9 - At-Tawba ()

|

(1) Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ зыкIи пыщIакъым тхьэ куэдым хуэпщылIхэмрэ фэрэ зэфта псалъэ быдэхэм

(2) Аращи мазиплIкIэ щIым фыщызекIуэ икIи зэвгъащIэ Алыхьым зызэрыщывмыгъэпщкIуфынур, Алыхьым джаурхэр игъэпудынущ

(3) Хьэж махуэшхуэм Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ цIыхухэм ирагъэщIэнущ Алыхьыр къызэрабгъэдэкIыр тхьэ куэдым хуэпщылIхэм. Тобэ къэфхьыжмэ фэркIэ нэхъыфIщ ар, ауэ фи щIыбхэр къэвгъазэмэ зэвгъащIэ Алыхьым зызэрыщывмыхъумэфынур. Джаурхэр атIэ гъэгуфIэ хьэзаб гуащIэм и хъыбарымкIэ

(4) Абы хэтхэкъым псалъэ быдэ зэфтауэ щыта тхьэ куэдым хуэпщылIхэр, ахэр зыкIи емыпцIыжахэмэ абы икIи зыми дэмыIэпыкъуахэмэ фэ фыхагъэщIэну. Абыхэм псалъэу яфтам фытет и пIалъэр икIыху, Алыхьым тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр фIыуэ елъагъур

(5) Хьэрэм мазэхэр зэрызэфIэкIым тету тхьэ куэдым хуэпщылIхэр дэнэ фахуэмызами фыукIхэ, гъэр фщIыхэ, къэфтIысыхьхэ, дэни факъыпэтIысхэ. Абыхэм тобэ къахьыжу, нэмэз ящIу, сэджыт ятмэ фыутIыпщыжхэ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(6) Тхьэ куэд хуэпщылIхэм щыщ гуэр уи деж гъэпщкIупIэ лъыхъуэу къакIуэмэ, абы гъэпщкIупIэ ет, Алыхьым и псалъэ зэхихын папщIэ. ИтIанэ щIыпIэ шынагъуэншэм нэгъэсыж ар, ахэр щIэныгъэншэ лъэпкъщ

(7) Дауэрэ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ псалъэ быдэ тхьэ куэдым хуэпщылIхэм хуаIэну мэжджыт Хьэрэмым и деж псалъэ быдэ зэфтахэм мыхъумэ? Фэ къыфхуэпэжыхукIэрэ ахэр, фэри фахуэпэж. Алыхьым тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр фIыуэ елъагъур

(8) Ар дауэрэ? Фэ къыфтекIуэхэмэ Iыхьлыгъи, псалъэ быди тетынухэкъым. Я бзэкIэ фагъэарэзыну пылъхэщ, ауэ я гум идэкъым ар. Абыхэм я нэхъыбэр фасикъхэщ

(9) Алыхьым и нэщэнэхэр уасэ мащIэкIэ ящащ, Абы и гъуэгуми трахур. Сыту Iеищэ абыхэм ящIэхэр!

(10) МыIуминхэм ехьэлIауэ Iыхьлыгъи, псалъэ быди тетхэкъым. Ахэр мыхъумыщIагъэ зыгъахъэхэщ

(11) Ауэ тобэ къахьыжмэ, нэмэз ящIмэ, сэджытри хатыкIмэ - ахэр динкIэ фи къуэшхэщ. Дэ Ди нэщэнэхэр цIыху зыщIэхэращ зыгурыдгъаIуэр

(12) Ауэ я тхьэрыIуэхэм епцIыжхэмэ псалъэ быдэ къывата иужь, фи динми къыхэпыджэхэмэ, джаурхэм я нэхъыщхьэхэр фыукIхэ, абыхэм тхьэрыIуэ жыхуаIэр яIэкъым, итIанэ щагъэтынкIэ мэхъур абыхэм

(13) Фемызэуэну ара атIэ зи псалъэ быдэхэм епцIыж цIыхухэм, абыхэм икIи лIыкIуэр дахуну хуейхэу? ИкIи езыхэращ япэу къезыгъэжьатэр. Абыхэм фащышынэу ара? АтIэ Алыхьым нэхъ фыщышынэн хуейщ мыIуминхэу фыщытмэ

(14) Фазауэ абыхэм. Алыхьым фи IэкIэ хьэзаб ятрилъхьэнущ, игъэпудынухэщ, фэри фатригъэкIуэнущ абыхэм. МыIуминхэм ягухэр Абы игъэфIынущ апхуэдэу

(15) Абыхэм ягухэм губжьри ирихынущ. Алыхьым зыхуейм хуегъэгъур, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIэщ

(16) Е фыкъагъэнэну фыгугъауэ ара фэ, Алыхьым зэхимыцIыхукIауэ фэ фщыщу зэуахэр, дэIэпыкъуэгъуу зыри зымыщтахэр Алыхьым, Абы и лIыкIуэм, мыIуминхэм нэгъуэщI? Алыхьыр щыгъуазэщ фэ фщIэхэм

(17) Тхьэ куэдым хуэпщылIхэм яхуэфащэкъым Алыхьым и мэжджытхэр къагъэужьыну зэрыджаурхэмкIэ я щхьэхэм щыхьэт хуэхъужхэу. Абыхэм я лэжьыгъэхэр псори хэкIуэдащ, мафIэми игъащIэкIэ къыхэнэнухэщ

(18) Алыхьым и мэжджытхэм зыкъезгъэужьын хуейр Алыхьри, ахърэт махуэри зи фIэщ хъуаращ, нэмэзыр зыщIращ, сэджытыр хэзытыкIращ, Алыхьым нэгъуэщIуи зыми щымышынэр. Мис ахэр гъуэгу захуэм трашахэм щыщ хъункIэ мэхъур

(19) ХэжыщI кIуахэр псы егъэфэнымрэ, мэжджыт Хьэрэмыр зехьэнымрэ хуэвгъадэу ара Алыхьымрэ ахърэт махуэмрэ зи фIэщ хъуам, Алыхьым и гъуэгум тету зэуам? Зэхуэдэкъым ахэр Алыхьым и пащхьэм, Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувэркъым залымыгъэ зезыхьэ цIыхухэр

(20) Iиман къэзыхьахэм, куэшахэм, Алыхьым и гъуэгум тету зэуахэм я мылъкури, я псэхэри щIатурэ Алыхьым и пащхьэ нэхъ увыпIэ лъагэхэр яхуэфащэщ, ахэращ ехъулIахэр

(21) Ахэр я Тхьэм игъэгуфIэнухэщ и гущIэгъуныгъэмкIэ, и арэзыныгъэмкIэ, жэнэтхэмкIэ, абдежым фIыгъуэ мыухыжу яхуигъэхьэзырахэмкIэ

(22) Абдежым игъащIэкIэ къинэнухэщ, ипэжыпIэкIэ Алыхьым псапэшхуэ яхуегъэфащэр

(23) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фымыщтэ фи адэхэри, фи къуэшхэри уэлийхэу абыхэм джаурыгъэр нэхъ къыхахамэ Iиманым нэхърэ. Фэ фщыщу ахэр уэлийуэ зыщтэхэр залымыгъэ зезыхьэхэращ

(24) ЖыIэ: "Фи адэхэр, фи бынхэр, фи къуэшхэр, фи щхьэгъусэхэр, фи Iыхьлыхэр, мылъкуу къызэхуэфхьэсар, сату къызэтеувыIэну фызтешыныхьыр, унэхэу фи гум пымыкIхэр нэхъ лъапIэмэ фэр щхьэкIэ, Алыхьым нэхърэ, Абы и лIыкIуэм нэхърэ, Абы и гъуэгум тету зэуэным нэхърэ, фежьэ атIэ Алыхьым и унафэр ищIыху. Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэувэркъым цIыху фасикъхэр"

(25) Алыхьым щIыпIэ куэдым фыщытригъэкIуащ, Хьунейн махуэми аращ фызэрыкуэдым фыщигъэгуфIатэм, ауэ ар зыкIи къыфщхьэпатэкъым. ЩIыр цIыкIу хъуа къыфщыхъуат зэрыубгъуауэ инышхуэу, итIанэ фи щIыбхэр къэвгъазэри фикIуэтащ

(26) ИтIанэ Алыхьым гу псэхугъуэр яхуригъэхащ и лIыкIуэми, мыIуминхэми, фэ фымылъагъу дзэи къригъэхащ, джаурхэми хьэзаб ятрилъхьащ. Аращ джаурхэм яхуэфащэр

(27) Абы иужькIэ Алыхьым хуигъэгъунущ зыхуейхэм, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(28) Уэ Iиман къэзыхьахэ, тхьэ куэдым хуэпщылIхэр ипэжыпIэкIэ фIейхэщ. Мы илъэсым иужь мэжджыт Хьэрэмым гъунэгъуу бгъэдыремыхьэхэ. ТхьэмыщкIагъуэм фыщышынэмэ, атIэ Алыхьым хуеймэ къулей фищIынщ и фIыгъэхэм щыщкIэ, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIщ

(29) ЗэтевукIэхэ Алыхьри, ахърэт махуэри зи фIэщ мыхъухэр, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хьэрэму ягъэувахэр хьэрэм зымыщIхэр, дин пэжми темытхэр Тхылъ зратауэ щытахэм щыщхэр. Фазауэ абыхэм джизйер къатыхукIэрэ езыхэр гъэцIыкIуауэ

(30) Журтхэм жаIащ: "Гъузейр Алыхьым и къуэщ". Чыристэнхэми жаIащ: "Мэсихьыр Алыхьым и къуэщ". Езыхэм я бзэкIэ жаIа псалъэщ ар. Джаурхэм ипэкIэ жаIам хуэдэ къабзэщ ар. Алыхьым иукI ахэр, сытым хуэдэу егъэзэкIахэ!

(31) Журтхэм я дин щIэныгъэлIхэмрэ, щоджэнхэмрэ тхьэхэу ящтахэт Алыхьым нэгъуэщIу, Мэрям и къуэ Мэсихьри аращ. Абыхэм унафэу хуащIатэр Алыхь закъуэм хуэпщылIыну, Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, щхьэщыIэтыкIащ Ар гъусэ хуащIу хъуам

(32) Алыхьым и нэхур ягъэункIыфIыну хуейхэщ я бзэхэмкIэ, ауэ Алыхьым идэкъым и нэхур нэгъэсауэ фIэкIа, джаурхэм ар ялъагъу мыхъуми

(33) Аращ къэзыгъэкIуар и лIыкIуэр гъуэгу захуэмрэ, дин пэжымрэ къригъэхьри, ар дину хъуам ящхьэ ищIын папщIэ, ар тхьэ куэдым хуэпщылIхэм ялъагъу мыхъуми

(34) Уэ Iиман къэзыхьахэ, журтхэм я дин щIэныгъэлIхэмрэ, щоджэнхэмрэ ящыщ куэдым цIыхухэм я мылъкур пцIыкIэ яшхыр, Алыхьми и гъуэгум пэрыуэгъу хуохъухэр. АтIэ дыщэрэ, дыжьынрэ зыгъэтIылъхэр, ар Алыхьым и гъуэгум тезмыгъэкIуадэхэр гъэгуфIэ хьэзаб гуащIэкIэ

(35) А махуэм жыхьэнэмэ мафIэм щагъэплъынущи ахэр, я натIэхэри, я джабэхэри, я щIыбхэри ирагъэсынущ: "Мыращ фи щхьэхэм щхьэкIэ яхуэвгъэтIылъар, феплъ атIэ иджы а вгъэтIылъам"

(36) Алыхьым и деж мазэхэр пщыкIутI мэхъур. Алыхьым и тхылъым аращ зэритхар, уафэхэмрэ щIылъэмрэ къыщигъэщIа махуэм. Абыхэм щыщ плIыр хьэрэмщ, аращ дин захуэр. Апхуэдэу щыщыткIэ а мазэхэм зыми залымыгъэ евмых. Тхьэ куэдым хуэпщылIхэр псори зэтевукIэ, фэ фызэраукIым хуэдэу, икIи зэвгъащIэ: Алыхьыр тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм я гъусэщ

(37) А мазэхэм я пIалъэр зэхъуэкIыныр джаурыгъэр хэзыгъахъуэщ, абыкIэ джаурхэр щоуэхэр. Зы илъэсым хьэлэл ящIыр, адрей илъэсым хьэрэм ящIыр, Алыхьым хьэрэм ищIахэр ирагъэкъун папщIэ. Алыхьым хьэрэм ищIар езыхэм хьэлэл ящIыр, абыхэм я Iуэхухэм и Iеягъэр яфIэдахэщ, ауэ Алыхьым гъуэгу захуэм тришэкъым джаур лъэпкъыр

(38) Уэ Iиман къэзыхьахэ, Алыхьым и гъуэгум фытеуви фыкъыдэкI къыщывжаIэкIэ, щхьэ щIым хьэлъэу зытевдзэрэ? Мы дунейм и щыIэныгъэр нэхъ къыхэфхыу ара ахърэтым нэхърэ? АтIэ мы дунейм и фIыгъуэхэр ахърэтым елъытами зыми ищIыскъым

(39) ФыкъыдэмыкIмэ зекIуэм хьэзаб гуащIэ къыфтрилъхьэнщ, нэгъуэщI лъэпкъкIи фызэрихъуэкIынщ. ЗыкIи зэран ефхыфынукъым Абы, Алыхьращ сытри зыхузэфIэкIыр

(40) Фэ фыдэмыIэпыкъумэ абы, атIэ Алыхьыр дэIэпыкъуащ, ар джаурхэм къыщыдахуатэм тIум язу, тIури бгъуэнщIагъым щIэсхэу и гъусэм щыжриIам: "Умынэщхъей, Алыхьыр ди гъусэщ дэ". Алыхьым и гупсэхугъэр къыхуригъэхащ абы, мынэрылъагъу дзэи дэIэпыкъуэгъуу къыхуигъэкIуащ. Джаурхэм я псалъэри ищIагъ ищIри, Алыхьым и псалъэр ищхьэ ищIащ, Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIщ

(41) ФыкъыдэкI зекIуэм ар къывэпсынщIэкIми, къывэхьэлъэкIми, фи мылъкумкIи, фи псэхэмкIи Алыхьым и гъуэгум фыщызауэ, аращ фэркIэ нэхъыфIыр, фщIэмэ аратэкъэ ар

(42) Мылъку псынщIэ е гъуэгу тынштэмэ япэщылъыр, уи ужьым къиувэнухэт ахэр. Ауэ жыжьагъэр яфIэинащ, Алыхьым и цIэкIэ жаIэр: "ТхуэлъэкIатэмэ фи гъусэу дыдэкIынт". Я щхьэхэр хагъэкIуадэр абыхэм, Алыхьым ещIэр ахэр зэрыпцIыупсхэр

(43) Алыхьым къыпхуигъэгъу уэ! Сыт абыхэм щIахуэбдар нахуэ мыхъуа щIыкIэ хэт пэж жиIамэ, пцIы зыупсахэри умыщIэ щIыкIэ?

(44) Алыхьымрэ, ахърэт махуэмрэ зи фIэщ хъухэм Iизын къыпIырахкъым зэуэнхэ щхьэкIэ я мылъкукIи, я щхьэкIи, Алыхьым ещIэхэр тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр

(45) АтIэ Iизын къыпIизыххэр Алыхьри, ахърэт махуэри зи фIэщ мыхъухэращ, абыхэм ягухэм шэч илъщ, я Тхьэми шэч къытрахьэхэр

(46) Ахэр дэкIыну хуейхэтэмэ загъэхьэзырынут, ауэ Алыхьыр хуеякъым ахэр дигъэкIынуи заригъэIэжьащ. ЖраIащ: "Фыдэс къыдэмыкIахэм ящIыгъуу"

(47) Ахэр фи гъусэу къыдэкIатэмэ фызэхатхъуэнут нэхъри, фи яку дэтынухэт псынщIэу фэсэдым зырагъэубгъуу. Фэ къыфхэтхэщ абыхэм ядэIуэнухэр, икIи Алыхьым залымыгъэ зезыхьэхэр нэхъыфIу ещIэр

(48) Ахэр ипэкIи хуейхэт зэгурымыIуэныгъэр къыфхалъхьэну, Iуэхухэр пхузэрадзэкIащ пэжыр къэнахуэу, Алыхьым и Iэмырыр къэлъэгъуэху, ахэр хуэмейхэ пэт

(49) Абыхэм яхэтщ жызыIэ: "Iизын къызэти фитIнэм сыхомыгъахуэ". АтIэ фитIнэкъэ ахэр зыхэхуар? Жыхьэнэмэм джаурхэр зэщIащтэр лъэныкъуэ псомкIи

(50) ФIы къохъулIэмэ, ахэр нэщхъей мэхъухэр, ауэ гузэвэгъуэм ухэхуэмэ, абыхэм жаIэр: "Дэ ипэкIэ зытхъумэжащ", - итIанэ тхъэхэурэ IуокIыжхэр

(51) ЖыIэ: "Алыхьым къытхуитхам фIэкIа зыри къыдэхъулIэкъым, Аращ дэ ди дэIэпыкъуэгъур, Алыхьращ мыIуминхэр зыщыгугъыр"

(52) ЖыIэ: "ФIыгъуитIым нэгъуэщI зыри къыдэмыхъулIэну фемыжьэу ара? АтIэ дэ дожьэр Алыхьым и хьэзабыр къыфтригъэхуэну е дэ ди IэкIэ къыфтригъэхуэну. Фежьэ атIэ, дэри фи гъусэу дежьэнщ"

(53) ЖыIэ: "Фыхуейми фыхуэмейми тевгъэкIуадэ фи мылъкур, къабылу фIахынукъым ар, лъэпкъ фасикъхэу фыщытащ фэ"

(54) Абыхэм ягъэкIуэдар я мылъкум щыщу къабыл хъуакъым, абыхэм Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ я фIэщ зэрымыхъуам щхьэкIэ, нэмэзми щхьэххэурэ фIэкIа зэремыкIуалIэм щхьэкIэ, я мылъкуу ятри хуэмейхэурэ зэратым щхьэкIэ

(55) Абыхэм я мылъкухэмрэ, я бынхэмрэ умыгъэщIагъуэ уэ, Алыхьым абыкIэ хьэзаб ятрилъхьэну хуейщи аращ мы дунейм, я псэхэри хэкIыным папщIэ ахэр джаурхэу

(56) Абыхэм Алыхьым и цIэкIэ тхьэ яIуэр фэ фщыщхэу жаIэри, ауэ ахэр фэ фщыщхэкъым, ахэр лъэпкъ шынэкъэрабгъэщ

(57) Абыхэм бгъуэнщIагъ, е зыхъумапIэ, е гъэпщкIупIэ ягъуэтатэмэ, ахэр епIэщIэкIыу абым кIуэнухэт

(58) Абыхэм яхэтщ сэдэкъэхэм щхьэкIэ узгъэкъуаншэхэр. Абым щыщ яптмэ арэзы мэхъухэр, ауэ абы щыщ ирамытамэ мэгубжьхэр

(59) НэхъыфIт ахэр аразы хъуахэтэмэ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ къратамкIэ, икIи жаIатэмэ арат: "Алыхьыр тхурокъур дэ, Алыхьым и фIыгъуэхэм щыщ къытхуигъэфэщэнущ, и лIыкIуэми аращ, дэ Алыхьым дыхущIокъур"

(60) Сэджытыр зыхуэфащэр факъырэхэращ, тхьэмыщкIэхэращ, абым елэжьхэращ, гухэр дегъэхьэхыныращ, пщылI къэщэхунращ, гъэр къэщэхужыныращ, Алыхьым и гъуэгум тегъэкIуэдэныращ, гъуэгурыкIуэращ. Алыхьым и фарзыр аращ, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIщ

(61) Абыхэм яхэтщ бегъымбарым и жагъуэ зыщIхэр, жаIэр: "Ар тхьэкIумэщ". ЯжеIэ: "Абым фIыращ зэхихыр, Алыхьыр и фIэщ мэхъури мыIуминхэми жаIэр и фIэщ мэхъур. Фэ фщыщу Iиман къэзыхьам щхьэкIэ гущIэгъущIщ ар". АтIэ Алыхьым и лIыкIуэм и жагъуэ зыщIхэм хьэзаб гуащIэ яхуэфащэщ

(62) Абыхэм Алыхьым и цIэкIэ тхьэ къыфхуаIуэр фагъэарэзыну, ауэ Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ ягъэарэзыну нэхъ яхуэфащэщ мыIуминхэу щытыр пэжмэ ахэр

(63) Абыхэм ямыщIэу ара Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ я бийхэр жыхьэнэмэ мафIэм игъащIэкIэ къызэрыхэнэнур? Ар гъэпудыныгъэшхуэщ атIэ

(64) Мунафикъхэр мэшынэр сурэ къахуехынкIэ ягухэм илъыр зэуэ нахуэ ищIу, яжеIэ: "ФыщIэнакIэ фэ, Алыхьым къыкъуихынщ а фызыщышынэхэр"

(65) Абыхэм уаупщIмэ жаIэнущ: "Дэ щхьэ дгъавэурэ дыджэгуу арат". ЖыIэ: "Алыхьымрэ и аятхэмрэ, и лIыкIуэмрэ ауан фщIыуэ арат?

(66) ФымылъаIуэ къыфхуагъэгъуну, Iиман къэфхьа иужь джаур фыхъужахэщ фэ". Фэ фщыщ гуэрхэм яхуэдгъэгъуми, адрейхэм хьэзаб гуащIэр ятедгъэхуэнущ, ахэр гуэныхьыщIэхэу щытахэщи

(67) Мунафикъ цIыхухъухэри, мунафикъ цIыхубзхэри зыр адрейм щыщхэщ, Iейм къыхураджэри фIыр ямыщIэну унафэ ящIыр, я Iэхэри зэтраубыдэр. Алыхьыр ящыгъупщэжри, Абыи ахэр зыщигъэгъупщахэщ. ИпэжыпIэкIэ мунафикъхэращ фасикъхэр

(68) Алыхьым къигъэгугъащ мунафикъ цIыхухъухэри, мунафикъ цIыхубзхэри, джаурхэри жыхьэнэмэ мафIэкIэ, игъащIэкIэ къыхэнэнухэщ абы, ар яхурикъунущ абыхэм. Алыхьми абыхэм нэлат ярихащ, абыхэм хьэзаб мыухыж яхуэфащэщ

(69) Фи япэкIэ псэуахэм хуэдэхэщ, ахэр фэр нэхърэ нэхъ лъэщхэт, мылъкуи быни нэхъыбэу яIэт. Абыхэм яхуэфащэм иритхъахэщ. Фэри фхуэфащэм фритхъащ, фи япэкIэ щыIахэр яхуэфащэм зэрыритхъам хуэдэу. Щхьэубатэными фыхихьащ, адрейхэр зэрыхихьам хуэдэу. Абыхэм я Iуэхухэр мы дунейми ахърэтми щыхэкIуэдэжащ, ахэращ атIэ хэкIуэдэжахэр

(70) Абыхэм янэмысауэ ара япэкIэ псэуахэм я хъыбархэр: Нухь и лъэпкъыр, Хьадрэ Сэмудрэ, Ибрахьим и лъэпкъыр, Мэдйэн щыпсэуахэр, зэщхьэпрадзахэр. Абыхэм лIыкIуэхэр къахуэкIуат, нэщэнэ нахуэхэр къахьри. Алыхьым залымыгъэ ярихакъым абыхэм, атIэ я щхьэ залымыгъэ ирахыжауэ аращ

(71) МыIумин цIыхухъухэри, мыIумин цIыхубзхэри зыр адрейм и уэлийхэщ, фIым къыхураджэри Iейм пэжыжьэ ящIыну унафэ ящIыр, нэмэзыр ящIыр, сэджыт ятыр, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хуэжыIэщIэхэщ. Абыхэм Алыхьым гущIэгъу яхуищIынущ, Алыхьыр Лъэщщ, АкъылыфIщ

(72) Алыхьым къигъэгугъащ мыIумин цIыхухъухэри, мыIумин цIыхубзхэри жэнэткIэ, абым псыхэр къыщIэжу, игъащIэкIэ къинэну. ИтIани унэ лъапIэхэмкIэ жэнэт Хьэдным къигъэгугъащ. АтIэ Алыхьым и арэзыныгъэр нэхъ инщ, аращ ехъулIэныгъэшхуэр

(73) Уэ, бегъымбар, джаурхэмрэ мунафикъхэмрэ езауэ, яхуэткIий абыхэм. Абыхэм я екIуэлIэжыпIэр жыхьэнэмэщ, сытым хуэдэу Iей а кIуапIэр!

(74) Абыхэм Алыхьым и цIэкIэ тхьэ яIуэр зыри жамыIауэ, ауэ джаур псалъэр жаIакIэщ, джаури хъуахэщ, ислам диныр къащта иужь. ЯхузэфIэмыкIар ящIэну хуеяхэщ ахэр. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фIыгъуэхэм щыщу къратахэращ лей щIыщIэжыр. Абыхэм тобэ къахьыжатэмэ езыхэмкIэ нэхъыфIт, ауэ я щIыбхэр къагъазэмэ, Алыхьым хьэзаб гуащIэ ятрилъхьэнущ мы дунейми ахърэтми, яIэнукъым икIи щIылъэм уэлийрэ, дэIэпыкъуэгъурэ

(75) Абыхэм яхэтщ псалъэ быдэ Алыхьым езытахэр: "Абы и фIыгъуэхэм щыщ къыдитмэ, сэдэкъэри дгуэшынущ, фIым тетхэми ящыщ дыхъунущ"

(76) Ауэ и фIыгъуэхэм щыщ щаритым, нэпсей хъуахэщ, я щIыбхэри хуэмыарэзыуэ къагъэзахэщ

(77) Арати яхурикъуащ абыхэм ягухэм фэрыщIыгъэр ирилъхьэри Абы щыхуэзэжыну махуэм нэс. Ар Алыхьым псалъэ быдэу иратам зэрепцIыжахэм щхьэкIэ, икIи пцIыуэ яупсам щхьэкIэ

(78) Абыхэм ямыщIэу ара Алыхьым я нахуэри, яущэхури зэрищIэр? Алыхьращ ущэхуахэр зыщIэр

(79) Абыхэм ауан къащIыр мыIуминхэм щыщу я хуеиныгъэкIэ сэдэкъэ зытхэри, гугъуехьым хэтурэ итыныр къэзыгъуэтхэри. Абыхэм ящодыхьэшххэр, Алыхьри езыхэм ящыдыхьэшхыжынущ. Абыхэм хьэзаб гуащIэр яхуэфащэщ

(80) Абыхэм яхуигъэгъуну ухуеймэ щIэлъэIу е ущIэмылъэIу, блыщIрэ уащIэлъэIуами Алыхьым яхуигъэгъунукъым абыхэм. Апхуэдэу щIыщытыр абыхэм Алыхьри и лIыкIуэри я фIэщ зэрымыхъуаращ. Алыхьым гъуэгу захуэм тришэкъым лъэпкъ фасикъхэр

(81) Къэнахэр гуфIэхэт Алыхьым и лIыкIуэм зэрыщIымыгъухэм щхьэкIэ. Абыхэм яфIэфIкъым Алыхьым и гъуэгум тетхэу щызэуэну я мылъкумкIи, я псэхэмкIи. Абыхэм жаIащ: "Мы хуэбейм фемыжьэкъэ". ЯжеIэ: "Жыхьэнэмэ мафIэр нэхъ пщтырыжщ!" Ар къагурыIуэмэ аратэкъэ

(82) МащIэу иредэхьэшххэ, куэдурэ ирегъхэ, аращ къалэжьар ящIахэмкIэ

(83) Алыхьым абыхэм ящыщ гупым и деж уигъэгъэзэжу къыдэкIынухэу Iизын къыпIырахыну хуежьэхэмэ, яжеIэ: "Зэи си гъусэу фыдэкIынукъым, икIи зэи си гъусэу бийм фезэуэнукъым. Фэ ипэм щыгъуэ фыкъыдэнэну фыхуэарэзыт къэнахэм фрагъусэу"

(84) ИкIи абыхэм щыщ гуэр дунейм ехыжамэ, зэи нэмэз томыщIэ, и кхъэми ущхьэщымыт, абыхэм Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ я фIэщ хъуакъым, икIи фасикъхэу дунейм ехыжахэщ

(85) Абыхэм я мылъкухэмрэ, я бынхэмрэ умыгъэщIагъуэ уэ, Алыхьым абыкIэ хьэзаб ятрилъхьэну хуейщи аращ мы дунейм, я псэхэри хэкIыным папщIэ ахэр джаурхэу

(86) Сурэ къыщехатэм иту Алыхьыр я фIэщ ящIыну, Абы и лIыкIуэм щIыгъухэу зэуэну, Iэмал зиIэу абыхэм щыщхэм Iизын къыпIырахыу ирагъэжьащ, жаIэурэ: "Дыкъэгъанэ дэсхэм я гъусэу"

(87) Ахэр арэзы хъуахэщ иужь къинахэм ящIыгъуу къыдэнэну, абыхэм ягухэр гъэбыдащ, абыхэм къагурыIуэркъым

(88) Ауэ лIыкIуэмрэ, абы и гъусэу Iиман къэзыхьахэмрэ я мылъкухэмрэ, я псэхэмрэ халъхьэурэ зэуахэщ. Абыхэм фIыгъуэхэр яхуэгъэхьэзыращ, ахэращ ехъулIахэр

(89) Алыхьым абыхэм яритащ жэнэтхэр, псы ежэххэр къыщIэжу, игъащIэкIэ абым къинэнухэщ, аращ ехъулIэныгъэшхуэр

(90) Бедуин зыпыIуздзахэр къэкIуахэщ Iизын Iахыну, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ пцIы хуэзупсахэри къэнахэщ. Абыхэм щыщу джаур хъуахэм хьэзаб гуащIэр къатехуэнущ

(91) Гуэныхь къатехуэкъым лъэкI зимыIэхэм, сымаджэхэм, ятын зымыгъуэтхэм, ахэр Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ хуэпэжхэмэ гукIэ. ФIы зыщIэхэм бэлыхь къатехуэнукъым. Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(92) ИкIи гуэныхь къатехуэкъым уи деж къакIуэхэу здэшэсын зыгуэр яптыну къолъэIуахэу, "СиIэкъым фыздэзгъэшэсын", - зыжепIахэм. Ахэр IукIыжахэщ, я нэхэм нэпс къытелъэдауэ, нэщхъей хъуахэу, ятын мылъку зэрамыIэм щхьэкIэ

(93) АтIэ лажьэ къызтехуэхэр Iизын къыпIизыххэращ, ахэр къулейхэ пэтми. Ахэр арэзы хъуахэщ къыдэнахэм ягъусэну. Алыхьым абыхэм ягухэр игъэбыдащи, абыхэм зыри къагурыIуэкъым

(94) Абыхэм я деж фыкъэкIуэжмэ хей защIыжыну пылъхэщ. ЯжеIэ: "Хей зыфщIыжыну фыпымылъ, ди фIэщ фыхъукъым фэ, алыхьым фи хъыбархэм щыгъуазэ дищIащ. Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ фи лэжьыгъэхэр ялъагъунщ, итIанэ ущэхуари нахуэри зыщIэм и деж фагъэгъэзэжынущи къыфхуиIуэтэнущ фщIауэ хъуар"

(95) Абыхэм я деж къэвгъэзэжмэ, Алыхьым и цIэкIэ тхьэ къыфхуаIуэу щIадзэнущ, къэвгъэнэнхэ щхьэкIэ. АтIэ къэвгъанэ ахэр, ахэр фIейхэщ. Абыхэм къалэжьам хуэфащэу жыхьэнэмэр я увыIэпIэ хъунущ

(96) Абыхэм тхьэ къыфхуаIуэр, аразы фахуэхъун щхьэкIэ. Ауэ Алыхьыр арэзы хуэхъукъым фасикъ лъэпкъым

(97) Бедуинхэм я джаурыгъэри, я фэрыщIыгъэри нэхъ лъэщщ. ИкIи нэхъыбэрэ ядэну хуейхэкъым Алыхьым и лIыкIуэм къахуригъэхам и гъунэхэр. Алыхьыр атIэ ЗыщIэщ, АкъылыфIщ

(98) Бедуинхэм яхэтщ трагъэкIуадэр хэкIуэдэжауэ зыбжхэр, ахэр поплъэр Iей къыфщыщIыным. Езыхэм къатехуэнщ Iейр. Алыхьыр Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ

(99) Бедуинхэм яхэтщ Алыхьымрэ ахърэт махуэмрэ зи фIэщ хъухэр, абыхэм ябжыр ятахэм Алыхьым пэгъунэгъу ищIыну, лIыкIуэми и лъэIур къахуихьыну. АтIэ ипэжыпIэкIэ ар Алыхьым пэгъунэгъу зыщIщ. Алыхьым и гущIэгъум хишэнущ ахэр. Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(100) Алыхьыр яхуэарэзыщ япэрей мухьэжырхэмрэ Iэнсархэмрэ, абыхэм яужь къэкIуахэми ягухэр къабзэу. Езыхэри Алыхьым хуэарэзыщ ахэр. Абыхэм яхуигъэхьэзыращ жэнэт псы ежэххэр къызыщIэжхэр, игъащIэкIэ къинэнухэщ абдеж. Аращ ехъулIэныгъэшхуэр

(101) Фи хъуреягъкIэ щыIэ бедуинхэми, Мэдинэм дэсхэми яхэтщ мунафикъхэр. Ахэр быдэу фэрыщIыным тетхэщ, ауэ уэ пщIэркъым ахэр, атIэ Дэ дощIэхэр ахэр. ТIэурэ хьэзаб ятетлъхьэнущ, итIанэ хьэзабышхуэм ягъэзэжынущ

(102) НэгъуэщI цIыхухэри щыIэщ гуэныхьхэр зэращIамкIэ зыкъаумысыжауэ, абыхэм лэжьыгъэ дэгъуэмрэ нэгъуэщI мыхъумыщIэмрэ зэхагъэкIухьащ. Абыхэм Алыхьым яхуигъэгъункIэрэ мэхъур, ипэжыпIэкIэ Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(103) Абыхэм я мылъкум къыхэх сэдэкъэ зырагъэкъэбзэжыну, нэхъ хэIэтыкIаи ирихъунухэу. Абыхэм щхьэкIэ щIэлъэIу, уэ уазэрыщIэлъэIум ахэр иропсэхур. Алыхьри Зэхэзыхщ, ЗыщIэщ

(104) Абыхэм ямыщIэу ара Алыхьым и пщылIхэм я тобэр къабыл зэрищIыр, абыхэм я сэдэкъэхэри зэраIихыр, Алыхьыр тобэ къабыл зыщIу, ГущIэгъущIу зэрыщытыр?

(105) ЖыIэ: "Фылажьи Алыхьми, и лIыкIуэми, мыIуминхэми фи лэжьыгъэр ялъагъунщ. ИтIанэ щэхури унэхуари зыщIэм и деж вгъэзэжынщи къыфхуиIуэтэнщ фщIауэ щытахэр"

(106) НэгъуэщIхэри йожьэхэр Алыхьым и унафэм: е хьэзаб ятрилъхьэнущ, е яхуигъэгъунущ. Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIщ

(107) Мэжджыт зыщIахэр зэраныгъэ ящIэн папщIэ, джаурыгъэм папщIэ, мыIуминхэм яку зэгурымыIуэныгъэ далъхьэн папщIэ, Алыхьымрэ и лIыкIуэмрэ язауэхэм ипэкIи я быдапIэ хъуным папщIэ, абыхэм, дауикI, тхьэ къыпхуаIуэнущ: "Дэ фIы фIэкIа дыхуеякъым". Ауэ Алыхьыр и щыхьэтщ абыхэм пцIы зэраупсым

(108) Абдежым зэи нэмэз щомыщI. Япэрей махуэм щегъэжьауэ тхьэ шынагъуэм тету ящIа мэжджытым нэхъ хуэфащэщ абдежым нэмэз щыпщIыну. Абдежым щыIэхэщ зызыгъэкъэбзэну зыфIэфI лIыхэр, Алыхьми фIыуэ елъагъур зызыгъэкъабзэхэр

(109) Алыхьым щышынэу и арэзыныгъэ лъыхъуэу зи унэм и лъапсэр зыщIара нэхъыфIыр, е зи унэм и лъапсэр къуэладжэм и Iуфэ дыдэм тезыщIыхьу ари щIыгъуу езыри жыхьэнэмэ мафIэм хэхуара? АтIэ Алыхьым залымыгъэ зезыхьэ лъэпкъыр гъуэгу захуэм тригъэувэкъым

(110) А ящIа псэуалъэм шэч ирилъхьэнущ ягухэм, зэпымычу ягухэр зэгуэмыудыху, Алыхьыр ЗыщIэщ, АкъылыфIщ

(111) Алыхьым мыIуминхэм я псэхэмрэ, я мылъкумрэ къищэхуащ, жэнэтым и уасэкIэ. Алыхьым и гъуэгум щызэуэнухэщ, яукIынущ икIи езыхэри къаукIынущ. Абы и псалъэ быдэу ар икIи и къалэну Тэуратми, Инджылми, КъурIэнми къэкIуащ. Алыхьым нэхърэ хэт нэхъыфIу зи псалъэр зыIыгъыжыр? АтIэ фыхуэгуфIэ сату фщIам, аращ ехъулIэныгъэшхуэр

(112) ГъэгуфIэ мыIуминхэр, тобэ къэзыхьхэр, хуэпщылIхэр, щытхъур хуэзыIэтхэр, нэщI зыIыгъхэр, нэмэз зыщIхэр загъэшурэ, я щхьэхэри хуагъэтIылъурэ, фIым къыхуезыджэхэр, Iейм пэжыжьэ хъуну унафэ зыщIхэр, Алыхьым игъэува гъунэхэм емыбакъуэхэр

(113) Бегъымбарымрэ Iиман къэзыхьахэмрэ тхьэ куэдым хуэпщылIхэм яхуигъэгъуну щIэлъэIуну щыткъым, ахэр я Iыхьлыуэ щытми нахуэ яхуэхъуа иужь, ахэр жыхьэнэмэм щыщ зэрыхъунухэр

(114) Ибрахьим и адэм хуагъэгъуну щIыщIэлъэIуар ипэкIэ къызэригъэгугъауэ щытаращ, ауэ абы щилъагъум ар Алыхьым зэрибийр, зыпыIуидзащ абы. ИпэжыпIэкIэ Ибрахьим Алыхьым куэдрэ елъэIуу, щабэу щытащ

(115) Алыхьым щигъауэкъым лъэпкъ гъуэгу захуэм тригъэувар, ахэм яхуимыгъэунэхуауэ зыщышынэну щытыр. ИпэжыпIэкIэ Алыхьыр сытми щыгъуазэщ

(116) ИпэжыпIэкIэ Алыхьым уафэхэри щIылъэри и IэмыщIэм илъщ, къегъэхъур икIи егъалIэр, Алыхьым нэгъуэщIу уэлийрэ дэIэпыкъуэгъурэ фиIэкъым фэ

(117) Алыхьым къабыл ищIащ я тобэр бегъымбарми, мухьэжырхэми, Iэнсархэми, сыхьэт хьэлъэм иужьым иту кIуахэм, абыхэм ящыщ гупым ягухэр лъэныкъуэкIэ текIыну пэт. ИтIанэ Алыхьым абыхэм яхуигъэгъуащ, Ар абыхэм яхуэгузавэщ, яхуэгущIэгъущIщ

(118) Къыдэна щыми яхуигъэгъуащ, абыхэм щIыр яхуэзэв хъуат, и бгъуагъыр зэрибгъуагъыу. Абыхэм ягухэри цIыкIу хъуат, къагурыIуащ Алыхьым зыми узэрыщимыхъумэфынур езы Алыхьым мыхъумэ. ИтIанэ абыхэм яхуигъэгъуащ, езыхэм тобэ къахьын щхьэкIэ, Алыхьыр Зыгъэгъущ, ГущIэгъущIщ

(119) Уэ 1иман къэзыхьахэ, Алыхьым фыщышыни пэж жызы1эхэм фащ1ыгъу

(120) Мэдинэм дэсхэмрэ абы и хъуреягъкIэ псэу бедуинхэмрэ Алыхьым и лIыкIуэм къыкIэрыху хъунухэтэкъым, езыхэм я псэхэр ипэ ирагъэщу, абы и псэм нэхърэ. Апхуэдэу щIыщытыр абыхэм псыхуэлIэуи, ешыныгъэуи, мэжалIэуи къатехуэр Алыхьым и гъуэгум тетхэу, джаурхэри къэзыгъэгубжь лъэбакъуэу хъуари, бийм зэрытекIуауэ хъуари абыхэм хуатхынущ фIыгъуэу ящIауэ, Алыхьым хигъэкIуадэкъым фIы зыщIэхэм я псапэр

(121) МащIэуи, куэдуи абыхэм трагъэкIуэдари, сыт хуэдэ аузи зэпачами зэуэ хуатхынущ, Алыхьым ящIам нэхърэ нэхъыфIыж къаритыжыным папщIэ

(122) МуыIуминхэр псори зэгъусэу дэкIыну щыткъым. Гуп къэс зыбжанэ къахэкIыурэ диныр зрагъэщIэным папщIэ кIуэхэу, къэкIуэжа иужькIэ я лъэпкъым яущийхэмэ ирикъунущ. Ахэр сакъынкIэ мэхъур

(123) Уэ, Iиман къэзыхьахэ, фи гъунэгъуу щыIэ джаурхэм фезауэ, фи лъэщыгъэми ахэр щывгъэгъуазэ. ИкIи зэвгъащIэ: Алыхьыр тхьэ шынагъуэ зыхэлъхэращ зи гъусэр

(124) Сурэ къыщехкIэ щыIэщ жызыIэ: "Хэт и Iиманыр хигъэхъуа мыбы?" АтIэ Iиман къэзыхьахэм я Iиманыр хегъахъуэр абы, ахэр абы щогуфIыкI

(125) Ауэ зигу сымаджэхэм я фIеягъым фIеягъэ хигъэхъуащ, икIи ахэр джауру лIэжащ

(126) Абыхэм ямылъагъуу ара илъэс къэс зэ е тIэу зэрагъэунэхур? ИтIани тобэ къахьыжкъым, ягуи къагъэкIыжкъым

(127) Сурэ къыщехкIэ ахэр зыр зым йоплъыжхэр: "Зыгуэрым дыкъилъагъуу пIэрэ?" ИтIанэ зэбгрокIыжхэр. Алыхьым ягухэр бгъэдигъэкI, ахэр къызгурымыIуэ лъэпкъщ

(128) Фэ фщыщу лIыкIуэ къыфхуэкIуащ, фи гугъуехьыр къохьэлъэкIыр абы, фэ щхьэкIэ мэгузавэр, мыIуминхэм щхьэкIэ щабэщ, гущIэгъущIщ

(129) Абыхэм я щIыбхэр къагъазэмэ атIэ жыIэ: " Алыхьыр схурокъур сэ, Абы нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, Аращ Тахътэ ЛъапIэм и Тхьэр"