и лъэпкъымрэ ящIахэри, яухуахэри зэхэдгъэлъэлъэжащ

(138) Исраил и бынхэр хым пхырытшахэщ, абдежым я тхьэ нэпцIхэм хуэпэжу лъэпкъ щалъагъум жаIащ: "Уэ Муса, дэри тхуэщI тхьэхэр абыхэм я тхьэхэм хуэдэу". ЖиIащ: "ИпэжыпIэкIэ фэ фылъэпкъ щIэныгъэншэщ

(139) Ахэр зыхэтыр хэкIуэдакIэщ, ягъахъэхэри зэуэ пцIыщ"

(140) ЖиIащ абы: "Алыхьым нэгъуэщI тхьэ сыфхуэлъыхъуэну ара, Абы дунейм тету хъуам факъыхихауэ?"

(141) Дэ фыкъедгъэлащ фи щӀалэхэр яукӀрэ, фи хъыджэбзхэр къагъанэу фирхьэун и цӀыхухэм фагъэшэча хьэзаб Iейм - ар фи Тхьэм къыфтрилъхьа гъэунэхугъэ гуащIэт

(142) Муса жэщ щэщI хуэдгъэунэхуащ, итIанэ иджыри пщIы щIыдгъужащ, апхуэдэу абы и Тхьэм хуигъэунэхуар жэщ плIыщI хъуащ. Мусэ и къуэш Хьэрун жриIащ: "Си пIэкIэ си лъэпкъым къахэнэ, захуэу щыт, фэсэдыгъэм и гъуэгум тетхэми уакIэлъымыкIуэ"

(143) Муса хуэдгъэунэхуа щIыпIэм и уахътэм къыщекIуалIэм, и Тхьэри щепсалъэм, жиIащ: "Си Тхьэ, сызэбгъэплъкъэ, услъагъуну". ЖиIащ: "Сэ сыплъагъунукъым, ауэ бгым еплъыт, ар и щIыпIэм къинэмэ, итIанэ сыплъагъунщ". ИтIанэ абы и Тхьэм бгыр нахуэ щыхуэхъум, ар зэхэлъэлъащ. Абдежым Муса мэхащ занщIэу, зыкъыщищIэжым жиIащ: "Уэ зи щIыхьыр ин, тобэ къыпхузохьыр, икIи сэращ Iиман къэзыхьахэм япэрейр"

(144) ЖиIащ: "Уэ, Мусэ, цIыхухэм уакъыхэзгъэщащ Си ТхыгъэмкIи, Си ПсалъэмкIи, аращи къостар щтэи шыкур зыщIхэм ящыщу щыт"

(145) Пхъэ пIащIэхэм хутеттхащ Мусэ сытми и ущиер, псори убгъуауэ: "Къащтэ ар быдэу, уи лъэпкъми унафэ яхуэщI ар зэрынэхъыфIым хуэдэу ягъэзэщIэну. Фасикъхэр зыхуэкIуэнури Сэ фэзгъэлъэгъунщ

(146) Си нэщэнэхэм пэжыжьэ сщIынухэщ, щIым епэгэкIхэу тетхэр, апхуэдэ хуитыныгъэ ямыIэу. Нэщэнэу хъуари ялъагъутэми ахэр я фIэщ хъунутэкъым, гъуэгу захуэри ялъагъутэми, ар гъуэгуу зыхухахынутэкъым, ауэ гъуэщэныгъэм и гъуэгур зэралъагъуу ар гъуэгуу къыхахынущ. Ар Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зэрабжаращ, икIи ахэр IэщIыб ящIахэщ"

(147) Ди нэщэнэхэмрэ къызэрытIущIэжынухэмрэ пцIыуэ зыбжахэм я Iуэхухэр хэкIуэдэжащ, яхуэфащэм фIэкIа зыгуэр къалъысыжыну абыхэм?

(148) Мусэ щымыIэху и лъэпкъым я зызэрагъэщIэращIэ лъапIэхэм танэм ипкъ ящIащ, ар бууэ. Ялъагъутэкъэ ар къазэремыпсалъэр, гъуэгу захуэм зэрыхуимышэхэр? Ар ящIри залымыгъэ зезыхьэ хъуахэщ

(149) Я Iуэхур зэрыхэкIуэдар, зэрыщыуахэр щалъагъум жаIащ: "Ди Тхьэм гущIэгъу къытхуимыщIмэ, къытхуимыгъэгъумэ, хэкIуэдахэм ящыщ дыхъунущ"

(150) Мусэ и лъэпкъым и деж къигъэзэжащ губжьауэ, нэщхъейуэ. ЖиIащ: "Сыту Iей а си ужькIэ вгъэхъар, фи Тхьэм и унафэр вгъэпсынщIэну фыхэту ара?" Пхъэ пIащIэхэр хыфIидзэри и къуэшым и щхьэр иубыдри зэрилъэфэлIащ, абы жиIащ: "Си анэм и къуэ, лъэпкъым къарууншэу сабжащ, саукIынуи хьэзырхэт. Напэтех бийхэм къытхуомыгъэщI, залымыгъэ зезыхьахэми сахомыбжэ"

(151) ЖиIащ: "Тхьэшхуэ, сэри си къуэшми къытхуэгъэгъу, уи гущIэгъум дыхегъэубыдэ, Уэращ гущIэгъу зыхэлъхэм я нэхъ ГущIэгъущIыр"

(152) Танэр зыщтахэм тхьэуэ я Тхьэм и губжьыр къатехуэнущ, мы дунейми гъэцIыкIуауэ къэнэнухэщ, аращ пцIы зэхэзылъхьэхэм яхуэдгъэфэщэнур

(153) Iейхэр зыщIэу итIанэ тобэ къэзыхьахэм Iимани къахьу, абыхэм щхьэкIэ а псоми иужь уи Тхьэр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(154) Мусэ и губжьыр щытекIыжым пхъэ пIащIэхэр къищтащ, абыхэм тетхэт гъуэгу захуэри гущIэгъури зи Тхьэм щышынэхэм папщIэ

(155) Мусэ лIыуэ блыщI къыхихахэщ уахътэ хэхам къытхуэзэнхэ папщIэ щIыпIэ гъэунэхуам и деж. ЩIыуэ зытетхэр зэщIэхъейуэ щыщIидзэм, жиIащ (Мусэ): "Тхьэшхуэ, ухуеятэмэ ахэри сэри ипэкIэ дытебгъэкIуэдыкIынут. Зи щхьэхэр мытэрэзу къытхэтхэм ящIам щхьэкIэ дэ дыбгъэкIуэдыну ара? Ар Уэ бэлыхьу къыттеплъхьаращ, узыхуейр богъэгъуащэри абыкIэ, узыхуейр гъуэгу захуэм тыбошэ. Уэращ ди Уэлийр, къытхуэгъэгъуи гущIэгъу къытхуэщI, Уэращ зыгъэгъухэм я нэхъыфIыр

(156) Мы дунейми фIыгъуэ къытхуэтх, ахърэтми аращ, Уэращ дыкъызыхуэкIуэжыр". ЖиIащ: "Си хьэзабыр Сэ сызыхуейхэм ятызогъахуэ, Си гущIэгъуми сытри зэщIеубыдэри, ар яхуэстхынущ тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм, сэджыт зытхэм, Ди нэщэнэхэр зи фIэщ хъухэм

(157) Мытхэф-емыджэф бегъымбарым кIэлъыкIуэнухэм, ар зэрагъуэтауэ Тэурамрэ Инджылымрэ итхауэ, абы фIыр ящIэну унафэ яхуищIынущ, мыхъунхэри къагъэнэну унафэ яхуищIынущ, фIыхэр хьэлэл яхуищIынущ, хьэбыршыбыр Iэмэ хьэрэм яхуищIынущ, хьэлъагъэуи Iэхъулъэхъухэуи ятелъхэр ятрихынущ. Ар зи фIэщ хъууэ, пщIэ хуэзыщIхэу, дэIэпыкъуэгъу хуэхъухэу абы и гъусэу къригъэха нэхугъэм кIэлъыкIуэхэр, ахэращ ехъулIахэр"

(158) ЖыIэ: "Уэ, цIыхухэ, сэ Алыхьым срилIыкIуэу псоми фи деж сыкъигъэкIуащ, Аращ уафэхэми щIылъэми и унафэр зыIэщIэлъыр, Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, къегъэхъур икIи егъалIэр, аращи фи фIэщ фщIы Алыхьри, бегъымбар мытхэф-емыджэфу Алыхьымрэ и псалъэхэмрэ зи фIэщ хъуар, абы фыкIэлъыкIуи гъуэгу захуэм фытрагъэувэнкIэ мэхъу"

(159) Мусэ и лъэпкъым щыщхэщ гуп гъуэгу пэжым тезышэхэр, захуагъэми тетхэр

(160) Ахэр лъэпкъ пщыкIутIу зэтедгъэкIахэщ, гупурэ, Мусэ хуедгъэхащ, и лъэпкъыр псы щыщIэлъэIум: "Еуэ уи башымкIэ мывэм". Абым псынэу пщыкIутI къыщIэжащ, цIыху къэскIэ ещIэр зэфэнур. Пшэхэри жьауэ яхуэтщIащ, ныбгъуэхэмрэ IэфIыгъэхэмрэ къахуедгъэхащ: "Фшхы фIыгъуэу фэттахэм щыщ". Абыхэм Дэ залымыгъэ къыдахакъым, атIэ езыхэм я щхьэхэм залымыгъэ ирахыжауэ аращ

(161) Абыхэм щыжраIэм: "Мы къуажэм фыдэтIысхьи фызыхуейм щыщ фшхы". ЖыфIэ: "Дыщыуащи къытхуэгъэгъу". Бжэми щхьэщэ щIым нэсу фщIыурэ фыдыхьи фи гуэныхьхэр фхуэдгъэгъунщ, фи фIыгъуэхэри хэдгъэхъуэнщ

(162) Залымыгъэ зезыхьахэм абыхэм ящыщу Ди псалъэу яжетIар зэрахъуэкIащ, арати абыхэм хьэзабыр уафэм къахуедгъэхащ, залымыгъэу зэрахьам къыхэкIыу

(163) ЯупщIыт абыхэм хы Iуфэм Iута къуажэм и хъыбарымкIэ. Абыхэм щэбэтыр ягъэзэщIакъым, бдзэжьейхэр щэбэтырати къащыхуэкIуэр, щымыщэбэт махуэхэм къакIуэхэтэкъым ахэр. Апхуэдэу дгъэунэхуахэщ ахэр, фасикъыгъэу ящIахэм щхьэкIэ

(164) Абыхэм ящыщ гуэрэхэм жаIат: "Сыт фащIеущиер Алыхьым игъэкIуэдыну лъэпкъым е хьэзаб гуащIэ зытрилъхьэнухэм?" ЖаIащ: "Фи Тхьэм и пащхьэ щхьэусыгъуэ диIэным папщIэ, ахэри шынэнкIэрэ мэхъур"

(165) Абыхэм ягу къагъэкIыжхэр щащыгъупщэжым, Iей ямыщIэну къыхуезыджэхэтэр къедгъэлри, залымыгъэ зезыхьахэм хьэзаб гуащIэр къатедгъэхуащ, мыхъумыщIагъэу ящIахэм къыхэкIауэ

(166) Къыхуамыдам щебакъуэхэм яжетIащ: "Номин гъэпуда фыхъу"

(167) Уи Тхьэм яхуиIуэхуащ къемэт махуэр къэсыху хьэзаб гуащIэ къыфтезылъхьэнухэр къызэрахуигъэкIуэнур, уи Тхьэм и тезырыр псынщIэщ, икIи Ар Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(168) ЩIым щызэбгырыддзахэщ ахэр гупурэ, абыхэм яхэтщ фIым тетхэри, апхуэдэу щымытхэри. Ахэр фIыкIи IейкIи дгъэунэхуахэщ, къагъэзэжынкIэ мэхъур абыхэм

(169) Абыхэм яужь къэкIуахэщ лIэщIыгъуэ Тхылъыр щIэину зылъысар. Абыхэм мы дунейм и фIыгъуэ мыхьэнэншэхэр япхъуатэр, жаIэурэ: "Дэ къытхуагъэгъунущ". Иджыри апхуэдэ мыхьэнэ зимыIэ къахуэкIуэмэ япхъуэтэнущ. Абыхэм псалъэ быдэ Тхылъым щыщу Iырамыхауэ пIэрэт Алыхьым щхьэкIэ пэж фIэкIа жамыIэну? Абы итыр щIаджыкIащ. Тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм папщIэ ахърэтыр нэхъыфIщ, ар къывгурымыIуэу ара?

(170) Тхылъым итым тетхэмрэ нэмэз зыщIхэмрэ , атIэ Дэ хабзэм тетхэм я псапэр дгъэкIуэдкъым

(171) Абыхэм я щхьэщыгум бгыр пшэм хуэдэу щхьэщыдгъэуват, къатехуэн ягугъэу: "Къывэттам быдэу фытет, абы итри фигу къэвгъэкIыж, тхьэ шынагъуэ фхэлъынкIэ мэхъур"

(172) Уи Тхьэм Iэдэм и бынхэм я тхыцIэхэм я щIэблэу къащIэхъуэнур зэуэ къыхишри я щхьэхэм щыхьэт хуигъэхъуахэщ: "Сэракъэ фэ фи Тхьэр?" ЖаIащ: "Уэращ, щыхьэт дохъур". Ар къемэт махуэм жывмыIэн папщIэ: "Дэ абы зыри хэтщIыкIтэкъым"

(173) Е жывмыIэну: "Ар ди адэхэращ ипIэкIэ гъусэ хуэзыщIахэр, дэ абыхэм я щIэблэу иужькIэ дыкъэкIуауэ аращ. ПцIым кIэлъыкIуахэм ящIам щхьэкIэ дэри дыхэбгъэкIуэдэну ара?"

(174) Апхуэдэурэ нэщэнэхэр гурыIуэгъуэ яхудощIыр, къагъэзэжынкIэ мэхъур

(175) Яхуеджэ абыхэм ди нэщэнэхэр зэттауэ ахэр къэзыгъэнам и хъыбарым, абы шейтIаныр кIэлъыкIуащ, гъуэщахэми ящыщ хъуащ

(176) Дэ дыхуеятэмэ ар абыкIэ къэтIэтынут, ауэ щIым зытриубгъуэри и хуеиныгъэхэм кIэлъыкIуащ. Ар ещхьщ хьэм: ар епхужьэжми и бзэгур кърегъэлэлыр, къэбгъанэми и бзэгур кърегъэлэлыр. Апхуэдэхэщ ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжа лъэпкъхэми я щапхъэр. ЯхуэIуатэ хъыбархэр, ахэр егупсысынкIэрэ мэхъур

(177) Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжа лъэпкъым я хъыбарыр Iеищэщ, езыхэм я щхьэхэм залымыгъэ ирахыжауэ аращ

(178) Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувэращ гъуэгу захуэм ирикIуэр, игъэгъуащэхэращ хэкIуэдахэр

(179) Жыхьэнэмэм къыхуэдгъэщIащ жынхэмрэ цIыхухэмрэ щыщ куэд, абыхэм яIэщ гу зыри зэхамыщIыкIыу, абыхэм яIэхэщ нэ зыри ирамылъагъуу, абыхэм яIэщ тхьэкIумэ зыри зэхамыхыу абыкIэ. Ахэр былымым хуэдэщ, атIэ нэхъри нэхъ гъуэщахэщ. Ахэращ зыфIэмыIуэхур щIэныгъэншэхэр

(180) Алыхьым цIэ дахэхэр иIэщи, абыхэмкIэ фелъэIу. ИкIи къэвгъанэ Абы и цIэхэр зымыдэхэр, абыхэм ялэжьам хуэфащэр ягъуэтыжынущ

(181) Дэ къэдгъэщIахэм яхэтщ гуп гъуэгу пэжым тезышэхэр, захуагъэми тетхэр

(182) Ди нэщэнэхэр пцIыуэ зыбжахэр дедгъэхьэхынущ, езыхэми ямыщIэхэурэ

(183) Абыхэм пIалъэ нэхъ кIыхь ястынущ, Сэ си хьилагъэр лъэщщ

(184) Ахэр мыгупщысэу ара? Жын хыхьакъым я ныбжьэгъум, ар зыхъумэу зыгъэунэхущ

(185) Ахэр уафэхэмрэ щIылъэмрэ я тепщэныгъэмрэ Алыхьым къигъэхъуауэ хъуамрэ ямылъагъуу ара? Абыхэм я пIалъэр благъэ хъуагъэнкIэ мэхъур, атIэ сыт хуэдэ хъыбар абы иужь я фIэщ хъунур?

(186) Алыхьым щигъэуам гъуэгу захуэм тезыгъэувэн иIэкъым, ахэр къегъанэхэр я хабзэншагъэм хэту къаджэдыхьыну

(187) Ахэр уэ къоупщIыр сыхьэтым папщIэ: "Сытым щыгъуэ къэсыну ар?" ЖыIэ: "Ар зыщIэр си Тхьэращ ипэжыпIэкIэ, ар къыщысынум и уахътэр зыми къызэIуихыфынукъым, Абы мыхъумэ. Ар уафэхэми щIылъэми техьэлъащ, ар напIэзыпIэу къыфтехуэнущ". Уэ къоупщIхэр ахэр уэ пщIэ хуэдэ, яжеIэ: "ИпэжыпIэкIэ ар зыщIэр Алыхьращ, ауэ цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэкъым"

(188) ЖыIэ: "Сэ си щхьэм фIыи Iеи къыхуэсхьыфынукъым, Алыхьыр хуэмеймэ. Ущэхуар сщIэтэмэ, си щхьэм фIыгъуэхэр куэд хуэсщIынут, Iейри къыслъэIэсынутэкъым. АтIэ сэ зыхъумэщ, зыгъэгуфIэщ, Iиман къэзыхьа лъэпкъыр"

(189) Аращ зы псэм псори фыкъытезгъэхъукIар, абыи щхьэгъусэ къыхэзыщIыкIар зигъэпсэхуну абы и деж. Абы щекIуалIэм лъэщыджэ псынщIэ хъури апхуэдэу ихьащ. ИтIанэ къыщытехьэлъэм Алыхьу я Тхьэм зыхуагъазэри елъэIуахэщ тIури: "Нэмыс зыхэлъ сабийуэ къытхуэбгъэхъумэ, шыкур зыщIхэм ящыщ дыхъунщ"

(190) Абыхэм нэмыс зыхэлъу къащритым, Абы гъусэ хуащIащ а къаритар. Алыхьыр нэхъ лъагэщ, абыхэм гъусэу хуащIхэм нэхърэ

(191) Гъусэ хуащIхэу ара зыри къэзмыгъэхъуфыр езыхэр къагъэхъуа пэтрэ?

(192) Ахэр дэIэпыкъуэгъу къахуэхъуфкъым, езыхэм я щхьи дэIэпыкъуфхэкъым

(193) Ахэр гъуэгу захуэм къыхуевджэхэми, къыфкIэлъыкIуэнухэкъым, фи дежкIэ зэхуэдэщ ахэр къыхуевджэнуми, зывущэхунуми

(194) Алыхьым нэгъуэщIу фызэлъэIухэр фэр хуэдэу пщылIхэщ. ФалъэIу абыхэм, жэуап къыватынщ пэжым фытетмэ

(195) Абыхэм яIэу пIэрэ зэрызекIуэну лъакъуэхэр? Е зэрыIэбэну Iэхэр яIэу пIэрэ? Е иралъэгъуну нэхэр яIэу пIэрэ? Е зэрызэхахыну тхьэкIумэ яIэхэу пIэрэ? ЖыIэ: "ФалъэIу фи гъусэхэм, итIанэ хьилагъэ къызэфх, пIалъэ къызэвмыту

(196) Сэ си уэлийр Алыхьыращ, Аращ Тхылъыр къезыгъэхар, Аращ фIым тетхэм я Уэлийр

(197) Абы нэгъуэщIу фызэлъэIухэм къывдэIэпыкъуну яхузэфIэкIынукъым, езыхэм я щхьи дэIэпыкъужыфынукъым"

(198) Ахэр гъуэгу захуэм къыхуебджэмэ, къодэIунухэкъым. Ахэр къоплъхэу плъагъунущ, ауэ ялъагъуркъым

(199) Гъэгъуныгъэр щтэ, фIым къыхуеджэ, щIэныгъэншэхэми уи щIыб яхуэгъазэ

(200) ШейтIаным уигъэгъуэщэну зэрыпылъыр зэхэпщIэмэ, Алыхьым уихъумэну елъэIу, Ар Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ

(201) Тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм шейтIаным игъэгъуэщэнхэу зэрыпылъыр зэхащIэмэ, ягу къагъэкIыжри зыкъащIэжыр

(202) Езыхэм я къуэшхэм я гъуэщэныгъэр нэхъри куууэ хагъэужьыныхьри итIанэ къэувыIэхэкъым

(203) Абыхэм нэщэнэхэр къахуомыхьмэ жаIэнущ: "Сыт ар къыщIомыгъэлъагъуэр?" ЖыIэ: "Сэ си Тхьэм къысхуригъэхым сытетщ. Ар фи Тхьэм къыфхуригъэха нэщэнэ нахуэхэщ, гъуэгу захуэщ, гущIэгъуныгъэщ, Iиман къэзыхьа лъэпкъым папщIэ"

(204) КъурIэн щеджэхэкIэ федэIу зывущэхуи, гущIэгъу къыфхуащIынкIэ мэхъур

(205) Уи Тхьэм иIуэ и цIэр уигукIэ икIи макъ цIыкIукIэ ухуэжыIэдаIуэу икIи ущышынэу, пщэдджыжьми дыгъэр къуэхьэжын ипэкIи, зыфIэмыIуэху щIэныгъэншэхэм ящыщ умыхъу

(206) Уи Тхьэм и деж щыIэхэр епэгэкIкъым Абы хуэпщылIыну, Абы щIыхь хуащIыр, Абы и пащхьэ я щхьэхэр ягъэтIылъыр